Къэбэрдей-Балъкъэрым «Студент гъатхэр» къэсащ
2022-05-06
- Налшык къалэ дэт, «ЗэбгъузэнатIэ» зи фIэщыгъэ арт-уардэунэм «Студент гъатхэр — Къэбэрдей-Балъкъэрым» зэхьэзэхуэр иджыблагъэ къыщызэIуахащ. Илъэс къэс къызэрагъэпэщ, щIалэгъуалэм я джэгуакIуэ зэчийр щагъэлъагъуэ мы Iуэхугъуэр тхьэмахуэкIэ екIуэкIынущ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт и IуэхущIапIэхэмрэ IэщIагъэ щызрагъэгъуэт и курыт еджапIэхэмрэ щIэс студентхэр унэтIыныгъиплIкIэ: макъамэмкIэ, хореографиемрэ къафэмкIэ, театрымрэ гушыIэ зыхэлъ теплъэгъуэхэмкIэ, видеогъэлъэгъуэныгъэхэмрэ нэтын кIэщIхэмкIэ — зэхьэрхуэрынущ. Зэпеуэм хыхьащ еджапIибл.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым егъэджэныгъэмкIэ, щIэны-гъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Ан- зор зэхьэзэхуэр къыщызэIуихым, абы хэтыну тегушхуа гуп- хэм фIыщIэ яхуищIащ икIи ехъулIэныгъэ яIэну ехъуэхъуащ: «Студент гъатхэр» къызэреблэгъамкIэ псоми си гуапэу сынывохъуэхъу! Мы зэхьэзэхуэр зывгъэлъэгъуэнуми, утыкушхуэ фихьэнуми, фи зэфIэкIхэр цIыхухэм яхэвгъэIуэнуми фэркIэ къызэрымыкIуэу IэмалыфIщ. Мыбдеж фэ нэIуасэ фызэрыщызэхуэхъунум и мызакъуэу, фи зэчийр, лъэкIыныгъэр здынэсыр, фхузэфIэкIымрэ фызэхъулIэм-рэ жылагъуэми къэпщытакIуэхэми я пащхьэ къыщифлъхьэфынущ. ИкIи сэ шэч къытесхьэркъым абы, фи пщэдейр зэлъыта гуэрым фыкъилъагъунущ, гъуэгу захуи фытригъэувэнущ. ФыщIалэщ, фыдахэщ, фыхьэуэжьыуэ защIэщ. ИпэжыпIэкIэ жыпIэмэ, ди щIыналъэм и щIалэгъуалэм хуэдэу жанрэ хэлъэт зиIэрэ къэгъуэтыгъуейщ. Утыкур зытевмыгъэгушхуэу фэ гушхуауэ абы фитыну си гуапэщ, мыбдеж щывгъэкIуэну махуэхэри гукъинэж фщыхъуну, гурэ псэкIэ къэфлъыхъуэ дахагъэр къыщывгъуэтыну, екIуэкI Iуэхум гупсэхугъуэ хуэвгъуэтыну сынывохъуэхъу!»
- Зэхьэзэхуэр Ставрополь къалэм дэт, Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ университетым кавказ лъэпкъхэм я къафэ щэнхабзэмкIэ студием, «Бгырысхэр» цIэр зезыхьэм, и гъэлъэгъуэныгъэ телъыджэмкIэ къызэIуахащ. ЩIалэгъуалэр утыкум хуиту зэритыр, я псэм къыжриIэр я пкъым къыхэщу зэрыджэгур зылъагъу гупхэр нэхъри къызэрылащ, текIуэныгъэр къахьынуи гушхуэныгъэ нэхъыбэ яIэ хъуащ.
- Къызэхуэсахэм я пащхьэ уэрэд щыжиIащ Щоджэн Дианэ. УэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэм утыку кърихьащ езым и IэдакъэщIэкI, «ГъащIэ» зыфIища уэрэдыщIэр. Апхуэдэу я лъэгум хъуаскIэр къыщIидзу брейк-данс къэфащ Дунейпсо зэхущытыкIэхэмкIэ институтым и студентхэр. Зихуэдэ щымыIэу екIуу уэркъ къафэ ягъэзэщIащ КъБКъУ-м и еджакIуэ ныбжьыщIэхэм.
- Зэпеуэм кърикIуахэр наIуэ щыхъунур накъыгъэм и 12-рщ, текIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ щагъэфIэжынури а махуэращ.
- ШУРДЫМ Динэ.