Идархэ: зы пэж къыхахри, гурэ псэкIэ хуэщыпкъащ
2021-11-03
- IыхьиплI хъууэ 1854-1857 гъэхэм урысыпщ Долгоруков Пётр къыдигъэкIыгъауэ щыта «Урысей лIакъуэ тхылъым» итщ: «Черкасскэхэр Къэбэрдейм къикIащ, адыгэпщ Инал и щIэблэм щыщщ. Мысырым тепщэ-ныгъэр щызыIыгъа сулътIаным къытепщIыкIыжахэр ноби Къэбэрдейм щопсэу, урысыпщ Черкасскэхэм я унэкъуэщу, я лъэпкъэгъуу зэрыщытми шэч хэлъкъым. Лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм ахэр Къэбэрдейм къикIыурэ пащтыхьым къулыкъу хуащIэну Урысейм къакIуэрт, чыристан диныр, Черкасскэ цIэм и гъусэу, къащтэрт, унагъуэ щащIыжырти, мыбдеж къыщынэжырт. ЛIыгъэрэ губзыгъагъэкIэ зи пщIэр къэзылэжьыжа Черкасскэхэр урыс пщы цIэрыIуэхэмрэ уэркъышхуэхэмрэ зэи япикIуэтакъым, уеблэмэ цIэрыIуагърэ зэфIэкIкIэ нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщ хъуат».
- Черкасскэхэр лъэпкъкIэ Идархэ ящыщщ. Адыгэхэр зэгуэзыгъэхьэгъа Инал Нэху и къуэ Табылэ и къуэ Инармэс и къуэщ Идар, абы дежщ а лIакъуэр къыщежьэри. Идар и анэр бжьэдыгъупщ Хъымыщ Елджэрыкъуэ ипхъут.
- Пщы Идархэ я лъэпкъыр Урысейм къудамищу щызэхэкIащ. Ахэр Идар и къуэхэу Темрыкъуэ, Къамбулэт, Жылэгъуэт сымэ я деж къыщожьэ.
- Идархэ я щIэблэр XIX лIэщIыгъуэм нэс къиубыду хъарзынэу къахута хъуащ. Мы тхыгъэр зытеухуар Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ я тхыдэм лъэужь къыхэзынахэрщ. Идархэ ящыщу нобэ дунейм тетхэр Инал Нэху и епщыкIубгъуанэ лIэужьщ. Ахэр адыгагъэм «зэрыхэкIрэ» куэд щIами, урыс фащэр щатIэгъами, я къежьапIэр ящIэ, тхыдэм мыбзаджэу щыгъуазэщ, уеблэмэ къызыхэкIам ирогушхуэ, ар я напщIэм телъщ.
- Темрыкъуэ и щIэблэр
- 1552 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм урыс пащтыхь Иуан ЕплIанэр Къэбэрдейм икIа лIыкIуэхэм япэ дыдэу Кремлым щаIущIащ. Ахэр зытекIухьар зы Iуэхут: кърым тэтэрхэм я теуэ мыухыжхэмрэ тырку сулътIаным зэрихьэ хъуагъэщагъэхэмрэ щихъумэнырт, дарэгъу къахуэхъуу бийм пэщIэтынымкIэ къакъуэувэнырт. 1557 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм Мэзкуу пащтыхьым деж Идар Темрыкъуэ и лIыкIуэ гупыр аргуэру кIуащ. ЗытекIухьари япэрей щхьэусыгъуэр арагъэнущ. Ауэ мызыгъуэгум Iуэхум зыри зэрыщымыгугъауэ зызэридзэкIащ.
