ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIэныгъэмрэ  нэмысымрэ  ягъэдахэ  бзылъхугъэ

2021-11-03

  • «Жыгым къыпыкIэр и уасэщ, цIыхум и уасэр и лэжьыгъэрщ», — жаIэ. Шэч хэмылъу, цIыхум и гъащIэм щыпхиша лъагъуэр бгъуэ хъунуми, кIыхь хъунуми зэлъытар къыхиха Iуэхум хилъхьэ къарурщ, ирихьэлIэ гуащIэм и инагъырщ…

  • SONY DSC

    Мы тхыгъэр зытеухуа, УФ-м и Правительствэм деж щыIэ Финанс университетым Экономикэ лэжьыгъэм и хабзэ зэхэтыкIэхэмкIэ и департаментым и доцент, юридическэ щIэныгъэхэм я кандидат, ди хэкуэгъу щIэныгъэрылажьэ бзылъхугъэ, егъэджакIуэ Iэзэ Дыгъужь (Шыбзыхъуэ) МыIуминат нобэ къызэринэкIа гуащIэмрэ лэжьыгъэмрэ уриплъэжмэ, къызыхэкIа адыгэ лъэпкъым и пщIэр Iэтыным хуищI хэлъхьэныгъэр къызэрымыкIуэу инщ, куущ, купщIа-фIэщ.

