ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2021-10-30

  • Тыркум ис джылахъстэнейхэр
  • Илъэси 150-м щIигъуауэ и хэку имысыжми, адыгэр адыгэу къызэрызэтенам, и бзэ, и хабзэ, и тхыдэ ихъумэу хамэ хэкум зэрыщыпсэум уигу игъэкIуэдыркъым.

  • Апхуэдэу хамэщIым зи адыгэ жьэгу щызыгъаблэхэм ящыщу къыхэбгъэщ хъунущ джылахъстэнейхэр. Тырку къэралыгъуэм ахэр нэхъыбэу щыпсэур Мараш вилайетырщ.
  • Вилайетым и къалащхьэр лIыхъужьыцIэ зезыхьэ Кахраманмараш къалэращ. Абы адыгэ унагъуэ 1500-рэ хуэдиз дэсщ. Адыгэхэм я лъахэу къалъытэ Гёксун къалэм къедза къуажэ 50-м щIигъур. Абы щыщу 23-р адыгэ жылэщ, адыгэцIэ зезыхьэхэри яхэту — Къаншууей, Инаркъуей, Индрей, Астэмрей, Мэргъущей, ХьэпцIей, Ботэщей, Хьэзиз и къуажэ, КъуэжэкIэ, Къарэахьмэд, Анзорей Ипщэ, Анзорей Ищхъэрэ. А бжыгъэм хохьэ абазэхэ къуажиплIрэ зы убых жылэрэ.
  • КъищынэмыщIауэ, дагъыстэн къуажитIрэ зы шэшэн къуажэрэ гъунэгъущи, зэкъуэш хуэдэу зэбгъэдэтщ, я бзэр зырызми, я щэнхабзэр зыщ, зы хасэ йокIуалIэ.
  • Иджыпсту зи ныбжь хэкIуэтахэращ а щIыпIэм нэхъ исыр, зи щIалэгъуэхэр къалэшхуэхэм Iэпхъуауэ Iуэху щащIэ, гъэмахуэм зэхуосыжри, я жылэжь зэманыр щагъакIуэ. Ди лъэпкъэгъухэр апхуэдэу зэрызэбгрыкIар зыкIи сэбэп хъуащ, адыгэр зищIысыр нэгъуэщI лъэпкъхэм кърагъэцIыхуащ, ядэлажьэкIэрэ, ядэгъуэгурыкIуэкIэрэ. Пэжщ, ди жагъуэ зэрыхъущи, а илъэс 30-м къриубыдэу, адыгэхэм я бзэр нэхъ яIэщIэхуащ, лъэпкъ хабзэм нэхъ пэIэщIэ хъууэрэ макIуэ. Ауэ апхуэдэ щыщIэныгъэхэр ягъэзэкIуэжын мурадкIэ гъэмахуэм, цIыхухэм я зыгъэпсэхугъуэм, фестивалхэр зэха-шэ.
  • А щIыналъэм къыщалъхуахэм ящыщу хэкум нэхъ къэкIуэрейщ нэхъыжьыфI, адвокат цIэрыIуэу Истамбыл дэс Тумэ Рэхьми. «Сэ сыкъыщалъхуари, сыкъыщыхъуари, Тыркум и джылахъстэней щIыналъэращ. Истамбыл япэ дыдэу хасэ щаухуэри, иужькIэ дэнэ адыгэ дэсми а лъагъуэм ирикIуащ, апхуэдэу къэунэхуащ дэ дызэкIуалIэу щыта Гёксун Хасэри. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуащ езыхэм захъумэжыныр, къащIэхъуэ щIэблэм адыгэбзэр ирагъэщIэныр. Сэ иджыпсту Истамбыл сыдэсщ, гъэмахуэм сыкIуэжурэ Къаншууей сыщыIэщ. МащIэщ дэсыр, ари сэ схуэдэу загъэпсэхуну къекIуэлIэжхэращ», — къыддэгуэшащ Рэхьми.
  • Тыркум сыт хуэдэ адыгэ Iуэху къыщаIэтми, зи гуащIэ хэзылъхьэхэм ящыщщ Емуз Баязит. Ари Мараш щопсэу, лъэпкъкIэ джылахъстэней щыщщ.
