Хэкупсэ нэсу зи гъащIэр зыхь
2022-01-20
- Пщыбий СулътIан Хъанджэрий и къуэр ди республикэм къыщацIыху зэфIих и IуэхуфIхэмкIэ, нэгъуэщIхэм къазэрыхэщ и дуней тетыкIэ екIумкIэ, хэлъ цIыхугъэ лъагэмрэ нэмысымкIэ. Жылагъуэм пщIэшхуэ щызиIэ а нэхъыжьыфIым и гъащIэр хуигъэпсащ ди щIыналъэр егъэфIэкIуэным, абы къихъуэ щIэблэр ди лъэпкъ уардэм хуэфащэу къэгъэтэджыным. Ар Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я республикэ советым и президиумым, УФ-м и Журналистхэм я союзым хагъэхьащ. НэхъыжьыфIым, хэкупсэ нэсым и ныбжьыр нобэ илъэс 90 ирокъу.
- Нартан (Къылышбийхьэблэ) жылэм щыщ мэкъумэшыщIэ уна-гъуэм 1932 гъэм щIышылэм и 20-м къыщалъхуащ Пщыбий СулътIан. Абы и адэ Хъанджэрийрэ и анэ ТIабыхурэ унагъуэ дахэ яухуауэ, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу псэурт. БыныфIэ хъуа унагъуэм къащIэхъуэрт щIалиплIрэ хъыджэбзиплIрэ: Хутэ, Хьэжысмел, Мухьэмэд, Хъанигуащэ, Азэ, Инал, Розэ, СулътIан сымэ. Сабийхэр зыхуей хуэзыгъазэ, унагъуэ Iуэхури тэрэзу зэфIэзых бзылъхугъэт ТIабыху. Унагъуэм я нэхъыжь Хъанджэрий хыхьэхэкI зиIэ, еджэкIэ, тхэкIэ зыщIэ цIыху акъылыфIэт. Унагъуэм уней тыкуэн ягъэлажьэрти, псэукIэ хъарзынэ яIэт, къищынэмыщIауэ, и мылъку хьэлэлым псапи хищIыкIыурэ и гъунэгъухэм, благъэхэм ядэIэпыкъурт. Апхуэдэ цIыху жумартыр куэдым щIэгъэкъуэн, чэнджэщэгъу яхуэхъурт, и бынри фIым, дахэм щIипIыкIырт. Жылэр колхозу щызэгухьэм, Хъанджэрий и мылъкур абы хилъхьащ, адрейхэм щапхъэ яхуэхъуу.
- Апхуэдэу Тхьэм иухати, а лIы щыпкъэр куэдрэ ящхьэщытакъым и унагъуэ дахэм. ТIабыху сабий гупыр къыхуэнэри, ар 1936 гъэм дунейм ехыжащ. Гуауэшхуэт ар унагъуэм ис дэтхэнэм и дежкIи, арщхьэкIэ хэт ищIэнт ар нэгъуэщI гузэвэгъуэхэми я щIэдзапIэ хъуну?.. 1937 гъэр лъэхъэнэ гугъут къэралым и дежкIэ: «властым и бий» фIащурэ лажьэншэу цIыху минхэр щагъэтIыс зэмант. Уней тыкуэн иIэу, зи унагъуэр зэпэщу зыгъэпсэууэ щыта Хъанджэрий щымыIэжми, Пщыбийхэ я бын нэхъыжьхэм ирагъэхьащ лъэхъэнэм и бэлыхьыр.
- — Ди адэр дунейм зэрехыжрэ илъэси дэмыкIауэ ди унагъуэм аргуэру гузэвэгъуэ ин къихъуауэ щытащ, — игу къегъэкIыж СулътIан. — Мылъкуу диIа псори: щхьэлри, тыкуэнри, фермэри, Iэщри — ди адэм колхоз ухуэныгъэм хилъхьами, «кулакым и бын» фIащри, ягъэтIысауэ щытащ абы ирихьэлIэу балигъыпIэ иува си къуэш нэхъыжь Хьэжысмелрэ си шыпхъу нэхъыжь Хутэрэ. Абыхэм илъэс пщIырыпщI къытралъхьат, лъагъунлъагъу зыгуэр яхуэкIуэнуи письмо ятхынуи хуимыту… Хутэ Къэзахъстаным, Хьэжысмел Сыбырым ягъэкIуат. А илъэси 10-р ди анэм зэригъэкIуам ущIэумыупщIэ…
- А гугъуехь псоми къыхыхьэжат 1941 гъэм къэхъея Хэку зауэшхуэр. Зеиншэ быным ятелъ бэлыхьымрэ хьэзабымрэ тIуащIэ ищIат а мафIае гуащIэм. Илъэси 10-м щIигъуа къудей СулътIан и нэгу щIэкIащ зауэм пыщIа гугъуехьхэри политикэ залымыгъэм къахуиша лъэпощхьэпохэри. Абы и къуэш нэхъыжь Мухьэмэд дзэм ираджауэ 115-нэ шу дивизэм хэту зауэм Iутт. Пщыбийхэ я унагъуэм хуэдэхэр куэд хъурт а лъэхъэнэм.
