Урыхужь Iуфэ
2021-11-02
- ЗыхищIыкIыу щымыта, зэи зытемыплъа щIыпIэ телъыджэ гуэрхэр здэщыпсэум пэмыжыжьэу зэрыщыIэм цIыхум гу лъезгъэтэн сфIэфIщ. ИкIи ар инэхъыбэм къызохъулIэ.
-
Мы тхыгъэм ипэ къихуэу сытетхыхьат си анэшыр зыдэс Хьэтуей къуажэм мэ-рем махуэм и пщыхьэщхьэхуегъэзэкIыу секIуэлIэжауэ зэрыщытам. Зи ныбжьыр илъэс 96-м щхьэдэха Бэрау Хьэсэнрэ ди анэмрэ зэкъуэшитIым я бынщ. Пхъурылъхум къыхуащта Iэнэм сыпэрысу, зыкъызэкъуэсх-ри, Хьэсэн и къуэ нэхъыщIэ Заурбий есIуэкIат Хьэтуей къуажапщэм адэкIэ щыIэ ныджэ нэщI кIыхьышхуэм и къуапэ дыдэм, иджырей Осетие Ищхъэрэ — Аланием и гъунапкъэр къызэкIуалIэм, зыщысплъыхьыну си нэ къызэрикIыр.
- ИкIи, а пщыхьэщхьэм къесхьэжьа псалъэмакъым анэш къуэшыр зэрыдезгъэхьэхыным яужь ситу, сэмэркъэу щIыкIэу къыхэздзат: «Урыху псыхъуэ и мыдрыщIкIэ республикитIым ди щIы кIапэхэр зэрыщызэпыхьэ щIыкIэм хэпщIыкIышхуэ щыIэу къыщIэкIынукъым уэри!» — жысIэри. Апхуэдэ псалъэм ар, дауи, къызэ-щIигъэнат икIи къыкIэлъыкIуэ махуэм нэхъ фIимыгъэкIыу «щIыпIэзэгъэлъагъу» и автомашинэмкIэ дригъэжьэну сыкъигъэгугъати, сэри а Iуэхум и зыужьыкIэм сыщыгуфIыкIат…
- КъызэрекIуэкIам кIэщIу сытепсэлъыхьыжынщи, зэгурыIуаитIым къыкIэлъы-кIуэ махуэм и пщэдджыжьыпэм, зилъэфыхь лей къыхэдмыгъахуэу, зыкъэдужьащ. Бэрау Заурбий, абы и щIэблэщIэ Мирхъан, а лъэхъэнэм зи ныбжьыр илъэси 10-м нэблэгъар, езы Заурбий курыт еджапIэм къыщыдеджа Чау Хьэчим, мы тхыгъэр зи IэдакъэщIэкI сэри, дэ плIыр дызэгъусэу, дызэдежьат. ИкIи, зи гугъу сщIы щIыпIэр, Урыху и тIуащIэр Мэзылъэ шытхым къыщыдэунэхукIхэм деж Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ — Аланиемрэ я иджырей щIыналъэхэр зэрыщызэпыхьэр, зэдгъэлъэгъуащ. Ар а лъэныкъуэмкIэ ди япэрей зекIуэти, зэрекIуэкIари къестхэкIы-жащ.
- Тхыдэм щыщу
-
Щыгъуазэ сызэрыхуащIрэ зэпымыууэ згъэщIагъуэрт, Хьэтуей ипщэкIэ километ-рих хуэдизкIэ удэкIуеижмэ, осетин къуажэ цIыкIу гуэрым узэрыщыхуэзэри, абы гъунэгъу дыдэу убгъэдыхьэпами ди республикэм и щIыналъэм иджыри уиту укъызэралъытэри, псыхъуэ лъэныкъуэмкIэ къэлъагъуэ жыг гуэрэныбэм адыгэхэр ноби «Къалэжь мэз»-кIэ зэреджэри.
