ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Шэч къызытумыхьэжынур аращи

2021-11-03

  • Адыгэхэмрэ абазэхэмрэ зы къежьапIэ зэраIам япэ-хэми дытепсэлъыхьащ. ЛъэпкъитIыр я хабзэкIи зэхэтыкIэкIи зэгъунэгъущ, я гупсысэкIэри дуней тетыкIэри зэщхьщ.

  • Пэжщ, ижь-ижьыж лъандэрэ къызэрекIуэкIым тетщIыхьмэ, щIыналъэкIэ зэлъэIэс лъэпкъхэр гъащIэм и лъэныкъуэ куэдымкIи зэдогуашэ: зым ижь адрейм щIихуу, зым имыIэр адрейм къриIыхыу. Адыгэхэр нэгъуэщI лъэпкъхэми къадэгъуэгурыкIуащ. АрщхьэкIэ, ахэр, иджыри зэ къыхэдгъэщынщи, абазэхэм хуэ-дэу гъунэгъу къытхуэхъуфа-къым. Абы щыгъуэми, адыгэхэмрэ абазэхэмрэ зэ-рызэхущытым хуэдэу лъэныкъуитIыр зэхуэхъуныр къызыхэкIар, шэч къызытумыхьэжыныр аращи, куэдрэ зэрызэдэпсэуа къудейр аракъым, атIэ, ахэр, зэман жыжьэ дыдэхэм я деж къыщыщIэдзауэ, зэлъэбжьэгъууи къызэрекIуэкIарщ.
  • А псом я гугъу дымыщIу, тхыдэ мыжыжьэмкIэ дыкъеплъэкIыжынщи, лъэпкъитIым яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэм  яжь къащIихуащ бзэуэ зэрахьэхэми: адыгэ-хэм къагъэсэбэп псалъэхэм ящыщ куэдыр абазэбзэм хыхьащ, абазэ лексикэм щыщхэри адыгэбзэм щыщ хъуащ. ЖытIэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, ди бзэм къыхэкIыу абазэбзэм къищта псалъэхэм ящыщу къэкIыгъэцIэхэм увыпIэшхуэ яубыд. Абыхэм яхэтщ удз, жыг, хадэхэкI, пхъэщхьэмыщхьэ фIэщыгъэхэр.
  • МызыгъуэгукIэ дэ тхузэфIэкIынур аращи, къэкIы-гъэцIэхэм ящыщу щапхъэ зыбжанэ къэдгъэлъэгъуэнщ. Япэ идгъэщынщ ахэр аба-    зэбзэм къызэрыщапсэлъымрэ абдежым щрата мыхьэнэмрэ, иужькIэ къэтхьынщ абы ирагъэщхьу              адыгэбзэм хэт фIэщыгъэцIэр, языныкъуэхэм дежи, урысыбзэкIэ и мыхьэнэр гъэбелджылыжауэ:
  • «Бджьый» (абазэ) — (тхудэшеяфэ, чинара),
  • «Бжей» (адыгэ) — (бук восточный).
  • Мы фIэщыгъэм и къэхъукIэм ехьэлIауэ бзэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Къумахуэ Мухьэдин зэрыжиIэмкIэ, абы  и къэунэхукIэ хъуащ «бжэ» псалъэм еигъэ къэзыгъэлъагъуэ суффикс «ей»-р пыувэкIэрэ.
  • Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и академик, профессор Шагъыр Iэмин зэреплъымкIэ, жыгыцIэм лъабжьэ хуэхъуар бжы (зэрыпыджэ пасэрей Iэщэ) псалъэращ, а мыхьэнэм хуагъакIуэу щыта фIэщыгъэцIэр иужькIэ жыгым игъуэтыжауэ. Абы и щыхьэту Шагъырым къехь шапсыгъ диалектым хэт пчыйэ жыгыцIэу пчы (зэрыпыджэ пасэрей Iэщэ) псалъэм къытехъукIар.
  • Щапхъэу къэтхьам къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, апхуэдэ щIыкIэкIэ къэхъуа                   къинэмыщI жыгыцIэхэми   адыгэбзэм дыщрохьэлIэ. Пса-лъэм папщIэ, «Iэней» — бгылъэ мэзхэм къыщыкI жыг лIэу-жьыгъуэщ. Адыгэхэм а фIэщыгъэцIэр абы иратащ, Iэнэ къыхащIыкIыу зэрыщытам къыхэкIыу — «Iэней» («Iэнэ» + «ей»).
  • КЪУМАХУЭ Аслъэн.