- 1560 гъэм шыщхьэуIум и 7-м Иуан ЕплIанэм и щхьэгъусэ Анастасие дунейм ехыжащ. А мазэ дыдэм и кIэхэм пащтыхьым и лIыкIуэхэр лъыхъу Польшэм, Швецием, Къэбэрдейм игъэкIуащ. КъухьэпIэмкIэ пащтыхьым щхьэгъусэ хуэхъун щигъуэтакъым, ауэ Къэбэрдейм икIа нысашэр 1561 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм Мэзкуу дыхьащ. Иуан хуашар Гуащэнейт, Идар Темрыкъуэ ипхъурт. Гуащэм Кремлым дэт, Тхьэнанэ дунейм щехыжа махуэм и цIэкIэ ягъэува члисэшхуэм (Успенский собор) чыристан диныр Iэтауэ къыщищтэм, Марие цIэуэ къыфIащащ, и нэчыхьри кIэщIу ятхащ. 1563 гъэм Гуащэней щIалэ цIыкIу къыщIэхъуат, ауэ ар куэдрэ псэуакъым. Гуащэней гъащIэ кIыхьтэкъым. Пащтыхьым и гъусэу Вологдэ здэщыIэм, щIыIэр къыщеуэкIри, абы ихьыжащ. Илъэсийщ ахэр зэрызэдэпсэуар. Гуащэр Кремлым дэт, Тхьэшхуэхьыжым и цIэкIэ ягъэува бзылъхугъэ къулъшырыфым (Вознесенский девичий монастырь) щыщIалъхьэжащ, и кхъащхьэри нобэр къыздэсым абы хъума щыхъуащ.
- Гуащэней тыншыгъуэ иIакъым, зыхыхьам захигъэзэ-гъэну хэтами, гугъу ехьащ. Абы и гъащIэр къызэрекIуэкIам IэджэпцIи хэлъщ. Адыгэ жангуащэм теухуа тхыгъэ щхьэхуэ догъэхьэзырри, мыбдеж абы зыщедгъэукъуэдиинкъым.
- Гуащэней и дэлъхухэр — СулътIанкъулрэ Мамсырыкъуэрэ — пащтыхь гулъытэ зыгъуэтахэм ящыщщ. Чыристан диным щихьэм Михаил цIэр зрата СулътIанкъул лIыгъэжьыр игъэлъагъуэу кърым тэтэрыдзэм куэдрэ езэуащ. Зэрыджатэрыхахуэм къыхэкIыу, ар пащтыхьым дзэм и Iэтащхьэ ищIащ, куэд дэмыкIыуи чэнджэщ къызыпих и блыгущIэтхэм яхилъытащ. 1571 гъэм хъан Долэтджэрий Мэзкуу хэщIыныгъэшхуэ къриту къебгъэрыкIуауэ щытащ. Бийр и гущIыIу къызэрихьам къызэщIигъэплъа Иуан ЕплIанэм щысхь имыщIэу и дзэпщхэм ящыщ куэдыр зэтриукIат. Абыхэм яхэхуащ СулътIанкъули.
- Мамсырыкъуэ Мэзкуу щыкIуар 1565 гъэрщ. И къуэш СулътIанкъул хуэдэу, ари шынэ зымыщIэ зауэлI пхъашэт. IэщакIуэт, тегушхуэгъуафIэт: шынагъуэ пэтми, Тэрч и Iуфэм быдапIэхэр щызыухуахэм ар яхэтащ. 1570 гъэм кърым тэтэрхэм гъэру яубыдри, лъэхъуэщым илъэсийкIэ исащ. Къигъэзэжа нэужьи, и адэ Темрыкъуэ хиха гъуэгум текIакъым, псэуху Урысейм хуэпэжащ.
- Мамсырыкъуэ и къуэ Къанщауэ, чыристан диным щихьэм Дмитрий цIэр зыгъуэтар, къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэу щытащ. 1612 гъэм, Мэзкуу бырсырымрэ зэрызехьэмрэ щызэщIищтэм, Пожарскэ Дмитрий гъусэ пэж хуэхъуахэм ар ящыщщ. Къанщауи, и адэхэм яхуэдэу, хъыжьэт, псэемыблэжт, шынэ ищIэртэкъым. Мыужьых зэрызехьэр гъэувыIэным, Мэзкуур полякхэм къаIэщIэхыжыным Къанщауэ IэщэкIи акъылкIи и гуащIэ хилъхьащ. Къэралым зэрыхуэпэжыр къалъытэри, а лъэхъэнэм щыIа IэнатIэ нэхъ лъагэ дыдэр къыхуагъэфэщауэ щытащ. Къанщауэ унагъуэ дахэ иухуат, щIалихрэ хъыджэбзитIрэ игъуэтат. АрщхьэкIэ щIалэхэм щIэблэ къащIэнакъым. Къанщауэ дунейм щехыжым, Темрыкъуэ и къуэпсыр абдеж щыпичащ.
