ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЦIыкIураш

2021-12-21

  • Къаплъэныр Iусщ гъэщIэм и бжэIупэм
  •   ЦIыкIураш, илъэс къэблагъэр къаплъэным ейщ. Фэри фIыуэ фолъагъу къаплъэнхэр, таурыхъхэм хэту куэдрэ фарихьэлIащ, мультфильмхэм фыщоплъ. Псом хуэмыдэу, щIалэ цIыкIухэм ффIэфIщ абыхэм запыфщIыжын, зевгъэщхьын, зывгъэхахуэн. Къаплъэныр къару, бэшэчагъэ, жыджэрагъ зыхэлъ хьэкIэкхъуэкIэщ. И теплъэри екIущ! Нэр зыхьэху а псэущхьэ дахэм теухуауэ щIэщыгъуэхэр къэдывгъащIэт!

  • — Къаплъэным и кусэхэр гъэщIэгъуэнщ. Ар зиIэр и цым и закъуэкъым. АтIэ и щIыфэри апхуэдэ тхыпхъэщ. Дунейм тебгъуэтэнкъым я кусэр зэщхьыркъэпсу къаплъэнитI. МыхьэнэкIэ ар похъур цIыхум и IэпапIэм.
  • — Жэщым къаплъэнхэм я нэхэм щIагъуэу ялъагъуркъым. Ауэ махуэм хуэдихкIэ цIыхум и нэм и жанагъым йофIэкI. Я нэ кугъуэр гъуэжьщ, и зэпрыдз гъуэжьым хуэдэщ. Ауэ къаплъэн хужьхэм я нэ кугъуэр щхъуэщ.
  • — ПсэупIэу яубыда щIыпIэр тыншу къацIыхужын папщIэ а Iэгъуэблагъуэм ит жыгхэр лъэбжьанэкIэ къратхъ — дамыгъэхэр тращIэ.
  • -Я натIэм иIэ кусэхэр гъэщIэгъуэну зэпэщылъщ — ар ирагъэщхь китай иероглифым, «пащтыхь» къызэрыкIым.
  • — Псы есыкIи фIыуэ ящIэ. Километр бжыгъэкIэ IусыкIыфынущ Iуфэм.
  • — Метрих и кIыхьагъкIэ мэпкIэф, метритхукIи долъеиф.
  • — Я гупэ лъакъуэхэм лъэпхъуабитху пытщ, я пхэ лъакъуэхэр лъэпхъуамбэ плIырыплIщ. Я лъэбжьанэр сантиметри 8-I0 мэхъу.
  • — Къаплъэным и Iупсым хущхъуэгъуэ хэлъщ. И уIэгъэм ебзейуэрэ егъэкIыж.
  • — Къаплъэнхэр илъэс 25-кIэ псэуфынущ.
  • — И щхьэкуцIым и хьэлъагъщ грамм 300 -м щIигъу. Я щхьэм тыншу ираубыдэ къэхъугъэхэр икIи ящыгъупщэркъым. ХьэкIэкхъуэкIэхэм ящыщу езы къаплъэным хьэлъагъкIэ къытекIуэр мыщэм и закъуэщ.
  • -НобэкIэ дунейм тетщ къаплъэн лIэужьыгъуих.
  • Лъэрыжэ
  • Дадэрэ сэрэ дызэныбжьэгъушхуэщ. Сэ ар егъэлеяуэ фIыуэ солъагъу. Дауэ сымылъагъунрэ, жэщ къэскIэ и гупэ сыщыхэлъкIэ, зым нэхърэ адрейр нэхъ дахэжу таурыхъ, хъыбар къыщызжиIэкIэ. Ди дадэ нэхърэ нэхъ таурыхъныбэ ди хьэблэм дэмысу аращ ди гъунэгъухэм жаIэр.
  • Декабрым и кIэхэм уэс куу къесат. Сытым хуэдэу абы дэ, щIалэ цIыкIухэр, дызэрыщыгуфIыкIар! Ауэ сэ лъэрыжэ сиIэтэкъым. Сыт хуэдизрэ папэ семылъэIуами, имыгъуэту жиIэрт.
  • Зы пщыхьэщхьэ гуэрым сэ сыжеижа я гугъа, дадэ си адэм ешхыдэрт:
  • — Мы щIалэ цIыкIум лъэрыжитI къыхуэпщэхуркъэ, и ныбжьэгъу цIыкIухэм елъэIуу думыгъэту.
