ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зи сурэтхэр адыгэ дуней

2021-12-09

  • Адыгэ дуней! Уэрэди гъыбзи щызэщIэту, тхыдэм хыхьэжу, фэеплъыр щылъапIэу, хабзэ и гъусэу, и шыфэлIыфэр екIуу. Зи гугъу тщIыр Адыгэ Республикэм щыщ сурэтыщI Ачмыжь ФатIимэ и IэдакъэщIэкIхэрщ. Гупсысэу къыпщIонэ адыгэм и теплъэр къызэрыщ сурэтхэр. Мес, лIыжь жьакIэхур мэгупсысэ. Зыгуэрым хегъаплъэри, и нэкIум телъ лэдэх къэс акъыл хыболъагъуэ. ШыкIэпшынэ зыIыгъ пщащэр! ЛъэныкъуэкIэ йоплъэкI, макъамэр къэIун къудей къыпфIигъэщIу. Адыгэшхэр, бжьамияпщэр, къэфакIуэхэр, Урыс-Кавказ зауэр къэзыIуэтэж сурэтхэр!

  • Ачмыжь ФатIимэ Адыгейм и Тахъутэмыкъуей щIыналъэм хыхьэ Банэхэс къуажэм къыщыхъуащ. Кубань къэрал университетым и художественно-графикэ къудамэм дизайным щыхуеджащ. Лазаревск унагъуэ щыхъуащ, абы щопсэу. Сабийхэм папщIэ гъуазджэхэмкIэ школым щрегъаджэ.
  • «Черкесы» фIищащ и япэ гъэлъэгъуэныгъэм. Лэжьыгъэ 21-рэ къыхищыпыкIащ и IэдакъэщIэкIхэм. ЩIыуэпсым и теплъэр, натюрмортхэр, цIыхухэр къызэрыщ сурэтхэм я лъабжьэр адыгэ дунейщ. Гъэлъэгъуэныгъэр Сочэ къалэм Адыгэ щэнхабзэмкIэ и центрым къыщызэIуахащ.
  • — ЦIыху сурэт щIыным псом хуэмыдэу сызыIэпешэ. Аращ си япэ гъэлъэгъуэныгъэм «Черкесы» щIыфIэсщар, — жеIэ ФатIимэ.
  • И IэщIагъэм къежьапIэ хуэхъуам дыщIоупщIэ.
  • — Сабиигъуэм къыщежьащ а псор. Си анэм сурэт ищIырт, си анэшхуэрти, зэпымыууэ зыгуэрхэр ибзырт, идырт… Сэри абыхэм сахэувэн хуейтэкъэ зыгуэркIэ?! Гуащэхэм сахуэдэу щIэздзащ. Сабий куэдым я хьэлщ ар — гуащэм яхуэдэныр! ПэщIэ-дзэ классхэм сыщыщIэ-сым си хъуэпсапIэу щытащ библиотекэм сыщылэжьэну. Класс нэхъыжьхэм сыщынэсам си хъуэпсапIэм зихъуэжат — Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ и министр сыхъуну сыхуейт! Ауэ, щхьэж дыкъызыхуигъэщIа IэщIагъэ къыдитыжу къыщIэкIынущ, — жеIэ бзылъхугъэм.
  • Гу лъыттащ лэжьыгъэхэм щIэныгъэ къызэрыхэщым. Ди лъэпкъым и зыIыгъыкIэми, къэфэкIэми, Iэщэ зехьэкIэми, гъуэгу тетыкIэми зыгуэр къаIуатэ. А псор сурэтхэм нэсу къыщыгъэлъэгъуа щIэхъум и зы щэхущ сурэтыщIым лъэпкъ тхыдэр зэриджыр, ди блэкIар къызыхэщыж художественнэ тхыгъэхэм зэрыдихьэхыр. ФатIимэ нэхъыфIу илъагъухэм ящыщщ КIэрашэ Тембот, МэшбащIэ Исхьэкъ, Къуиикъуэ Налбий сымэ я IэдакъэщIэкIхэр.