- Къамбулэтыкъуэхэр
- ЕтIуанэ къудамэр къыщежьэр Идар и къуэ Къамбулэт дежщ. Пщышхуэм къыщIэува зэкъуэшихыр хъуэпсэгъуэу, зэшхуэзэесрэ екIу защIэу, бланэрэ Iэчлъэчу зэрыщытым къыхэкIыу. ЛIакъуэм щхьэкIэ Къамбулэтыкъуэхэр жаIэрт,
- Къамбулэт Иуан ЕплIанэм 1578 гъэм тхылъ хуитхыгъат, и къуэ Къэрэщей абы деж къулыкъу щищIэну Iэмал къритыну иту. Пащтыхьыр арэзы щыхъум, Къэрэщей Мэзкуу кIуащ. Чыристан диныр къищтэу Борис зыфIаща щIалэм и цIэр щIэх дыдэ дахэкIэ игъэIуащ. Серпухов къалэм и щIыбкIэ къулыкъу зыбжанэрэ щищIа нэужь, 1591 гъэм ар Тулэ дэт Дзэшхуэм и Iэтащхьэу ягъэуващ. Хъан Къазджэрий Мэзкуу иубыдыну къыщебгъэрыкIуэм, гуащIэу пэщIэтахэм ящыщщ. Абы щыгъуэ яуса урыс уэрэдыжьым мыпхуэдэу хэтщ: «Къэбэрдеижьыр къошэс, зауэлI хъыжьэр къыдошэсыкI». Зи гугъу ищIыр зи зэуэкIэр телъыджэ ящыхъуа Къэрэщейщ. Романовхэ IыхьлыгъэкIэ зэрапыщIам гугъуехь къыхуихьащ абы: тепщэныгъэр яхузэрымыгъэгъуэту Урысейм щекIуэкIа зэрыхьзэрийм и щхьэл мывэм езыри и унагъуэри дихьэжат — Белоозеровэ щIыпIэ пхыдзам ягъакIуэри, абы дунейм щехыжащ.
- Къэрэщей и къуэ Иуани бэлыхь зрагъэшэчахэм ящыщщ. Ауэ Романовхэ бжьыпэр щаубыдыжым, Къэрэщей и быным я пщIэр къаIэтыжащ, мылъкуу яфIэкIуэдари иратыжащ. Иуан цIыхум нэмыплъ яримыту, бжьы зэрынар зэрихыжыфу зэрыщытым къыхэкIыу, IэнатIэ лъагэ куэд къыхуагъэфэщащ, дэтхэнэри къэралым и къуэлыкъу нэхъ лъагэ дыдэхэм ящыщу. Иуан дзэм, хамэ къэрал Iуэхухэм, къэрал мылъкум епха къулыкъущIапIэхэм я унафэщIу щытащ.
- Иуан 1642 гъэм дунейм ехыжащ, бын зыри къыщIэмынэу. Абы и мылъкур 1624 гъэм пащтыхьым къулыкъу хуищIэну Мэзкуу кIуа Къамбулэт и къуэ Къундет къыхуэнащ. Абыи чыристан диныр къищтащ, Яков цIэр и гъусэу. Къундет къэрал лэжьакIуэм иIэн хуей щэн псори хэлът: Iущт, набдзэгубдзаплъэт, жыжьэ плъэт, пэжым и телъхьэт, къикIуэт ищIэртэкъым. Ари дзэ хуэIухуэщIэхэмрэ хамэ къэрал Iуэхухэмрэ епха къулыкъущIапIэхэм я унафэщIу щытащ. Къундет стратег телъыджэт, апхуэдэуи зауэлI хахуэт: полякхэм я щхьэр къаримыгъэIэту езэуащ. Пащтыхь Романов Алексей и лъэхъэнэм щыIа дзэпщ лъэрызехьэхэм ящыщу къалъытэ Къундет.
