ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ПщIэмрэ щIыхьымрэ къэзыIэтахэр

2022-02-17

  • Совет властыр щызэтеувагъащIэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыгъуэ щыухуэным хуэунэтIауэ лэжьыгъэшхуэ щызэфIагъэкIащ Къалмыкъ БетIал, Энеев Магомед, Къатхъэн Назир сымэ зи пашэ большевикхэмрэ абыхэм я дарэгъухэмрэ. Политикэ, экономикэ, социальнэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ ди щIыналъэм нэрылъагъуу зиужьащ, зэман кIэщIым къриубыдэу ар индустриальнэ-мэкъумэш область, кIэлъыкIуэу, конституцэкIэ щIэгъэбыда автоном республикэ хъуащ.

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм 30 гъэхэм увыпIэшхуэ щаубыд. А лъэхъэнэм ди щIыналъэм мэкъумэшым ехьэлIа и IэнатIэхэм зэдэууэ заужьырт, зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр дэнэ лъэныкъуэкIи щызэщIэплъэрт. Псалъэм папщIэ, колхозхэтхэм я япэ союзпсо зэхуэсым Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэр къэралым щыпашэ областихым яхэту къыщраIуат. Ди щIыналъэр лэжьэкIэ пэрытым и еджапIэ хъуат. 1934 гъэм япэ дыдэу Ленин орденыр зратахэм ди хэгъэгур ящыщщ. А дамыгъэ лъапIэр къыпэкIуащ колхозхэр къыщызэгъэпэщыным, щыгъэбэгъуэным хуэунэтIауэ щIыналъэм къыщызэщIэрыуа ехъулIэныгъэ нэрылъагъухэм. Ди Iэщыхъуэрэ гъавэгъэкIыу мин 17,7-м щIигъур лэжьыгъэм щыпашэт.
  • 1935 гъэм щэкIуэгъуэм и 4-м Кавказ Ищхъэрэ крайисполкомымрэ ВКП(б)-м и Кавказ Ищхъэрэ крайкомымрэ унафэ къащтат колхоз нэхъыфIхэр ягъэгушхуэну, пэрытхэм я зэфIэкIыр щапхъэ ящIыну. Ди щIыналъэм щыпашэхэм яхэту Кировым и цIэр зезыхьэ (Зеикъуэ), Андреевым и цIэкIэ щыIэ (Кэнжэ), Къалмыкъым и цIэр зыфIаща (Шэджэм Ищхъэрэ), «Псыгуэнсу» (Псыгуэнсу), «Ленинцы» (Ново-Ивановскэ) колхозхэр крайм и ЩIыхь пхъэбгъум иратхат. А илъэс дыдэм и дыгъэгъазэм хозяйствэ 27-м къэрал дамыгъэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ. Мысостышхуэ Былэ, колхоз тхьэмадэ Къуий БатIэ, бригадир Яковенкэ Михаил сымэ Ленин орденыр, хозяйствэ унафэщIхэу Блэныхь Темыркъан, Темыржан Хьисэ, бригадирхэу Спивак Михаил, Къарэ Мусэ, КIуащ Мухътар, Къэрмокъуэ Лэкъумэн, Тихоненкэ Пётр, Чурсин Михаил, Гъуэгунокъуэ Хьэжысмел, Царяпин Георгий, УанащIэ Малил, Гуэщей Хьисэ, колхоз тхьэмадэм и къуэдзэ Хьэждэгу Къэралхъан, звеноводхэу Проникинэ Аня, ГъукIэжь Хъаний, тракторист КIэмыргуей Хьэмид сымэ орден зэмылIэужьыгъуэхэр къратащ.
  • 1937 гъэм и мазаем республикэм къыIэрохьэ мэкъумэш IэнатIэм щыжыджэр ди лэжьакIуэу 28-р зэрагъэпажэм теухуа хъыбар гуапэ. Фермэ уна-фэщIхэу Тхьэлыджокъуэ МатIитI (Алътуд), Гъурдыгъуэ Башир (Къэрэгъэш), Джэду Бэчмырзэ (Зэрэгъыж), шыхъуэхэу Шэкэр Мусэ (Шэджэм Ищхъэрэ), Тогъузей Батий (Аргудан), Нэхущ ТIэмашэ (Къулъкъужын Ипщэ), Къэгъэзэж Билал (Жэмтхьэлэ), Настуев Абдулыхь (Балъкъэр Ипщэ) сымэ Ленин орденыр къыхуагъэфэщащ.
  • Индустриализацэм и гъуэгум техьа нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэрым и теплъэм къыпхуэмыцIыхужыну зихъуэжат. Япэ илъэситхум къриубыдэу предприятэщIэу 44-рэ ирагъэжьащ. Областым и къэрал промышленностым псори зэхэту продукцэу къыщIигъэкIым и процент 85,5-р абыхэм яхуэзэрт. А лъэхъэнэм Совет Союзым промышленнэ продукцэу щагъэхьэзырым проценти 103,5-кIэ хэхъуамэ, ар Къэбэрдей-Балъкъэрым процент 605,4-рэ щыхъурт. ТIощI-щэщI гъэхэм республикэм щаухуащ Нал-шык лы комбинатыр, Гидрометаллург, крахмал, Дохъушыкъуей спирт заводхэр, Кавказ Ищхъэрэм щынэхъ ин дыдэ щIакхъуэ комбинатыр, Бахъсэн ГЭС-р, промышленность псынщIэм, ерыскъы промышленностым я IэнатIэхэр. Псори зэхэту а илъэс-хэм яутIыпщащ предприятэу 778-рэ. Абыхэм ящыщу 57-р къэралым ейуэ. ЦIыхубэ хозяйствэм хэхъуэу къыIэрыхьэм и процент 70,9-р щIыналъэм и промышленностым къитырт.