- А псом къыдэкIуэуи сыщыгуфIыкIырт къуршым кърагъэIэпхъуха осетинхэм Урыху и тIуащIэм щыхуагуэша щIы Iыхьэхэм Лэскэн лъэныкъуэмкIэ егъэзэкIа Шыгуэбыкъуэ мэзылъэ кIеймрэ абы и дыхьэпIэр «зыхъумэ» Чац и Iуащхьэмрэ зэрыхрамыгъэубыдами.
- Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым илъэс куэдкIэ щезыгъэджа, математик икIи тхыдэхутэ Iэзэ Мамхэгъ Астемыр адыгэхэм я къекIуэкIыкIар джыным куэд щIауэ дехьэх. Зэгуэр абы кIэщIу щыгъуазэ сыхуищIат осетинхэм а лъэныкъуэмкIэ щIы Iыхьэхэр зэрылъагъэса щIыкIэм. Мамхэгъым жиIэм тетщIыхьмэ, зи гугъу тщIы щIыгур абы ипэкIэ къэбэрдеипщ Къуэгъуэлъкъухэ яIыгъащ. Ар абыхэм хупаупщIат Осетие жыжьэм щыIэ Даргавс жьанэм къыдагъэIэпхъукIауэ щыта осетинхэм. Арагъэнущ Хьэтуей нэхъ къы-пэгъунэгъу осетин къуажэ цIыкIум (Средний Урух) адыгэхэр «Дыргъыпс»-кIэ щIеджэри.
- ЕтIуанэ ежьэгъуэм
-
А щIыпIэр, гуп дыхъуу ди япэ кIуэгъуэм, нэхъ IупщIу зэрызэдгъэлъэгъуам апхуэдизу сригушхуэрт, сригуфIэрти, «ныбжьэгъуфIхэри зыдэщIызгъуу, куэди дэзмыгъэкIыу, абдеж дыдэм си лъэр аргуэру нэсхусарэт, нэху дыкъыщекIыфми сеплъарэт!» гупсысэр, зезмыгъэутIыпщу, си щхьэм щызгъэкIэрахъуэ зэпытт.
- Арати, къыкIэлъыкIуэ тхьэмахуэм и зыгъэпсэхугъуэ махуитIым нэхъ фIэдмыгъэкIыу кIэлъыдгъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ — Аланиемрэ я иджырей щIыналъэхэр Урыху и ныджэм щызэпыхьэм. Къызэрыхэзгъэщащи, етIуанэ ежьэгъуэм си гъусахэр нэгъуэщIщ.
- Гъуэгуэгъу схуэхъуащ «гъэмахуэр имыкI щIыкIэ, жыжьэ дыдэ дымыкIуэф-ми, зы щIыпIэ гъэщIэгъуэн гуэрым дыпшащэрэт, зыщыдбгъэплъыхьащэрэт!» жызыIэу, куэд щIауэ сызезыхуэхэм ящыщу, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым физикэмкIэ и къудамэм къыщыздеджа, Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм щыпсэуа Уейт Мухьэмэдрэ апхуэ-дэ зэхэзекIуэкIэр гурэ-псэкIэ къыддэзыщтэу сытым щыгъуи къыддекIуэкIа си къуэш нэхъыщIэ Амиррэ.
-
А тIур абы ипэкIи куэд щIауэ зэрыцIыхурт, ныбжьэгъугъэкIи зэдекIуэкIырт. Сэри си псэм нэхъ къегуэпылIэ а щIалитIым я лъэIур зэрызэщхьыр къызгурыIуэрти, къыкIэлъыкIуэ ежьэгъуэм гъусэ къыщысхуэхъуну селъэIу щIыкIэу, зэрымыщIэу тIуми сащепсэлъы-лIэм, щхьэж и Iуэху бгъэдыхьэкIэ елъытауэ арэзы къыздэхъуахэщ.