- Къундет и къуэ Михаил Пётр Езанэм и блыгущIэтхэм ящыщащ. Ар зэрысабийрэ абы щIыгъуу къекIуэкIат. Пётр Езанэр тахътэм дэкIуея нэужь, Михаил и щыпкъагъэр къилъытэри, IэнатIэ нэхъ лъагэ дыдэр — дзыхьэщIэгъуу щытыныр — къыхуигъэфэщат. Михаил Новгородрэ Тобольскрэ дзэпщ пашэу щыIащ, пщэрылъ къыщащI Iуэхухэм хьэлэлу бгъэдэту, дэтхэнэ Iуэхури жану зэфIигъэкIыу. Пётр абы пщIэ хуищIу, фIэлIыкIыу, и псалъэм щIэдэIуу щытащ.
- Тхыдэм лъэужьышхуэ къыхэзынахэм ящыщщ Михаил и къуэ Алексей. Абы къэрал IэнатIэ куэд ирихьэкIащ, ауэ къыхэгъэщын хуейщ ар Сыбырым и тету зэрылэжьар, пащтыхьым и чэнджэщэгъу нэхъыщхьэу, кабинет-министру, хамэ къэрал IуэхухэмкIэ коллегием и президенту, канцлер нэхъыщхьэу зэрыщытар. Къэрал къулыкъушхуэхэр къанэ щымыIэу езыхьэкIа Алексей и адэжьхэм я щапхъэм псэуху тетащ — пцIыр дунейм трилъагъуэ хъууэ щытакъым, пэжым, абы нэр ирищIми, тетт.
- Алексей и быным щыщу балигъыпIэм нэсар ипхъу закъуэращ — Варварэщ. Ар граф Шереметов Пётр щхьэгъусэ хуэхъуауэ щытащ. Мэзкуу хэт Останкино хьэблэр зеяр Идархэщ, иужькIэ Шереметов лъэпкъым къыхуэнами.
- Къамбулэт и къуэпсыр къуэ зимыIа Алексей деж щыпичащ.
- Жылэгъуэт и бынхэр
- Идархэ я лъэпкъыр нобэ зыгъэкIуатэр Жылэгъуэт и щIэблэрщ. Жылэгъуэт и къуэ Къанкъылыш Щэнджэлей и цIэу зы щIалэ иIащ. Абы къуиблрэ хъыджэбзитIрэ къыщIэхъуат. «Мохэр пщы Идархэкъэ, Идархэ я Жылэгъуэткъэ, Жылэгъуэтхэ я Iэгум Вагъуэзэшиблыр доплъэрэ, къан вагъуэ цIыкIуитIыр допсэрэ…», — щыжеIэ зы къебжэкI цIыкIум. Мыри ахэращ зытеухуар: нанэхэр щыхъуахъуэкIэ, «Жылэгъуэт и быну убагъуэ, уи дыгъэ быным сэрэбэгъуэр хихьэ», жаIэ. Зэшхэм ящыщу тхыдэм лъэужь къыхэзынар щIалищырщ — Жылэгъуэт, Мусэлы, Щэнджэлей сымэщ.
- Жылэгъуэт Урысейм щыкIуар 1631 гъэрщ. Чыристан диным щихьэм, Фёдор цIэр иратащ. Пащтыхь блыгущIэтхэм ящыщу ар цIыху гуащIафIэу, лIы пхъашэу щытауэ ятхыж. Жылэгъуэт унагъуэ ищIат, ауэ щIэблэ къыщIэнакъым.
- Мусэлы Кърымым гуащIэу пэщIэта дзэпщхэм ящыщщ. Урысейм дащIа тхьэрыIуэм хуэпэжу Къэбэрдейм къихьэ биидзэм зэрыпэщIэтым къыхэкIыу, абы пащтыхь Михаил и къуэ Алексей и Iэпэр зыщIэлъ тхылъ къыхуэкIуат, ар Тэрч быдапIэхэм я тепщэу къызэрилъытэр иту. Дзэпщ цIэрыIуэт Мусэлы и къуэ Къасболэти. Кърымым гъэр зэтрищIауэ щыта зауэлIхэр щхьэхуит къызэрищIыжам папщIэ, пащтыхьым лъагэу иIэтат. Къасболэт Адэлджэрий и цIэу зы къуэ закъуэ иIащ, ауэ абыи щIэблэ къыщIэнакъым.
