ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сабиигъуэм и дуней щэху

2022-01-22

  • «Дыщэнэ», «Данэ»… апхуэдэ адыгэцIэ дахэхэр зи фIэщыгъэу Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ сабий усэхэр зэрыт тхылъитI. Ар зи Iэдакъэ къыщIэкIар куэдым фIыуэ ялъагъу усакIуэ Нэгъуей (Архэст) Радимэщ.

  • Тхылъыр къыщызэтепхкIэ, усэхэм уанэмыджыса щIыкIэу, ар зэрагъэщIэрэщIа сурэт къудейхэм удахьэх — сабийм и дунеймрэ абы и нэкъыфIэщIхэмрэ я плъыфэу щхъуэкIэплъыкIэщ ахэр, узыгъэгупсысэ усэхэмрэ абыхэмрэ я зэпэджэр макъамэ дахащэм хуэкIуэжу.
  • Сабиигъуэр, дыгъэр, лэгъупыкъур щызэкIэлъыхьащ усэ куэдым, хуабагъэмрэ гуапагъэмрэ я нэгъыщэу. Абыхэм я дэтхэнэри дыгъэпсу къыщызэрытIэпIыкIкIэ, цIыкIухэр нэхъыбэ сыт хуей?…
  • Сабий усэ щыхъукIэ, ахэр гъэнщIауэ щытын хуейщ псэр зыхьэху лIыхъужьхэмрэ абыхэм я щапхъэ дахэхэмкIэ. Радимэ ар къехъулIащ: зи къуэрылъху-пхъурылъхухэр фIыщэу зылъагъу анэшхуэ-адэшхуэхэм цIыкIухэр ягъэIущ, яущий. Абыхэм я щапхъэфIымрэ унагъуэм щызекIуэ хабзэхэмрэ мыкIуэдыжын гъуазэ яхуэхъун хуэдэу, иджыри зэрымыубыда сабий акъылыр жыру япсыхь.
  • Персонажхэращи… ахэр сыт — дунейм и щэхухэм я лъыхъуакIуэщ икIи ахэр сыт щыгъуи къыщагъуэт нанэрэ дадэрэ я таурыхъхэмрэ хъыбархэмрэ. Абы и щапхъэу къокIуэ «Дадэрэ сэрэ» зыфIища усэр: дадэ иригъэцIыхуащ Самир цIыкIум жыг куэд. АрщхьэкIэ, ари фIэмащIэу, адэшхуэм мэзым ишэу, абы къыщыкI жыгейр иригъэлъагъуну йолъэIу. Дади нэм хуихь къуэрылъхур игъэщIэхъуркъым — нэху здэщым мэзым зэгъусэу кIуэнущ…
  • Iэдыщэ, Айзанэ, Алия… усэхэр къулейщ ди гъащIэм куууэ къыхыхьа цIэ къызэрымыгуэкIхэмкIэ. Тхылъыр щIэзыджыкI сабийхэм я цIэджэгъуи къыхэкIыни. Апхуэдэ гъэпсыкIэми мыхьэнэ иIэщ — нэхъыбэм ягу дыхьэнущ.
  • Сабийхэм я дунейр зыгъэдахэ, зыгъэкуу зы лъэныкъуи къигъэнакъым усакIуэм. Тхылъым ихуащ цIыкIухэр гуапагъэрэ гулъытэкIэ нэхъ гъунэгъу зыхуэзыщI «Джэду шыр», «Хьэндырабгъуэ», «Бабыщ бын», гъащIэмрэ псэуныгъэмрэ хуэзыущий «Хьэлыуэ Iэнэ», «ДощI псэупIэ» усэхэр. Радимэ и лIыхъужьхэр йоджэ,матхэ,анэ-адэм доIэпыкъу, псэущхьэхэр фIыуэ ялъагъу — псори дерс къызыхахын защIэщ.
  • Псом ящхьэращи, «Дыщэнэрэ» «Данэрэ» щIэзыджыкIхэм усэ къэс къыхагъуэтэжынущ я дадэрэ нанэрэ, я кхъужьеижьыр, я псыхъуэр. Тхылъым ихуа сабий уэрэд цIыкIухэри пэщIэдзэ классхэмрэ классщIыб лэжьыгъэхэмрэ къыщысэбэпынущ.
  • Лъостэн Музэ.