ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

И насыпщ апхуэдэ бын зиIэм

2022-02-17

  • Зи ныбжь хэкIуэта дэтхэнэ зыми и гум удыхьэн папщIэ куэд ухуейкъым: гуапэу хущыт, щыгуфIыкI, и Iуэхур хузэфIэхи, хуэпщIэну псори хуэпщIащ.

  • Ныбжь хъарзынэ зиIэ сэ газет къэсхьыну илъэс куэд хъуауэ бэрэжьеймрэ щэбэтымрэ сфIэфIу сокIуэ Ислъэмей къуажэм дэт пощтым. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абы щылажьэ псори соцIыху.
  • Бэрэжьей махуэ гуэрым пощтым сыщIыхьауэ, сыт щыгъуи газетхэр къызэзыту щыта цIыхубзым и пIэм нэгъуэщI пщащэ цIыкIу «къихутауэ» гу лъыстащ. Абы цIыху зытхухым я Iуэхур зэфIигъэкIын хуейуэ чэзууэ зэпытти, сэри абыхэм я ужьым сиуващ.
  • — Мы дадэм и Iуэхур зэфIэзгъэкIынщ, фэ тIэкIу фыкъыспэплъэ, кхъыIэ, — жиIэри пыгуфIыкIыу абы сызыбгъэдишэри къызэупщIащ: «Сыт хуэдэ Iуэхут укъыщIытхуэкIуар?»
  • КъысхуэкIуэу жыхуэсIэ газет зыбжанэм я цIэр къисIуэри, ахэр къызитыжащ, си Iуэхур псынщIэу зэфIихащ. (Зы дакъикъэ фIэкIа зытемыкIуэдэнум зэман куэдкIэ сыпэплъэн хуей хъунут. Пэжщ, чэзум хэтхэми, гу къыслъатамэ, пщIэ къысхуащIу япэ срагъэщынут, ауэ псоми я щхьэ я Iуэхущ — къыщIыхьэ-щIэкIыжхэм якIэлъыплъыну зыри хущIыхьэркъым).
  • Гулъытэ къызэрысхуищIам щхьэкIэ хъыджэбзым псалъэ гуапэ жесIэщ, фIыщIэ хуэсщIри сыкъыщIэкIыжащ.
  • ИужькIи, зэрыжысIауэ, куэдрэ сыкIуащ, иджыри сокIуэ а пощтым. СыкIуэху къэскIи абы къекIуалIэхэм а пщащэм фIы куэд хужаIэ: «Тхьэр аразы къыпхухъу, си хъыджэбз цIыкIу, гъащIэ дахэ Алыхьым къуит», «И насыпщ апхуэдэ бын зиIэм», «И лэжьыгъэми хуэIэкIуэлъакIуэщи, езыри гуапэщ Марьянэ», «Абы хуэдэхэр зырызщ»… Сыт и уасэ гум къыбгъэдэкI апхуэдэ псалъэхэр?
  • Апхуэдэу къуажэдэсхэм фIыщIэ зыхуащI цIыхубз цIыкIур «Адыгэ псалъэм» еджэхэми къезгъэцIыхуну си мураду езым зыхуэзгъэзащ.
  • — Хьэуэ, укъыстетхыхьын хуэдэу, зыгуэрхэр злэжьыну сыхунэсакъым сэ иджыри, — зытемыкIыну жэуапыр къызитащ пщащэ щэныфIэм.
