УсакIуэ, IуэрыIуатэдж…
2022-02-10
- Джэдгъэф Хъусен къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу
- Къэбэрдей-Балъкъэрми гъунэгъу щIыналъэхэми фIы дыдэу къыщацIыху лъэпкъылIыр Бахъсэн районым хыхьэ Къызбрун Езанэм (ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэм) 1932 гъэм и щIышылэ мазэм къыщалъхуащ. 1952 гъэм Хъусен ехъулIэныгъэ иIэу къиухащ я къуажэм дэт курыт еджапIэр икIи Къэбэрдей пединститутым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ.
- Зэреджэм хуэдэурэ, щылэжьащ «Къэбэрдей пэж» газетым. А зэманым ирихьэлIэу дунейм къытехьащ абы и япэ усэхэр. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэта нэужь, Джэдгъэфыр егъэджакIуэу ягъэкIуащ Зеикъуэ дэт курыт еджапIэм. Куэд дэмыкIыу игъэзэжащ къыщалъхуа и жылэм икIи илъэс 30-м щIигъукIэ лэжьащ егъэджакIуэу. Адыгэбзэм и хабзэхэмрэ лъэпкъ литературэм и тхыгъэхэмрэ сабийхэр щыгъуазэ ищI къудей мыхъуу, Хъусен и дерсхэм увыпIэшхуэ щиубыдырт гъэсэныгъэм. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ зиIэ егъэджакIуэм хузэфIэкIырт анэдэлъхубзэр и гъэсэнхэм фIыуэ яригъэлъагъун.
- Школым щригъэкIуэкI егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэшхуэм къыдэкIуэу, Джэдгъэфым жыджэру итхырт балигъ, сабий усэхэр, хъыбархэр, таурыхъхэр. Апхуэдэ тхыгъэхэр щызэхуэхьэса и япэ тхылъыр Хъусен къыдигъэкIауэ щытащ 1961 гъэм. «БжэIупэ джэгу» зыфIища а тхылъым япэ увыпIэр къыщихьат Сабий тхылъхэм я урысейпсо зэпеуэм. Абы къыкIэлъыкIуэу дунейм къытехьащ «Адакъэпщ – зызыгъэпщ», «Къартулрэ мыщэ пщэхумрэ», «Мэз псысэхэр» тхылъ хьэлэмэтхэр. Джэдгъэфым и творчествэм увыпIэ щхьэхуэ щеубыд Хэку зауэшхуэм. Езыр сабийуэ и нэгу щIэкIа а гузэвэгъуэм теухуа усэхэр щызэхуэхьэсащ абы и «Къупщхьэ хужь» тхылъым.
- Апхуэдэуи цIыхухэм гукъинэж ящыхъуащ усэу тха и таурыхъхэр, Джэдгъэфым и псалъэхэр зыщIэлъ сабий уэрэдхэр. Псалъэхэри макъамэри езым ейуэ абы иIэщ уэрэдищэм щIигъу.
- НэгъуэщI лэжьыгъэ зыбжанэми хуэIэпщIэлъапщIэт Хъусен. Псалъэм папщIэ, трих фильмхэм хэт лIыхъужьхэм я щыгъынхэм я нэхъыбэр идыжырт. Камерэм зэрыхуэIэижьым хуэдэу, триха псоми компьютеркIи елэжьыжыфырт. Пшынэ ищIыфырт, нэгъуэщI макъамэ Iэмэпсымэхэми фIыуэ хищIыкIырт. Нэхъыжь IэужьыфIэ-лъэужьыфIэм лъэпкъ щэнхабзэр лъэныкъуэ куэдкIэ игъэбеящ.
- Ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ Хъусен и къуэрылъху, Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и лэжьакIуэ, лъэпкъ дауэдапщэхэр екIуу езыгъэкIуэкI Джэдгъэф Беслъэн и гукъэкIыжхэм.
- ЩОМАХУЭ Залинэ.
- Адэшхуэм и дуней
- «СхуэщIэнукъым жыпIэу зэхызомыгъэх» — псэлъафэр си адэшхуэ Джэдгъэф Хъусен и гъащIэм пхиха гупсысэщ, дэри дызыщIипIыкIар аращ. Абы теухуа гукъэкIыжхэр куэдщ, кIуэ пэтми къебл зэпытщи, къыщыщIэздзэнур къысхуэщIэркъым.
