Зауэм илыпщIа щIалэгъуэ
2022-01-11
- 1943 гъэм щIышылэм и 11-м пщэдджыжьым сыхьэтыр 4-м советыдзэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэр ирахужащ.
- Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм къэралыр псэзэпылъхьэпIэ щихуэм, ди цIыхухэр зэщIэтаджэри, зылI и быну бий ерум пэщIэуващ. Зауэ IэнатIэм къикI письмо щимэ цIыкIухэм къызэраIуатэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ ди щIалэхэри, лIыхъужьыгъэ зэрахьэу, бийм япэщIэтащ. Нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къэмылэнджэжу езэуахэм ящыщщ Алътуд къуажэм дэса Нэгъуей Хьэчим НэIиб и къуэри.
- Зи гугъу тщIы жылэм дэт курыт еджапIэм еянэ классыр 1939 гъэм къыщиуха нэужь, пхъащIэ IэщIагъэр щызэригъэгъуэтыну ар щIотIысхьэ Налшык къалэм а лъэхъэнэм дэта мэкъумэш техникумым, абдежым комсомолым щыхохьэ. Хьэчим жэрдэм узыншэхэр къыбгъэдэкIырт, Iуэху щхьэпэхэм я зэхэублакIуэт. Ещанэ курсым нэсауэ, Хэку зауэшхуэр къэхъеящ.
- И ныбжьыр илъэс 20 щрикъум, Хьэчим, зыщIэтIысхьа еджапIэр къимыухауэ, щIалэ дыдэрэ щхьэгъуси къимышауэ, 1942 гъэм дзэм да- шащ.
- Нэгъуейр япэщIыкIэ, адрейхэм я гъусэу, зауэ хуэIухуэщIэхэм хуагъэхьэзыр, мащIэу хурагъаджэ. Сэлэтхэр махуэ къэс мэз лъапэм щагъасэрт, топ гъэуэкIэм, зауэм и Iэмалхэм, и щэхухэм хагъэгъуазэрт. Хьэчим и ныбжьэгъухэм закъыкIэригъэхуртэкъым, нэхъ пашэхэм щапхъэ ятрихырт, и командирхэм я щытхъу къихьырт, и зэфIэкIми, и зэхэщIыкIми хигъахъуэ зэпытт. ПсэзэпылъхьэпIэ щихуа сыхьэтхэм а псори къыхуэщхьэпэжащ.
- Алътуд къуажэ къыщыхъуа щIалэщIэр, сержант къыфIащри, лъэсыдзэ полкым ягъакIуэ. Абы здыхэтым, Хьэчим жэуаплыныгъэ зыпылъ пщэрылъхэр къыщащIырт, и командирхэм я дзыхь кърагъэзырт, езыми и пщIэр иIыгъыжт.
- Къыхэбгъэщ зэрыхъунумкIи, Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа ди щIалэхэр къэралым и щIыпIэ куэдым щызэуащ. Абыхэм я адэ-анэхэм, Iыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм къыхуатхырт текIуэныгъэр къахьу я щIыналъэм къызэрагъэзэжынур, я псэм дыхьэ лэжьыгъэм зэрыпэрыувэжынур. Хьэчими къитх тхыгъэ мащIэхэм щыжиIэрт зэрыпхъуакIуэхэм ерыщу зэрапэщIэтыр, зыхэт частым и зауэлIхэр зэрызэкъуэтыр, бийр зытрамыгъэкIуэн папщIэ яхузэфIэкI къызэрамыгъанэр.
- — Дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, ди адэр 8-нэ ударнэ армэм и 47-нэ мотострелковэ дивизэм хыхьэ дзэлI гупхэм ящыщ зым (отделенэм) и Iэтащхьэу ягъэуват икIи, зэхэуэ гуащIэхэм щызэрихьэхьа лIыгъэм къыпэкIуэу, Вагъуэ Плъыжь орденыр къыхуагъэфэщат, — жеIэ мы тхыгъэм зи гугъу щытщIхэм я нэхъыбэм щыгъуазэ дахуэзыщIа, Нэгъуей Хьэчим ипхъу нэхъыжь Нэфисэт.
- — Нэфисэт, апхуэдиз зэман дэкIауэ фи адэм и Iуэху къэпIэтыжыным сытым утригъэгушхуа?