  • ЦIыху IэпщIэлъапщIэ къэс езым и дуней къэгъэщIыкIэ иIэжщ. ФатIимэ гупсысэхэр зэрегъэуIу, уеблэмэ, илъэсым къриубыдэу зыхунэсыну хуейхэм теухуауэ еубзыху зэманыр.
  • — Сэ сиIэщ си гупсысэхэр схемэкIэ къыщызгъэлъагъуэ альбом. Сыт абы и щхьэусыгъуэр? Зэпымыууэ си гум зыгуэрхэр къохьэ, ауэ гупсысэщIэхэм зэуэ гъащIэ естыну е зэман схурикъуркъым, е абы теухуауэ си щIэныгъэм къыхэзгъэхъуэн хуейщ, е абы сыщIыхунэмыс щхьэусыгъуэ гуэрхэр щыIэщ. Сэ сщIэр сыт? Мис а гупсысэхэр альбомым щызэхузохьэс, сахэплъэжурэ си гум нэхъ сIэпихым солэжь, — къыпещэ сурэтыщIым.
  • Ачмыжь ФатIимэ нэгъуэщIми хуэIэкIуэлъакIуэщ. Абы гуащэ хьэпшып щIэщыгъуэхэр ед. Гуащэ-хэр, псэущхьэ цIыкIухэр, зэрыджэгу хьэпшыпхэр — зэмылIэужьыгъуэщ и лэжьыгъэхэр. Псом нэхърэ нэхъ фIэфIыр мыщэ цIыкIухэрщ.
  • — Иджыпсту куэдым яд гуащэ хьэпшыпхэр. Япэу сэ гуащэ зыхуэздар си сабийрщ. Сигу ирихьащ, къызэхъулIауэ къысщыхъуащ. Абы сыщелэжьым си псэм зыужьыныгъэ зэригъуэтыр зыхэсщIащ, сфIэфIщ щIэщыгъуэу къэзгъэщIынIауэ. ЩэкI лIэужьыгъуэ куэд къызогъэсэбэп. Зы гуащэ хьэпшыпым текIуэдэнкIэ хъунущ тхьэмахуи, тхьэмахуитIи. Нэхъыщхьэр а здым езым и хьэл «зэригъэпэщыжынырщ», и теплъэр нэщIыса хъунырщ, — жеIэ бзылъхугъэм.
  • ФатIимэ сабийхэм ядолажьэ, я зэфIэкIым зегъэужьыным щIэщыгъуэу бгъэдохьэ. Я ехъулIэныгъэ илъагъухукIи, щогуфIыкI.
  • — Сыхуейт цIыкIухэм я зыужьыныгъэм зэман нэхъыбэ тезгъэкIуэдэну, я щIэныгъэм хагъэхъуэным нэхъри сегугъуну. Ауэ иджырей лэжьыгъэ убзыхукIэм тIэкIу дыкъилъахъэу щытщ абы и IуэхукIэ — зэпымыууэ тхылъымпIэ гуэрхэр тхын, къехьэкIын, гъэнщIын…
  • «Уи сурэтхэм адыгэ гъащIэ къыхощ. АтIэ сыт уэркIэ адыгагъэр?» — деупщIащ ди псэлъэгъум:
  • — Си щхьэм пщIэ хуэсщIыжынымрэ сыкъэзыухъуреихьхэр слъытэнымрэ — ар си дежкIэ адыгагъэщ. Апхуэдэ щытыкIэм щыхъумащ хабзэ-бзыпхъэри, нэмысри, цIыху щIыкIэ дахэри, — зригъэубгъуркъым и гупсысэм.
  • ФатIимэ и лэжьыгъэхэм хэтлъэгъуащ гъащIэ, гуфIэгъуи гугъуехьи щызэщIэту! Дахагъэ къигъэщIынкIэ Тхьэр къетащ. И дуней тетыкIэм, и лэжьыгъэм, зыдихьэххэм теухуауэ къыджиIар ди гуапэщ. Езым сыт и гуапэр, жыпIэмэ…
  • — Си гуапэщ си лэжьыгъэхэм щIэупщIэ яIэмэ, цIыхухэм ягу дыхьэмэ, дахагъэм иригъэгупсысмэ!
  • Гугъуэт Заремэ.