- ЖыпIэнур арамэ, ныбжьэгъугъэкIэ куэд щIауэ къыздекIуэкI Уейт Мухьэмэд зэрытечыгъуафIэр сщIэми, нэхъ «къызэщIэгъэнэн» хуейуэ къэслъытэр си шынэхъыщIэр арати, а Iуэхури, гугъу сызэрыдехьа щымыIэу, къызэхъулIащ. Сыту жыпIэмэ, а лъэхъэнэм си къуэш Амири апхуэдэ дыдэу пэплъэрт икIи щIэхъуэп-сырт щIыуэпсым зэгъусэу «дыщыхэсыхь» хъуну зэманым. Ари и телъхьэт дыкъэзыухъуреихь дунейм гу щыпхуэ зэрыхъуну Iэмалхэр къэгъэсэбэпын зэрыхуейм икIи ящыщт псэуныгъэм зыкъызэттригъэгуплIэ зэщымыщхъуныгъэхэм я нэхъыбапIэм, апхуэдэ щIыкIэм тету, закъебгъэл хъуну къэзылъытэхэм.
- Мыдрейуэ къыхэзгъэщынщи, сэри сытешыныхьырт а гъэмахуэм, жыжьэ сыIукIыу, зыгъэпсэхуакIуэ-зыплъыхьакIуэ сымыкIуэфынкIэ зэрыхъунум. ИкIи, зы маскъалкIи сымыгъэпщкIуу, сыщыгуфIыкIащ ныбжьэгъумрэ къуэшымрэ езыхэр абы ипэкIэ зэи здэ- щымыIа щIыпIэм си гъусэу ныздытрагъэзэну арэзы зэрытехъуам.
- Гуп зэгъэуIур сэрати, зэхуэсыпIэ тхуэхъунури къэзгъэлъэгъуащ: Налшык дэт 2-нэ автовокзалым и Iэгъуэблагъэм машинэ нэхъ къыщыбгъэувыIэ хъуну иIэ щIыпIэхэм ящыщ зым, дыздежьэну лъэныкъуэмкIэ гъэзам, и гугъу яхуэсщIащ. ДыщызэIущIэм, Iуэхум тыншу зэрыщIидзэм и нэщэнэу, зилъэфыхь лей къыхэдмыгъэкIыу дызэдежьащ.
- Гъуэгум и пэщIэдзэм
-
Налшык дыкъыдэкIащ. Сэмэркъо-гушыIэр къыдэбэкIыу, дыгуфIэжу дыздрижэм, куэд дэмыкIыу Урыху псыхъуэ дынэблэгъащ. Хьэтуейм и къуажапщэ дыдэм декIуэкI федеральнэ трассэм ипщэ лъэныкъуэмкIэ Iут тыкуэнхэм ящыщ зым деж дыкъыщыувыIащ, дызэрыс машинэм и гупэр къуршхэмкIэ гъэзауэ.
- — НакIуэ! ДыкъыщIежьар зыдгъэпсэхуну, зытплъыхьыну аращи, дэнэ дыкъыщыщIидзми, дыкIуэдынкъым, — къызыпхагъэIукIащ Мухьэмэдрэ Амиррэ.
- Сэри «мы тIум я гуи я щхьи зэрызэтелъыр слъагъуу, сытым щхьэкIи зислъэфыхьыжын?!» — жысIэри, дызэрыс «гъущIыгур» зэщIэзгъэнэжащ икIи Урыху и ныджэ бгъуфIэшхуэм мыдрыщIымкIэ декIуэкI бжьэпэм зытезыукъуэдия гъуэгу бгъунжым, арыххэти, дытехьащ.
- Дыргъыпсыр ди гъуазэу
- Сэнтхыщхьэм трашэщIа машинэ лъагъуэ зыкъизыхым дыздрижэм, ныджэ бгъуфIэшхуэр зи гущапIэ Урыхужь и даущ макъыр, гум къегуэпылIэу, сэмэгурабгъумкIэ къыщыIурт. Махуэм зыкъызэриужьа щымыIэу дыгъэр къулъшыкъупIэм иува къудейми, хьэуар къызэщIэплъати, жыжьэу къэлъагъуэ бгыхэм я аранэ дзакIэжьхэр «зэщIэхъаерт», губгъуэ гъуафэу дызыбгъурыжми хуабаер къыхицыцыкIырт.