- — Интернетым сыкъыщеджат зауэшхуэм лIыгъэ щызезыхьахэм я дэфтэрхэр щызэхуахьэсыж IуэхущIапIэ Москва къызэрыщызэIуахым теухуауэ, ахэр абдеж щагъэлъэгъуэн, щахъумэн мурадкIэ. А хъыбарым сыкъыщеджэм, зэуэ сигу къэкIащ: «Ди адэми лIыхъужьыгъэ зэрызэрихьар щытщIэкIэ, а Iуэхум ехьэлIауэ щыIэнкIэ хъуну дэфтэрхэм сытым щхьэкIэ дымылъыхъуэрэ?» — жысIэри. ИкIи, яужь сихьэри, ди къэралым ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэм къысхуагъуэтыжащ ди адэр уIэгъэ щыхъуауэ щыта фронтыр зыхуэдэми, сымаджэщым къыщыщIатхыкIыжауэ щытами я щыхьэт тхылъхэр, — жеIэ Нэфисэт.
- — Нэгъуей Хьэчим унагъуэ щызэригъэпэщар зауэ нэужьыр ара?
- — АтIэ. Ди адэм быних дыриIащ. Дэлъхумрэ зы шыпхъумрэ дунейм ехыжащ. Сэ, псоми я нэхъыжьыр, зауэ нэужьым илъэси 9 дэкIауэщ дунейм сыкъыщытехьар. Япэ зэшыпхъуитIыр унагъуэ дихьа иужькIэ, ещанэр, Тамарэ, ди адэм нэхъ бгъэдэсу къекIуэкIати, зауэм щилъэгъуахэм теухуауэ абы нэхъыби зэхихыжат. Тамарэ къызэриIуэтэжымкIэ, ди адэр, игу къызэфIэнэурэ, куэдрэ тепсэлъыхьыжырт мы иджыпсту къыжысIэжынухэм:
- «Хэку зауэшхуэм и япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ, напIэзыпIэу бийр къызэрыттеуам дэ дыхуэхьэзыртэкъым. Фашистхэм хьэуами щIылъэми дащыпэмылъэщ щыIащ. Нэмыцэхэр я бжыгъэкIи техникэкIи нэхъыбэт. Дыпэмыплъауэ къызэрыкъуэхщ, уафэмкIэ кърадзыха лагъымхэмкIэ дызэхакъутэри, дыкъаухъуреихьат. Танк куэд зыщIыгъу лъэсыдзэу зы дивизэ псо а щIыпIэм кърашэлIат. Топхэр, лагъымыдзхэр зэпымыууэ къытхэуэрт, кхъухьлъатэхэм бэуапIэ къыдатыртэкъым. Нэмыцэхэр гъунэгъуIуэщи, шэр нартыху пIэнкIым хуэдэу къыттолъалъэ. Бийм хэщIыныгъэшхуэ еттами, зэрынэхъыбэм къыхэкIыу, дапэлъэщакъым…
- Зауэр хьэлъэ Iейуэ щекIуэкIым, зэрызытхъумэжын щIагъуи къытIэщIэмынэжауэ, щIытIым зыщызыудыгъуа цIыху зытхухым Iэщэу тIыгъхэм шэ зырыз къинэжати, ди унафэщIхэм ящыщ зым «фи щхьэм хуэфхъумэж» къыджиIауэ щытащ, апхуэдизу псэзэпылъхьэпIэт дызэрыхуа щытыкIэри. Абдежым, дызэрыс мащэм, куэд дэмыкIыу, кхъухьлъатэ къыщхьэщылъатэщ, лагъымхэр къытхидзэу щIидзэри, тщыщ куэд хиукIыкIащ. А махуэр хуабжьу гуихт икIи гухэщIт.
- Абы иужькIэ, куэд дэмыкIыу, мо зэбградзахэм танкхэр къытщхьэщыхьэжри, исахэр къикIащ. Къыдбгъэдыхьэри, уIэгъэ хьэлъэ хъуахэм ящыщу нэхъ къыхэщэIукIхэм шэр трагъэлъалъэу хуежьащ. Сэ сыщыукIуриям деж бийм и сэлэтищ къэкIуатэри, зи псэ еджэу къызбгъэдэлъхэр зы къэмынэу яукIащ. ФIи фIэщ зэрыхъун, апхуэдизу сыкъэгузэвати, къысщына шинелым и зы кIапэр си жьэм быдэу жьэдэзубыдат, макъ гуэри къызэрызмыгъэIуным сыхущIэкъуу. Си лъакъуэрат лъыкI-псыкIыу удын хьэлъэ зытехуари, къытщхьэщыхьахэм ящыщ зыр лъакъуэкIэ къытеувэри, и къару къызэрихькIэ хиIуэнтIыхьу хуежьащ. Дакъикъэ зы-тIущым къриубыдэу щэ-плIэ къыскIуэцIытIыхьами арагъэнт ар, ауэ, а тIэкIум апхуэдизу си гумрэ си лымрэ игъэузати, медан бжыгъэр илъэс хьэзабу къысщигъэхъуат, игъащIэкIи сщымыгъупщэжыну», — яжриIэжырт лIыхъужьым зауэм зэрыхэтам теухуауэ къеупщIхэм.