  • МыIуминат къыхиха IэщIагъэм емызэшу хуолажьэ, зытехьа щIэныгъэ гъуэгум гушхуауэ ирокIуэ, и лэжьыгъэм гупсэхуу бгъэдэтщ. НэгъуэщIуи хузэфIэкIынукъым. МыIуминат зыщIапIыкIар аращ, щапхъэ хуэхъуар узыфIэмыкIыжыну щIэныгъэ куурэ зэхэщIыкI лъагэрэ зэрылъ  унагъуэ дахэщ.
  • КъЩР-м и Хьэбэз районым хыхьэ Жьакуэ (Алъэсчырей) къуажэм дэс егъэджакIуэхэу Шыбзыхъуэхэ Хьэтызэрэ Аминатрэ я унагъуэм къихъуащ щIэныгъэр гъащIэ гъуэгу зыхуэхъуа пщащэ пажэр.
  • Къуажэм дэт курыт еджапIэр фIы дыдэу къиухри, пщащэм мурад ищIащ и адэ-анэм я гуащIэдэкI гъуэгуанэм ирикIуэну икIи Черкесск дэт, Совет Союзым и ЛIыхъужь Хьэбэч Умар и цIэр зезыхьэ, егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр педагогическэ училищэм щIэтIысхьащ. ИкIи диплом плъыжькIэ еджапIэр къиухащ. Иужьым, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэгъэгъуэтыным хуэпабгъэ пщащэм мурад ищIащ еджапIитIым зэуэ щIэтIысхьэну. Ар къехъулIащ абы икIи институтитIыр къызэдиухащ — тхыдэ, юридическэ факультетхэм щеджащ.
  • ИужькIэ аспирантурэм щIэтIысхьэри, Москва щыпхигъэкIащ адыгэ IуэрыIуатэр зи лъабжьэ «Правовая охрана проявлений фольклора» кандидат диссертацэр.
  • Шыбзыхъуэ МыIуминатщ япэ дыдэу  лъэпкъым  и IуэрыIуатэр хъумэным теухуа юридическэ щIэныгъэ лэжьыгъэр Москва щыпхызыгъэкIар. А лэжьыгъэр иригъэжьауэ щытащ езым къиуха къуажэ курыт еджапIэм тхыдэмкIэ егъэджакIуэу щыщылажьэм. Абдежу къелъытэ и IэщIагъэм хуиIэ зэхэщIыкIым зыщиужьар, и къарур псыхьа щыхъуар. НэгъуэщIу хъунт?! Пщащэр япэ и IэщIагъэм щыпэрыувари, щIэныгъэ гъуэгум щытеувари а еджапIэрат, и адэр зи унафэщIырт. ЛэжьыгъэкIэ щапхъэ хуэхъуа и адэр пасэу дунейм ехыжащ…
  • И кандидат лэжьыгъэр пхигъэкIыу, щIэныгъэцIэ лъагэр къыхуагъэфэ- ща нэужь, МыIуминат хеящIэм и дэIэпыкъугъуу КъШР-м и Арбитраж судым щылэжьащ. Абы къыкIэлъыкIуэу, Тюмень къэрал университетым и къудамэу Ямал хытIыгуныкъуэм щыIэ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэми щыIащ.
  • — Си гъащIэм щызэзгъэгъуэта Iуэху зехьэкIэм, си зэхэщIыкIым, щIыуэпс щытыкIэ къызэрымыкIуэ здэщыIэ щIыпIэхэм сызэрыщылэжьам, нэгъуэщI лъэпкъхэм я щэнхабзэм сыкIэлъыплъу сыкъызэрыгъуэгуры-        кIуам си щIэныгъэ лэжьыгъэм хузиIэ бгъэдыхьэкIэм хуабжьу зригъэхъуэжащ. Псалъэм папщIэ, сыкъызыхэ-кIа лъэпкъым къыдекIуэкI лъэпощ-хьэпохэмрэ Урысейм и ищхъэрэ лъэныкъуэм щыпсэу лъэпкъхэр къызэтенэнымкIэ, захъумэжынымкIэ зэфIахын хуей Iуэхухэмрэ зэзгъапщэурэ, адыгэ лъэпкъым фIы и лъэныкъуэкIэ дяпэкIэ зиужьыным хуэгъэзауэ гъуэгум и кIуапIэр къыхэслъагъукIащ, — къыддогуашэ щIэныгъэрылажьэр.
  • ИщхьэкIэ къызэрыхэдгъэщауэ, нобэ МыIуминат щолажьэ УФ-м и Правительствэм деж щыIэ Финанс университетым. Абы къыдэкIуэуи,  езым къарурэ гукъыдэжрэ къыхэзылъхьэ Iуэхум — иджырей студентхэм я егъэджэныгъэм и методикэм —   гуащIэ ин хелъхьэ.
  • МыIуминат и Iэдакъэ къыщIэкIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэм я гугъу пщIымэ, ахэр узыфIэмыкIыжыну мыхьэнэшхуэ зиIэщ.
  • Зи гугъу тщIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэм, егъэджэныгъэм, лъэпкъым  и щэнхабзэр хъумэным хуищI хэлъ-хьэныгъэшхуэм япкъ иткIэ, МыIуминат иджы дыдэ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием хагъэ-хьащ.
  • — ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием хуэдэ зэгухьэныгъэхэм пIалъэ зэхуэмыдэхэм къалэныщIэ-хэр къахуэуву щытыпхъэу къызолъытэ. ИкIи, сызэреплъымкIэ, нобэ академием лъэкIыныгъэшхуэ иIэщ дуней псом адыгэу тетым я щIэныгъэлIхэр зэдэгъэлэжьэнымкIэ, къэхутэныгъэхэр зэдрагъэкIуэкIынымкIэ, лъэпкъым ифI къызыхэкIын, лъабжьэшхуэ зиIэ щIэныгъэ лэжьыгъэхэр къагъэщIынымкIэ къару ин къыкъуэкIыну.
  • Зы лъабжьэ уиIэу, зы хабзэ зепхьэу, ауэ къэрал зэхуэмыдэхэм ущыщыпсэукIэ, щIэныгъэ еджапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ущыщылажьэкIэ, бзэ куэд зыщIэхэр къыщыпхэткIэ, мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ щIэныгъэлI псоми ди лэжьыгъэр ину утыкум зэрыщыдгъэIуным иужь дитын хуейуэ, — жеIэ Шыбзыхъуэм.
  •  Къыхэгъэщыпхъэщ зи гугъу тщIы пщащэм и лэжьыгъэм, бгъэдэлъ щIэныгъэм къадэкIуэу, хэлъ цIыхугъэр, нэмысышхуэр, зэхэщIыкI куур, щабагъэр, гуапагъэр, шыIэр. Ар сыт щыгъуи хьэзырщ дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэм зыщIигъэкъуэну. А хьэл-щэн дахэ псори ящIыгъужщ щIэныгъэрылажьэ бзылъхугъэм хэлъ ерыщагъымрэ быдагъымрэ.
  • Сыту гуапэ МыIуминат и щапхъэр нэгъуэщIхэм яхуэпIуэтэн къудейр!
  • ЩОХЪУЖЬ Люсанэ.