ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIэныгъэлI гъуэзэджэ Къумахуэ Мурадин

2021-11-27

  • Еджагъэшхуэ, Урысейм Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ и академием щIыхь зиIэ и академик, профессор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Рентген оптикэмкIэ институтым и генеральнэ директору, Физикэ оптикэмкIэ институтым и унафэщIу, Iуэху зехьэкIэщIэхэм, еплъыкIэщIэхэм я зэхэублакIуэу, щIэм и лъыхъуакIуэу щыта Къумахуэ Мурадин Iэбубэчыр и къуэр, псэужатэмэ, щэкIуэгъуэм и 26-м илъэс 80 ирикъунут.

  • Къумахуэ Мурадин. 2001 гъэ

  • Unisantis фирмэм и унафэщI Джамиль, профессор Къумахуэ Мурадин.

  • Курчатов И. В. и цIэр зезыхьэ институтым и лэжьакIуэхэм яхэту.

  • И адрей ехъулIэныгъэхэм мащIэу далъэIэс къудейкIэрэ, мы тхыгъэм нэхъ дыщытепсэлъыхьыну дызыхуейр еджагъэшхуэр иужьрей илъэсхэм зи яужь ита, и кIэм нигъэсыну зыхунэмыса, «термоядернэ синтез» зыхужаIэ къызэщIэлындыкIэр щIэныгъэрылажьэхэр зэрыхуейм хуэдэу егъэкIуэкIа зэрыхъуным пыщIа унэтIыныгъэрщ. Атом сэфэтым ит пкъыгъуэ цIыкIужьейхэр езыхужьэ къызэщIэгъэплъэкIэр пщтырагъ ин дыдэм хуагъакIуэу, езы атомхэм я кугъуэ псынщIэхэр зэхагъэпцIыхьыжу нэхъ хьэлъэ щащIкIэ, абыхэм я зэхуакум къарузехьэ ин дыдэ къыдоунахуэ. А Iуэхугъуэращ «термоядернэ синтез» цIэр зытрагъэIукIари.
  • Ар, езы еджагъэшхуэм къызэрилъытэу щытамкIи, и гъащIэ псом къыщехъулIа адрей и лэжьыгъэхэм я нэхъыщхьэ хъуащ. АбыкIэ щыхьэту къэувыфынущ физик цIэрыIуэм илъэс 20-м нэблагъэкIэ дэгъуэгурыкIуа, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Къумахуэ Михаил Хьид и къуэри. Къыхэбгъэщ зэрыхъунумкIэ, аращ а тIум, зэдеIэу, къызэрагъэпэща щIэныгъэ-къэхутакIуэ гупыр зыхуей-зыхуэныкъуэ псомкIи къызэзыгъэпэщу, «шу пашэм» маркетингымкIэ и къуэдзэу, и дэIэпыкъуэгъу нэхъыщхьэу бгъэдэтар.
  • Михаил куэдрэ игу къегъэкIыж и унафэщIым и яужьрей къэхутэныгъэхэм ехьэлIауэ 2012 гъэм и накъыгъэм къыжриIауэ щыта псалъэхэр: «Мышэ, алъандэрэ зи яужь дита псори зыри ищIыскъым, мы лъэхъэнэм къэзулъэпхъэщахэм елъытауэ…».
  • А Iуэхугъуэм ехьэлIауэ иджыри зы щапхъэ къэдгъэлъэгъуэнщи, дунейм ехыжыным ипэ къихуэу, 2014 гъэм мэкъуауэгъуэм и 4-м, Къумахуэ Мурадин мыпхуэдэу зыхуигъэзауэ щытащ ди республикэм щыщ еджагъэшхуэ, «ДИАТЕХ» НПФ ООО-м и вице-президент, щIыдагъэр куэду къыщыщIаш къэрал нэхъ лъэрызехьэхэм пыщIэныгъэ куу яхузиIэу къэгъуэгурыкIуа, профессор Шыхъуэстэн Владимир: «Нобель саугъэтым и лауреат хъуа щIэныгъэлIым, ди тхыгъэхэм ящыщу «Техникэм и физикэ» журналым («ЖТФ») къытредгъэдзам и гугъу щищIым, къыхигъэбелджылыкIат иужьрей ди лэжьыгъэхэм, Урысейм, атом лагъымыр къызэрыщагупсысам къищынэмыщIауэ, мыхьэнэ ин дыдэ зэрыщаIэнур».
