КIуэкIуэ Дианэ и гъуэгу къежьапIэ
2021-11-03
- Нотариус IэщIагъэм ди зэманым щIэупщIэшхуэ иIэ хъуащ. Ауэ абы и лэжьыгъэр тыншу къэзылъытэхэр щыIэщи, щоуэ. Дэфтэрхэр гъэхьэзрынымрэ Iэ щIэдзынымрэ къыдэкIуэу, ахэр зэпымыууэ щыгъуазэу щытын хуейщ къэралым и законхэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм.
- КIуэкIуэ Дианэ иджыри магистратурэм щIэсу (2010 гъэм), юрист-чэнджэщакIуэу щIыдагъэ къезышэкI IуэхущIапIэм лэжьэн щыщIи-дзащ, аспирантурэм щIэтIысхьа нэужь, егъэджэныгъэ Iуэхум хыхьащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым граждан правэмкIэ и кафедрэм и ассистент, итIанэ и доцент (2012 гъэм щегъэжьауэ) хъуащ. Илъэсищ хъуауэ а лэжьыгъэм нотариус IэщIагъэри дехь.
- — Хабзэ зэхущытыкIэхэм студентхэр зэрыхэзгъэгъуазэр сфIэмащIэу, юристуи сылэжьэну сыт щыгъуи сыщIэхъуэпсу щытащ, — къыхегъэщ абы.
- КIуэкIуэ Дианэ хэтщ Нотариатым и дунейпсо зэгухьэныгъэм. Абы зэрыжиIэмкIэ, ар IэмалыфIщ дуней псом щылажьэ нотариусхэм я зэфIэкIым зыщагъэгъуэ- зэнымрэ я Iуэху бгъэды- хьэкIэхэм щапхъэ трахынымкIэ. «Зэгухьэныгъэм и мыхьэнэр нэхъ ин ещI къащтэ хабзэхэм ехьэлIауэ уиIэ щIэныгъэм щыщIагъэ гуэр хэлъмэ абы гу зэрылъыуигъэтэжым», — жеIэ Дианэ.
- АдэкIэ ар щеджащ Нотариатым и Дунейпсо университетым — нотариус ныбжьыщIэхэр зыщIагъэтIысхьэм. «Си лэжьыгъэм зэрыщIэздзэрэ абы щызгъуэта гъэунэхуныгъэм нэхърэ нэхъ згъэлъапIэ сиIакъым. Франджым, Швейцарием, Канадэм я профессор нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм, къэрал зэ-мылIэужьыгъуэу 80-м щIигъум я IэщIагъэлIхэри абыхэм яхэту, щхьэж и къэралым хуитыныгъэхэр зэрыщахъумэм, я Iуэху еплъыкIэхэм дедэIуэну Iэмал диIащ», — пещэ абы.
- КIуэкIуэ Дианэ Федеральнэ Нотариальнэ палатэм и лIыкIуэхэм я гъусэу, Париж щекIуэкIа франджы-урысей конференцми хэтащ.
- — Нотариатыр псом нэ-хъыщхьэу цIыхум дэлажьэу аращ. Махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу, абы щызэхокI цIыхухэм я хуитыныгъэхэм епха гугъуехьхэр. Ди зэманым бжыгъэ технологиехэм зэрызрагъэужьым нотариусым и IэщIагъэм хуэмыныкъуэж хъуну еплъыкIэ зэрыщыIэр си фIэщ хъуркъым, — къыхегъэщ бзылъхугъэм. — СызэреплъымкIэ, цIыхухэм сыт хуэдэ зэманми абы зыхуагъэзэнущ. Сыту жыпIэмэ, и хуитыныгъэхэр лъэныкъуэ псомкIи къилъытауэ программэм хузэгъэзэхуэну къысщыхъуркъым. Абы щыгъуэм нотариусым Iэ зыщIи-дза, мыхъур зытридза дэф-тэрым шэч хэлъыжкъым. Иджыпсту нэхъыбэрэ IэщIагъэлIхэм зэрызыхуагъазэр щIэину къалъысым щыхьэт техъуэ дэфтэрыр тхыным теухуащ. Апхуэдэуи дзыхь-тхылъ гъэхьэзрынми щIэупщIэ иIэщ. Иужьрей зэманым къыкъуэкIа зэпэщIэхэ IэмалыщIэхэм я фIыгъэкIэ куэдым зыкъытхуагъэзэф нэгъуэщI къалэхэм щыщыIэм дежи.
- Дианэ Нотариус ныбжьыщIэхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ. Ар КъБР-м и Нотариальнэ палатэм хеубыдэм икIи абы хагъэхьэр илъэси 10-м щIигъукIэ а IэщIагъэм ирилэжьахэрщ.
- — СызэреплъымкIэ, зэгухьэныгъэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ нотариатым и мыхьэнэр зыхуэдэр цIыхум къагуригъэIуэныр, хабзэ и лъэныкъуэкIэ чэнджэщэгъу яхуэхъуныр, — жеIэ Дианэ. — КъБР-м и Нотариальнэ палатэм и президентым и гъусэу, ди зэгухьэныгъэр зэлэжьынухэр иджыблагъэ игъэбелджылащ. Сэ сыхуейщ адэкIи жылагъуэ IуэхущIапIэхэм садэлэжьэну, цIыхухэм я хуитыныгъэхэм хэзыгъэгъуазэ зэхыхьэхэм си къару хэслъхьэну, псапэ зыпылъ Iуэхухэм сыхэтыну. Псалъэм папщIэ, ди зэгухьэныгъэр ядолажьэ республикэм и Адвокатхэм я коллегием, КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм епха щIа-лэгъуалэ центрым, КъБР-м и профсоюз IуэхущIапIэхэм я зэгухьэныгъэм. Иджыблагъэ КъБКъУ-м и юридическэ къудамэм и гъусэу «стIол хъурей» едгъэкIуэкIащ. Ар тедухуат ди республикэм щыпсэухэм юридическэ Iуэхухэм ехьэлIауэ пщIэншэу чэнджэщхэр зэрыратыр тэмэму зэтеублэным. Ди мурадхэр куэд мэхъу, зэрыхъукIэ, ахэр зэрыдгъэзэщIэнум дыхущIэкъунущ.
- НэгъуэщI зы Iуэху щхьэпи КIуэкIуэ Дианэ и ужь итщ — ар Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым дэфтэрхэр зэрагъэхьэзырым ехьэлIауэ цIыхухэр нэхъыбэу зыщIэупщIэхэм, зи хэкIыпIэ къалъыхъуэхэм теухуауэ чэнджэщхэр зэращритырщ.
- БАГЪЭТЫР Луизэ.