Дыщэидэм хегъэгъуазэ
2021-11-02
- IэпэIэсэ, дэрбзэр Къущхьэ Iэсият Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъэгухэр зыхэта «Мэшыкъуэ-2020» щIалэгъуалэ зэпеуэм къыщихьа грантым и фIыгъэкIэ егъэзащIэ «Лъэпкъ щэнхабзэм зэпымыууэ зегъэужьын» проект щхьэпэр. Абы хыхьэу, ныбжьыщIэхэмрэ гупыж зиIэ балигъхэмрэ хуегъасэ дыщэидэ, бэзэридэ, дыщэкI пасэрей IэщIагъэ дахэхэм.
- Къущхьэ Iэсият зэрысабийрэ модэм, дизайнер хьэпшыпхэм, фэилъхьэгъуэхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэм дахьэхырт икIи дэрбзэр IэщIагъэм ехьэлIа курсхэр диплом плъыжькIэ къиухащ. Псом хуэмыдэу дэрэжэгъуэ мыухыж, гухэхъуэгъуэ къезытар илъэс 15 ныбжьым щитым Сэралъп Мадинэ и фэилъхьэгъуэхэр утыку къизыхьа моделхэм зэрахэтарт. Курыт еджапIэ нэужьым ар КъБКъУ-м декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ и факультетым щеджащ. И студентыгъуэ зэманым лъэпкъ фащэхэм я тхыдэм дахьэха хъыджэбзым псом хуэмыдэу нэхъ куууэ иджащ ди лъэпкъ фащэм и къекIуэкIыкIар, и зыужьыкIар, игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэмрэ иджы ар къызэрагъэщIэрэщIэжа щIыкIэмрэ. Мы зэманым Iэсият Промышленность псынщIэмкIэ колледжым IэпэIэсагъэм щыхурегъаджэ. Абы къыдэкIуэу лъэпкъ фащэхэмрэ махуэ къэс цIыхубзхэм щатIагъэ фэилъхьэгъуэхэмрэ ед, лъэпкъ тхыпхъэхэр хиухуанэурэ.
- — КъБКъУ-м сыщыщIэтIысхьа гъэм дыщэидэм хуезыгъаджэ егъэджакIуэр зэрыIуагъэкIам къыхэкIыу, а дерсхэр ди программэм хагъэкIат. Зэкурсэгъухэр дыщэидэм дыдихьэхати, пщIэкIэ абы зыщыхуэдгъэсащ Тверь областым хыхьэ Торжок къалэм дыщэидэм и IэпщIэлъапщIэхэр щагъэхьэзыр еджапIэр къэзыуха Дагировэ Маринеттэрэ Шэт Джульетэрэ я деж, — жеIэ Iэсият. — Лъэпкъым къыдекIуэкI а пасэрей IэщIагъэр мыгъэкIуэдыжынырщ дыщэидэм ехьэлIа лэжьыгъэхэм апхуэдэ гулъытэ щIыхуэсщIыр. Университетым сыщыщIэсым лъэпкъ фащэр и кIэм нэс джауэ, абы щIэ гуэри пхухэмылъхьэну къысщыхъуат, ауэ куэдкIэ сызэрыщыуэр псынщIэу къызгурыIуэжащ. Аращ абы сыхэлэжьыхьыну сыщIытегушхуари.
- «Мэшыкъуэ» щIалэгъуалэ зэхуэсым Iэсият къыщихьа грантым и фIыгъэкIэ, щIалэгъуалэр дыщэидэм хэгъэгъуэзэным теухуа мастер-класс щIэщыгъуэхэр илъэс зыбжанэ хъуауэ къызэрегъэпэщ икIи зыхуигъэувыжа къалэнхэмрэ мурадхэмрэ къохъулIэ. Абы хэтщ зи ныбжькIэ зэхуэмыдэ пщащэхэр. ЦIыху пщIы бжыгъэхэр къызэщIиубыдэу къызэригъэпэщ ныбжьыщIэ гупхэм ядолажьэ Къущхьэ Iэсиятрэ и дэIэпыкъуэгъухэмрэ. ПщIэншэу къызэрагъэпэщ дерсхэм ятеухуа хъыбархэр интернетым щызэбграгъэкI, гупыж зыщI псори IэпэIэсагъэм хэзыгъэгъуазэ Iуэхугъуэхэм екIуэлIэну Iэмал яIэн папщIэ.