- Дыздэжэм, си гъуситIым яжесIэрт Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ — Аланиемрэ я гъунапкъэр дызыхуэблагъэ осетин жы-лэ цIыкIум и къуажэкIэм зэрыдекIуэкIри, абдеж дыдэм гъунэгъу республикэм и ГИБДД-м щигъэува плъырыпIэм Iутхэм дыкъалъагъуу сэмэгу лъэныкъуэмкIэ зэрытхудэдзыхынури, губгъуэ гъуэгу хъужа машинэ лъагъуэхэмкIэ ныджэм дыдэлъадэу къыщыджыхьыну хуитыныгъэ дызэриIэри.
- — АрщхьэкIэ, Дыргъыпс къуажэм дынэмысыпэуи тхудэдзыхынущ, фыхуейуэ щытмэ. ДэтхэнэмкIэ едгъэзэкIмэ нэхъ къафщтэрэ? жысIэу защыхуэзгъазэм, си гъусаитIми, зэгурыIуа фIэ-кIа умыщIэну, къыспадзыжащ:
- — УзыфIэфI дыдэмкIэ!
- — Сэ нэхъ къыхэсхыр гъунапкъэм деж щетIуэнтIэкIмэщ, — дыщIызгъужащ сэри.
- — АтIэ дэгъуэкъэ! Апхуэ-дэуи тщIынщ, — зи гугъу сщIыр (сытегузэвыхьми, нэхъ сфIэфIыр) псынщIэу къызыгурыIуа си ныбжьэгъум, си псалъэхэр и кIэм нызимыгъэгъэсу, къыздищтащ. Къуэшри абы арэзы техъуащ.
- Пэж дыдэу тIэкIуи сышынэрт, «дыкъагъэувыIэу, дыщIэкIуэ-дыздэкIуэхэмкIэ къыдэупщIыну пIэрэ осетин милицэхэр?» — гукIэ жысIэурэ. АрщхьэкIэ, дыщIэгузэвэн лъэпкъ щымыIэу къыщIэкIри, я пащхьэ дыдэм деж щедгъэзэкIащ.
- Арати, машинэ зекIуапIэ нэхъыщхьэм дыкъытекIащ. Шэрхъ лъагъуэм сэмэгум-кIэ зы мащIэкIэ фIэкIа дримышэкIыу, «хуэшэмэджыпэу» ижьымкIэ зыкъригъэбэжри, уэхым тпыIукIуэтауэ итлъагъуэ жыг гуэрэныбэм дыхуиунэтIащ. Мывалъэ джабэ нэкIум лэдэх щIы- кIэу дыхьэ гъуэгум зэрызыхуедгъэщэтэхыу, Урыхужь и Iуфэм дыкъыIухутащ.
- АрщхьэкIэ, дыкъыщыщIидзыну зытезухуар зэрыармырам къыхэкIыу, абде-жым дыкъыщыувыIакъым.
- Ипщэр ди гъуазэу, лъэбакъуэ щитI хуэдиз ди шэрхъхэм зэракIужу, си гъусэхэми зыхащIащ теплъэгъуэу зыкъызыкъуэзыххэмкIэ а лъэныкъуэр зэрынэхъ гурыхь-ри, бжьэпэ кIащхъэм декIуэкI жыг закъуэтIакъуэм я лъабжьэм ущетIысэхынкIэ зэрынэхъ хъуэпсэгъуэри. Нэпкъым къыжьэхэуэкъэ иджы хужыпIэну, гъунэ-гъубзэу псыри щешкIурэхырт.
- Ауэрэ, хыжьей папщIэрэ псы инапIэу ягъэхьэзыра кумб абрагъуэхэм дакъыпежэкIри, хуей теплъэ зиIэ щыгу зэлъыIухам дилъэдащ. ДыкъызэрыщыувыIэу, си гъусэхэм гу лъезгъэтащ Дыргъыпс къуажэ цIыкIум и нэзым дыкъызэрыфIэкIа- ми, ар зытес бжьэпэм и лъабжьэм дыкъызэрыщIэхутами.