- Зэшыпхъухэм къаIуэтэжа хъыбарым адэкIэ къызэрыхэщымкIэ, Нэгъуей Хьэчим зэуапIэу къыздинам нэмыцэхэр хэкIыжа иужькIэ, совет армэм и санитаркэхэр кIуэри, зи псэ Iутхэр губгъуэм кърахащ, сымаджэщым икIэщIыпIэкIэ нагъэсыну. ИкIи, къыкъуахыжа дэфтэрхэм зэритымкIэ, удын хьэлъэ зытехуа Нэгъуей Хьэчим ди къэралым и гъущI гъуэгухэм ящыщу Калинин и цIэр зезыхьэм тет Фировэ станцым деж мафIэгум щаIэтри, дзэлIхэм щеIэзэ сымаджэщым нашэсащ.
- Абдежым лIыхъужьым куэдрэ къыщеIэза иужькIэ, «Хэку зауэшхуэм 2-нэ гупым къитIасэ фэбжь (ныкъуэдыкъуагъэ) къызэрыхихамкIэ» нагъыщэр зытегъэуа тхылъ къыIэщIалъхьэри, и унэ къаутIыпщыжащ.
- — Ди адэ Нэгъуей Хьэчим 1943 гъэм, иджыри щIалэ дыдэу, ныкъуэдыкъуэ зэрыхъуам, абы иужькIэ дзэм къыхагъэкIыжу къуажэм къызэрырагъэгъэзэжам теухуауэ къэзыулъэпхъэщыжахэм си шыпхъухэри щыгъуазэ сщIащ, дэфтэрыр ди къуажэ вонкоматым и архивми хезгъэлъхьащ, сызыдэс Прохладнэ къалэм щыдиIэ музейми щIезгъэлъхьащ, — къыпещэ адэкIэ Нэфисэт и псалъэм. — Я гуэныхь сыхуейкъым, ди адэр гъэ къэси къуажэм щагъэлъэпIащ, и пенсэхэри къратащ, дохутырхэри, зэпыу ямыIэу, къыкIэлъыплъащ. АрщхьэкIэ, Хэку зауэшхуэм ныкъуэдыкъуэ щыхъун ипэ къыхуагъэфэщауэ щыта дамыгъэхэр къыIэрыхьэжатэкъыми, ар и гукъеуэу куэдрэ екIуэкIащ. «СиIащ!» жыпIэкIи, зыри ищIыстэкъым цIыхум я дежкIэ. Тхылъ уимыIэмэ, ордену къратын хуеяри къыIэрымыхьэжамэ… Абы щхьэкIэ зэгуэпу лIыжьыр псэуащ. ЖыпIэнур арамэ, и Iуэхур къаIэтыжыным ди адэр куэдрэ пэплъащ…
- Нэфисэт щыгъуазэ дызэрищIамкIэ, Нэгъуей Хьэчим дзэм къыхэкIыжа иужькIэ, ЗыхъумэжыныгъэмкIэ министерствэм къыбгъэдэкIыу къратащ «Германием зэрытекIуам папщIэ» медалыр, «ЩIыхьым и орден» 1-нэ нагъыщэ зиIэр, «Хэку Зауэшхуэм и орден» 2-нэ нагъыщэ зиIэр, нэгъуэщI тыгъэ лъапIэхэри, дэтхэнэми я номерхэр зэрыт тхылъхэри ядэщIыгъужу.
- Къызэрыщыхэдгъэщащи, Нэгъуей Хьэчим 1943 гъэм дзэм къыхагъэкIыжа иужькIэ, къыщалъхуа Алътуд къуажэм къегъэзэж. ИкIи бийм зэтрикъута колхозыр зэфIэзыгъэувэжхэм яхохьэ, хузэфIэкI илэжьу.
