КъэфакIуэ гуп нэхъыфIу къалъыта
2022-01-22
- УнэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщыхэжаныкIа цIыху щхьэхуэхэмрэ гупхэмрэ ехьэлIауэ 2021 гъэм и кIэм Инстаграм напэкIуэцIым щрагъэкIуэкIа IэIэтым кърикIуам тету, «Илъэсым и къэфакIуэ нэхъыфI» щIыхьыцIэр хуэфащэу къалъытащ лъэпкъ къафэхэмкIэ «Шэрджэс» ансамблым. ЩIыналъэпсо, урысейпсо, дунейпсо зэпеуэхэм зыкъыщызыгъэлъагъуэ «Шэрджэс» гупым къыхуагъэфэщащ кавказ лъэпкъхэм я цIыхубэ къафэхэмкIэ 2018 гъэм Къэзан щызэхаша Урысей зэхьэзэхуэм и саугъэт нэхъыщхьэр. Апхуэдэу гупыр пашэ щыхъуащ Москва, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъэгухэм лъэпкъ къафэхэмкIэ щекIуэкIа зэпеуэхэм. Мы гъэм илъэситху ирикъу ансамблым и къэфакIуэхэр я зэфIэкIымрэ ехъулIэныгъэхэмрэ дяпэкIи зэрыхагъэхъуэнум, ди къафэхэм я дахагъэр нэгъуэщI щIыпIэхэм, лъэпкъхэм я деж зэрынахьэсынум иужь итщ.
- Гупым и художественнэ унафэщI, «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым илъэс 15-м щIигъукIэ хэта БжьыхьэлI Замир къэфакIуэ икIи къызэгъэпэщакIуэ Iэзэщ. ЩIалэр нэхъ къэфцIыхун папщIэ фигу къэдгъэкIыжынщ саугъэт папщIэу куэдым зэIэпахыу щыта кIэнфет пхъуантэм абы и сурэтыр зэрытетыр. ЗэфIэкI зиIэ а артистым и школ-студие япэщIыкIэ Налшык къыщызэIуихащ. Мы зэманым абы ныбжьыщIэ 30-м щIигъу йокIуалIэ. Абы и гъэсэн нэхъыфIхэр хэту 2017 гъэм къызэригъэпэща «Шэрджэс» ансамблым илъэс зыбжанэ хъуауэ и унафэщIщ БжьыхьэлIыр. Налшык къалэмрэ абы къедза къуажэхэмрэ щыщ, илъэси 5-м щыщIэдзауэ илъэс 16 зи ныбжь артист ныбжьыщIэхэм я бжыгъэр 40-м ноблагъэ.
- Зэман кIэщIым къриубыдэу гупым творческэ ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьауэ Iуэху гъэщIэгъуэнхэм ирагъэблагъэ. Гупым и артистхэм ягъэдэхащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ — Алание республикэхэм я цIыхубэ артист, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зыхуагъэфэща уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Чэрим, пшынауэ Iэзэ, дунейпсо зэпеуэхэмрэ фестивалхэмрэ я лауреат, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым цIыхубэ IэмэпсымэхэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжь Лыджыдэ Алий, пшынауэ цIэрыIуэ Иуан БетIал сымэ, «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым я концерт гукъинэжхэмрэ пшыхь щIэщыгъуэхэмрэ.
- Ансамблым и щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ къафэ гъуазджэмкIэ зэфIэкI зэраIэр щIыналъэ зэпеуэхэм мызэ-мытIэу щагъэлъэгъуа нэужь, утыкушхуэхэм ихьэну хуит ящIащ. Апхуэдэщ саугъэт нэхъыщхьэр гупым къыщихьа Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъэгухэм я ансамблхэр зыхэтар, «Я — талант» (Налшык) зэхьэзэхуэр. Зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым и унафэщIыр эстрадэ гъуазджэхэмкIэ «Академия» концерт-продюсер центрым и унафэщI ПащIэ Рамедт. КъищынэмыщIауэ, Псыхуабэ къалэм художественнэ къафэхэмкIэ щекIуэкIа «Хрустальный шар» ебланэ дунейпсо фестиваль-зэпеуэ зэIухам саугъэт нэхъыщхьэр къыщихьащ ансамблым. Гупым абы щигъэлъэгъуат куэдым фIыуэ ялъагъу «Лъапэрисэ» къафэр. 2019 гъэм «Алые паруса» щэнхабзэ фондым Сочи къыщызэригъэпэща зэпеуэм и кубокыр зыхуагъэфэщари «Шэрджэс» гупращ. А гъэ дыдэм, Адыгэ ныпым и махуэр республикэм щыщагъэлъапIэм иращIэкIа концертым ирагъэблагъэри, «Щапхъэ зытрах» щIыхьыцIэр къыфIащащ. Гупым и ехъулIэныгъэхэр куэд мэхъу. Апхуэдэхэщ «Таланты Евразии», «Марлен шоу», «Танцемания», «Вершина успеха», Эйфман Борис и щIыхькIэ Санкт-Петербург щекIуэкIа «Кубок танца» зэпеуэхэр.
