ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩэкIуэгъуэм и 28-р Анэм и махуэщ

2021-11-27

  • Мазэ нуру псэр зыгъэнэху
  • Хабзэ хъуауэ, щэкIуэгъуэм и иужьрей тхьэмахуэ махуэм Урысей Федерацэм щагъэлъапIэ Анэм и махуэр. Бзылъхугъэу щыIэм я нэхъ лъапIэм, анэм, и махуэр ди къэралым зэрыщагъэуврэ мы гъэм илъэс 20 мэхъу. Абы теухуа унафэ щхьэхуэ УФ-м и Президентым къищтауэ щытащ 1998 гъэм.

  • «Къалэнхэм я нэхъ гугъур бын гъэсэнырщ, цIыхум я нэхъ лъапIэр анэращ», — жаIэ игъащIэми. Анэм и мыхьэнэр армырами зэрылъагэр, абы хуэдэу псэ хьэлэлрэ бзэ IэфIрэ, гу зэIухарэ Iэщабэрэ зиIэ Тхьэшхуэм къигъэщIахэм зэрахэмытыр хьэкъщ, итIани, къэрал унафэкIэ ягъэува а махуэшхуэм иджыри зэ къегъэлъагъуэ жылагъуэм, дэтхэнэ цIыхум и дежкIи анэм мыхьэнэуэ иIэр, абы гулъытэ хэха зэрыхуэщIыпхъэми аргуэру гу лъыдегъатэ.
  • Анэм хуэдэу зыми зыхищIэфынукъым быным и гукъеуэри гузэвэгъуэри. Анэпсэр дапщэщи хущIокъу быныр зэрихъумэным. Абы и гулъытэм, и лъагъуныгъэмрэ лъэкIыныгъэмрэ куэдкIэ елъытащ быным и Iуэхур адэкIэ зэрыхъунур, абы гъащIэм щигъуэтыну увыпIэр. Ди анэхэращ тхэлъ хьэл-щэнхэм я нэхъыфIхэр къытхэзылъхьэфыр, ахэращ ди насыпыр зэтеувэнымкIэ гугъу зыкъыддезыгъэхьыр. Аращ адыгэ псалъэжьым «Анэр нэм хуэдэщ» щIыжиIэр. Нэр къэмыплъэмэ, цIыхур хокIыж, нэсу зыхищIэркъым дунейм и фIыгъуэхэм ящыщ куэдым — апхуэдэщ анэ лъагъуныгъэм, IэфIыгъэм, щабагъэм уахуэныкъуэнри. Абы и жьауэм щIэмыт быныр дыгъэми елыпщI, жьапщэри къопхъэшэкI. Апхуэдизу быныр зи хъуахуэ анэм хуэфэщэн гулъытэ щыхуэдмыщIи къохъу. УсакIуэми гу зэрылъитащи, «жьэгу мафIэм хуэдэ анэ лъагъуныгъэр къыщытлъыхъуэжыр щIыIэм дыщисым дежщ». Дахущывгъэт ди анэхэм гумащIэу, ди псалъэ гуапэрэ дахэрэ хуремыныкъуэ ахэр.
  • Анагъэм къыдэкIуэу, бзылъхугъэхэм ящыщ куэдым я къарурэ зэфIэкIрэ ирахьэлIэ республикэм и зыужьыныгъэр егъэфIэкIуэным, экономикэм и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэр къэIэтыным. Дэ ди мащIэкъым бзылъхугъэ-политикхэр, бзылъхугъэ-жылагъуэ лэжьакIуэхэр, медицинэм, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, сатум, гъащIэм и нэгъуэщI лъэныкъуэхэми ехъулIэныгъэ лъагэхэр щызыIэрызыгъэхьа цIыхубзхэр. Абыхэм яхэтщ анэ быныфIэхэр, анэшхуэ Iумахуэхэр.
  • Анэхэм яхуэфащэ гулъытэ ягъуэтын папщIэ, ди къэралым щолажьэ социальнэ проект хэхахэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри анэхэм я социальнэ пщIэр хэзыгъахъуэщ, я къалэнхэр ящызыгъэпсынщIэщ. Апхуэдэхэм я нэхъыфIхэм ящыщщ «Анэм (унагъуэм) и мылъку» лъэпкъ проектыр. ИлъэсипщIым щIигъуащ а проектыр ди къэралым зэрыщылажьэрэ.
