ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Титаник» кхъухьымрэ адыгэхэмрэ сыт зэхуаIуэху?

2022-01-20

  • Зэхэзыхыу хъуам нобэми яфIэщIэщыгъуэ «Титаник» кхъухьым иса цIыхухэм къакIэрымыхуу, куэд топсэлъыхь абы илъа гъуазджэм и хъугъуэфыгъуэхэми.

  • 1912 гъэм мэлыжьыхьым и 14 — 15 махуэ-жэщ зэпылъыпIэм щIилъэфауэ щытащ нэхъ ин дыдэхэм хабжэ «Титаник» кхъухьыр. Саунтгемптон къытекIыу Нью-Йорк зыунэтIа британ кхъухьым цIыху 1000-м нэс ист, тIысыпIэ 200-р япэ классым хабжэ, хуэкъулейуэ псэухэм яIыгъыу. Хым здытетым, кхъухьыр псы щIагъым щIэт мылыбгым жьэхэуэри, тIууэ зэпыщIыкIауэ щытащ.
  • «Титаник»-р, къапщтэмэ, цIыхухэр зезышэ кхъухьт, итIани, абы илъащ и хьэлъагъыр куэдкIэ хэзыгъэхъуа хьэпшыпхэр. Тонн пщIы бжыгъэм нэблагъэ ерыскъыхэкIхэм нэмыщI, уасэшхуэ зиIэхэм хабжэрт тхылъхэр, унэлъащIэхэр, ухуэныгъэм къыщагъэщхьэпэ Iэмэпсымэхэр, къинэмыщIхэр. Абыхэм къакIэлъыкIуэрт кхъухьым ис цIыху къулейхэм я машинэ псынщIэ зэпкърыхахэр, дыщэхэкIхэр, дыщэ ахъшэхэр, джэдыгу къызыхащIыкI псэущхьэхэм я фэхэр.
  • Гъуазджэм и хъугъуэфIыгъуэу къэлъытапхъэ хьэпшыпхэм ящыщу зи цIэр нэхъыбэрэ къраIуэр тIу къудейщ: «Рубэйат» зыфIаща Хайам Омар и усэ тхылъ гъэщIэрэщIамрэ франджы сурэтыщI Блондель Мэрри-Жозеф (1781 — 1853) и IэдакъэщIэкI «La Circassienne au Bain» («Хьэмэмым щIэт адыгэ пщащэ») сурэтымрэ. «Титаник»-м и тхыдэм ар къыхэнащ нэхъ къуэдышхуэ зыщIата хъугъуэфIыгъуэу.
  • Неоклассикхэм хабжэ франджы сурэтыщI Блондель Мэрри-Жозеф и сурэтыр япэ дыдэ Париж гъэлъэгъуэныгъэхэм щыхагъэхьар 1814 гъэрщ. Сурэтым хэзыщIыкI критикхэри гуапэу къыIущIащ Блондель и лэжьыгъэм. Фэхэр гъэщIэгъуэну зэрызэблихым нэмыщI, Блондель адыгэ пщащэм и сурэт зэрищIар Iуэху щIэщыгъуэт, сыту жыпIэмэ, а зэманым адыгэ бзылъхугъэхэм нэхърэ нэхъ дахэ щымыIэу къалъытэрт, уеблэмэ сэхусэплъхэкI гуэрхэр лъапIэу ирагъэкIын папщIэ, абыхэм «адыгэ цIыхубзхэм зэрахьэм хуэдэ» псалъэхэр дыщIагъуу къаублат.
  • Сурэтыр зейр хьэрычэтыщIэ Бернстрем-Штеффансон Маурицт. Адрейхэми ещхьу, Штеффансон 1912 гъэм «Титаник»-м и билет къищэхури, Саутгемптон къыщитIысхьащ. Адрей здришэжьа хьэпшып къомым язт Блондель и  «Адыгэ пщащэри».
  • Кхъухьыр мылыбгым жьэхэуа нэужь, къэхъуа гужьеигъуэм хэт Штеффансон, езым зэрыжиIэмкIэ, и хьэпшыпхэм я Iуэху зэримыхуэу, бзылъхугъэхэмрэ сабийхэмрэ кхъуафэжьейхэм зэрыригъэтIысхьэным иужь итащ, езыр иужьрей дыдэу кхъуафэм ипкIэри къелащ. Мазэ бжыгъэ дэкIри, кхъухьым исахэм «Титаник»-р зей «Уайт Стар Лайн» IуэхущIапIэр судым иратащ. Абыхэм яхэтт Штеффансони. Су-рэт лъапIэ зыбжанэ фIэкIуэдауэ тхьэ зэриIуэм нэмыщI, хьэрычэтыщIэм япиубыдырт «Адыгэ пщащэм» къыпэкIуэу доллар мини 100 къратыжыну.
  • Штеффансон пцIы тIэкIу иупсауэ нобэми хуагъэфащэ. Япэрауэ, абы фIэкIуэдауэ жыхуиIэ сурэтхэм я цIэр пэжу къриIуэфакъым, дунейр зи лъапIагъыу игъэIу сурэтым и бгъуагъ-кIыхьагъымкIи щыуащ. Штеффансон зэрыжиIэмкIэ, «Адыгэ пщащэр» зытет чэтэным 1 метрэ сантиметр 20-рэ и бгъуагът , метри 2, 4-рэ и кIыхьагът. XIX лIэщIыгъуэм псэуа франджы сурэтыщI псоми чэтэн зыщэ хьэрычэтыщIэхэм къыхагъэзыхьурэ, я сурэтхэм нэгъуэщI инагъ иратыну Iэмал иратыртэкъым. ИтIани, Штеффансон и зы сурэти апхуэдэ инагъ иIакъым, абы къикIращи, «Адыгэ пщащэр» къызэригъэлъагъуэм хуэдэу сурэт бэлыхьтэкъым. И псалъэр щыпхымыкIым, Блондель и тхьэусыхафэхэр ихъуэжри, нэгъуэщI мыхъуми, «Адыгэ пщащэм» и уасэр къызэфтыж жиIэри япиубыдащ. ИкIэм- икIэжым, «Уайт Стар Лайн» IуэхущIапIэм Штеффансон иритыжащ доллар мини 100 (иджырей къэбжыкIэкIэ — доллар мелуани 2,5-рэ). Хайам Омар и «Рубэйатым» уасэу хуагъэувар доллар мин 50-щ.
  • Нобэ куэд егъэщхьэжагъуэ IэмэпсымэщIэхэмрэ «сурэт узымрэ» я зэранкIэ адыгэ пщащэхэм я теп-лъэ гуакIуэр зэрызыIэщIагъэкIым. Аращ ди хъыджэбзхэр зэрыщытыххэу дахагъэм и дамыгъэу дуней псом щытета зэманыр дигу къыщIэдгъэкIыжыр.