- — Ди фIэщ хъунтэкъым Мэзылъэ шытхыр Урыхужь и тIуащIэм щызэпитхъым нэсыху щыIэ щIы кIапэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыхуагъэнауэ, — ягъэщIэгъуащ си гъусаитIми.
- Абы щыгъуэми, нэгъуазэм къыхузэщIэубыдэм нэхъри драгъэтхьэкъуу, абдеж дыдэм псыри гъунэгъубзэу блэжырт, дакъэжь мафIэ щы-зэщIэтщIэ хъун нэпкъ зэлъыIухам пхъэбгъу зэIузэпэщхэмкIэ щызэщIаIулIа щIэщI дахэкIейри тетт…
- Жэщхэсынри гукъинэжт
- … Къыхэгъэщыпхъэр аращи, нэху дыкъыщекIын мурадыр диIэу псышхуэм щхьэщыт бжьэпэм и нэзым дыщепсыхам шэджагъуэ нэужьыфI хъуакIэт. Апхуэдэхэм я деж, сызэрихабзэу, дыкъыщыувыIэ хъуну щIыпIэм зэрызидгъэзэгъэн хуейр зыдэсщIэжырти, си гъусэхэм селъэIуащ (унафи щахуэсщI къыхэкIыу), лэгъупыIэмпIэхэри псынщIэу зэдыфIэтщIэу, щIыуэпсым хуэщIа чэтэн унэ цIыкIум и зэфIэгъэувэнми дыхуеужьэрэкIыну.
- Тхьэм щхьэкIэ, щхьэж хулъэкIымкIэ дызэдэIэпыкъужурэ абыи дыхунэсащ, мафIэри зэщIэдгъэстащ. АрщхьэкIэ, иужьрейм и бзийхэр мащIэу къызэщIэнэхуа фIэкIа, ерыскъы ирибгъэхьэ-зырыфын хуэдизу къызэрызэщIэплъа щыIэтэкъыми, щхьэ трапIэну зыхунэмыса щIэщIым и кум щызэпкъраIулIа Iэнэ бгъуфIэшхуэм тыншу зыпэрыдгъэзагъэри, къыздетшэжьа ерыскъыгъуэхэмкIэ дыщызэIурыуащ.
- ИтIани, пIалъэ-пIалъэкIэрэ дыкъэтэджурэ, мафIэр къытхуеджэгуэкIми, пхъэ гуэрхэр пэрытлъхьэрт, шей зыщIэдгъэвыкIыну псы пщтырри лэгъуп цIыкIуу къыздетшэжьамкIэ къридгъэкъуалъэрт…
- Ауэрэ дыгъэри къухьащ, мафIэу къытхуеплъэкIри дэп плъыр-жьэру зэщIэплъащ, и бзий зэщIэпщIыпщIэхэмкIэ гъуэлъыжыным гъунэгъу хуэхъуа дэ къыдэгуэпылIэрэ дызэIэбыну мащIэри къытхузэщIигъэнахуэу.
- АрщхьэкIэ, телъыджэр аракъэ, си гъусаитIым абдежым къащыпкърыхьа нэжэгужагъэр апхуэдизу къебэкIырти, а щIыпIэм жэщ зэрыщрахыну щIыкIэм зэрегупсыс щыIэтэкъым, къызэрызыпхагъэIукIымкIи, къапэщIэхуа дыдэм деж зыщагъэукIуриями ягъэ кIынутэкъым.
