Пощт музей къызэIуах
2022-01-11
- Илъэс блэкIар «зэхуэзыщIыжа» хъыбар щIэщыгъуэхэм язщ Налшык почтамтым и унэм КъБР-м и пощтым и тхыдэ музей къызэрыщызэIуа-хар.
- «Музейр къыщIызэдгъэпэщар пощтзехьэхэр, операторхэр, зэхэзыдзхэр, шофёрхэр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, пощтым и лэжьыгъэм къызэщIиубыдэ унагъуэшхуэм къикIуа гъуэгуанэм хуэфэщэн пщIэ хуэтщIын папщIэщ, — жиIащ «Урысейм и пощт» IуэхущIапIэм КъБР-м щыIэ и къудамэм и унафэщI Вэрокъуэ Заур . — Жэщми махуэми зэпыу зимыIэ ди лэжьыгъэм къэралым щекIуэкI зэпыщIэныгъэ къалэн псори къызэщIеубыдэ. Пощтым и лэжьыгъэр нэрылъагъу щыхъумэ, щIалэгъуалэми ар щапхъэ хъарзынэ яхуэхъунущ».
- Зи гугъу тщIы музейм фэеплъу къыщIалъхьахэм ящыщщ пощтым къыщагъэщхьэпэу щыта дэфтэрхэр, лIэщIыгъуэ блэкIам зэрылажьэу щы-та коммутаторхэр, маркэхэр, мыхъурхэр, открыткэхэр, мэзутI гъэвэжалъэхэр.
- Музейм щIалъхьэнухэр щызэхуахьэсыжым ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм дяпэкIи пащэнущ. Пощт IуэхущIапIэм и етIуанэ къатым къыщызэIуаха музейм зэкIэ зыщызыплъыхьыфынур абы щылажьэхэм я закъуэщ. Зэман дэкIмэ, музейм сабийхэри екIуэлIэфын хуэдэу зрагъэубгъуну я мурадщ.
- Къудей Iэминэ.