  • — Гёксун Адыгэ Хасэми, ар зэпхыжа КАФФЕД-ми лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI адыгэу дыкъызэтенэжын папщIэ, — жеIэ Баязит. — Адыгэ щэнхабзэр, хабзэр, бзэр ди щхьэр зэрытхъумэжын Iэмалу зэрыщытым къыдэкIуэу, адрей лъэпкъхэми закъызэредгъэцIыху Iуэхущ. Дэ сыт хуэдэ гуфIэгъуэ зэхыхьэ къетхьэжьэми, джылахъстэнейхэм нэмыщI Тыркум ис нэгъуэщI къалэхэм къикIа ди лъэпкъэгъухэри къокIуалIэ, апхуэдэуи тыркухэм яфIэгъэщIэгъуэну къытхохьэ, зэи гулъытэншэу дыкъагъанэркъым вилайет, къалэ унафэщIхэми. Зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым ди бзэр, ди хабзэр, ди пшыналъэм я дахагъыр. Ар ди щIэблэм къагурыдгъэIуэфмэ; лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр бгъэкIуэд зэрымыхъунур, абыхэмкIэ укъызэрацIыхур, ар уи Iэпэгъуу щытмэ, хамэхэм уазэрыхэмыгъуэщэнур зыхащIыкIыу едгъасэмэ, зэи дыкIуэдыжынукъым. Псом хуэмыдэу апхуэдэ гукъэкI ящIыну дыхуейщ еджэну, лэжьэну къалэхэм Iэпхъуа ди щIалэгъуалэм.
  • Адыгэхэр хамэхэм яхэмышыпсыхьыжынымкIэ гугъэ уэзыгъэщIщ иужьрей лъэхъэнэм къэрал унафэщIхэм лъэпкъ мащIэхэм гулъытэ хэха хуащI зэрыхъуар. Ар къыхигъэщащ псэлъэгъу тхуэхъуа Бэязити.
  • — Кахраманмараш къалэм и Iэтащхьэхэр Мараш вилайетым къепха адыгэ къуажэхэм кIуэуэ, абы дэсхэм я псэукIэр зрагъэлъагъуу, я гурыгъу-гурыщIэхэм зыщагъэгъуазэу я хабзэщ. Абыхэм жаIэ зэпытщ илъэс мин хъуауэ лъэпкъ зэхуэмыдэхэр щыпсэу мы хэкум псори дрицIыхуу зэрыщытыр. Апхуэдэу зэгуэр къытхыхьа тырку унафэщIым ди гуапэ ищIат мыр жиIэри: «Адыгэхэм сэ фIыуэ сыкъацIыху, илъэс къэс лъэпкъым ехьэлIа щэнхабзэ фестивалхэр зэгъусэу идогъэкIуэкI. Къапщтэу щытмэ, сэ езым Кавказ лъэпкъхэм куэд щIауэ лъагъуныгъэ яхузиIэщ. Сэ Iуэхугъуэ куэдым срагъэблагъэ. Абыхэм сыщыкIуи, сыхунэмысу къыщызгъани къохъу. Ауэ адыгэхэм сраблэгъауэ зэи къэзгъэнакъым, уеблэмэ сыхуэпIащIэу апхуэдэщ ди зэIущIэм. Ар къызыхэкIыр сыт жыпIэмэ, дызэджа тхылъхэм, тлъэгъуахэм, зыхэтхахэм тепщIыхьмэ, адыгэхэр лIыгъэшхуэ зыхэлъ, цIыхуфI лъэпкъщ. Сытым дежи я гур зэIухауэ апхуэдэщ. Тхыдэм ухэплъэжу щытми, дапщэщи пэжым и телъхьэ, щыуагъэ зыIэщIэмыкI цIыхубэщ.
  • Лъэпкъ зэхэгъэж зыщIым сэ срителъхьэкъым. Дэтхэнэми и бзэ, и хабзэ ихъумэжу къекIуэкIыныр ди къэралым и къулеигъэщ. Мараш къалэ КъуэкIыпIэмкIэ къикIа ди къуэш курдхэри щопсэу. НэгъуэщI лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэри дэсщ. Ахэр псори зэгурыIуэу, зэдэIуэжу апхуэдэщ. Гурэ псэкIэ дызэбгъэдэтщ жысIэмэ, пцIы супсынукъым. Адыгэхэр къапщтэмэ, илъэс мин бжыгъэм щIигъуауэ дызэдопсэу. Абы лъандэрэ зэи зыми я зэран екIакъым, тхыдэм уриплъэжми, къыщыгъэлъэгъуакъым ахэр зыгуэрым емызэгъауэ, лей кIэлъызэрахьауэ. Абы ипкъ иткIэ, ди зэхущытыкIэр фIыщ, къэкIуэнум зэгъусэу дыхуолажьэ, абы щыгъуэми щхьэж и лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэр IэщIэхуркъым».