- А тIум апхуэдэ я Iуэху бгъэдыхьэкIэр къызыхэкIар, иужьым къызэрызгубзыгъыжамкIэ, Iуэхушхуэт: дин еджагъэшхуэхэм къызэраIуатэуи, ди Щхьэщыгу Итым къыбгъэдэкIауэ къалъытэ тхыгъэ цIэрыIуэхэм зэрыратхауи, Тхьэшхуэм дежкIэ нэхъ лъапIэр цIыхум, щичэзуи-щимычэзуи, япэ иригъэщ пIейтеиныгъэ-гумызагъагъэракъым, атIэ, сыт хуэдэ щытыкIэ ар ихуами, зрихьэлIар зригъэщIэгъуэкIрэ абы папщIэкIи Тхьэшхуэм фIыщIэ хуищIу, и гум илъын хуей гу щабагъэрщ, IэфIагъэрщ, абы къыдэкIуэуи, КъэщIыгъэм и сыт хуэдэ меданми хуиIэн хуей фIылъагъуныгъэр зыхищIэнырщ, къигъэлъэгъуэнырщ. Ауэ щыхъукIи, схужыIэнущ си гъусахэм апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ зэраIар а лъэхъэнэм къагъэнэIуауэ.
- АрщхьэкIэ, щIыуэпсым и пIалъэр сэ сщIэжыртэкъэ? Пщыхьэщхьэпэм хьэуар иджыри зэщIэупщIыIуэжыну зэрыхунэмысам къыхэкIыу, жэщри апхуэдэу къахущIэкIын я гугъэу цIыхухэр щыбэлэрыгъ куэдрэ къэхъурт. ИтIани, а тIум афIэкIа я гугъу сымыщIу, дызыпэ-рыс Iэнэм сыкъыпэрытэджыкIырти, гуп цIыкIур гъуэлъыжыным хуэзгъэхьэзырырт. А псом къадэкIуэуи сакъыбгъэдэтIысхьэжырти, дызыгъэгушхуэ-дызыгъэгуфIэ хъыбархэр зэхуэтIуатэурэ, дыхьэшхыным дыкъыдэмыхуэу, ешри езэшри къытпкърыхьарэ ди нэхэри зэтепщIэху Iэнэ бгъуфIэшхуэм дыпэрысыжри, нэху дыкъызэрыщекIынум хуэдэу, «щхьэж и унэ бжэнлъакъуэу» дызэбгрыкIащ…
- Сигу зыгъэзагъэр арати, къыттеуэн гуэри зэрыщымыIэр нэхъри си фIэщ ящIу, зи лъабжьэ дыщетIысэха бжьэпэм нэхъ пыIукIуэтауэ уэздыгъэ зыбжанэ къыщыблэрт. Шэч къытесхьэжыртэкъым ахэр зейр Дыргъыпс къуажэм щыпсэухэр зэрыарами.
- Лэскэн и псыхъуэми дыщепсыхыу
- КъыкIэлъыкIуэ махуэм и зыкъэIэтыгъуэм а щIыпIэм дримыгъэзагъэу дыкъыIузыгъэкIыжар си ныбжьэгъужь Уейт Мухьэмэдщ. ЗэрысщIэжрэ, ар ящыщт зы щIыпIэм деж зыщримылъэфыхьу, адэкIэ еIэпхъуэкIын зи щIасэхэм. Дэри, «Узыхэтым уадемыкIумэ, уи унэ умыкIуэж» жыхуаIэр арати, гъусэ нэхъыжьым жиIэм дедэIуащ, абы хэтуи, зыкъызэщIэкъуэжыным щIэддзащ.
- АрщхьэкIэ, нэрылъагъут си къуэш Амири сэри щIыуэпсым хэсыхьынкIэ дызэрыримыкъущар. Езы Уейтми къызыпхигъэIукIырт: «Мо псышхуэр моуэ тIэкIу нэхъ хуабэу щытамэ, мыбдежым зыщитлъэфыхьыжынкIэри хэлът».
- Ар зэхэзыха сэ зыкъызэкъуэсхри:
- — АтIэ, арамэ щхьэусыгъуэр, дыкъыздикIамкIэ идоунэтIыкIыжри, Къумахуэхэ зэкъуэшитIыр дызыщыщ жылэми дыхуеплъэкIыу, Лэскэн ныджэм дыкъыщоувыIэ. НэгъуэщI мыхъуми, и хуабагъкIи, и къабзагъкIи зихуэдэ щымыIэ псы гурыхь цIыкIуу ди сабиигъуэр щитхам зыщыдгъэпскIынщ, — жысIащ.