  • -Уа, ди адэ, згъуэтыркъым, згъуэтыркъым.
  • — ТIэ сэ къыхуэзгъуэтынщ абы лъэрыжэ! – быдэу жиIащ дадэ.
  • Псалъэмакъыр абдеж щаухащ. Сэ си щхьэр скъутэжырт дадэ лъэрыжэ къыздрихынур къысхуэмыщIэу. Дадэ зэи пцIы иупсыртэкъым. Дауи, си адэм къигъэгубжьыпауэ аращ. Дэнэу пIэрэ тIэ лъэрыжэ къыздрихынур?
  • ЕтIуанэ махуэм еджапIэм сыкъикIыжауэ сышхэу сыздэщысым, дадэ пэшым къыщIыхьэжащ. Абы и блэгущIэм зыгуэр кIэщIэлът. ЯпэщIыкIэ сэ абы набдзэгубдзаплъэу сеплъакъым. Ауэ ар унэкум щрилъхьэм, шхэнри къэзгъанэри сыкъыщылъэтащ. Си пащхьэм илът пхъэ лъэрыжэ тхьэIухудитI. Сэ си нэхэр къихуу ахэр къэсщтауэ зэпэсплъыхьырт.
  • — СлIо, ПIытIыкъ, уигу ирихьыркъэ?
  • — Ауэ сытми, дадэ!
  • — Ей, ПIытIыкъ, мылым узэрытехьэу, езыхэм урахьэжьэу ежьэжынущ!
  • Лъэрыжэхэр егугъуу ищIат дадэ. Лъакъуэ тегъэувапIэхэр иIэжу, и лъэгум гъущI кIапсэ гъум щIэшыжарэ езыхэри дзасэ гъэплъакIэ къуэлэн-пщIэлэну гъэщIэрэщIэжауэ. ЗэрызыщIупхэн фэ кIапсэхэри ищIэжат.
  • ЛъэрыжитIыр зэщIэспхэу сыкъыщыдэкIам, си ныбжьэгъухэм я нэхэр къихуащ. Дауэ къимыхунрэт, сэр фIэкIа пхъэ лъэрыжэ зыщIэлъ абыхэм зыри яхэттэкъым. Иджыт япэ дыдэуи абыхэм пхъэ лъэрыжэ щалъагъур. ЩIалэ цIыкIухэр зэдауэу щIадзащ. Хэти жиIэрт, ахэр зыри мыхъуну, хэти тхьэ щиIуэжырт гъущI лъэрыжэхэм нэхърэ зыкIи мынэхъыкIэу, уеблэмэ IэджэкIэ нэхъыфIу. Дэ баз дызэпихьэу дыкъызэдэжа нэужь, си лъэрыжитIым я пщIэр хуабжьу дэуеящ.
  • Псори къызэлъэIурт си лъэрыжэмкIэ къезгъэжэхыну. АрщхьэкIэ ар си ныбжьэгъу Мухьэрбий идакъым.
  • — Лъэрыжэ ущимыIэм къозымыгъэжыхьахэм ептмэ, дызэныбжьэгъужкъым, — кIэщIу пиупщIащ абы.
  • — Сэ псом нэхърэ нэхъыбэрэ къозгъэжыхьакъэ, Елдар?
  • — КъэпщIэжащ иджы! Уэра хьэмэрэ сэра къезыгъэжыхьар нэхъыбэрэ?!
  • — Уэрей фэ тIум нэхъри нэхъыбэрэ сэ къезгъэжыхьам!
  • ЩIалэ цIыкIухэр аргуэру зэдауэу щIадзащ.
  • Ауэ хэт хуейми къезгъэжыхьащ а махуэм си лъэрыжэхэмкIэ, иужькIэ дадэ къелъэIури, Мухьэжрэ Муратри лъэрыжэ яхуищIащ. А тIурат лъэрыжэ зимыIэу къытхэтыжыр.
  • … Iэджэ щIащ абы лъандэрэ. Абы щыгъуэ сэри фэ фхуэдэу сыщIалэ цIыкIут. Ауэ сэ ноби сохъумэ дадэ схуищIауэ щыта пхъэ лъэрыжитIыр. Зызохьэ дадэ и фэеплъу. Езы дадэ жиIэрейуэ щытащ: «ЦIыхум и фэеплъ дунейм тетыхукIэ езыри псэущ».
  • Журт Биберд.
  • Зэрыджэм и чэзущ!