  • «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденыр зезыхьэ Налшык машинэщI заводыр республикэм и предприятэ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. И лъабжьэр щагъэтIылъар 1928 гъэращ. Заводыр шыгун щагъавэ къудамэ зыхэт механикэ лъэщапIэт. ЩIыдагъэм зэрелэжь, фIагъышхуэ зиIэ Iэмэпсымэ-хэр щIынымкIэ лIэщIыгъуэ кIуам и бгъущI гъэ пщIондэ абы СССР-м бжьыпэр щиIыгъащ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрыгушхуэу щыта Тырныауз вольфрам-молибден комбинатым гуащIэдэкI лъагэкIэ гъэнщIа гуимыхуж напэкIуэцIхэр республикэм и тхыдэм хитхащ. ЦIыху мини 6,5-рэ щылажьэ предприятэ лъэрызехьэм къыщIигъэкI продукцэр IуэхущIапIэ мини 10-м нэблагъэм яхуригъашэрт. 1934 гъэм ирагъэжьауэ щыта комбинатым къэралым и промышленностым зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ.
  • 1936 гъэм фокIадэм и 20-м яутIыпща Бахъсэн ГЭС-м и япэ гидроагрегатым республикэм и гидроэнергетикэм и тхыдэм увы-пIэ нэхъыщхьэ щеубыд. А къэхъукъащIэ гъуэзэджэр Ставрополь краймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я энергетикэ системэм и зыужьыныгъэм и щIэдзапIэт, ди щIыналъэм и социально-экономикэ гъащIэм и IэнатIэ псоми къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэ инхэм я лъабжьэт.
  • ПлIыщI гъэхэм я пэщIэдзэм республикэм мылъку зэпэща бгъэдэлът, ауэ фашист зэрыпхъуакIуэхэм мамыр гъащIэр къызэпаудащ, ди щIыналъэм къихьэри, псэуалъэхэр, фабрикэхэр, заводхэр зэтракъутащ, сом мелардитIым щIигъу и уасэ хэщIыныгъэ къыхуахьащ.
  • Зауэ нэужь лъэхъэнэм Къэбэрдей-Балъкъэрым гъащIэм и лъэныкъуэ псоми зыщаужьащ, мэкъумэшхэкIыу къыщрахьэлIэр 1941 гъэм къалэжьу щытам щIрагъэгъужащ, промышленностым зэхъуэкIыныгъэ нэрылъагъухэр къыщыхъуащ.
  • 1946 — 1950 гъэхэм комбинатыщIэхэр, фабрикэщIэхэр яухуащ, Тырныауз вольфрам-молибден къыщIэхыпIэр, Налшык машинэщI заводыр, Бахъсэн ГЭС-р, союзпсо мыхьэнэ зиIэ нэгъуэщI предприятэхэр зэрагъэпэщыжащ, пхъэм, ерыскъыхэкIхэм щелэжь IэнатIэхэр къызэIуахащ. Экономикэм и IэнатIэ псоми зэуIуу зрагъэужьын мурадкIэ, 1959 — 1965 гъэхэм ятещIыхьа илъэсибл планыр къэрал унафэкIэ нэхъ пасэу ягъэхьэзырауэ щытащ. А илъэсхэм республикэм и цIыхубэ хозяйствэм сом мелуан 451,2-рэ халъхьащ. Абы щыщу сом мелуани 190,2-р — промышленностымрэ ухуэныгъэмрэ, предприятэщIэу тIощI къызэIуахащ. Электротехникэ, приборухуэ, станокухуэ, инструментальнэ промышленностым лъэщу зиужьырт. ХъугъуэфIыгъуэ къыщIэхыпIэщIэу пщыкIуий геологхэм къызэIуахат. 1961 гъэм щIадзэ республикэм газыр къэшэн, ди заводхэмрэ фабрикэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэр Совет Союзым и щIыналъэхэм я мы-закъуэу, нэгъуэщI къэрал плIыщIым щIигъум хурагъашэрт.
  • Ди гъавэгъэкIхэм, Iэщыхъуэхэм, рабочэхэмрэ инженер-техникэ лэжьакIуэхэмрэ я гуащIэ хьэлэлым хуэфащэ пщIэ къыпэкIуащ. Куэдым къэралым и дамыгъэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ, цIыху 35-м «Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» цIэр къыфIащащ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэ хьэлъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэрэ хъы- джэбзу мин хыщIым щIигъу фронтым Iутащ, лIыгъэм и щапхъэ къагъэлъагъуэу. Ди текIуэныгъэр къагъэблагъэу абыхэм ящыщ куэдым я псэр ятащ. ЗэуапIэ губгъуэм щызэрахьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ, ди щIалэ щэщIрэ щым «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къыфIащащ, хым «ЩIыхь» орденым и нагъыщэ псори къыхуагъэфэщащ, цIыху минипщIым щIигъум орденхэмрэ медалхэмрэ къратащ. Республикэм и пщIэмрэ и щIыхьымрэ къэзыIэта а цIыху псэемыблэжхэм къагъэщIар нобэрей щIэблэм дежкIэ щапхъэщ.
  • КъризэщIэткъуэжу къыхэдгъэщынщи, япэ ита ди нэхъыжьыфIхэм къагъэлъэгъуа Iущагъымрэ пэжагъымрэ, къапкърыкIа гупсысэ узыншэмрэ яхэлъа фIэщхъуныгъэмрэ, шэч къызытедмыхьэжыр аращи, ди щIыналъэм IуэхугъуэшхуэхэмкIэ гъэнщIа и тхыдэ къулейм къыхэнэнущ.
  • АНЗОРЫКЪУЭ Аслъэмырзэ.