  • Гуапэкъэ апхуэдэ псалъэ-хэр къалэ унафэщIым жиIэу зэхэпхыну. Абы къищынэмыщIауэ, фэри фощIэ, дэ илъэс къэс адыгэ щэнхабзэм и фестивалхэр идогъэкIуэкI. Апхуэдэ IуэхукIэ ди къуэшхэр хэкум къыщикIым дежи я къулыкъущIапIэм ирагъэблагъэри, хьэщIагъэ ирах. Дэр-кIэ ар пщIэщ икIи гуапагъэщ.
  • Мараш къалэм и парк нэхъ ин дыдэм итщ Шэрджэс Аслъэнбей и фэеплъ сыныр, уеблэмэ а жыг хадэм и цIэр зэрехьэ. Тырку къулыкъущIэхэр адыгэхэм къазэрыхущытым дэри мызэ-мытIэу дрихьэлIащ, щIыпIэ, щIыналъэ Iэтащхьэхэм дахуэзащ. Ахэр апхуэдизкIэ адыгэ хабзэмрэ адыгэ нэсым и хьэл-щэныфIхэмрэ дехьэхри, политикэ гупсысэкIэ лъэпкъ хэмылъу ди лъэпкъэгъухэм къыпхутопсэлъыхь.
  • УэрамыцIэхэм гур хагъахъуэ
  • Израилым ит адыгэ къуажитIым — Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ — куэдрэ я гугъу дощI я адыгагъэр яхъумэжу, пщIэрэ щIыхьрэ яIэу ди къуэшхэр зэрыдэсым къыхэкIыу. Мы тхыгъэр зытедухуар адыгагъэр зэрахъумэ зы Iэмалу къуажэ уэрамхэм адыгэцIэхэр зэрыфIащарщ. Ар щапхъэ зытехыпхъэ Iуэхугъуэ дахэщ.
  • Кфар-Камэ цIыху 3330-рэ дэсщ, ар унагъуэ 1130-рэ мэхъу. Абыхэм я процент 90-р шапсыгъщ, абазэхэхэр, хьэтыкъуейхэр, бжьэдыгъухэр унагъуэ зыбжанэ мэхъу. Зи лъэпкъым къыкIэрыча хъуа, нэгъуэщI дин, политикэ, бзэ зезыхьэ гупым хэхуа, зи бжыгъэкIэ мащIэ ди къуэшхэм я щэнхабзэмрэ псэукIэмрэ а псоми яжь къыщIимыхуу къэнауэ къыщIэкIынкъым. Абы щыпсэу адыгэхэм езыхэм я хабзэ зехьэкIэ, псэукIэ щхьэхуэ зэрагъэпэщыжащ. Езыхэр, дэ дэщхьу, зэрызэджэжыр адыгэщ, «шапсыгъ», «абазэхэ» псалъэхэр къыщагъэсэбэпыр зыщыщ лIакъуэр щызэхагъэкIым дежщ.
  • Ахэр къызыхэкIа лъэпкъым, я адэжьхэм, адыгэ мамлюкхэм яхэлъа лIыгъэмрэ яIа щIыхьымрэ, я хабзэ дахэмрэ нэмысымрэ ирипагэу мэпсэу нобэр къыздэсым икIи къыдэкIуэтей щIэблэр абы зэрыщIапIыкIыр нэрылъагъущ. Къуажэм адыгэбзэ фIэкIа зэрыщыземыкIуэр щыхьэт тохъуэ я лъэпкъ зэхэщIыкIым зэрызиужьам.
  • Щыпсэу къэралыгъуэр фIыуэ къазэрыхущытыр къагъэсэбэпурэ, абы щыщ адыгэхэр я бзэм и пщIэр къызэраIэтыным хущIокъу.