  • Апхуэдэу щытми, сыщIэупщIэурэ, зыцIыхухэм захуэзгъазэурэ къэсщIащ абы теухуахэр. Тезгъэчыныхьу сыщIытетхыхьри ди зэманым щапхъэ дахэ куэд дыдэ зэрумылъагъужырщ, Марья-нэ хуэдэхэри ди щIалэгъуалэм мымащIэу зэрахэтым, абыхэм ядэплъеин зэрыхуейм тезгъащIэмэ сфIэфIу аращ. ЦIыхухэр зэхуэбзаджэ, тэмакъкIэщI хъуащи, лажьэ уимыIэу, пхуэмыфащэ къуапэсыныр зыхуэIуа щыIэкъым. Ара-щи, нэхъыбэрэ утыку къишэн хуейщ хабзэ, нэмыс зыхэлъхэр.
  •  Къумыкъу Марьянэ Iэхьед и пхъур Дыгулыбгъуей къуажэм къыщалъхуащ. Белгород къалэм дэт, потребительскэ кооперацэм щыхурагъаджэ университетыр диплом плъыжькIэ къиухащ. Илъэс хъуауэ аращ Ислъэмей къуажэм дэт пощтым зэрыщылажьэрэ. Школым щыщIэсам Марьянэ и гум сыткIэ къэкIынт мыбы къэкIуэну, и лэжьыгъэм гуфIэгъуэ къыхихыну.
  • ЦIыхум и гъуэгур гъащIэм къыщигъуэтын папщIэ Iэджэм мэлъыхъуэ. Ерыщу лъыхъуэм зыщIэкъур къегъуэт, зыщIэхъуэпсыр зыIэрегъэхьэ. Ар къохъулIэным лъабжьэ хуэхъужыр укъызыхуигъэщIа IэщIагъэм урилэжьэныр аращи — зыIэрызыгъэхьэфым и насыпщ. Апхуэдэ гурыфIыгъуэ зэхъулIахэм ящыщщ Къумыкъу Марьянэ.
  • Къумыкъур и IэнатIэм зэрехъулIэр къэзыгъэлъагъуэр абы цIыхухэр арэзы зэрищIыфырщ. Махуэ къэс мы IуэхущIапIэм къекIуалIэхэм ящIэ Марьянэ и лэжьыгъэр фIыуэ зэрилъагъур, зэрыхищIыкIыр, гуапэу, и нэгу зэIухауэ зэрыщытыр, зэрыцIыху гуапэр. Абы и деж зы Iуэхуи щызэфIэзэрыхьыркъым — псори тэмэму зэфIегъэкI. Хьэл-щэн дахи хэлъщ, и махуэхэри IуэхугъуэфIхэмкIэ гъэнщIащ. Си фIэщ мэхъу зи гугъу сщIы пщащэм зыпэрыт IэнатIэм ехъулIэныгъэхэр зэрыщызыIэригъэхьэнури, абы и унагъуэри, и лэжьэгъухэри, къуажэдэсхэри щригушхуэн зэман къызэрыхъунури. Нобэ а хъыджэбзым япэ лъэба-къуэхэр ичауэ аращ.
  • Мы IуэхущIапIэм зы махуэм цIыху 50-м щIигъу щекIуалIэ къохъу. Ахэр арэзыуэ, я Iуэху зэфIэкIауэ, къехъуэхъуу щыщIэкIыжкIэ Марьянэ и гукъыдэжым зеIэт, Iуэхутхьэбзэ зыхуищIахэм къыхужаIэ псалъэ гуапэхэм и лэжьыгъэм нэхъри трегъэгушхуэ. И лэ- жьэгъухэм жаIэ ар зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI, псэ хьэлэл зиIэ, нэмыс зыхэлъ бзылъхугъэ щыпкъэу зэрыщытыр.
  • «ЦIыхум уегуэпэным нэхърэ нэхъыфI щыIэу сщIэркъым, — жеIэ езы Марьяни. — Абы уи гъащIэр нэхъ дахэ, уи лъэр нэхъ жан ещI».
  • Лэжьыгъэм цIыхугъэр гъусэ хуэзыщIыф Марьянэ и гъащIэр купщIафIэу, и IэнатIэм щехъулIэу, узыншэу мы дуней дахэм гу щихуэну си гуапэщ.
  • КЪАРДЭН Мухьэмэд.