- — АтIэ, апхуэдэу щыхъуакIэ, мы щIыпIэм зыщIитлъэфыхьыжын щымыIэу аращи, зидвгъэч! — арэзы хъуащ тIури.
- Псэр зыгъэтынш хъухъущыщу жэщ кIуам дызыщIэжеикIар къызыдэIукI псыхъуэ бгъуфIэшхуэм дыкъызэрыдэкIыжар дызэрыдыхьам хуэмыдэу, нэхъ хуэегъэзыхыгъуэу дыкъызыблэкIауэ щыта дэлъэдапIэмкIэщ, мывэ кIэщхъыу къыщызэкIэщIигъэщэщхэр фIэщIэщыгъуэу, джабащхьэм декIуэкI гъуэгум къызэрытехутэжар гъущIыш цIыкIум «игъэщIагъуэу».
- Арати, сытым щхьэкIэ зэман куэд едгъэхьыжынт, машинэ лъэрызехьэ цIы-кIум дису? НапIэзыпIэщ дэкIар хужытIэну, къуажэхэу Хьэтууеи Анзореи къызэднэкIри, Лэскэн псым телъ лъэмыжым дыкъызэпры-жыжащ. Абдежым къыщызгъэувыIэри, си гъусаитIым захуэзгъэзащ: «Фыхуеймэ, Анзорей ЦIыкIу (Лэскэн ЕтIуанэ) къуажэр здэщыс щIыпIэм нэс дыдэжеинщи, абдежым зыкъыщытплъыхьынщ, «Хьэуэ, абыхэмкIи зыкъыщыдгъэзэн хуэдэу хущIыхьэгъуэ диIэжкъым», — жыфIэмэ, мы псы хуабэ цIыкIуращ нэхъыбэу дэ иджыпсту нэхъ дызыхуэныкъуэри, ищхъэрэкIэ едгъэзыхынщи (абыкIэ екIуэлIапIэ-егъэзыпIэхэр зэриIэм сыщыгъуазэт), абдежым фигу пэщыху зыщывэзгъэгъэпсэхунщ.
- «Хъуакъэ, атIэ, апхуэдэуи тщIынщ», — жаIэу мо тIум къыщыздащтэм, тэлай фIэкIа нэхъ дэмыкIыу, ныджэ бгъуфIэшхуэм декIуэкI бжьэпэ мащIэм дыщхьэщыхутащ. ДызэщIэдэIукIрэ зыщытплъыхьмэ, псы къабзэ цIыкIум Iущащэу уэрэд къытхуреш, и ткIуэпс зэтепщIыпщIыкIыр дыгъэм и бзийм дэджэгужрэ, зэрыхузэфIэкIкIэ къыдэгуэпылIэу, и Iуфэ дыдэм пцIащхъуэу щетIысэхахэм зыхаутхыныпщIэу.
- Абдежым дыкъыщыплъэгъуамэ, сыт тхужыпIэнт? Гуп цIыкIум, къыхэкIыжыкIэ дымыщIэрэ дитхьэкъупауэ, зыщыдгъэпскIащ мо псы гурыхьым. Си ныбжьэгъужьу Уейт Мухьэмэд иужькIэ куэдрэ игу къигъэкIыжырт: «Псом хуэмыдэжу а Iуэхур зи псэм нэхъ щIыдыхьар уи къуэшрат. Абы а махуэм зы гуфIэкIэ зэрихьэрти! И лъапсэжь къихьэжа фIэкIа пщIэнтэкъым, щалъхуа и къуажэм худэплъейрэ, «жэнэту» зэрыхуам зыщимыгъэнщIыжу…
- Тхыгъэри сурэтхэри Къумахуэ Аслъэн ейщ.