ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Гъашэ — тхыдэ  зиIэ къэкIыгъэ

2021-12-09

  • Иужьрей илъэсхэм тыкуэнхэм къыщIалъхьэ хъуащ гъашэм (полба) къыхащIыкIа щIакхъуэ. Зэрыхабзэуи, ар адрейхэм зэрефIэкIыр нэрылъагъу къызэрытщащI Iэмалу къагъэсэбэп ахэр щхьэхуэу зэрагъэтIылъыр, тхылъымпIэ къэп цIыкIум зэрыралъхьэр. Дауи, адрейхэм нэхърэ нэхъ лъапIэщ. Глютен зыхэмылъ гуэдз лIэужьыгъуэм ди зэманым щIэупщIэр и куэдщ, аллергие зиIэр мащIэкъыми.

  • Гъашэр дунейм къызэрытехьэжам теухуауэ сызыщыгъуазэр сигу къокIыж мы щIакхъуэр щыслъагъукIэ. А гукъэкIыжыр псом япэу зэпхар мэкъумэш щIэныгъэхэм я кандидат, «Адыгэ къэкIыгъэцIэхэр» псалъалъэр, «Мылъкум ефIэкI хъугъуэфIыгъуэ. Адыгэхэм я мэкъумэш, ботаникэ щэнхабзэр» тхылъхэр зи IэдакъэщIэкI Хьэкъун Барэсбийщ.
  • И гъащIэр зытриухуа мэкъумэш щIэныгъэм и кууупIэм нэсыфа, адыгэ хьэл-щэнкIэ псыхьа Барэсбий гъашэм тепсэлъыхьу зэхэсхащ мызэ-мытIэу. Ар узыншагъэмкIэ зэрыфIыр, аллергие зиIэхэм дежкIэ зэрысэбэпыр жиIэрт, и жагъуэ хъурт а къэкIыгъэр зэрагъэкIуэдыжар, и жылэ зэримыгъуэтыжыр. Къэзылъыхъуэм къегъуэт, жаIэркъэ?! Ар къызэрыхъуа щIыкIэр езым и тхылъым къыщретхэкIыжри, абыкIэ пысщэнщ.
  • «Дагъыстэным щыщ лезгин унагъуэхэм гъасэр (гъашэр) я унэ хадэхэм зэрыщагъэкIым и хъыбар 1966 гъэм зэхэтхащ икIи килограмм 20 жылапхъэу зыIэрыдгъэхьащ. 1998 гъэм и гъатхэм жылапхъэ папщIэу тетсащ… Августым и пэхэм гъасэ центритI хуэдиз Iутхыжащ, дгъэкъэбзащ. Аращ щIэдзапIэ хуэхъуар къыкIэлъыкIуэ илъэсхэм дгъэбэгъуа гъасэ жылэм», — етх Барэсбий.
  • Мы псор сигу къэзыгъэкIыжар Дагъыстэным къратыкI хъыбарщ, гъашэ хэзысэну хуейхэм щIы зэрахуримыкъум теухуауэ. Цилитль къуажэм щыщ Мухидинов Мухьэмэд жеIэ а къэкIыгъэм и жылэу зы килограмм иримыкъупэ ерагъкIэ зыIэригъэхьэу ар зэригъэбэгъуар. Мы къэкIыгъэм тафэм фIыуэ зыщиужьыртэкъыми, лIым къыщалъхуа къуажэм игъэзэжащ, а гуэдз лIэужьыгъуэр бгылъэ щIыпIэхэм фIыуэ къыщокIри. Уеблэмэ тонни 10 — 12 кърихьэлIэ хъуащ, зэрыжиIэмкIэ, ар тонни 100-ми хунэгъэсынут щIы къратамэ.
  • Дагъыстэнхэр езыхэр зэгурыIуэжынщ. Сэ адэкIэ мы тхыгъэм пысщэнут Барэсбий и тхылъым щыщ IыхьэкIэ.
  • Нэхъыжьхэм жаIэнкIэ хъунщ «гъасэр» къаха, ауэ ямыIуэжа хьэцэпэцэм зэреджэ псалъэу. Барэсбий мыращ итхыр абы теухуауэ.
