Пшынэбзэм и хъумакIуэ
2022-02-10
- Пшынэ хьэлэмэт цIыкIумкIэ «КIапсэрыкIуэр» игъэбзэрабзэрэ, езыр щIыкIафIэу Чырбыж Зулетэ япэ дыдэ сыщыIущIауэ щытащ беслъэней хэгъэгум… ЦIыхубз теплъафIэм и зыIыгъыкIэ дахэмкIэ зэхуэсым къекIуэлIа псори ихьэхуат. Пасэрей макъамэмрэ пшынэ еуэкIэмрэ нобэм къэзыхьэса Зулетэ нэхъ гъунэгъуу зэдгъэцIыхумэ ди гуапэу дылъыгъуэзэжащ.
- Япэ сищу жысIэнщи, Зулетэ зы псалъэуха къыжьэдэкIыху, зы гупсысэ шэщIа къысхуиIуэтэху а цIыхубзым удз гъэгъа къызэрытIэпIыкIым хуэзгъадэу сыкIэлъыплъырт. Си пащхьэ къит цIыхубз IэмащIэ-лъэмащIэ щIыкIафIэр и хьэл-щэнкIи, зыIыгъыкIэкIи, псэлъэкIэкIи къысщыхъурт гъунапкъэншэу. Ауэ абыкIи иухыркъым згъэщIэгъуар. Зулетэ — пшынауэ Iэзэр, щIэныгъэрылажьэр, гъэсакIуэр, цIыху гу щабэ, псэ къабзэр — бынитхум я анэщ!
- Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыIэ Беслъэней къуажэм щыщщ Зулетэ, Абыдэхэ япхъущ, Чырбыжхэ я нысэщ, а цIэр хуэфащэ дыдэу къилэжьауи пшынауэ Iэзэщ.
- — Зулетэ, макъамэр гъащIэ щхьэхуэ зэрыпхуэхъуа щIыкIэм утезгъэп-сэлъыхьынут.
- — Пэжу гу лъыптащ абы! Макъамэр гъащIэ щхьэхуэщ. Ар зэрытелъыджэр, абы мы дызытет дунейр нэхъри зэрытхуигъэдахэр, зэрытхуигъэIэфIыр псоми ящIэ. Уеблэмэ, щIэныгъэм къызэрихутамкIэ, къэкIыгъэхэм я пкъым къыхонэ макъамэм и бзэ дахэр. Апхуэдэщ псы дызэфэри… А псор къызыхэкIыр макъамэр зэрызэхэлъ, ар къэзыгъэхъу, физикэр «толъкъун»-кIэ зэджэращ. Си хъуэпсапIэхэм ящыщщ ущедаIуэкIэ, уи псэр дихьэхрэ, уи нэпсыр къришажьэу, уи гум щIыхьэ адыгэ макъамэхэм я толъкъуныр къэзбжыныр. ЗэрытщIэщи, макъыр къызэрапщыр децибелщ. Гу лъыфтами сщIэркъым, ауэ пшынауэм пшынэр щигъэбзэрабзэкIэ, макъамэ къыщригъэкIкIэ, щIыпIэ-щIыпIэкIэ макъыр зэм нэхъ мащIэ мэхъури, щэхуу йох, зэми ину зыкъеIэтыж. АбыкIэ пшынауэм макъамэм щIилъхьэ гупсысэхэмрэ гурыгъу-гурыщIэхэмрэ къиIуатэу аращ. Мис а «щIыпIэ-щIыпIэхэр» бджыну сыт хуэдэу гъэщIэгъуэн! Абыхэм я мыхьэнэмрэ ар цIыхум акъылрэ IэпкълъэпкъкIэ зэрызыхищIэр къэсIуатэмэ, си гъащIэр мыхьэнэншэу мыкIуауэ жыпIэ хъуну къыщIэкIынщ… ЗэрысщIэжрэ спкърытщ а гупсысэр, арагъэнщ нобэм сыкъэзышэсари.
- — Пэжыр жысIэнщи, сымыгъэщIагъуэу слъэкIыркъым уи IэщIагъэмрэ уи унагъуэмрэ зэрызыдэпхьар.