- Щэнджэлей чыристан диныр къыщищтэм, Григорий цIэр къыфIащащ. Ар пащтыхь Михаил и къуэ Алексей и блыгущIэтхэм ящыщащ, и гъусэу поляк теуэкIэ зэджэ зекIуэм хэтащ, лIыгъэ щигъэлъэгъуащ. Щэнджэлей япэщIыкIэ Астрахань, итIанэ Царицинэ къалэм я дзэпщ пашэу щытащ. Щэнджэлей Данил и цIэу зы къуэрэ Еленэ и цIэу зы хъыджэбзрэ иIащ.
- Зэшхэм я къуэш Алыджыкъуэ и къуэщ Михаил. Абы иIа пщIэм хуэдэ зиIа нэгъуэщI къэрал къулыкъущIэ тхыдэм къыщыгъуэтыгъуейщ. Пётр Езанэр тахътэм зэрытехьар ямыдэу шабзауэхэм зыкъыщаIэта лъэхъэнэрщ Михаил и Iулыджым щыхэхъуар: Михаил зи лъэныкъуэ иубыдар пащтыхь щIалэрщ. «Шабзауэхэм я иужьрей пщэдджыжьыр» жыхуиIэ Суриков Василий и сурэт цIэрыIуэм къыщыдолъагъу Пётр Езанэм къыбгъурыт лIыжь жьакIэху уардэр. Михаилыр аращ. Мыри жыIэн хуейщ. Хамэ къэрал щыIауэ къыщыкIуэжым, Пётр и блыгущIэтхэм я жьакIэр яупсыну япиубыдауэ щытащ. ЦIыхуищщ абы химыубыдар: патриарх Адриан, Черкасскэ Михаил, Стрешнев Тихон сымэщ. Урысейм япэ генералиссимус хъуари Михаилт.
- Михаил къуищ къыщIэнащ: Василий, Андрей, Борис сымэ. Василий бын иIакъым. Андрей Александр и цIэу зы къуэ иIащ, ауэ абыхэм я къуэпсыр XIX лIэщIыгъуэм и кIэ дыдэхэм щыпичащ. Нобэм къэсар Борис и щIэблэрщ.
- Борис и къуэ Пётр дзэм щыхыхьар Пётр Езанэм и лъэхъэнэрщ. 1735 гъэм абы полковник цIэр къыхуагъэфэщауэ щытащ. Пётр Бахъшысэрей зекIуэм хэтащ. Абдеж щызэрихьа лIыгъэм папщIэ Пётр дзэ пакIищ и IэмыщIэ къралъхьэри, дзэм и бригадир ящIат. 1760 гъэм Пётр Мэзкуу къалэм и Iэтащхьэу трагъэуващ. Абы и тетыгъуэм къалэм хэпщIыкIыу зиубгъуат, пыIудзауэ щыс къуажэхэр къалэм къыхигъэхьат. Пётр и лъапсэжьыр нобэрей Николькэмрэ Ильинкэмрэ я уэрамхэм щызэхыхьэжым деж хуозэ, Черкасскэхэм я уэрамышхуэмрэ уэрам цIыкIумрэ а лъэхъэнэм и щIэинщ.
- Пётр и къуэ Борис ипхъущ дуней псом щыцIэрыIуэ оперэ уэрэджыIакIуэ Черкасскэ Марианнэ. Оперэ гъуазджэм абы хуищIа хэлъхьэныгъэр къэлъытэгъуейщ, апхуэдизкIэ и уэрэд жыIэкIэр хьэлэмэтщи: и макъыр щабэу, ауэ Iуву зэхэту къежьэрэ ищхьэкIэ щыдэкIкIэ пшыналъэу зэрылъэлъу, ауэ «гъущIыкIэхэр» къыхэлъэлъу апхуэдэт. Марианнэ 1918 гъэ пщIондэ Мариинскэ театрым и уэрэджыIакIуэ пашэу щытащ. Революцэм и ужькIэ, къызыхэкIар щхьэусыгъуэ къыхуащIу зэхэзехуэн ящIу щыхуежьэм, хэкур ибгынащ. Абы щхьэкIэ жаIэрт: «И унагъуэцIэм ещхьу и хьэлыр гуащIэщ». Абы щыхьэтщ мы хъыбарыр. И гъусэхэр епцIыжу адмирал Колчак большевикхэм щрагъэубыдым, ар щхьэкIуэ зыщыхъуа Марианнэ итхат: «Колчак епцIыжа генерал Жанен лIыуэ зилъытэжмэ, щIакIуэкIапэ къыздытреувэ, къэхъуа щIэпхъаджагъэр бгъэгъункIэ Iэмал иIэкъым», — жиIэри. «ЦIыхубзым дауэ сыпэувын», — жиIауэ къаIуэтэж Жанен, фэрыщIу пыгуфIыкIри… Марианнэ зэрыадыгэ щылъхур зэи ибзыщIакъым — адыгэ щIыкIэуи напэм ипэ зыри иригъэщакъым.