- — Ди къуажэм укъиплъыкIыу фIыуэ плъагъурт Налшык бийм и кхъухьлъатэхэр къызэрыщхьэщыхьэр, лагъымхэр къалащхьэм зэрыщрадзыхыр. Илъэс 11 — 14 зи ныбжь щIалэ цIыкIухэм шынэ дымыщIэу а псоми дакIэлъыплъырт, — зауэм и лъэхъэнэм топсэлъыхьыж СулътIан. — Ди анэр сымаджэт, лэжьэфынутэкъыми, си къуэш нэхъыжь Иналрэ сэрэ колхоз губгъуэм дитт. ШхынкIи гугъу дехьырт: къалмыкъ шей фIыцIэт ди пщэдджыжьышхэр, адрей колхозхэтхэм папщIэ къызэрагъэпэщ шэджагъуашхэм (общепитым) дэ дыхэттэкъыми, псори шха нэужь, пщIафIэм щэхуу зыгуэрхэр тIуигъа-хуэрт. Адрейм щIэрыкIуэмрэ сэхуран гуарцэмрэт ди шхыныгъуэр.
- Бий ерур ди щIыналъэм ирахужа нэужьи СулътIан иджыри зыкъом-рэ щылэжьащ колхозым. Къытралъхьа илъэсхэр кIуэуэ, абы и анэкъилъху нэхъыжьхэр 1947 гъэм хуит къащIыжа нэужь, унагъуэм псэхугъуэ тIэкIу игъуэтыжащ. Ахэр адэжь лъапсэм къэкIуэжат, я узыншагъэм сэкъатышхуэ яIэу. Нэхъыжьхэм хуэдэ дыдэу гугъу емыхьами, унагъуэм къинахэри НКВД-ми жылагъуэми ягъэтыншакъым. «Властым и бийм и щIэблэ» псалъэ дыджхэр куэдрэ кIэлъадзащ анэми абы и нэIэм щIэту къэна сабийхэми. Унагъуэм тыншыгъуэ щагъуэтыжар 1956 гъэм иужькIэщ. Пщыбийхэ къабгъэдэкI дэфтэр а илъэсым хуагъэхьауэ щытащ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэщI Ворошилов Климентий. Абы къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, «властым и бий» мыхъурыр куэдым щхьэщахыжат, хей ящIыжри. Пщыбий Хъанджэрий и бынунагъуэшхуэри, Тхьэм и фIыщIэкIэ, яхиубыдат апхуэдэ жьы Iурыхьэ-гъуэ зыгъуэтыжахэм.
- Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм зи еджэныр зэпыуауэ щыта СулътIан и нэ къикIырт абы пищэну. ЩIэныгъэм и нэхум хуеIэ щIалэщIэм курыт школыр къиухыну Iэмал щигъуэтар 1956 гъэрщ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсхэм Пщыбийм дзэм къулыкъу щищIащ. Гугъуехьым щIапIыкIа, лэжьыгъэкIи псыхьа хъуа щIалэщIэр къулыкъу зыдищIэ сэлэтхэм къахэщырт и хьэл-щэнкIи бэшэчагъкIи. Частым и унафэщIхэм абы гу лъамытэу къэнакъым икIи и зэфIэкIхэм хигъэхъуэну СулътIан Минск къалэм дэт полковой школым ягъэкIуауэ щытащ. Еджэныр щытхъу иIэу зэфIиха нэужь, зыхэкIа частым къагъэкIуэжащ сержант цIэр зыфIаща адыгэ щIалэ жыджэрыр. Сэлэтхэм я щапхъэ щIалэр партым хыхьащ а илъэсхэм. Къулыкъу зэрищIэм хуэдэу, пщыхьэщхьэкIэ еджэурэ абы ехъулIэныгъэкIэ къиухауэ щытащ парт школри.
