Индеецхэм иращIылIа лъэпкъгъэкIуэдыр
2022-02-10
- Мы гъэм илъэс 530-рэ ирокъу Америкэр къызэрызэIуахрэ. 1492 гъэрщ Колумб Христофор и кхъухьхэр Индиеу къыфIэщIу щIыналъэ мыцIыхум япэу щрихулIар.
- «Хьисэ лъапIэм и цIэкIэ, испан пащтыхьхэу Фердинандрэ Изабеллэрэ я хьэтыркIэ», щIыналъэмрэ абы ис цIыхухэм ябгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэмрэ, дыгъужь нэщIам ещхьу, зрадзат «цивилизацэм и лIыкIуэхэм».
- Колумб Америкэм щепсыхын ипэкIэ, абы и штат 48-м цIыху мелуан 12 щыпсэуащ. Илъэситхум и кIуэцIкIэ цIыху мелуани 5-р яукIащ. Иджыри илъэс 50 дэкIа нэужь, индеецу къэнар мин 200 къудейщ.
- Колумб и зэманым и тхыдэтх Касас Лас бжыгъэ шынагъуэхэр къехь европей зэрыпхъуакIуэхэмрэ щIыналъэр къызыхуэнэжахэмрэ зэрахьэ хьэкIэкхъуэкIагъэм теухуауэ. Зэрыиндеец къудейм щхьэкIэ щхьэпылъэ ящIу, я щхьэц ухуэнахэм лыгъэ ирадзу, сабийхэр Iыхьэ-Iыхьэу зэпкърахыурэ хьэхэм хуадзу зэ- рыщытам топсэлъыхь тхакIуэр. Езы Колумб и гукъэкIыжхэм къыхэнащ хэкурысхэр цIыху къаугъэншэу зэрыщытар: «Дэ дакъыхыхьэн ипэкIэ, мыхэр (индеецхэр) зыри хуэмыныкъуэу псэуащ. Я къэкIыгъэхэм елIалIэу, бдзэжьеящэ Iэзэхэу, псым есынкIэ къалъэщIыхьэ щымыIэу, кхъухьхэр зэрахуэу. Абыхэм унэ дахэхэр яухуэурэ къабзэу зэрахьэрт. Топ джэгуну, къэфэну, уэрэд жаIэну зэман къахудэхуэрт. Я кум зэныбжьэгъугъэ дэлът… Сэлэт 50 фIэкIа ухуейкъым мыхэр псори къэбубыду узыхуейр ебгъэщIэн папщIэ».
- Испан зэрыпхъуакIуэхэм къакIэлъысащ инджылызхэр. Индеецхэр къуажэ псоууэ зэтраукIэрт, я щхьэфэхэр трахырт, щхъухьхэр Iэщэу къагъэсэбэпырт. Хэкурысхэр зэрагъэкIуэдыр Iэщэ къудейкIэтэкъым. ЗэрыпхъуакIуэхэм абыхэм къыхуздахьащ фэрэкI, емынэ, жьэн, фэгъазэ узхэр. Псалъэм папщIэ, британ агентхэм хэкурысхэм хуагуэшырт фэрэкI узкIэ укъэзыцIалэ шхыIэнхэр. Мингэ, делаверэ, шони индеец лъэпкъхэм щыщ мини 100-м щIигъу илIыкIащ Огайо псыежэхым и Iуфэм европейхэм къахьа уз зэрыцIалэхэм.
- 1623 гъэм инджылызхэм пауатан индеец лъэпкъым щыщу цIыху 200 щхъухь зыхэлъ шагъыр ирагъафэри, иужькIэ яукIыжауэ щытащ. 1637 гъэм Андерхилл Джон зи унафэщI инджылыз зэрыпхъуакIуэхэр пеквот лъэпкъыр зыдэс къуажэм теуэри, псэууэ цIыху 600-700 ягъэсауэ щытащ. Бзэм къитIасэркъым бзылъхугъэ уэндэгъухэм, сабий цIынэхэм, цIыхухъу Iэпкълъэпкъым щыщ Iыхьэхэм иращIэу щытар пIуэтэжыну. Псори «гущIэгъур зи тегъэщIапIэ дин къабзэм» и хьэтыркIэ ящIауэ жаIэ щхьэкIэ, 1872 гъэм США-м и хуитыныгъэм щIэбэн американ сэлэтхэм чыристан диным ихьа индеец 96-рэ яукIауэ щытащ.