  • Быным я нэху, я гъащIэ гъуазэ анэм и щIэблэм яхуиIэ лъагъуныгъэр къызэрупщыфын мылъку щыIэкъым. А цIыхум и псэр абыхэм сыт щыгъуи яхузэIухащ, и щIэблэм папщIэ сыт хуэдэ гугъуехьми пэщIэтыфынущ, и псалъэхэмрэ IуэхущIафэ нэхъыщхьэхэмри зыхуэгъэпсар и сабийр фIым, дахагъэм хуэущиинырщ, гъуэгу захуэ тегъэувэнырщ.
  • Нобэрей махуэшхуэмкIэ дохъуэхъу анэ псоми. БынхэмкIэ яIэ хъуэпсапIэхэр нахуапIэ хъууэ, къащIэхъуэ щIэблэм я гулъытэ щымыщIэу, абыхэм я гузэвэгъуэ ямылъагъуу, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ кърату куэдрэ Тхьэм игъэпсэу дэтхэнэ анэри.
  • А фIыгъуэр — анэр — зиIэхэми куэдрэ Тхьэм къыфхуихъумэ. КъыфхурегуфIэ фи анэхэр дапщэщи, мазэ нуру фи псэр ягъэнэхуу. Анэ гупсэрэ бын гумащIэрэ щремыщIэ зэи ди гъащIэр, ди дунейр.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.
  • ГъащIэ зыт
  • Дахагъэу щыIэу хъуар Iэпэгъу фхуэхъуныр си гугъапIэу, сэлам гуапэ фызох адыгэбзэр зи гъащIэ дэкIуасэхэм, абы пщIэ лей хуэзыщIхэм! «Адыгэ псалъэм» сынэтхэным щхьэусыгъуэ хуэхъуащ иджыблагъэ сызрихьэлIа зы Iуэхугъуэ. ЛэжьапIэ нэужьым гъуэгум сащыхуэзащ зэанэ-зэпхъу. Хъыджэбзыр и анэм зэрепсэлъа, зэрызыхуищIа псори си нэгу щIэтщи, слъэкIакъым «гъащIэр зыт анэм» сытемытхыхьын.
  • ГъащIэ зыт анэ, гъащIэ зыт анэ, узэзгъэщхьынур къысхуэмыгъуэт… ФагъуэIуэщ си бзэр, пэлъэщкъым си псэр. КъызэщIохъае псэ гумэщIар… БлокI зэманыр, макIуэр гъащIэр… ЦIыхум зехъуэж, Iуэхугъуэ гуэрхэри гум щогъупщэж. Ауэ сыт хуэдэ зэмани, сыт хуэдэ лъэхъэникI гум имыхуу, хуабэу, гуапэу, щабэу илъщ анэр.
  • Си анэ МахуэлI Ритэ

    Анэ… Сыт хуэдиз IэфIагърэ гуапагърэ къуитрэ мы зы псалъэм, сыту мыхьэнэ куэд къикIрэ мыбы.

  • «Анэр анэщ», — жыпIэмэ, абы псори къокI: укъызэрилъагъури зэрыплъагъужри, къыпхуиIэ щытыкIэри хууиIэжри, зэрумыужэгъури укъызэримыужэгъури. Куэдрэ, куэдыщэрэ, уеблэмэ игъащIэкIэ зэрыбгъэпсэунури. Анэм и IэфIщ япэ дыдэ зыхэпщIэри, зи хуабэ къыплъысри, зи лъагъуныгъэ мыкIуэщIкIэ зозыгъэгъэнщIри. Аращ уи унэр дыщэкIэ зыблэну яужь итри, псоми нэхърэ нэхъ насыпыфIэ уищIыну хущIэкъури, игъащIэкIэ къомыфыгъуэну-къомыижынури, сыт хуэдиз ехъулIэныгъэ е къулеягъэ умыгъуэтами.
  • ГъащIэ мыхъумыщIэми, зэман бзаджэми а зырщ — анэрщ — зызымыхъуэжу къанэр: и сабийм тегужьеикIауэ, жей лъэпкъ имыщIэу, абы и псэукIэ, пIыкIэ хъунум йогупсыс. Анэр сыт щыгъуи быным папщIэ хыхьэфынущ мафIэм.
