Къалэн куэд щызэфIах къулыкъущIапIэ
2021-11-02
- УФ-м и Президентым 2009 гъэм къыдигъэкIа «Суд приставхэм я махуэр гъэувыным теухуауэ» указым ипкъ иткIэ щэкIуэгъуэм и 1-м ягъэлъапIэ Урысей Федерацэм и Суд приставхэм я махуэр. Абы ирихьэлIэу зыхуэдгъэзащ Урысейм и суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Суд пристав нэхъыщхьэ Бауаев Ахъмэт.
- — Суд приставхэм я IуэхущIапIэр къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэси 156-рэ ирокъу, — жиIащ абы. — А зэманым къриубыдэу наIуэ хъуащ абы и мыхьэнэр зыхуэдэри къэралри цIыхухэри зыхуэныкъуэ IэнатIэу зэрыщытри. УФ-м и Президентым 2004 гъэм къищта «Суд приставхэм я федеральнэ IэнатIэм и IуэхукIэ» унафэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, ар ЮстицэмкIэ министерствэм и нэIэм щIэт, гъэзэщIакIуэ властым и къэрал органщ. IэнатIэм и зыужьыныгъэм тхыдэ мыхьэнэшхуэ иIэу къыхэбгъэщ хъунущ ведомствэр хабзэм къахуигъэувар хэгъэзыхьыгъэкIэ зыгъэзащIэ органу зэрахъуэжар. 2019 гъэм къыдагъэкIа «Урысей Федерацэм хабзэм къахуигъэувар хэгъэзыхьыгъэкIэ зыгъэзащIэ и органхэм къулыкъу щыщIэным теухуауэ» федеральнэ законым IэнатIэм хабзэщIэхэр къыхуигъэуващ, абы ипкъ иткIэ лэжьакIуэхэм я къалэнми хэхъуащ, езыхэм ягъуэт дэIэпыкъуныгъэри ефIэкIуащ. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэм цIыхухэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ я Iуэхухэр дэгъэкIынымкIэ къалэныщIэхэр къытхуегъэув. Нобэ Урысейм и суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм щIыналъэм къудамэ 14 щиIэщ, ахэр республикэм и район псоми щолажьэ.
- — Ахъмэт, IуэхущIапIэм и къалэнхэм нэхъ зыхэхауэ утезгъэпсэлъыхьынут.
- — Ди лэжьыгъэр нэхъыбэм къазэрыщыхъур цIыхухэм ятелъ къуэдыхэмрэ алиментхэмрэ къыхэхыным хуэунэтIауэщ. Пэжыр жыпIэмэ, куэд щыгъуазэкъым суд приставхэм нэгъуэщI къалэн куэди я пщэ зэрыдэлъым. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, суд щащIэкIэ хабзэхэр къызэпемыгъэудыным кIэлъыплъыныр, жэуаптакIуэхэр, балигъыпIэ имыува сабийхэр къэлъыхъуэныр, шынагъуэу къалъыта объектхэм я лэжьыгъэр къызэтегъэувыIэныр, хабзэм къемызэгъыу ящIа ухуэныгъэхэр Iуегъэхыжыныр, нэгъуэщIхэри. Ди лэжьакIуэхэр я къулыкъукIэ зэщхьэщокI: гъэзэщIакIуэ-приставхэр, судыр зэрекIуэкIыну хабзэхэм кIэлъыплъ приставхэр, дознавателхэр. Хабзэм и къарур зэлъытыжар ар зэрагъэзащIэрщ. Дэ абы дыхущIокъу. Дэтхэнэ зы унэтIыныгъэм хуэдэуи, гугъуехь гуэрхэми дрохьэлIэ икIи ахэр псынщIэу зэрызэфIэдгъэкIынум ди къару псори идохьэлIэ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ цIыхухэм дадэлэжьыну сытым дежи дызэрыхьэзырыр. Зыкъызэрытхуагъазэ сыт хуэдэ Iуэхури гулъытэншэу къэдгъанэркъым. Урысейм и суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум жыджэру зеужь. Иджырей технологиехэр IэнатIэм къыщыдогъэсэбэп, ди гупым и лэжьыгъэр хуэунэтIащ цIыхухэр къахуэарэзыуэ я къалэныр зэрагъэзэщIэнум.