- 1959 гъэм дзэ къулыкъур кърихьэлIащ Пщыбийм, щытхъушхуэхэр иIэу. Куэдрэ зимыIэжьэу ар лэжьапIэ IэнатIэ увауэ щытащ ди республикэм абы щыгъуэ промышленнэ IэнатIэ пэрыту щыIахэм ящыщ Машзаводым. Парт, жылагъуэ Iуэхухэми хуэжыджэр Сулъ-тIан цIыху зэпIэзэрыту зэрыщы- тым мыбдежми гу щылъатащ. КПСС-м и Налшык къалэ комитетым пщэрылъ къыхуищIри, СулътIан куэд дэмыкIыу ягъэкIуащ Налшык дэт гастроном №2-м экспедитору.
- Лэжьыгъэ IэнатIэщIэм пэрыувами, абы щIэхыу хэзэгъами, Пщыбийм мурад ищIащ а IэщIагъэм нэхъ куууэ хуеджэну икIи ЕсэнтIыгу дэт кулинарие школым щIэтIысхьащ. ЕхъулIэныгъэ иIэу еджэныр 1963 гъэм зэфIэзыгъэкIа IэщIагъэлIым дзыхь къыхуащIащ жэуаплыныгъэ зыпылъ IэнатIэхэр. Ар лэжьащ Ресторанхэмрэ шхапIэхэмрэ я Къэбэрдей-Балъкъэр трестым и «Нартыху», «Мороженое», «Лэкъум» кафехэм я унафэщIу. А къулыкъум зэрыпэрытым хуэдэу, Пщыбийм и щIэныгъэм адэкIи хигъэхъуащ. Абы сытым дежи и щапхъэт и къуэш Инал, иужькIэ профессор хъуар, щIыхьыцIэ зыбжани зыфIащар, лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIар. Абы и цIэр нобэ зэрехьэ Нартан къуажэм дэт курыт школ №2-м. Шынэхъыжьым и чэнджэщым тету, СулътIан щIэтIысхьащ икIи 1969 гъэм фIы дыдэу къиухащ Москва сатум щыхурагъаджэу дэт институтыр. Зи IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэ, зэхэщIыкI лъагэ зыбгъэдэлъ СулътIан Ресторанхэмрэ шхапIэхэмрэ я Къэбэрдей-Балъкъэр трестым и парт зэгухьэныгъэм и комитетым и секретару хахащ. ИужькIи IэнатIэ зыбжанэм пэрытащ Пщыбийр, дэтхэнэри иригъэфIакIуэу, и къалэнхэр къызыхуэтыншэу игъэзащIэу.
- И ныбжьыр нэсу пенсэм кIуа нэужьи, Iуэхуншэу зы махуи щыскъым нэхъыжьыфIыр. Ар жыджэру хэтщ республикэм щекIуэкI жылагъуэ гъащIэм. Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я республикэ советым и президиумым хэтщ ар, ЩIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ и комиссэм и унафэщIу. Абы и къалэнхэр пыщIащ щIалэгъуалэм, ныбжьыщIэхэм зауэ-псэкупсэ, хэкупсэ гъэсэныгъэ ядегъэкIуэкIыным. ЖыпIэнурамэ, Пщыбийр а лэжьыгъэм хъарзынэу йохъулIэ. Ар щIэх-щIэхыурэ яхуозэ школакIуэхэм, студентхэм, къыщопсалъэ махуэшхуэ зэхыхьэхэм.
- Пщыбийр апхуэдэу тхэнми дехьэх. Зыхэт ветеран зэгухьэныгъэм и IуэхущIафэхэм, зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм ятеухуа тхыгъэхэр абы щIэх-щIэхыурэ къытрырегъадзэ республикэ газетхэм, журналхэм. УФ-м и Журналистхэм я союзым хэт Пщыбийм и къалэмыпэм апхуэдэу къыпыкIащ рассказхэр, гушыIэхэр, таурыхъхэр. Дунейм къытехьащ Пщыбий СулътIан и тхылъхэри: «В небе Ястреб» («Эль-Фа», 2006 гъэ), «Растить патриотов» («Печатный двор», 2014 гъэ). Япэ тхылъыр теухуащ ди хэкуэгъу лIыхъужьхэм Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм зэрахьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ. Абы итщ адмирал Головко Арсений, кхъухьлъатэзехуэхэу Къанкъуэщ Ахьмэдхъан, КIэрэф Анатолэ, ТхьэкIумащIэ Абдулчэрим, Iэщын Юрэ, топгъауэ Стеблинский Сергей сымэ, нэгъуэщIхэми ятеухуа тхыгъэхэр. Пщыбийм и етIуанэ тхылъым щызэхуэхьэсащ иригъэкIуэкI хэкупсэ гъэсэныгъэм теухуа тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр, апхуэдэу очеркхэр, рассказхэр, детективхэр, гушыIэхэмрэ таурыхъхэмрэ. Тхылъхэр зэхуэдэу яфIэгъэщIэгъуэнщ балигъхэми ныбжьыщIэхэми.