  • ЦIыхум гузэвэгъуэ къыщылъысам деж ипэ псалъэу а гузэвэгъуэм къыхихыжыфыр «мамэ» жыхуиIэ а псалъэ закъуэрщ. ЩIым дытетыф дызэрыхъуу, жьым дытесу псым депыджын щIыдодзэ. Ауэ анэгур маблэ, анэпсэм ди гъащIэр нэху тщещI. Анэгур дэнэкIи мажэ: быныр егъэджэн хуейщ, унагъуэ хъун хуейщ, абы пыщIа дэтхэнэ зы Iуэхугъуэри зи фэм нэхъыбэу дэкIыр анэрщ. Анэгур тхьэмыщкIэщ. И быныр «мыпхуэдэ сыхьэтым къэкIуэж», — жиIэу щIигъэкIарэ къэгувамэ, мафIэм ирегъэс, псым ирегъэтхьэлэ, мыгъуагъэ куэдым анэпсэм къыщежыхь…
  • ЩIалэгъуалэм куэдым къагурыIуэркъым анэм къытхуищIэ псор. Анэм и джэ макъи и лъэIуи ди тхьэкIумэм щызэхимых щыIэщ. Ауэ анэм и джэ макъыр псом нэхърэ нэхъапэщ.
  • Дунейм узэрыхэплъэр, уэзыгъэлъагъур, IэфI къыпщызыщIыр нэращи, анэр нэ пэлъытэщ.
  • Анэм къуитар къуетыпэ, анэIэм къыIэщIэкIам нэхърэ нэхъ хьэлэл щыIэкъым. Анэм къуит тыгъэр чэнджащи щIегъуэжи зыхэмылъ гуапагъэщ. Укъыщалъхуа махуэм щыщIэдзауэ анэм хузэфIэкI псори къыпхуещIэ. А псоми урегъэгупсыс «АнэгукIэ къеIэри, анэIэкIэ къитри, къызитам къысхуищIащ» жыхуиIэ псалъэжьым. Уэри укъэзылъхуа, гугъу апхуэдизрэ къыбдехьа анэм и хьэкъышхуэ зэрыптелъыр зэи зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым. ЩIымахуэ щIыIи, жьапщэ махуи анэм дыгъэр къытхурегъэпсыф, уэрэдыр щIыналъэм макъыбэу зэрылъэлъу щегъэIуф.
  • Апхуэдэщ сэ си анэ МахуэлI (Къанкъул) Ритэ. Абы хузогъэпс си гум къыпылъэда мы сатырхэр. Къапщтэмэ, анэм хужамыIа, хуамытха псалъэ гъуэтыгъуейщ. Ауэ дэтхэнэ псалъэри гурыхьщ ар гум, псэм къыбгъэдэкIмэ:
  • ЖаIамэ цIыхухэм жьы хъуауэ анэр
  • Мычэму си гур сэ къызэфIонэ.
  • А псалъэ жагъуэу гум сэ хэзыIур
  • ФIэмыкIыу си Iум, тэмакъым фIонэ.
  • Зэпыу имыIэу псэ хуабэ зытыр
  • Сыт-тIэ щIэфлъытэр хъуауэ ар нанэ?!
  • Жэщ хъуху мыпсэхуу цIыхунэм фIэбэр
  • Гъуэлъамэ пIэм фщымыхъу пIэхэнэ.
  • Игу къыдэмыжми, щхьэлажьэу хэлъми
  • АнэIэ щабэр къодахэщIэф.
  • Уигу химыгъэщIу, узыр пщибзыщIу
  • Дахагъэ къыбжиIэу и псэм ухэлъщ.
  • Гъэдахэ анэр,щыщIагъэ данэ
  • УмыщI и жагъуэ, ар къыпхуэгъункъым.
  • ЗыгуэркIэ анэм и жагъуэ пщIамэ,
  • Къэщтэжи псалъэр — жагъуэ щыхъункъым.
  • Анэгур щIалэщ, дэгуфIэу щIэблэм
  • Дыгъэ нурыфIэу зэщIэблэу маблэр.
  • Анэпсэр махэщ, еубзэ дахэм.
  • Арщ зыщIэхъуэпсыр анэ гу къуэпсыр…
  • Фи анэхэр Тхьэм фхуигъэпсэу, я жьауэм куэдрэ Тхьэм фыщIигъэт.
  • МАХУЭЛI Беслъэн,
  • егъэджакIуэ.
  • Дзэлыкъуэ щIыналъэ
  •  
  • Усэхэр
  • МЫКЪУЭЖЬ Анатолэ
  • Анэ
  • ГъащIэр ехь
  • И быным тегужьеикIауэ:
  • Жьыр къепщамэ,
  • ФIощI ирихьэжьэн.
  • Къытехъуам уэлбанэ,
  • Унэм ар щIэкIауэ,
  • Псыдзэм ихьын фIэщIу,
  • Ныпежьэнщ.
  • Химыгъэхьэ жэщым,
  • Химыгъэхьэ щIыIэм —
  • ФIощIыр псоми
  • Зыгуэр къращIэн…
  • Дыгъэ закъуэрщ анэм
  • Дзыхь зыхуищIу щыIэр:
  • А тIум зэщхьщи аращ
  • я хьэл-щэн.