- Проектым щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хуэхъуар республикэм ис хъыджэбзхэр пасэрей IэщIагъэ дахэм и щэхухэм хуэгъэсэнырщ, гукъыдэж зиIэ пщащэхэм зэрызагъэдахэ цIугъэнэхэмрэ хьэпшып цIыкIуфэкIухэмрэ езыр-езыру ящIыфу, дыщэидэ, уагъэ, хэдыкI IэпэIэсэ IэщIагъэхэм дегъэхьэхынырщ. Бзылъхугъэхэм зэрызагъэдахэ цIугъэнэ зэмылIэужьыгъуэхэр гъущIым къыхэIущIыкIыным ехьэлIа дэтхэнэ зы художественнэ дерсри сыхьэтищым щыщIэдзауэ тхум нэблагъэкIэ екIуэкIащ, дыщэидэм хухахахэми хуэдэу. А зэхуэсхэм пщащэхэм щIэ куэд къыщащIащ.
- Мастер-классхэр къызэзыгъэпэща Iэсият и мурадщ а IэщIагъэм ирилажьэхэм я бжыгъэмрэ абы иIэ щIэупщIэмрэ хигъэхъуэну, пщащэхэм я IэпэIэсагъэм, щIыналъэм и щэнхабзэм зригъэужьыну:
- — ЩIыналъэм ис щIалэгъуалэр лъэпкъхэм къадекIуэкI дыщэидэ IэщIагъэм куэд щIауэ дахьэх икIи а IэпэIэсагъэм республикэм исхэр хэгъэгъуэзэныр, зыщрагъэужьыныр щхьэпэу къалъытэ. Абы ехьэлIа курсхэмрэ мастер-классхэмрэ зэрылъапIэр куэдым къатохьэлъэ. Аращ унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ мастер-классхэр пщIэншэу къащIыхузэзгъэпэщари. Абы адыгэ пщащэхэм къадэкIуэу, гъунэгъу лъэпкъхэм щыщхэри яфIэфIу къекIуэлIащ. Ар и щыхьэтщ творчествэм лъэпкъ зэхэгъэж зэримыIэм. Апхуэдэ дерсхэр зыфIэгъэщIэгъуэну къекIуэлIа дэтхэнэми ехъулIэныгъэ зыIэригъэхьащ. Псом хуэмыдэу сагъэгушхуащ ныбжьыщIэхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIым. Махуэ къэс хъыджэбзхэм щатIагъэ фэилъхьэгъуэхэм лъэпкъ тхыпхъэхэр нэхъыбэу къыщыгъэсэбэпынымкIи къощхьэпэ мыпхуэдэ дерсхэр. Псом хуэмыдэу ахэр къахуэсэбэпынущ пасэрей IэщIагъэхэм хуеджэну зи мурадхэм.
- Къущхьэ Iэсият ехъулIэныгъэхэр иIэу мызэ-мытIэу республикэ, дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм и лэжьыгъэхэр щигъэлъэгъуащ. Апхуэдэщ къалэм, лъэпкъ фащэм я махуэхэм ехьэлIауэ ди щIыпIэм щызэхаша гуфIэгъуэ зэIущIэхэмрэ гъэлъэгъуэныгъэхэмрэ, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щекIуэкIа «Минги-Тау» выставкэр.
- Къущхьэ Iэсият адэкIи и зэфIэкIхэм еплъыжыну, и зыужьыныгъэхэм хигъэхъуэну и мурадщ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.