- — Унагъуэ уиIэнымрэ пшынэ еуэнымрэ зыгуэркIэ зэран зэхуэхъуу сщIэркъым. Си пщыжьым (тхьэмадэм) хуабжьу фIэфIт адыгэ макъамэхэри, щIэх-щIэхыурэ сеуэмэ и гуапэт. Ар езыр сыт хуэдэу цIыху дыщэт! Хабзэ ткIийхэм дыщIэту дапIат, дагъэсати, си пщыжьым се-мыпсалъэу дунейм ехыжащ. Си жьэ хуэзгъазэу зэи сепсэлъакъым. Iэнэ къыхуэзгъэувын хуей хъуамэ, шхыну диIэм щыщ къыхутезгъэувэрти, пщэфIапIэм сыкъыщIэкIырт. Ар сымаджэ хьэлъэ щыхъуам щыгъуэ, мы цIыху телъыджэм, хабзэм фIыуэ щыгъуазэм, сызыхуэныкъуэ, къысхуэщхьэпэну щIэныгъэ къыпызмыхауэ тIэщIокI жысIэу, сыгуIэрт… Зэман кIэщI дыдэт сиIар.
- Уи упщIэмкIэ къэзгъэзэжынщи, бзылъхугъэм и къарур апхуэдизкIэ щIэншэщи, бынри, унагъуэри, щIэныгъэри, IэщIагъэри хузэдэхьынущ, зэфIэкI иIэххэмэ. Пэжщ, цIыхубзыр къызыхуигъэщIар унагъуэращ, жьэгуращ. Ауэ унагъуэ хъуа цIыхубзыр цIыхубэм, лъэпкъым, щIэныгъэм, щэнхабзэм зыгуэркIэ сэбэп хуэхъуфынум, ущIыпэрыуэни щIэплъэхъэни щыIэкъым.
- — Зулетэ, сэ зэрысщIэмкIэ, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и лэжьакIуэу ущытащ. Абы и гугъу уэзгъэщIынут.
- — ЩыIащ апхуэдэ зэма-ни. Адыгэ макъамэм, езы макъамэр зэрызэхэлъым, зэрыгъэпсам теухуауэ тхыгъэ куэд дыдэ зэхуэсхьэсауэ сиIэт. Сыту гугъу сехьу къэзулъэпхъэщат ахэр. ЗыщIыпIи тездзэну сыхунэмыс щIыкIэ, институтым и унафэщIхэм ящыщ зым сэрэ зэгурымыIуэныгъэ гуэрхэр ди зэхуаку къыдэхъуэри, сыкъыIумыкIыу хъуакъым. Алъандэрэ зэхуэсхьэса си Iэрытххэри дэфтэрхэри зэрыщыту къызэдэсщтэжащ. Нобэр къыздэсым зыщIыпIи трезгъэдзакъым, ауэ абыхэм теухуауэ мурадыфIхэр, гугъэхэр сиIэщи, деплъынкъэ зэрыхъум.
- — Уи щIэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ къызыхуэбгъэнэн гъэсэн уиIэ?
- — Сэ сабий, ныбжьыщIэ гуп сиIэщ пшынэ еуэкIэ езгъасэу, зэпеуэ, концерт зэмылIэужьыгъуэхэм зыкъыщагъэлъагъуэу. Сэ абыхэм хуабжьу сропагэ. Си бынхэри пшынэ йоуэ. Еуэнкъэ, зэрыцIыкIурэ аращ абыхэм ялъэгъуар.
- Сэ пшынэр къасщтэу и Iэпэхэм сыщрижэкIэ, занщIэу нэгъуэщI дуней сыкъыщохутэ. АфIэкIа зыри сщIэжыркъым, икIи слъагъуркъым, икIи зэхэсхыркъым. Пшынэбзэм уедаIуэу, ар бгъэбзэрабзэу, уи нэр щызэтепIпIэкIэ, укъызыщыхутэр псалъэкIи тхыгъэкIи къыпхуэмыIуэтэну дуней телъыджэщ. Фыхэзгъэплъащэрэт абы си нэкIэ, фезгъэдэIуащэрэт си тхьэкIумэхэмкIэ, фыхэзгъэIэбащэрэт си IэпэхэмкIэ…
- Епсэлъар Фырэ Анфисэщ.