  • Зи гугъу тщIы проектым абы фIищар «Пкъыгъуэжьей Iэрамэхэр щызэпэщIэувэкIэ, я зэхуакум къыдэбзиикI термоядернэ синтез» («Термоядерный синтез на встречных пучках») жыхуиIэращ.
  • А Iуэхум еджагъэшхуэр нэхъ ерыщу щеувэлIар 2010 гъэм къыщыщIэдзауэщ, адрей и лэжьыгъэхэм ящыщу илъэс 28-кIэ зи яужь ита, физикхэм «Къумахуэм и оптикэ» зыфIаща унэтIыныгъэр, лъабжьэ ириту, иригъэтIылъэкIыжа иужькIэщ.
  • Абы кIэлъыкIуэу, Къумахуэ Мурадин, физик-экспериментатор Тегаев Рэмэзан дэщIыгъуу, УТС (узыхуеймкIэ бгъазэ хъу термоядернэ синтез) унэтIыныгъэщIэмкIэ къэпщытэныгъэ куэд иригъэкIуэкIащ, а Iуэхум ехьэлIауэ илъэси 5-м нэблагъэкIэ зэхуихьэса и гупсысэхэр зэрыт и тхыгъэхэр ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа журналым 2013 — 2014 гъэхэм къытрыригъэдзащ. Зи гугъу тщIы и къэхутэныгъэхэм я патентыр Мурадин псэу щIыкIэ Урысейм къыщратыжащ, США-р, Европэр, Китайр щыхьэт зытехъуахэр езыр дунейм ехыжауэщ и лэжьэгъухэм къащыIэрыхьэжар.
  • ХэкIыпIэ щIагъуэу къалъытат
  • И иужьрей къэхутэныгъэхэм ехьэлIауэ Къумахуэ Мурадин дунейм къытригъэхьа и тхыгъэхэм ящыщ зым мыпхуэдэу къыщыхигъэщат: «ЩIы Хъурейм щыпсэухэр нэхъ дыкъэзыгъэгузавэу къыкъуэкIыну Iуэхугъуэ хьэлъэхэм ящыщ зыщ дызыхуэныкъуэ хуабэрызехьэр (энергиер) къыздитхын дымыщIэу зэман гъунэгъум дыкъызэрынэнур».
  • Еджагъэшхуэм зэрыжиIауэ, япэрауэ, углерод зыхэлъ пкъыгъуэхэу щIым къыщIэтххэмкIэ (щIыдагъэмкIэ, газымкIэ, фIамыщIымкIэ) зыкъызэдмыгъэпэщыжыфу утыку дыкъызэринэнури шэч къызытумыхьэжынщ, абыхэм, щысхь жыхуаIэр дымыщIэу, я къэгъэсэбэпыкIэм ди планетэм и климатым дызыхуэмей зэхъуэкIыныгъэ инхэр къызэрыхуихьыр щытлъагъукIэ. Апхуэдэ дыдэуи, къызэрытхуэщхьэпэжын щымыIэу дыкъыщIидзыжынущ IэщIагъэлI нэхъ Iэзэхэр илъэс бжыгъэ хъуауэ зи яужь ит хуабэ къэгъэунэхукIэхэу: дыгъэм и нурым, жьы къепщэм и къарум, геомагнит сыджхэм я зэпекъуныгъэм къагъэщI лъэщагъымкIэ тхузэщIагъэуIуэну зыхущIэкъу энергие зэхуэхьэсыкIэхэри. Сыту жытIэмэ, ахэр псори, зэхэту къатщтэмэ, дызыхуримыкъунщ, ЩIы Хъурейм цIыхуу тетым я бжыгъэм кIуэ пэтми зэрыхэхъуэр къэтлъытэмэ.
