Налшык, Тэрч, Аргудан… АдэкIэ-щэ?
2022-01-20
- Иджыблагъэ фыщыдгъэгъуэзащ «Адыгэ псалъэ» газетым 2022 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм щIэджыкIакIуэхэм Iэ зэрытрадза щIыкIэм. ИкъукIэ гуапэ тщыхъуащ абыхэм процент пщыкIутху къазэрыхэхъуар. АдэкIи Iуэхур ефIэкIуэну дыщогугъ.
- «Урысей пощтым» Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэм ди лъэIукIэ тхуагъэхьэзыращ республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ «Адыгэ псалъэ» газетым Iэ зэрыщытрадза щIы-кIэм теухуа тхыгъэ. Куэдым ар зэрафIэхьэлэмэтынум шэч хэлъкъым. Къыхэдгъэщыну дыхуейт ди щIэджыкIакIуэхэр нэхъыбэ дыдэу Налшык (335-рэ), Тэрч (115-рэ) къалэхэм, Аргудан къуажэм (113-рэ) зэрыщыIэр. А щIыпIищращ 100-м щIезыгъэгъуфар. Дауи, нэхъыбэкIэ дащыгугъат Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэ нэхъ ин дыдэхэу Дыгулыбгъуейм (43-м ди газетым традзауэ аращ), Нартаным (29-м), Щхьэлыкъуэм (20-м), Шэджэм ЕтIуанэм (17-м), Зеикъуэм (55-м), Ислъэмейм (5-м), Кэнжэм (9-м). Абыхэм дэтхэнэми щыпсэум я цIыху бжыгъэр мини 10-м зэрыщIигъурэ куэд зэрыщIар къэплъытэмэ, лъэпкъ газетым гулъытэ щIагъуэ зэкIэ зэрыщимыгъуэтыр нэрылъагъущ. ДяпэкIэ я гупэр нэхъ къытхуагъэзэну дыхуейт.
- Дэ ди лъэныкъуэкIэ тлъэкI къэдгъэнэнукъым «Адыгэ псалъэм» и къыдэкIыгъуэ къэс щIэщыгъуэрэ хьэлэмэтрэ фщыхъун папщIэ. Фэри фыхущIэкъу фи унагъуэм адыгэ псалъэр зэрыщыIуным.
- Налшык
- Налшык къалэ — 335
- Кэнжэ — 9
- Iэдииху — 6
- Псори зэхэту — 350
- Аруан район
- Нарткъалэ — 85
- Псыгуэнсу — 53
- Старэ Шэрэдж — 33
- Къэхъун — 31
- Аруан — 25
- Шэрэдж Ищхъэрэ — 21
- Псынабэ — 14
- Джэрмэншык — 10
- Шытхьэлэ — 10
- Псыкуэд — 8
- Мэрзэхъу — 5
- Чёрнэ Речкэ — 4
- Псори зэхэту — 299
- Тэрч район
- Тэрч — 115
- Терекскэ — 39
- Акъбащ Ипщэ — 19
- Курп Ипщэ — 18
- Арыкъ — 16
- Урожайнэ — 15
- Хьэмидей — 15
- Плановскэ — 13
- Курп Ищхъэрэ — 12
- Дейскэ — 9
- Опытнэ — 8
- Тамбовскэ — 8
- Инарыкъуей — 5
- Белоглинскэ — 2
- Новэ Хьэмидей — 2
- Джулат — 1
- Заводской — 1
- Интернациональнэ — 1
- Псори зэхэту — 299
- Лэскэн район
- Аргудан — 113
- Анзорей — 47
- Урыху — 44
- Хьэтуей — 34
- Лэскэн ЕтIуанэ — 22
- Ерокъуэ — 15
- Псори зэхэту — 275
- Бахъсэн къалэмрэ районымрэ
- Зеикъуэ — 55
- Бахъсэн — 47
- Дыгулыбгъуей — 43
- Къулъкъужын Ипщэ — 32
- Къулъкъужын
- Ищхъэрэ — 26
- Куба — 12
- ХьэтIохъущыкъуей — 11
- Бахъсэнёнкэ — 6
- Ислъэмей — 5
- Псыхъурей — 5
- Кыщпэк — 3
- Жанхъуэтекъуэ — 2
- ПсыкIэху — 1
- Псори зэхэту — 248
- Дзэлыкъуэ район
- Каменномостскэ — 68
- Сэрмакъ — 61
- Малкэ — 37
- Къамылыкъуэ — 19
- Дзэлыкъуэкъуажэ — 15
- Псынэдахэ — 13
- Совхознэ — 7
- Приречнэ — 5
- Шордакъ — 4
- ЯтIэкъуэ — 4
- Зольскэ — 3
- Чыщбалъкъ — 2
- Светловодскэ — 2
- Псори зэхэту — 240
- Шэрэдж район
- Аушыджэр — 57
- Жэмтхьэлэ — 52
- Зэрэгъыж — 18
- Къэщкъэтау — 4
- Псори зэхэту — 131
- Шэджэм район
- Лашынкъей — 34
- Нартан — 29
- Щхьэлыкъуэ — 20
- Шэджэм — 19
- Шэджэм ЕтIуанэ — 17
- Псори зэхэту — 119
- Прохладнэ къалэмрэ районымрэ
- Алътуд — 16
- Къэрэгъэш — 11
- Прохладнэ — 5
- Псыншокъуэ — 3
- Псори зэхэту — 35
- Май район
- Май къалэ — 4
- Александровскэ — 1
- Псори зэхэту — 5
- Iуащхьэмахуэ район
- Тырныауз къалэ — 3
- Эльбрус — 1
- Нейтринэ — 1
- Псори зэхэту — 5
- «Адыгэ псалъэм» тезыдзэну хуейхэм сыт щыгъуи ар щахузэфIэкIынущ «Урысей пощтым» Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ дэтхэнэ къудамэми. Ди газетыр къебгъэхь хъунущ мазаем (февралым) щыщIэдзауи, адрей мазэхэм щегъэжьауи. Дауи, и уасэри нэхъ пудынущ. Къапщтэмэ, пощтзехьэм къыпхуихьынумэ, мазитхум техуэнур — сом 604-рэщ, уэ езым уи гъунэгъу пощтым и къудамэм къыщепIыхыжынумэ — сом 550-рэщ. КъыкIэлъыкIуэ мазэм къыпIэрыхьэн папщIэ узэрытым и 23-м фIумыгъэкIыу тедзапхъэщ. ФеужьэрэкI, маржэ, фэращ дэ дыщIэлажьэр!
- Хьэтау Ислъам.