- Марианнэ Ригэ дунейм щехыжри, абы щыщIалъхьэжащ. ЩIэблэ хъарзынэ къыщIэнащ, псори гъуазджэм пыщIащ, оперэмрэ балетымрэ епхащ.
- Черкасскэ Борис и къуэ Михаил Урысей хыдзэм и контр-адмиралу щытащ. Михаил шыщхьэмыгъазэт, хабзэм теухуауэ къикIуэт имыщIэу ткIийт, пхъашэ щхьэкIэ, залымыгъэр зымыдэт, захуагъэр дэни тепщэ щызыщI хыдзэпщ нэст. Михаил и унафэ щIэт хыдзэлIхэм ар зыми пащIыртэкъым. 1917 гъэм Балтий хыдзэм и штабым и унафэщI Михаил ящIри, революцэр къэхъеиху а IэнатIэм пэрытащ. Ауэ ар плъыжьхэм я ныпым щIэувакъым, хужьыдзэм хэту большевикхэм езэуащ, и щхьэри а зэрызехьэм хилъхьащ.
- ЯхуэфIакъым Идархэ XX лIэщIыгъуэр, лъэпкъыжь куэдым яхуэдэу, кIуэдыпIэм нигъэсащ. Псэууэ къэнахэм я щхьэр хэкум ирахри, хамэ къэралхэм къыщыщIидзащ. Лъэпкъыр нобэ Латвием, Франджым, Америкэм щопсэу.
- Урысейм къинар Михаил къыщIэна и къуэ закъуэ Борис и унагъуэрщ. Мэзкуу дэт къэрал техникэ университетыр къиуха нэужь, Борис зауэ хуэIухуэщIэхэм тещIыхьауэ Кронштадт дэт заводым щылэжьащ, 1943 гъэм къыщегъэжьауэ дунейм ехыжыху ар топ Iэщэ лIэужьыгъуэхэр щызэпкъралъхьэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм щылэжьащ. Борис зы къуэ закъуэ иIащ — Михаил. Абыи къыщIэхъуар зы щIалэщ, 1989 гъэм къалъхуа Михаилщ.
- Тыркум щыпсэу ХьэтIохъущокъуэхэ я нанэм деупщIат, мыпхуэдиз адыгэ щылъхур хамэ лъэпкъхэм яхоткIухьыж, я лIыгъи я гуащIи абыхэм къахуэнэу. Идархэ нэхъ щапхъэфI ухуейкъым, дауэ уеплърэ, жысIэри. «Пэжыр Iуащхьэшхуэм и щыгум телъу къызыщыгъэхъуи, ар къыпIэрыхьэ къудеймэ, а щыгум узэрыдэкI лъэныкъуэм мыхьэнэ иIэжкъым. Идархэ адыгэм яхэмысыжми, зы пэж къыхахри, гурэ псэкIэ хуэщыпкъащ. Ари зы гъуэгущ, ари зы лIыгъэщ. Абы ирикIуэри мащIэкъым», — жиIащ нанэм. Зэгуэр къуэпсыбэу щыта лъэпкъышхуэм къыхэнар зы щIэж закъуэми, щэ и уасэу зы уэстын жыхуаIэм хуэдэщ. Нанэм жиIар пэжу къызегъэлъытэ Черкасскэхэм я иужьрей щIэж Михаил и псалъэм: «Си анэжьхэр мыадыгэми, си адэжьхэр адыгэщ, абыхэм сракъуэпсщ, зесхьэр абыхэм я цIэрщ». ЦIыхум къыхиха пэжыр гъуазэ тэрэзмэ, упэщIэтыфынукъым.
- ТАБЫЩ Мурат,
- «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.