  • ТХЬЭГЪЭЗИТ Зубер
  • Мамэ
  • Къалэм тхылъымпIэм
  • зэрыхуэсхьрэ
  • Пхуэстхыну усэ сыщIохъуэпс.
  • … Сэ къыщысфIэщIми
  • гуауэм сихьу —
  • Ар имыуасэ уи зы нэпс.
  • ГуфIэгъуэ иным сызэщIищтэу
  • Сэ къыщысщыхъуми сылъэтэн, —
  • Уи быным Iэнэ къыщыхуэпщтэм
  • УиIэ гухэхъуэм пэслъытын?
  • Быдзышэм щIыгъуу
  • къысIурыплъхьа бзэм
  • Сыхэщыпыхьу схьыми сэ, —
  • Уэрэд
  • Мы си гум убзэрабзэу
  • Пхуиусым сфIощIыр хэмыт псэ.
  • ЗэфIызотхъыжри ар —
  • Аргуэру
  • Уи гъащIэм хуэфэщэн уэрэд
  • ХуэбампIэу
  • Си гурыщIэр уэру
  • Къоу сигуми —
  • Ари сщохъур нэд.
  • КъысхуигъэтIасэркъым си усэм:
  • Махуэл уи гъащIэм зэ щумыщI,
  • Уэ зебгъэщIауэ зыбгъэпсэхуу
  • Слъэгъуакъым, сохъури илъэс плIыщI.
  • Сыщыгъуэлъыжми я нэхъ кIасэу,
  • Сыжеижыху укъысщхьэщытщ,
  • Сыкъыщытэджми я нэхъ пасэу,
  • Жьэгум ущIэпщэу упэрытщ.
  • … Иджы, си гугъэр хэсхыжауэ,
  • УсакIуэу мы дунейм тетам
  • Щытар я анэм хуаусауэ
  • Зэхузохьэсри —
  • Мы сигу плъам
  • А уэрэд псори зэпелъытыр, —
  • Зэм хохъуэр си гур,
  • Зэми — хощI:
  • Тхыгъэ нэхъыфIу ахэм хэтри
  • Уи закъуэ пхуауса къысфIощI.
  • КЪАГЪЫРМЭС Борис
  • Си анэм деж
  • Шхын IэфIхэр Iэнэм
  • къытеплъхьауэ,
  • Аргуэру дэ дызэбгъэдэсщ.
  • Гу махэ дыдэ укъэхъуауэ,
  • УолъэщI кIэпхынымкIэ уи нэпс.
  • «КъэкIуэж нэхъ щIэхыурэ,
  •  си щIалэ, —
  • ЖыбоIэ, — плъагъукъэ,
  • жьы сыхъуащ.
  • Жыжьэж си гугъэкъым ажалыр,
  • ПщIыхьэпIэу уи адэри слъэгъуащ…
  • Шхэт уэ, едзакъэт. Сыт, на,
  • къэзбжыр?..
  • Ди джэдхэр, дауи, тIысыжащ,
  • Згъэбыдэжынщ ди джэдэщыбжэр», —
  • Уи псалъэр зэу щIэплъэфыжащ.
  • Ей, сянэ, сянэ! Уэ узахуэщ,
  • Солъагъу уи щхьэцу уэсу тхъуар.
  • Уимылъу сигу мыкIуа зы махуэ,
  • УзмыщI уи гугъэми хъымпIар.
  • Уи бын уи гъусэу мыпсэуныр
  • ЗищIысыр сэри зыхэсщIащ…
  • Збгынэнкъым, хьэуэ, сэ ди унэр,
  • Мис, ноби уэ сурихьэщIащ.
  • Уэ пщIэркъэ — гъащIэр жьапщэ инщи,
  • Дунейм цIыху цIыкIур щрекъухь,
  • ЖимыIэу: «Мор мобы и бынщи,
  • Зэбгъэдырес, жьы хъуар гуэныхьщ».
  • Аращ зэманыр, хьэщIэм хуэдэу,
  • ДыкъыфхуокIуэж, фыдощI пIейтей.
  • ДыщыIэм махуэ — ар тфIэкуэду
  • Дожьэж, докIуэж адрей «дыдейм».
  • Узыншэу, мамэ! Умыдзыхэ,
  • Нэхъ мащIэу пщIыхьхэм егупсыс.
  • ТхьэмыщкIэр — быни зимыIэххэрщ.
  • Мы усэр уи къуэм уэ пхуеус.