- 1823 гъэм США-м къыщащтащ «ЩIыр къызэIухынымкIэ хабзэ». Абы щIэлъ гупсысэм ипкъ иткIэ, щIыр зейр ар «къэзыгъуэтарат». Хэкурысхэр абы щыпсэуну хуит къудейт. Арати, индеецхэм ящIхэр «США-м и гражданхэм къызэIуахын» щIадзащ, апщIондэху я Iэщэм къела хэкурысхэр щIыпIэ мыхьэнэншэхэм ягъэIэпхъуэу.
- «Хужьхэм» япэгъунэгъуу псэуну къызыхуихуа индеецхэм узхэм, тхьэмыщкIагъэм, фадэм илIыкIын щIадзащ. США-м и тхыдэм емыкIушхуэу хэтщ чоктэ, крикс, чикасав, чероки, семинол индеец лъэпкъхэр игъэIэпхъукIыным хуэгъэзауэ ирагъэкIуэкIа политикэ гуащIэр.
- 1784 гъэм зэращIылIа зэгурыIуэныгъэмкIэ, ирокезхэм щIыналъэм къихьа европейхэм иратын хуейт езыхэр зытес, КъухьэпIэ Нью-Йоркрэ Пенсильваниемрэ щыIэ щIыхэр. Языныкъуэхэр Канадэм Iэпхъуащ, хэти США-м къэнащ. Ауэ XVIII лIэщIыгъуэм къриубыдэу зищI псори зыфIэкIуэда ирокезхэр лъэпкъыу щыIэжакъым. Шэунхэр, делавархэр, оттаванхэр зэгухьэщ, Огайо штат зыфIащыжри, бжыхькIэ зыкъаухъуреихьыжат, ар- щхьэкIэ абыхэми куэд якIужакъым.
- 1864 гъэм (зыри фигу къигъэкIыжыркъэ?) американ полковник Шевинтон Джон къуажэ гуэрым щыщ сабийхэр щызэтриукIэм, жиIэрт: «Сэ мыбы сыкъыщIэкIуар индеецхэр сукIыну аращ, ар пщIэ зыпылъ Iуэхуу икIи къалэн лъапIэу къызолъытэ, индеец сабийхэм уащысхь хъунукъым, сыту жыпIэмэ, банэм и пIэ банэ къокIэж».
- Европэмрэ Америкэмрэ зэраубыдам индеецхэм я гъащIэри щэнхабзэри ихъуэжащ. XV-XIX лIэщIыгъуэхэм я кIуэцIкIэ ахэр е гъэр хъуащ, е яукIащ, е я щIыпIэхэм ирагъэIэпхъукIащ.
- ИщхьэкIэ зэрыщыжытIауэ, США-м граждан зауэр щиуха нэужь, американ тепщэгъуэм унафэ къыдигъэкIащ щIыр зэрыщыту «къэIэпхъуа цIыху хужьым» ейуэ. 1867 гъэм абы къыкIэлъыкIуащ «Индеецхэр гъэIэпхъуэнымкIэ хабзэ». 1868 гъэм шошонхэр кIуэдыжыпащ, 1872 гъэм — шайенхэр, 1885 гъэм — апачихэр. Нэхъыбэ дыдэрэ зэуар сиу лъэпкъращ — 1890 гъэм пщIондэ.
- Езыхэм я конституцэ, школ, къэрал IуэхущIапIэхэр зэзыгъэпэщыжа чероки лъэпкъым Iэпхъуэн ямыдэу 1838 гъэм зыкъаIэтати, къэралыгъуэм ахэр къарукIэ ирихуащ. Мини 4-р гъуэгум текIуэдащ. А лъагъуэм иджыри «нэпс лъагъуэкIэ» йоджэ. ИкIэм-икIэжым, индеец мини 100 Миссисипи адэкIэ Iэпхъуэн хуей хъуащ, ящIхэр «хужьхэм» къыхуагъанэу.
- 1946 гъэращ «лъэпкъгъэкIуэд» псалъэр къыщагупсысар. Абы и мыхьэнэуэ къалъытэ лъэпкъ, дин, фэ щхьэхуэ зезыхьэ цIыху лIэужьыгъуэм щIэблэ къащIэмыгъэхъуэным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр. КъызэрыщIэкIымкIэ, Оклахомэ штатым щыщ индеец бзылъхугъэ 3000-м бын щIамыгъуэтын операцэхэр иращIылIат. Арагъэнщ США-м и правительствэм ООН-м лъэпкъгъэкIуэдым теухуауэ къыхилъхьа гупыжыр къабыл ищIауэ щIыщымытар.
- Я Iэ пхъашэхэр нобэрей дунейми хэзымых Америкэмрэ Европэмрэ я «цивилизацэмрэ демократиемрэ» уахуэбэлэрыгъ щIэмыхъунур аращ.