ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Кавказ щIалэгъуалэр зэроубыд

2022-02-17

  • Владикавказ щыщ блогер Пухаев Алик Кавказыр зы Iэпкълъэпкъ быдэм хуэдэу зэрыIыгъыу щытын хуейуэ къэзылъытэ иджырей щIалэгъуалэм ящыщщ.

  • Иджырей зэманым и нэщэнэ къыщIэкIынщ Кавказым щыпсэуну хуейуэ къалэшхуэхэм цIыху куэд къызэриIэпхъукIыжыр, щхьэж и Хэкур иригъэфIэкIуэныр къалэн зыщищIыжу.
  • Владикавказ щыщ Пухаев Алик и IэщIагъэкIэ экономистщ, ауэ цIыхубэ гъащIэр унэтIа здэхъуну лъэныкъуэри къызыфIэIуэху осетин лъэпкъылIхэм ящыщщ. И бзэмкIэ зэрыпсалъэри, чыристан диным зэритри Алик зэран къыхуэхъуркъым езым къедаIуэ и лъэпкъэгъухэм папщIэ игъэхьэзыр нэтынхэм «адыгэ темэ» щIэх-щIэхыурэ къыхигъэхьэ-ныр. Езы щIалэр зэм адыгэ хьэгъуэлIыгъуэхэм щыдолъагъу. Зэм Налшык къыщыдэкIа тхылъыщIэхэр утыку кърехьэ, осетинхэмрэ адыгэхэмрэ я зэхуакум дэлъ «лъэмыжхэр» къегъэщIэрэщIэж. Пухаевым «Крылья ТВ» каналым хуигъэхьэзыра нэтыным иригъэблэгъащ ди газетым нэхъ пасэу зи цIэ къыщитIуа, и сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ иджыблагъэ езыгъэкIуэкIа Чэгъэду Бэрзэдж.
  • «КъыдэдаIуэхэм я гуапэ хъуну къысфIощI, — зыхуигъэзащ Пухаевым и хьэщIэм, — уи анэдэлъхубзэкIэ псалъэ зыбжанэ яжепIэмэ». АдыгэбзэкIэ осетинхэми адыгэхэми захуигъэза нэужь, Чэгъэду Бэрзэдж и псалъэхэм къыщыхигъэщащ Владикавказ щыIэну зэрыфIэфIыр. «Тхьэм игъэпсэу Владикавказ дэсхэр! Си гуапэщ мыбы гъэлъэгъуэныгъэ щезгъэкIуэкIыну. Мыбы ипэ Къэбэрдейм, Адыгейм сыщыIащ, иджы Осетием сыкъэкIуащ. Мыпхуэдэу адрей лъэпкъхэми далъэIэсу Тхьэм дызэдигъэпсэу!»
  • «Урысейм щыпсэу адыгэу ущытыныр дауэ зыхэпщIэрэ?» — еупщIащ блогерыр Америкэм къыщалъхуа, Урысейм щыпсэу сурэтыщIым.
  • «Си унагъуэр игъащIэм Хэкум имыкIам хуэдэу сапэгъунэгъущ Хэкум ис адыгэхэм, — жиIащ Бэрзэдж. — Сэ абы срогушхуэ. ПкъыкIи, гукIи, псэкIи, акъылкIи къару лей зыхызегъащIэ. Апхуэдиз цIыху уэ узыщыщ лъэпкъ дыдэм щыщу, зы бзэкIэ упсалъэу, щэнхабзэм, спортым, шы зехуэным, къинэмыщI IуэхуфIхэм узэдыхыхьэу упсэуныр насыпщ. Уэри зэрыжыпIащи, иджыпсту къэщIэрэщIэжыныгъэ абрагъуэ щокIуэкI ди лъэныкъуэми, абы гушхуэныгъэ къыпхелъхьэ, Урысейми Кавказми ущыщыным теухуауэ».
  • «Нобэ Америкэм щыщ адыгэ авангардист Чэгъэду Бэрзэдж и гъусэу нэтын тетхащ, — иритхащ езы Пухаевым и инстаграм напэкIуэцIым. — Ди уэршэр гуапэр теухуат хамэм ухэту зэрызыпхъумэжыну щIыкIэм, уи лъэпкъым и тхыдэр гъуазджэм къызэребгъэIуэтэфынум. Осетин лъэпкъым къуэш сэлам адыгэбзэкIэ ирихри, инджылызыбзэ фIэкIа зымыщIэ кавказ щылъхухэм Бэрзэдж яхутепсэлъыхьащ Урысейм ущыщми, Кавказым ухуэпэжу укъызэрынэну Iэмалхэм».