  • «Гъасэр къыдошэж» жыIэгъуэр къызытекIар, шэч хэмылъу, губгъуэм илъ гъасэ щэджхэр гухэмкIэ, гуимэхэмкIэ кърашыжу зэрыщытаращ. Ауэ нобэрей ди нэхъыжьхэм мы жыIэгъуэм кърагъэубыд гуэдз, хьэ пхыр щэджу зэтелъхэр губгъуэм къызэрырашыжыр , икIи, ди жагъуэ зэрыхъунщи, «гъасэ» фIэщыгъэцIэ зиIэ лъэпкъ гъавэхэкI къэкIыгъэ щхьэхуэу ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къыддекIуэкIауэ ящIэжыркъым», — етх Хьэкъуным. Абы тегъэщIапIэ ищIыр езым и адэшхуэм, щалъхуа хьэблэм дэса нэхъыжьхэм жаIэу щытам и закъуэкъым, атIэ дыщегъэгъуазэ Броневский С. епщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэмрэ ебщыкIубгъуанэм и пэщIэдзэмрэ къэзыубыд и къэхутэныгъэхэм къызэрыхигъэщым адыгэхэм гъавэхэкIхэм ящыщу псом я нэхъыбэу трасэр хур, гъашэр, хьэр зэрыарар. А псалъэхэм щыхьэт тохъуэ щIэныгъэлIхэу Пожидаев В., Калоев Б. ятхри. Къапщтэмэ, Пожидаевым къыхегъэщ адыгэхэм я гъавэхэкI къэкIыгъэхэм ящыщу гъашэм ныбжькIэ етIуанэ увыпIэр зэриубыдыр икIи къэбэрдей адыгэхэм ар куэду зэрытрасэр.
  • Сытым къыхэкIа ар IэщIыб ящIыныр. «Сэ къызэрысщыхъумкIэ, ди лъэпкъыр Урыс-Кавказ зауэм Iисрафибл щыхэхъухьу, псэууэ къэнари Хэкужьым щрахум, лъэпкъым шыфэлIыфэ иIар, шэщIауэ мэкъумэш щэнхабзэ бгъэдэлъар, езыр нэгъуэщIхэм къазэрыщхьэщыкI щыIэкIэ-псэукIэ и лъым хэлъар фIагъэкIуэдащ. ЕтIуанэу, ди цIыхухэм губгъуэжьхэу, тафэхэу яIыгъар зэрыщыткIэ Урысейм ятрихщ, езым и цIыхухэм, нэгъуэщI къущхьэдэс лъэпкъ цIыкIухэм ятригуашэри, адыгэхэр щIыгуншэу къызэригъэнам гъашэ губгъуэхэр хуабжьу кIащхъэ, къызэрымыкIуэу мащIэ ищIащ. Ещанэу, капитализм зэхущытыкIэмрэ капитализм рынокымрэ УрысеймкIэ къикIыу ди цIыхухэм къахыхьэу щыхуежьэм, гъашэр, хур Урысей рынокым щыпхымыкI хъури, ахэр щIэныр адыгэхэм ягъэмащIэу щIадзащ. Мис апхуэдэ щхьэусыгъуэхэм гъашэр нэхъапэ, итIанэ хур ди лъэпкъым IэщIагъэхуащ», — етх Барэсбий.
  • Аращи, гуэдз лIэужьыгъуэфIу къалъытэу, абы къыхащIыкI щIакхъуэр аллергие зиIэхэм дежкIэ зэгъыу жаIэу ягъажьэ иджы хъужа щхьэкIэ, ар селекционерхэм къагъэщIа гуэркъым, атIэ тхыдэ зиIэ гъавэхэкIщ. Шэч хэлъкъым Хьэкъун Барэсбий и тхылъым щыгъуазэхэр мы щIакхъуэм нэгъуэщI нэкIэ зэреплъынум. Хэт ищIэрэ щIэупщIэ зиIэ хъуа къэкIыгъэм мэкъумэшыщIэхэр тригъэгушхуэжынкIэ хъунщ ар ящIэным.