Картэм и тхыдэр
2021-11-03
- Сыт хуэдэ зэманми цIыхухэм дунейр къызэхакIухь. Абы и лъэ нэхъапэкIэ щимыгъэува щIыпIэ къыщыхутэ хъужыкъуэмэ, а щIыпIэр зыхуэдэр, и гъуэгур дамыгъэ гуэрхэмкIэ къызэрагъэлъэгъуэным и ужь итхэт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ къежьащ щIыпIэ къэзыгъэлъагъуэ япэ картэхэр.
- Хьэлэмэткъэ, археологхэм къагъуэта картэ нэхъ пасэрей дыдэхэм къыщыгъэлъэгъуар вагъуалъэ уэгурщ. Пасэрей цIыхухэр зэрыгъуазэр уафэм зи пIэ щызымыхъуэж вагъуэхэмкIэт.
- Франджым, бгъуэнщIагъ гуэрым и блынхэм, археологхэм къыщалъэгъуащ кIэIунэ защIэкIэ зэхэгъэува тхыпхъэ — жэщ уафэгум и зы теплъэ. Абы и ныбжьу щIэныгъэлIхэм хуагъэфэщащ илъэс мин 18 — 19 хуэдиз. Испанием щыIэ нэгъуэщI зы бгъуэнщIагъми къыщагъуэтащ апхуэдэ дамыгъэхэр — ари илъэс мин 14 хъууэ къабжащ.
- Пасэрей картэхэм ущрихьэлIэрт щIы щхьэфэм и теплъэми: бгыхэм, мэзхэм, псыхэм. ЛъыхъуакIуэхэм апхуэдэ картэ къыщагъуэтащ Чехием, Павловэ къалэм. Илъэс мин 27-рэ — къахутащ и ныбжьри. Испанием мывэ гъэщIэгъуэн къыщагъуэтауэ щытащ. СурэтыщI гуэрым абдеж трищIыхьат картэрэ щакIуэбзэм епха дамыгъэ гуэрхэмрэ. А зэманым ящIа картэхэр щыуагъэу жыпIэну къезэгъыркъым. Абы щыгъуэ дэтхэнэми илъагъур зэрегупсысым хуэдэу къигъэлъагъуэрт.
- Тыркум, Чатал Хююк щIыпIэм деж, нэпкъ гуэрым кIэрыщIыхьа тхыпхъэхэм къыхалъагъукIащ къуажэм и теплъэ. ЗэуIуу иувыкIа унэхэр щыплъагъурт, я екIуэлIапIэхэр унащхьэхэм къыкъуэмыщу. Абы къикIыр сыт: картэр зэхэзыгъэувам щIыпIэр ищхьэкIэ къыщхьэщыту къызэхиплъыхьащ. Бгым е жыг абрагъуэ гуэрым къеплъых хуэдэт. Пасэрей Египет картографием и щапхъэщ Туриным и музейм щахъумэ папирус картэр. Абы и ныбжьыр илъэс мини 3 мэхъу — Рамзес IV и пащтыхьыгъуэм и зэманщ. Картэм щыболъагъу Нил и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щиувыкIа бгыхэр. Абдежым дыщэ, дыжьын къыщIэхыпIэхэр хуэзэрт.
- Картэм и тхыдэм быдэу хэуващ Вавилон и дунейпсо картэр. Ар ятIагъуэм къыхэщIыкIа таблицэт. Абы къыщыгъэлъэгъуащ щIыпIэхэри IуэрыIуатэхэри. ИпэжыпIэкIэ щыIэ щIыпIэхэр дамыгъэ хъурейкIэ, щымыIэхэр щимэу къэгъэлъэгъуат.
- Алыджхэм зэхагъэувэрт иджырейхэм нэхъ ещхь картэхэр. Географ Милетский Амаксимандр ди эрэм и пэкIэ илъэс 500-кIэ узэIэбэкIыжмэ, картэ зэхигъэуват. Ар хъума хъуакъым, ауэ илъэс 50 дэкIыжауэ нэгъуэщI географ — Милетский Гекатей абы къытрищIыкIыжа картэр щыIэщ, ЩIыкурытых тенджызымрэ тенджыз ФIыцIэмрэ я теплъэ щыплъагъуу.
- Ди эрэм и пэкIэ III лIэщIыгъуэм пасэрей алыдж щIэныгъэлI Киренский Эратосфен щIыр зэрыхъурейр къигъэлъэгъуат. Уеблэмэ и радиусри мащIэ дыдэкIэ фIэкIа щымыуэу къипщытат: километр 6311-рэ. А Iуэхум нэгъуэщI зы упщIэ къигъэуващ: щIыр зэрыхъурейр картэм дауэ къызэрыщыбгъэлъагъуэ хъунур? Эратосфен абы папщIэ къигупсысащ меридианхэр.
- Пасэрей картэхэр зэхэгъэувэным и тхыдэм хэтщ ди эрэм и пэкIэ II лIэщIыгъуэм псэуа географ Птолимей Клавдие и цIэр. Абы лэжьыгъитI иIэщ: «Великое математическое построение по астрономии в 13 книгах», «Руководство по географии» (томи 8-уэ зэхэтщ). Иужьрейм картэ 27-рэ щIыгъут, дуней псор къэзыгъэлъагъуэри яхэту. Птолимей и картэр зимыхъуэжу къагъэсэбэпащ иджыри лIэщIыгъуэ 12-кIэ.
- Урымыр лъэлъэжа нэужь, Европэм и псэукIэр екIакIуэрт, КъуэкIыпIэм нэхъри зиужьырт. Хьэрыпхэр иригъуазэрт Птолимей и картэ цIэрыIуэм. Уеблэмэ, ар щэныкъуэрэ къыдагъэкIыжат.
- XVI лIэщIыгъуэм Меркатор Герард дунейпсо атлас къыдигъэкIащ. Картэхэр щызэхуэхьэса къыдэкIыгъуэм «атласкIэ» еджэ хъуащ.
- XIX лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ картэхэр ныкъусаныгъэншэрэ нэщIыса дыдэу зэхагъэувэу зрагъэсащ.
- «Загадки истории» журналым къитхыжащ.