- Зауэ нэужь лъэхъэнэр гъаблэу, цIыхухэм яшхын ямыгъуэту къекIуэкIащ. АрщхьэкIэ, и гум дыхьэу, и псэм фIэфIу зэгуэр къыхиха IэщIагъэм цIыхур егъэин, егъэлъапIэ. Нэфисэт зэрыжиIэжымкIэ, Нэгъуей Хьэчим пхъащIэ IэщIагъэм хуэIэижьти, колхозри къуажэдэсхэри а лъэхъэнэм нэхъ зыхуэныкъуа Iэмэпсымэхэр ищIырт, къутахэр зэригъэпэщыжырт.
- Зи IуэхущIафэкIэ щытхъу къэзылэжьхэм пщIэ лей къалъыхъуэркъым. Мис абыхэм ящыщт хьэл-щэн дахэ зыхэлъа, Iэдэбу дунейм тета Нэгъуей Хьэчим. Ар апхуэдизкIэ гугъуехьым ипсыхьати, лэжьыгъэми къыпикIуэтынутэкъым, тыншыпIи къилъыхъуэнутэкъым, къыдэлажьэхэм, къуажэдэсхэм ящыщу зыкъыхуэзыгъазэхэм, зэрыхузэфIэкIкIэ, защIигъэкъуэну хьэзырт. Езыр сыт и лъэныкъуэкIи цIыхуфIт, хьэлэлти, зыгуэр къыхуэныкъуэ хъуамэ, я деж дишэнут, щигъэхьэщIэнут.
- — ЗэрыжысIащи, бынихми я нэхъыжьыр сэрати, Iейрэ фIырэ схузэхэхыу сыкъызэрыжэпхърэ, ди адэр здэщысым деж сыщетIысэхырти, гугъу ехьу и лъакъуэхэр зэрипхэм щэхуу сыкIэлъыплъырт. ИкIи, гу зэрылъыстауэ, и куэ ижьым деж, сантиметр 20 – 25-рэ хуэдиз зи кIыхьагъын, сантиметри 10 зи бгъуагъын и Iэгъуэблагъэм, лы зыри телъыжтэкъым. Ар слъагъуху къэси, си гур хуабжьу щIэузырт, си нэпсхэми къызэпажыхьырт.
- Апхуэдэу ар псэуащ, колхозми хэтащ, цIыхухэми ядэпыкъуащ. ЖыпIэнур арамэ, ди адэм хуэдэу IэкIуэлъакIуэу чий зыху, чейм ехьэлIапхъэхэр къыхэзыбзыкIыф, гудзи, уеблэмэ гум щIалъхьэ шэрхъи зыщIыф ди къуажэ псом дэсакъым, жысIэмэ, сыщыуэну къыщIэкIынукъым. Колхозым нэгъуэщI IуэхухэмкIи зэрыдэIэпыкъуам къищынэмыщIауэ, ар а лъэхъэнэм ди жылэм къыщызэрагъэпэщауэ щыта пионер лагерым и унафэщIуи лэжьащ, къыдекIуэкIахэм фIыуэ къалъагъуу, пщIэ къыхуащIу.
- Ди адэ-анэр псэуэгъу щызэхуэхъуам къыщыщIэдзауэ, ди адэр дунейм къыщытехьа махуэу а тIум зэдагъэлъапIэу щытар ТекIуэныгъэм и махуэшхуэ накъыгъэм и 9-рат, езыр къыщалъхуар шыщхьэуIум и 18-р арами. А тIур апхуэдэу зэгурыIуат ди адэм и лъэIукIэ. Дэри, бынхэри, Iыхьлыхэри, абы дытрагъэхьауэ, ди лъапсэжьым накъыгъэм и 9-м дыщызэрихьэлIэжырт.
- Дыкъэзылъхуахэм я жьауэм дыщIэмытыжми, ахэр сыт щыгъуи гукIэ тщIыгъущ, абыхэм дызыщIапIыкIа хабзэм дытету дызэрыпсэуным яужь дитщ. Ди адэр сыт щыгъуи щIэхъуэпсырт игъэва зауэ гущIэгъуншэм хуэдэ зэи къэмыхъужыным, цIыхухэр мамыру, зэгурыIуэу зэдэпсэуным. Дэри ди бынхэр, къуэрылъху-пхъурылъхухэр хэкупсэу, я лъахэр фIыуэ ялъагъуу дгъэсащ, — жеIэ Нэфисэт.
- Апхуэдэ лъэужь къигъэнащ Хэку зауэшхуэми лэжьыгъэми я ветерану Алътуд къуажэ дэса, 1994 гъэм дунейм ехыжа Нэгъуей Хьэчим НэIиб и къуэм.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.