- И ныбжьэгъу куэдым хуэдэу, къыщалъхуа гъэр хуэгъэфэщауэ фIэкIа зыми имыщIэу къекIуэкIащ, ауэ зыцIыхуа дэтхэнэми хужыIэнущ, илъэс дапщэ хъуми, ныбжьыщIэм хуэдэу дунейр фIэгъэщIэгъуэну зэрыпсэуар.
- Си адэшхуэм уэрэду лъэпкъым хуитхам и куэдагъыр езы лъэпкъми ищIэжыркъым, и нэхъыбэр цIыхубэм ейуэ ятх. Хуемыджауэ макъамэ Iэмыпсымэ псори къигъэIурыщIэу зэрызигъэсар нобэми сэркIэ гурыIуэгъуэкъым! Ди унэм щыдохъумэ дадэ игъэбзэрабзэу щыта пшынэ, балалайкэ, мандалинэ, пианинэ, синтезатор – а псом си адэшхуэм игу къихьа мэкъамэр къригъэкIырт.
- Псом нэхърэ нэхъ хьэл гъэщIэгъуэну хэлъахэм ящыщщ ар сытми тегушхуэу зэрыщытар. Адыгэ щIакIуэ, фащэ, пыIэ зэридыр куэдым ящIэрт, икIи мы дунейм зы Iуэху теттэкъым абы хулъэмыкIыну къилъытэу. Шэч хэмылъу, ар къызыхэкIыр и сабиигъуэм гъащIэм зригъэува гъэунэхупIэ иныр арауэ къыщIэкIынт. Зауэр зи нэгу щIэкIа, абы къихь насыпыншагъэр зылъэгъуа сабийхэр дунейм нэгъуэщI нэкIэ еплъу къызэрытэджам куэд щыгъуазэщ. Зи сабиигъуэр зауэм ифыщIа зи джэгугъуэ сабийхэр шыгу IэжьэкIэ мэзым пхъашэ кIуэрт. Унагъуэр зыхуэныкъуэ Iэмэпсымэу хъуар я IэкIэ ящIыжырт, щIэгъэкъуэныншэу къэна бзылъхугъэхэр, анэкъилъху нэхъ цIыкIухэр къащыгугъырти, гугъу зрагъэхьырт.
- Си сабиигъуэм адэшхуэм таурыхъ гъэщIэгъуэн куэд къызжиIэжырт, ауэ нэхъ гъэщIэгъуэныжращи, абыхэм яз сэ стхауэ жиIэри газетым къытригъэдзат! ИужькIэщ сэ къыщызгурыIуар а Iуэхугъуэм и мыхьэнэр. «Сабийр бгъэгушхуэмэ, дамэ къытокIэ», — жиIэрейт езыми, дамэ къызитауэ арат! Иджыри си школ кIуэгъуэ мыхъуауэ, сэ шыдым, езыр шым дытесу мэзхэм, бгы лъапэхэм сишэурэ сигъэлъагъурт. И ныбжьыр илъэс 70-м щIигъуа иужькIи, си къуэш нэхъыщIэхэр и гъусэу, лъакъуэрыгъажэкIэ Налшык нэс щыкIуэ къэхъурт. Апхуэдэ адэшхуэм и жьауэ ущIэту укъэтэджыныр насып тIууащIэт!
- Си адэшхуэр зэ фIэкIа зыхуэмыза цIыхухэм и гушыIэкIэ дахэмрэ и псалъэкIэ IущымкIэ ягу къинэжырт. Дэнэ ирагъэблагъэми, абы жьантIэр къыхуагъэфащэрт. Уеблэмэ хамэ лъэпкъхэр лъэIуакIуэ къыщыкIуэ къэхъурт ар нэхъыжьу щагъэсыну. Дадэ а Iуэхум фIыуэ зыхуигъэхьэзырырт, зыгуэрхэр итхырт, еджэжырт, абы мыхьэнэшхуэ иритырт Iэнэм кIэлъызехьапхъэ хабзэм, хьэщIэ гъэхьэщIэкIэм.