  • ЕтIуанэрауэ, Михаили къызэрыхигъэщауэ, хуабэкъэгъэщI щIагъуэу къалъытэ атом реакторхэм къапкърыкI къаруми дызэрыхуеиж щымыIэу дыкъыщIидзыжынущ, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм радиоактивнэ кIэрыхубжьэрыху шынагъуэхэр куэдыщэу къызэрагъэщIым къыхэкIыу.
  • Ауэ щыхъукIи, щIэныгъэлIхэми зэрыжаIауэ, хэкIыпIэ нэхъ щIагъуэу къэнэжыр «термоядернэ синтез» зыфIаща къару къэгъэунэхукIэр аращи, абы и зегъэкIуэкIэу нэхъапэхэм къагупсыса тIуми я гугъу мыбдежым кIэщIу щытщIынщ.
  • Япэр икIи нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар «токомак» зыхужаIэ Iэмэпсымэ абрагъуэхэм я кIуэцIым плазмэр малъхъэдис къарукIэ зэрыщызэтраIыгъэрщ. А Iэмалыр совет къэралым и физикхэм къагупсысат икIи, абы тету ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм кърикIуэу, ИНТЕР зыфIаща проектри зэхалъхьат.
  • УТС къызэгъэпэщыкIэм и етIуанэ проектым тегъэщIапIэ ищIыр лазер лъэщ дыдэхэу пщIы бжыгъэхэм къагъэщIа малъхъэдис губгъуэм и къару абрагъуэмкIэ химие щIэныгъэр зыщыгъуазэ пкъыгъуэхэу дейтерийрэ тритийкIэ зэхэпща топ хъурей цIыкIужьейхэу зи зэпрыупIэр миллиметр 0,1-м нэблагъэхэр нэхъри зэхэпIытIэнырщ, зэщыкъузэнырщ. АрщхьэкIэ, мыпхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэри, къызэрабжамкIэ, хуабжьу мылъкушхуэ зытекIуадэщ.
  • IэмалыщIэр зыхуэгъэзар
  • ИщхьэкIэ къыщыхэдгъэща Iуэху зехьэкIэхэм къытекIыу, УТС-м и философие бгъэдыхьэкIэщIэм тегъэщIапIэ ищIыр адрей щIэныгъэлIхэм алъандэрэ гу зылъамытэу къэна, физикэм къыщыхъу Iуэхугъуэу (физический эффект) Къумахуэ Мурадин зыщхьэщыта гупым илъэс бжыгъэ ипэкIэ къахутарщ.
  • Зытеухуар аращи, зибгъухэр электричествэкIэ зэщIагъэбырсея, Iэлъыным хуэдэу зэпэхъурей Iэмэпсымэу зи кугъуэр нэщIым пкъыгъуэжьей-ионхэр малъхъэдис къарукIэ ираутIыпщхьа иужькIэ, абыхэм абдежым зэрызыщагъазэрщ, мелуан бжыгъэкIэрэ къызэрыщекIэрэхъуэкIырщ, килоампер щэ зыщыплIыр зи пщалъэ ток абрагъуэхэр къагъэщIу. АтIэми, апхуэдэ щIыкIэм тету къагъэIэрыхуа пкъыгъуэжьейхэм «Iэлъыным» зэрикIын Iэмал езымыгъэгъуэтыр абы ибгъухэр электричествэкIэ зэрызэщIэсеярщ.
  • Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дыщыпсэу планетэм энергетикэ и лъэныкъуэкIэ иIэну гугъуехьхэр нэхъ тыншу къызэнэкIа хъуным хуэгъэзауэ Къумахуэ Мурадин къигъэлъэгъуауэ щыта IэмалыщIэм энергие лъагэмрэ (къарузехьэ лъэщымрэ) плазмэм и физикэмрэ телажьэ щIэныгъэлIхэм хуэфащэ гулъытэ иджыри къыздэсым хуащIакъым.