  • Къуажэм ущыдыхьэкIэ гъуэгугъэлъагъуэхэм тет псалъэхэр журтыбзэкIи адыгэбзэкIи тетхащ, IуэхущIапIэу дэтми, уэрамхэми я цIэр адыгэбзэщ зэрытетыр икIи адыгэцIэщ зэрахьэр — Къэбэрдей, Шапсыгъ, Iуащхьэмахуэ, Хъан гъуэгу, Налшык, Псы, Мазэ…
  • Израилым ЭкономикэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэ, Кфар-Камэ щыIэ Адыгэ Хасэм жыджэру хэт Нэпсо Айбэч къытхутепсэлъыхьащ зыплъыхьыпIэхэмрэ щIыпIэ дахэхэмрэ я хъыбархэм. Айбэч ящыщщ къуажэ уэрамхэм адыгэцIэ зэрахьэнымкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьэу ар пхызыгъэкIахэм.
  • — Илъэс зыкъом ипэкIэ щIалэ гуп дызэхэсу ди хъуэпсапIэу къэтIуэтауэ щытащ, ди уэрамхэм адыгэцIэ зэрахьэныр насыпышхуэу къызэрытлъытэр. Ди щIалэгъуэт, ди къару илъыгъуэти, дызэрыгъэгушхуэри Iуэхум дыхуежьащ. УэрамыцIэхэм ятеухуауэ Израилым и къэрал хабзэхэр зэдгъащIэщ, абы папщIэ зызыхуэгъэзапхъэхэм депсалъэри, ди мурадым яужь дихьэмэ, зэрытхузэфIэкIынур къыдгурыIуащ. ЩIалэ хъарзынэхэр хэтт Хасэми, дызэхэтIысхьэри, къэдгупсысащ уэрамхэм цIэуэ хуэдгъэфащэхэр. Нэхъыщхьэу хэтлъагъуэр уэрамым и цIэм укъеджэмэ, адыгэр уигу къигъэкIын зэрыхуейрт, ди сабийхэм ялъагъурэ щыщIэупщIэкIэ псалъэм къикIымрэ ар къыздитхамрэ яхуэтIуэтэныр щхьэпэнут. Хабзэм тету программэ дгъэпса нэужь, Хасэм етхьэлIэри, тхузэрагъэзэхуащ, здегъэхьыпхъэхэм ирагъэхьащ. Зэман текIуэдащ, ауэ зыми къытпиубыдаIакъым, зэрыфлъагъущи, нобэ нэр игъэгуфIэу, гур хигъахъуэу фIэлъщ. Ди щIалэгъуалэм я гугъу пщIымэ, и нэхъыбэр гъунэгъу къалэхэм дэт университетхэм щIотIысхьэ. Зыхуеджэр сыт жыпIэмэ, дохутыр, уэчыл, инженер, егъэджакIуэ IэщIагъэхэр нэхъ къыхах. Дэ куэд диIэщ заводхэм, фабрикэхэм инженеру щылажьэу, бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ егъэджакIуэу, унафэщIу IуэхущIапIэхэм щыIэу. Нэхъыбэр щылажьэр Хайфэрэ Тбериерэщ, ахэр нэхъ ди гъунэгъущи. Ди щIалэ куэдым дзэм, полицэм къулыкъу щащIэ, — жеIэ Айбэч.
  • Мис апхуэдэу Iуэхум бгъэдыхьэурэ зэфIэзыгъэкIырщ адыгэ нэсыр. Израилым исхэм я пщIэрэ я хабзэрэ яхъумэжынымкIэ хьэкъ къазэрытемыхьэр ди нэкIэ тлъэгъуащ.
  • Адыгэгу зиIэ пщащэ
  • Оперэ, классикэ уэрэдхэр Iэзэу утыку къизыхьэ «вагъуэщIэщ» ди лъэпкъэгъу пщащэ БищIо Иман. Пщащэ зэчиифIэр 2008 гъэм фокIадэм и 18-м Иорданием и къалащхьэ Амман къыщалъхуащ. Кавказ зауэжьым и лъэхъэнэм хэкум ирахуауэ щыта адыгэхэм я щIэблэщ уэрэджыIакIуэм и адэ Янал, и анэ Мэг Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыщщ, инджылыз бз30ылъхугъэщ. Иман дэлъхуитI иIэщ: Ехьярэ Iэдэмрэ.