- СССР-м и цIыхубэ артист, къэфакIуэ цIэрыIуэ, балетмейстер Сухишвили Илико (Илья) илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ Батуми къалэм щекIуэкIа фестиваль-зэпеуэм и саугъэт щхьэхуэ къыщыхуагъэфэщащ ансамблым. КъэпщытакIуэхэм «ЦIыхубэ къафэ» лIэужьыгъуэмкIэ япэ увыпIэр «Шэрджэс» гупым лъагъэсащ. КъыжыIапхъэщ зэхуэсахэм «Убых», «Удж хъурей» къафэхэр телъыджэ икIи гукъинэж зэращыхъуар.
- — НэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкI зэхыхьэхэм ансамблыр зэрыхэтым и фIыгъэкIэ лъэпкъ къафэхэм я щэхухэм, артист нэхъыфIхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэм, хабзэхэм зыхэдгъэгъуэзэну Iэмал дызэриIэр куэд и уасэщ, Куржым дыщыкIуам ди насып кърихьэкIащ дуней псом щыцIэрыIуэ Сухишвили Илья и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ балетым и концерт деплъыну. Абы и цIэкIэ щыIэ школ-студием ныбжьыщIэ 700-м щIигъу йокIуалIэ. Зэпеуэм жэуаплыныгъэ пылъу зыкъыщагъэлъэгъуа нэужь, ди артист ныбжьыщIэхэм тенджыз Iуфэм зэрызыщагъэпсэхуари гукъинэж ящыхъуащ, — жеIэ БжьыхьэлI Замир. — Сабийхэм уадэлэжьэным жэуаплыныгъэ ин пылъщ, ауэ а Iуэхум уи гъэсэнхэр гукIи псэкIи зэрыбгъэдэтыр щыплъагъукIэ, къару къыпхалъхьэ, нэхъри я зэфIэкIым зэрыхэбгъэхъуэным утрагъэгушхуэ. Зэпеуэ дыхэтын, сабийхэр я фащэкIэ къызэгъэпэщын, гъуэгу дытехьэн хуей щыхъукIэ зэпымыууэ адэ-анэхэм зэрызыкъытщIагъакъуэри къыхэзгъэщынут. Лэжьыгъэм ехьэлIауэ къалэн куэд дубзыхуащ. Сыт хуэдэ къафэ дгъэувми, дэнэ зыкъыщыдгъэлъагъуэми, ди мурад нэхъыщхьэр — ди лъэпкъ напэр, анэдэлъхубзэр, хабзэ дахэхэр тхъумэжынырщ. ЩIэблэм ягу къинэнур ебгъэлъагъумрэ зыхуэбгъасэмрэщ.
- Иджы дыдэ гупым ехъулIэныгъэфIхэр къыщихьащ Железноводск къалэ-зыгъэпсэхупIэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIа «Национальная премия имени Айседоры Дункан» етхуанэ дунейпсо зэпеуэми. Ар къызэрагъэпэщащ иджырей къафэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа къэфакIуэ цIэрыIуэм и щIыхькIэ. Зэхыхьэм и гран-прир «Шэрджэс» ансамблым къыхуэзыхьар «У родника» къафэрщ. Гупым и щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ япэ увыпIитI абы къыщыхуагъэфэщащ ягъэзэщIа лъапэрисэмрэ абхъаз къафэмрэ папщIэ.
- Къафэр зи псэм хэлъ, лъагапIэщIэхэм хущIэкъу ныбжьыщIэхэр тхьэмахуэм щэ зэхуэсурэ я зэфIэкIым хагъахъуэ. ЕхъулIэныгъэрэ гукъыдэжрэ ахэр щымыщIэну ди гуапэщ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.