  • А щытыкIэр къызыхэкIари гурыIуэгъуэщ. Еджагъэшхуэр хунэсатэкъым УТС-м и IэмалыщIэу езым зэригъэпэщам теориещIэ хузэхилъхьэну. Апхуэдэуи, абы иужьрейуэ и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэм, зэхилъхьа и патентыщIэхэм ущрохьэлIэ «къызэрыгуэкI» щIэныгъэлIхэм зэ еплъыгъуэкIэ къагурымыIуэнкIэ хъуну гуэр-хэми. Ардыдэр къыщыхагъэщащ УТС-м и IэмалыщIэм и презентацэу 2018 гъэм гъатхэпэм и 7-м КъБКъУ-м щызэхашам. Ар иригъэкIуэкIащ зи гугъу тщIы еджапIэм и ректор, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Алътуд Юрэ. Къэпсэлъахэм тегъэщIапIэ нэхъыщхьэу яIар физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидат Бэрау Артур ахэр щыгъуазэ зыхуищIа и егупсысыкIэрат.
  • КъыпэкIуэнур
  • «Мурадин и къыкIэлъыкIуэ къэхутэныгъэхэм щыгъэпщкIуа гупсысэр зыхуэдэр зэхэдгъэкIын хьисэпкIэ, и кIэм нигъэсыну зыхунэмыса и лэжьыгъэхэр я пащхьэ итлъхьат дзыхь нэхъ зэдгъэз хъуну къэтлъытахэм ящыщу, ядернэ физикэм нэхъ куууэ хэзыщIыкI щIэныгъэлI зыбжанэм. Абыхэм ящыщу Iуэхум пэлъэщар ди лъэпкъэгъу, США-м щIэныгъэм и унэтIыныгъэхэм телажьэу щыIэ IэнатIэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщ HAWLETT-PACKARD фирмэм илъэсипщIым щIигъукIэ къулыкъу щезыхьэкIа, физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандитат Бэрау Артурщ», — дыкъыщоджэ Къумахуэ Михаил къытхуитхам.
  • Мы щIалэм хузэфIэкIащ пкъыгъуэжьейхэм я зэхуэхьэсыкIэ, ехужьэкIэ нэхъ ин дыдэхэр зэрызэбгъэхъулIэ хъуну щIыкIэхэу Къумахуэм и IэдакъэщIэкIхэм къыщыгъэлъэгъуахэр зыхуэдэр зыгуригъэIуэн, абыхэм щIэныгъэлIхэм щыгъуазэ зыхуащIынымкIэ хэкIыпIэу щыIэхэми гъунэ ирилъащ.
  • «Къумахуэр къэхутэныгъэ нэхъ ин дыдэм гъунэгъу хуэхъуат. Ауэ Iуэхур щыкIуэтэнур, Мурадин и иужьрей лэжьыгъэхэм зезыпщытыну щIэныгъэлIхэм зыхуеину Iэмэпсымэхэр яIэмэщ. Абы щыгъуэщ физик щэджащэм и иужьрей тхыгъэхэм зэхэмыщIыкIыгъуэу къыхэнахэр къэпщытакIуэхэм щахузэхэгъэкIынур. Мыхьэнэшхуэ зиIэщ еджагъэшхуэм къихута унэтIыныгъэщIэр ипэжыпIэкIи зэрыщыIэр хьэкъыу зыпхыкIа, зи фIэщ зыщIыфа физикхэр мы зэманым зэрыдиIэр.
  • Къэнэжыр ди къэралыр гугъуехь нэхъ ин дыдэхэм щыIууа лъэхъэнэми зи Хэку зымыбгына ди лъахэгъум и иужьрей къэхутэныгъэхэм лъабжьэ куу зэраIэр гъуазэ зыхуэхъуа инвесторхэр къэгъуэтыныр аращи, а Iуэхуми дыщехъулIэну Тхьэшхуэм къыщIигъэкI! Ди жагъуэ зэрыхъунщи, езы Мурадин и зэчийм щыщу къызыкъуихыну хузэфIэкIар, дэ дызэреплъымкIэ, я нэхъ мащIэрщ — и гъащIэр хурикъуакъым и мурадхэм», — жеIэ Къумахуэ Михаил.
  • ЛУЦЭ СулътIан.