  • Хэкурыс адыгэхэр куэд щIауэ кIэлъоплъ БищIо Иман и творчествэм зэрызиужьым, ирогуфIэ икIи ирогушхуэ ар гъуазджэ утыкум вагъуэщIэ цIыкIуу къызэриувам. Иджыпсту БищIохэ я унагъуэр Америкэм и Флоридэ къалэм щопсэу, Иман абы щоджэ, макъамэми дехьэх. КъищынэмыщIауэ, пщащэм бзэ зэмылIэужьыгъуэхэр егъэшэрыуэ: инджылызыбзэм хуиту иропсалъэ, хьэрыпыбзэмрэ итальяныбзэмрэ фIыуэ ещIэ, адыгэбзэр къыгуроIуэ, ауэ ирипсэлъэну тегушхуэркъым. «Амман щыпсэу си адэшхуэмрэ анэшхуэмрэ ди анэдэлъхубзэр фIыуэ ящIэ. Тхылъи йоджэф икIи мэтхэф. Абыхэм къызэрызжаIэжамкIэ, илъэсищэм щIигъукIэ узэIэбэкIыжмэ, Иорданием Iэпхъуа ди адэшхуэхэм яIурылъа ди бзэр дахэщ, ауэ кIуэдыжыпэным нэсащ. Ар сигу хыхьауэ, адыгэ уэрэдхэр зэрызэзгъэщIэным сыпылъщ икIи мащIэ-мащIэурэ утыку къызохьэ. Сэ си адэм и бзэр зыщызгъэгъупщэнукъым, Кавказми сыщыхьэщIэну си хъуэпсапIэщ. Хэкум и къуршхэр дахэу жаIэ», — жеIэ пщащэм.
  • Иман зэрыцIыкIу дыдэрэ уэрэд жеIэ, дыгъуасэ хуэдэщ бжэмышх иIыгъыу, телевизорым къихьэ уэрэджыIакIуэхэм дежьууэ щыщытар. Илъэситху ныбжьым иту япэ дыдэ итальяныбзэкIэ оперэ уэрэд сценэм щыжиIауэ щытащ. Иджыпсту зэпыу имыIэу уэрэдыщIэхэр ирегъэтх, концертхэм зыхуегъэхьэзыр. Псалъэм папщIэ, ар, и анэр и гъусэу, мазэ кIуам Иорданым и пащтыхь Абдаллэ ЕтIуанэм и унагъуэм иригъэблагъэри, Рагадан быдапIэм концерт щитащ. ДяпэкIэ Нью-Йорк, Вашингтон къалэхэм щитыну концертым зыхуегъэхьэзыр, абыхэм къакIэлъыкIуэу Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я къалащхьэ Дубай кIуэну и мурадщ.
  • НыбжькIэ щIалэ дыдэми творческэ гъуэгу дахэ къызэринэкIащ Иман. Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я Гимныр нэхъыфIу зыгъэзащIэ къыхахын хуейуэ, флоридэдэсхэр уэрэд жыIэнкIэ щызэпрагъауэм, БищIом япэ увыпIэ къихьри, бейсболкIэ чемпионатыр а ГимнымкIэ къызэIуихауэ щытащ. 2017 гъэм Ливаным щекIуэкIа «Хьэрыпхэм зэчиифIэхэр къалъыхъуэ» музыкэ фестивалым ирагъэблагъэри, классик уэрэджыIакIуэ Бочелли Андреа итальяныбзэкIэ игъэзащIэ «Con te partirò» уэрэдымкIэ текIуэныгъэр къихьауэ щытащ. А фестивалыр иуха нэужь, тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыу, Иорданым и пащтыхь Абдаллэ ЕтIуанэм иригъэблагъэри, къэралым и хуитыныгъэм и Махуэм ирихьэлIэу, «ФIыщIэхэм папщIэ» дыщэ медалыр къыхуагъэфэщащ. Сабийхэм ящыщу оперэ уэрэд гугъухэр фIыуэ зэрыжиIэм папщIэ къратауэ иIэщ «Global prodigy» саугъэт лъапIэр.
  • Нэгъаби Адыгейм щекIуэкIа зэпеуэм и къэпщытакIуэхэр дихьэхат Иман и макъ дахэмрэ артист нэсым хуэдэу утыку зэритымрэ. Ар абы щыгъуэм япэу хэтауэ аращ хэкужьым щекIуэкI зэпеуэм, пщащэм адыгэбзэкIэ зы уэрэдрэ академическэ композицэ лъэщрэ игъэзэщIащ.
  • «Ди хабзэхэри, адыгэ фащэри сигу ирохь, сотхъэж ди нанэ адыгэ шхыныгъуэхэр щысхуиупщэфIкIэ. Си творчествэм теухуауэ си адэ-анэм къызат ущиехэм сыщIодэIу, ахэращ сэ си гъуазэ нэхъыщхьэр», — жеIэ адыгэ пщащэм.