- — Урысейм и суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум щылэжьэнухэр дауэ къызэрыхэфхыр?
- — Лэжьыгъэм узэрехъулIэнур куэдкIэ елъытащ IэнатIэм пэрыт цIыхухэм я зэфIэкIым. Сыт хуэдэ зэманми суд приставхэм я лэжьыгъэм щIэупщIэ иIащ, абы къыхэкIыуи Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэм хуэныкъуэщ. Аращи, лэжьакIуэхэр къыщыхэтхкIэ жэуаплыныгъэ хэлъу дыбгъэдохьэ, абы теухуа хабзэ щхьэхуэ щыIэщи, дытетщ. ЛэжьапIэ увыну хуей дэтхэнэ зыми и зэфIэкIыр Iуэхугъуэ зыбжанэкIэ къапщы-
- тэ: къэрал хабзэр, бзэр зэрищIэр, и къарукIи и псэкIи и узыншагъэр зыхуэдэр. IэнатIэм къащтэнущ зи ныбжьыр илъэс 21-рэ ирикъуа, а унэтIыныгъэмкIэ зыхуэныкъуэ щIэныгъэ нэхъыщхьэрэ зэфIэкIрэ зиIэхэр. Илъэс 40 хъуахэр къащтэжыркъым.
- IэнатIэм пэрыувэн ипэ, зэрагъэунэху пIалъэ щыIэщи, зы мазэм щегъэжьауэ мазихкIэ лэжьыгъэм зэрыпэлъэщым кIэлъыплъынущ. Ар Iуэхум и пIалъэ фIыуэ зыщIэ IэщIагъэлIым и нэIэм щIэту ирихьэкIынущ. Абы ехъулIэмэ, звание щхьэхуэ къратынурэ IэнатIэм пэрыувэнущ. Зи лэжьыгъэм къыщыхэжаныкIхэри гулъытэншэу къанэркъым. Абыхэм хуагъэфащэ «За верность долгу», «За заслуги», «За службу» медалхэр, «Суд приставхэм я федеральнэ IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» щIыхьыцIэр, «Суд пристав-гъэзэщIакIуэ нэхъыфI», «Судыр щекIуэкIкIэ хабзэр къызэпамыуду Iуэхур къызэгъэпэщынымкIэ суд пристав нэхъыфI», «Дознаватель нэхъыфI» бгъэхэIу дамыгъэхэр. Апхуэдэуи ахъшэ саугъэтхэмкIэ, фIыщIэ тхылъхэмкIэ, тыгъэ лъапIэхэмкIэ ягъэпажэ.
- КъищынэмыщIауэ, ди лэжьакIуэхэм улахуэ хъарзынэ къахь, абы зэрылэжьа илъэс бжыгъэм, звание иIэм, нэгъуэщIхэми елъытауэ хохъуэ. Илъэсым зэ зыгъэпсэхугъуэ пIалъэ яIэщ, я щыгъынхэмкIэ къызыдогъэпэщ, санаторэ зэрыкIуэну тхылъхэр ядот. Апхуэдэу илъэси 10-кIэ къулыкъум пэрытахэм унэ иратынущ, илъэс 20-кIэ лажьэмэ, пенсэ ягъэкIуэнущ.
- — Дызэрызэпсалъэр къэбгъэсэбэпу фи лэжьакIуэхэм, щIэджыкIакIуэхэм сыткIэ захуэбгъэзэнт?
- — Си лэжьэгъухэм, IэнатIэм и ветеранхэм Суд приставым и махуэмкIэ сохъуэхъу. Узыншагъэ, ехъулIэныгъэ, зэIузэпэщ псэукIэ яIэу я гъащIэр ирахьэкIыну си гуапэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм захуэзгъазэу жысIэну сыхуейт Суд приставхэм я IэнатIэр фи хуитыныгъэхэр хъумэным и щхьэщыжакIуэу зэрыщытыр. Дэ цIыхухэм дадоIэпыкъу захуагъэр къыщIэгъэщыжынымкIэ, зэфIэгъэувэжынымкIэ. УФССП-м и управленэу КъБР-м щыIэм и гупыр хьэзырщ я лэжьыгъэр ирагъэфIэкIуэным я къару псори ирахьэлIэну.
- Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.