- Дадэ удз хущхъуэхэмкIэ Iэзэу зэрыщытам куэд щыгъуазэщ. Уеблэмэ, радиом зэман щыхухахауэ удз хущхъуэхэм теухуа нэтын иригъэкIуэкIыу щытащ. Мэзым сыщыздишэкIэ, удзхэм я цIэр адыгэбзэкIэ къызжиIэрт, ахэр зи хущхъуэгъуэхэм зэпкърыхауэ къысхутепсэлъхьырт. И щIэныгъэмкIэ цIыхум ядэгуэшэну пабгъэрти, удз къэс сурэт трихыурэ и хущхъуэгъуэ Iэмалхэм тетхыхьауэ щытащ. Дадэ дунейм зэрехыжрэ илъэс зыбжанэ дэкIа нэужьи зрагъэIэзэн я мураду куэд къакIуэрт…
- «Таурыхъым щIапIыкIа сабийм и гупсысэр хьэршым хэлъщ» — жаIэ. Сабийм и акъылым пасэу зебгъэужьынумэ, таурыхъхэр IэмалыфIщ. Ди адэшхуэм дыкъригъэтIысэкIыурэ хъыбарыжьхэр къыджиIэжырт, и нэхъыбэм лIыхъужьу хэтыр дэрат, благъуэми дыпэлъэщырт, Iуащхьэмахуи дебакъуэрт, шабзэкIэ вагъуэхэр къедудыхыу пшэхэм дытест. А таурыхъхэм дунейри гъащIэри дыдейуэ къытщагъэхъурт, фIым дрителъхьэт, ем дриIэщакIуэт! Дыкъэзыухъуреихь дунейр дахэ тщIыныр ди къалэну таурыхъми гъащIэми дыщыхуигъэсащ. Иджы согупсысыжри, таурыхъ псом ящхьэр си адэшхуэр щыпсэуа, абы и гупсысэхэмрэ ущиемрэ дыщыщIипIыкIа лъэхъэнэрщ!
- Щапхъэ, жыIэгъуэ, Iущыгъэ куэд къытхуигъэнащи, дыхуэфащэу дызэрыпсэунум, зэрытхузэфIэкIкIэ и Iуэхум зэрыпытщэнум дыхущIэкъунщ.
- Джэдгъэф Беслъэн.
- Хъумбылей
- ЗэрыжаIэу, хъумбылейр
- Жыг дэжейуэ дахэкIейщ.
- И мышхумпIэу хуэщхьэтопыр,
- Дэшхуэм ещхьу, хуэхъурейщ.
- Мэхъу бжьыхьэпэм хуэданагъуэ,
- ЩIакхъуэр егъэтэджыр дэгъуэу.
- И хущхъуэгъуэщ езыр Iэджэм,
- Жейр пщхьэщыкIым – уегъэхъуж,
- Щхьэцыр икIым – ипс щIэгъэж.
- Ар нэхъыбэу къызыщыкIыр
- Нэхъ лъагапIэрщ, нэхъ дыгъэпсырщ,
- Уи бжэIупэм щыхэпсэнуи
- ИкъукIэ сэ изогъэкIупс.
- ФафIэгын
- Уафэу къащхъуэщ, ар къэгъагъэм,
- ФIэфIщ хэтыну хуабэм, дыгъэм,
- Ауэ щIыIэри хуошэч,
- Я нэхъ уэгъумкIи бэшэчщ.
- Бжьэхэм фIыуэ ар ялъагъу,
- Iэщми икъукIэ я ныбжьэгъущ,
- Уеблэм кофе къыхащIыкI.
- ЩIыпIэ куэдым ар къыщокI,
- Куущ и лъабжьэр – жыжьэ пхокI,
- ЩIыр къэщтыху гъэгъэну лъокI.
- КъыщыкIам деж гуп гуэрэнщ,
- И псым фафIэр егъэхъуж,
- Дызэреджэр фафIэгынщ.
- Псалъэ шэрыуэхэр
- Утыку узэрихьэр уи лъапэщ,
- УкъызэрикIыжыр уи напэщ.
- Мывэ быркъуэшыркъуэ мывэкъалэ
- хыумылъхьэ,
- Псалъэр мышэрыуэмэ, утыку иумыхьэ.
- ЛэжьапIэншэр къэрал мыгъуагъэщи,
- IэщIагъэншэр щхьэм и мыгъуагъэщ.
- Узижагъуэм уи Iейр къыпхеIущIыкI,
- УзифIым уи фIыр къыпхещыпыкI.
- ХамэщI сыщыпсэуну къыслъыс нэхъ,
- Си уэнжакъ къикI Iугъуэ сыхыус.
- Зым адрейм худимычыхынум,
- Фыпымыхьэ нэчыхь тхыным.
- ШынагъэкIэ бгъасэр къошынэуэж,
- АкъылкIэ бгъасэм тхъу къыпщехуэж.
- Джэдгъэф Хъусен