- Жылагъуэ гъащIэм хуэжыджэр СулътIан хэтащ «ТекIуэныгъэ Иным и ЛIыхъужьхэр» къэралпсо литературэ зэпеуэм. Ар къызэрагъэпэщат Урысейпсо зауэ-тхыдэ зэгухьэныгъэм, УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, ЩэнхабзэмкIэ и министерствэхэм, Урысей къэрал библиотекэм. ТхакIуэм абы игъэхьа «Возвращение домой» рассказым гулъытэшхуэ игъуэтащ, зэпеуэм и тхыгъэ нэхъыфIхэм хабжащ. Пщыбийм къыхуагъэфэщащ зэпеуэм и диплом, къэралпсо зэхьэзэхуэм пашэ щыхъуахэм зэрахэхуам и щыхьэту.
- Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм 2019 гъэм къыщыдэкIащ Пщыбийм и нэгъуэщI тхылъыщIи. «Хабзэм и хъумакIуэ» фIэщыгъэр зиIэ а къыдэкIыгъуэм ихуа тхыгъэхэр, езым зэрыжиIэмкIэ, сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ яхуэгъэзащ. ТхакIуэм и иужьрей тхылъым ит очеркхэр, таурыхъхэр, шыпсэхэр, гушыIэхэр, ауанхэр сабийхэм нэмыщI, балигъ куэдми зэрафIэхьэлэмэтынум шэч хэлъкъым. Зэрихабзэщи, тхылъыр бзэ дахэкIэ, къулейкIэ тхащ, жанр зэмылIэужьыгъуэхэу зэхэгъэуващ.
- Ди республикэм пщIэ щызиIэ, акъыл жанрэ Iуэху еплъыкIэ тэрэзрэ зыбгъэдэлъ нэхъыжьыфIыр а псоми къадэкIуэу КъБР-м и ЦIыхубэ судым, Суд Нэхъыщхьэм ирагъэблагъэ жылагъуэ заседателу.
- ГъащIэр фIыуэ зылъагъу, абы жыджэру хэт Пщыбий СулътIан зэфIиха апхуэдэ и лэжьыгъэфIхэм папщIэ мызэ-мытIэу ягъэлъэпIащ къэрал дамыгъэхэмкIэ, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэмкIэ. Абыхэм ящыщщ «1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм гуащIэдэкI лэжьыгъэфI къызэригъэлъэгъуам папщIэ», «Лениныр къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъуам папщIэ», «Лэжьыгъэм и ветеран» медалхэр, КъБР-м, ди Правительствэм къабгъэдэкI щIыхь тхылъхэр.
- Сыт щыгъуи СулътIан щIэгъэкъуэн нэхъыщхьэу иIащ и щIыбагъ къыдэт и унагъуэ дахэр. Абырэ и щхьэгъусэ Жанусэрэ (и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI) зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу илъэс куэдкIэ зэдэпсэуащ, бынитIи зэдагъуэтащ: Ларисэрэ Андзоррэ. Адэ-анэм абыхэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ, IэщIагъэ ира-гъэгъуэтащ, гъащIэм лъэ быдэкIэ хагъэуващ. Ахэр унагъуэ хъужахэу мэпсэу, щIэблэ дахи къащIохъуэ. СулътIан зэрыжиIэмкIэ, абы хуабжьу къыхуэнабдзэгубдзаплъэщ и нысэ цIыкIу Заретэ. Адэ гуапэм, адэшхуэ IэфIым и гъащIэр щIэщыгъуэ, щыз хуащI къуэрылъху-пхъурылъхухэм я ехъулIэныгъэхэм.
- ГъащIэр пэжу, и щхьи и напи емыпцIыжу, къэралым, щалъхуа щIыналъэм яфIрэ я ехъулIэныгъэрэ къызэрыкIын Iуэхугъуэхэр екIуу зэригъэзэщIэным хущIэкъуу дунейм тетщ зи илъэс 90-р быным зыхуагъэлъапIэ Пщыбий СулътIан Хъанджэрий и къуэр. ЩIэблэр хэкупсэу гъэсэным хьэлэлу бгъэдэт а цIыху щыпкъэр куэдым я чэнджэщэгъущ, я гъуэгугъэлъагъуэщ, я ущиякIуэщ. Пщыбийхэ я унагъуэ жьэгум и хъумакIуэ нэхъыжьыфIым дохъуэхъу узыншэу, быным, абыхэм я щIэблэм яфI, я гуфIэгъуэ илъагъуу иджыри куэдрэ псэуну.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.