  • Зэрыджейр чыцэ лIэужьыгъуэщ, фокIадэм и кIэхэм мэхъу. Зэрыджэ лIэужьыгъуэу 166-рэ щыIэу къабж. Зэрыджейм къыпыкIэми, и тхьэмпэхэми, къудамэ пхъафэми — псоми хъущхъуэгъуэ хэлъщ, медицинэми къыщагъэсэбэп. Зэрыджэр витамин А, Е, С-хэмкIэ къулейщ, иммунитетыр егъэбыдэ, лъыр фIыуэ зэрегъакIуэ. Пыхусыхум, псчэм урипэщIэтыну уасэ иIэкъым. Зэрыджэм и дыджыр щIыIэм щIеш – дунейр щIыIэбжь къэхъуа нэужь, езыри пшхыну нэхъ IэфIщ. И купкъым хэлъщ гур тэмэму зыгъэлажьэ витаминхэр.
  •  Зэрыджэм и цIэр латиныбзэм къытекIащ, «зэрыхъэн» жиIэу къокI. Зэрыджэм и къудамэщIэ лантIэхэр зэрахъэурэ, матэ цIыкIухэр къыхащIыкIыу щытащ.
  • ИлъэсыщIэ
  • Жьы щIэмыту уэсыр къос.
  • СыщIэкIати – лъапщэм къос.
  • Пщэдейризэр зэрыдэкIыу,
  • ИлъэсыщIэу нэху дыкъокIыр.
  • Сэ си Iуэхущ а илъэсыщIэм
  • Мамэ жиIэу хъуар сымыщIэм!
  • Къэжэр Пётр.
  • ЩIымахуэ
  • Дэ щIымахуэр къытхуэкIуащ,
  • Уэс хужьыбзи къытхуихьащ.
  • Данэ уэсым щогуфIыкI:
  • «Iэжьэ къафщти, сыкъефшэкI!»
  • Куэшмэн Жаннэ.
  •  
  • Уэракъэ къызжезыIар?
  • ГуфIэжу школым къикIыж щIалэ цIыкIум и анэр йоупщI:
  • — Сыт нобэ къэпхьар?
  • — ТIу!
  • — Сыт щIыпхуагъэувар?
  • — СщIэжыркъым.
  • — Ар дауэ?
  • — Къысхуэгъэгъу, мамэ, ауэ уэракъэ къызжезыIар Iуэху Iейхэр занщIэу зыщыбгъэгъупщэжын хуейуэ!
  •  
  • КIэн джэгу
  • Адыгэм езым и сабий гъэджэгукIэ, и щIэблэ гъэсэкIэ иIэжурэ къэгъуэгурыкIуащ. Куэд мэхъу джэгукIэхэр. Абыхэм цIыкIухэр ягъасэрт я акъылыр жану, хэлъэт къызыкъуахыу. Хабзи къыхахырт. ЩыIэщ гъэмахуэм нэхъ хуэкIуэ джэгукIэхэри, щIымахуэм нэхъ тещIыхьахэри. ЦIыкIухэ, нобэ «кIэн джэгум» и гугъу дывгъэщI. Девгъэхъуапси, адыгэ джэгукIэхэр къызыкъуэдывгъэхыж! КIэнкIэ зэджэр мэлым и кIэбдз къэшыпIэм хэлъ къупщхьэ цIыкIурщ. Уджэгун папщIэ ахэр зэхуэпхьэсын хуейщи, адэхэмрэ адэшхуэхэмрэ фелъэIу!
  • КIэн ущыджэгуну нэхъыфIыр мылгъурыджэщ, ауэ щIы щхьэфэ джафэри джэгупIэ пщIы мэхъу. ДжафапIэ къыщIыхахыр кIэнуанэр нэхъыфIу щызекIуэн папщIэщ. Псом япэу гъуэ хъурейкъатхъыхь, зы лъэбакъуэ хуэдиз и къэухьу. Абы и кум кIэнхэр зэкIэлъхьэужьу, бгъукIэ мылым тесрэ я пIащIапIэхэр зэхуэгъэзауэ ирагъэувэ. Джэгум хэтхэр абы къыбгъэдокIуэт лъэбакъуэ зыбгъупщIкIи (е джэгукIэкIэ Iэзэхэм — нэхъыбэжкIи), кIэн зэбгъэдэтхэм ядэкIуэу дэнагъэ (итхъа занщIэ кIыхь) ящI.
  • Абы и ужькIэ пхъэидзэ ящIри е къуагуэ кърагъэщIри, зэреуэну чэзур ягъэбелджылы. Зи чэзур дэнагъэм (итхъа кIыхьым) къытоувэри и уанэмкIэ кIэн зэбгъэдэтхэм къатрегъапсэри, къоуэ. ИтIанэ къыкIэлъыкIуэр къоуэ, псоми зэрызэ къалъысыху. Абы и ужькIэ аргуэру къытрагъэзэжри, чэзууэ къоуэ.
  • Къеуам кIэн дапщэ гъуэм кърихуфами, псори къихьэхуауэ – ей хъуауэ – аращ. Къримыхуфу гъуэм къинахэм зи чэзухэр къоуэ, зыри къимынэжу псори кърахуху. Уэ зыри гъуэм къомыхуфамэ, уи кIэныр пфIахьэхуауэ аращи, нэгъуэщI иплъхьэн хуейщ, щIэрыщIэу джэгум къыщыщIадзэжым деж.
  • КIэн къеуэр хуитщ, дэнагъэм темыкIмэ, занщIэу кIэн зэбгъэдэтхэм я гупэм къиту къеуэнуми е и бгъуитIым языхэзым зыкъыхуигъазэу къеуэнуми.
  • Нэхъ Iэрыхуэ ухуэхъун папщIэ, кIэным укъыщеуэкIэ, уи Iэпкълъэпкъыр дауэ пщIынуми ухуитщ.
  • Ауэ дэнагъэм уи лъакъуэр къыфIэкIамэ е нэгъуэщI къемызэгъ гуэр пщIамэ, ар хэмыту (мызахуэу) къалъытэри, етIуанэу укърагъэуэж, хьэкъ сыну уагъэуври — нэгъуэщIу жыпIэмэ, тэмэму ущыту, ауэ уи Iэпкълъэпкъыр занщIэу зэфIэту мыхъумэ, бгъэхъеину ухуимыту. Абы хуэдэу гъуэм къипхуаIамэ, ууейщ, армыхъумэ хьэрэмыгъэу къалъытэ еуэгъуэмкIи сыт хуэдиз къипхуами гъуэм иралъхьэж.
  • КIэныр гъуэм къимыкIыпэу, итхъам телъу къэнамэ, «йофэ» — жаIэри къеуам иратыркъым, атIэ адрей зи чэзур къоуэри гъуэм къреху.
  • Уи кIэнхэр псори пфIахьэхуарэ уэ иджыри уджэгуну пфIэфIмэ, уанэдэшэ пщIыну ухуитщ. Ар зэращIыр мыпхуэдэущ: узыдэджэгум узэрыгурыIуэкIэ, уи кIэнуанэм и уасэр (кIэнищ, плIы, тху е хы къыIыбохри, ахэр иплъхьэурэ уоджэгу. КъыфIэпхьэхурэ – и кIэнхэр иботыжри, уи уанэр къыпхуонэж. ПфIихьэхужрэ – уи уанэри пфIихьэхуауэ аращи, ептын хуейщ.
  • КIэн уанэхэр зыхуэдэр:
  • — Пхъэбгъу плIимэ е хъурей цIыкIу, Iэгу хуэдиз хъууэ. Абы зэреджэр уанэщ.
  • — КIэным ибгъу кумб лъэныкъуэр зэкIэщIэкIыу яугъуэнри, бдзапцIэ гъэткIуа ирагъэлъадэ, нэхъ хьэлъэ хъун папщIэ. ИужькIэ хьэкущхъэ плъам щахъуэурэ, и лъащIэ бдзапцIэр джафэ ящIыж, нэхъ жэр хъун папщIэ. Абы зэреджэр кIэн уанэщ.
  • — КIэныр ятIэ быдэм халъхьэри пIэ ирагъэщI, къупхъэм хуэдэу. Абы бдзапцIэ гъэткIуа ирагъэлъадэри ягъэж. Абы и лъабжьэри, кIэнуанэм и лъабжьэр зэращIым хуэдэу ягъэджафэжри, бдзапцIэуанэ мэхъу.
  • — Былым кIэнри уанэу къыщагъэсэбэп щыIэщ. Абы зэреджэр къуардщ.
  • — Кхъуэщын пыудахуэр зэпэплIимэ дахэу ягъэджафэри, кIэнуанэ ящI. Абы зэреджэр къетэрщ.
  • ЦIыху дапщэ ухуейми кIэн узэдэджэгу мэхъу.