ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хэт хъуну Абатэхэр?

2021-10-30

  •  Бзэр зэрылъащIэншэр, бгъэдэлъ зэфIэкIым цIыхум и гупсысэкIэми и дуней еплъыкIэми зригъэхъуэжыфыну зэрыщытыр щIэныгъэм куэд лъандэрэ нахуэ ищIа Iуэхугъуэхэм ящыщщ. Бзэр тхыдэм и гъуджэщ, ауэ сытми жаIакъым. Лъэпкъым и хъуэпсапIэхэри, и гугъапIэхэри, и гукIуэдыгъуэхэри, игу зэщызыгъэуахэри абы къыхэбгъуэтэнущ, ар къэгъэнауэ, къыпхуиIуэтэнущ. Адыгэ жыIэгъуэхэм нэхъ щапхъэ дахэ ухуейкъым лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэм уриплъэжын, гукIэ зыхэпщIэн папщIэ. Мы тхыгъэ кIэщIыр зытеухуар Абатэхэщ. Адыгэ лъэпкъыжьщ, я лъэкIыныгъэри мащIэтэкъым, куэди яхузэфIэкIырт, бзаджагъэкIи къалъэщIыхьэн щымыIэуи ерут. Адыгэ IуэрыIуатэм къыхэнауэ мыпхуэдэ псэлъафэхэр хэтщ: «Абатэхэ я зепхъуэкIэу узэрапхъуаи…», «Уи лъапсэ Абатэхэ щыджэгуа нэхъей», «Ибэу укъэнэнуми, Абатэхэ закъылъумынэ», нэгъуэщIхэри… Иужьрей псэлъафэр иджы дыдэщ щызэхэтхар, ар къызыбгъэдэкIа нанэм абы къикIыр къыгурыIуащэу щымытми, нахуэщ ущием и лъабжьэ гъэсэпэтхыдэшхуэ зэрыщIэлъыр. «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм яфIэгъэщIэгъуэн хъуну къытщыхъуащ, мыпхуэдиз псэлъафэр зыпылъ Абатэ-хэр хэтми я пащхьэ итлъхьэмэ.

  • ИлъэсищэкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм и мафIэ бзийм хэкIуэдэжа лъэпкъхэм ящыщщ Абатэхэ. Зэгуэр лъэпкъышхуэу щытам и цIэм фIэкIа, и щхьэм къыхэнаишхуэ щыIэкъым: илъэсищэ зауэм куэд ихьащ, иужькIэ, Совет къэралыгъуэр щызэфIэувэм, нэхъыбэж ягъэкIуэдащ. Абатэхэ я лъэужь адыгэ тхыдэм къыханащ. Зэгуэр Шапсыгъым и уэркъышхуэу щыта Абатэхэ я цIэр а щIыналъэм къыщыбгъуэтыныр къызэрымыкIуэу гугъущ. Ауэ абыхэм я лъэужьыр иджырей Къэрэшей-Шэрджэсым нобэми щыхэгъуэщэжакъым, уеблэмэ я цIэр телъу ягъэтIысыгъа къуажэр щыIэщ, йофIакIуэ, зеубгъу. Зи гугъу тщIыр Инжыджышхуэ псым и сэмэгурабгъу лъэныкъуэм и бжьэпэм тес Абатэхьэблэщ, иджы Эрсакон жыхуаIэрщ.
  • АтIэ, адыгэ лIакъуэхэм ящыщу Инжыджрэ Уарпрэ я зэхуакум щыпсэуа лъэпкъхэм шапсыгъхэр дауэ къазэрыхэхуар? «Уарп псыхъуэ къыщыщIэдзауэ Псыжь псыхъуэ и сэмэгурабгъум нэс нэхъыбэу исар къэбэрдей, беслъэней, абазэхэ, кIэмыргуей лIакъуэхэращ. Урыс-Кавказ зауэм къела адыгэхэм зэрагъэпэщыжа къуажэхэм я жылэпщхэм я цIэхэм къытепщIыкIа фIэщыгъэхэр зэрахьэ: ХьэтIохъущыкъуей, Дохъушыкъуей, абазэпщ Лэухэ, Бибердхэ, Къылышхэ я къуажэхэр, нэгъуэщIхэри. Ауэ абыхэм я нэхъ гъэщIэгъуэну Уарп и псыхъуэмрэ Инжыдж псыхъуэмрэ дэсащ шапсыгъ жылагъуитI», — щетх филологие щIэныгъэхэм я кандидат Темыр Рае иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэм.
  • Дызэрыщыгъуазэщи, Шапсыгъ щIыналъэр хы ФIыцIэ гъунэм къыщыщIидзэрти, АтIэкIумэ, Псыжь, ЩIыпс и псыхъуэхэр къызэщIэзыубыдэ хэгъэгу зэбгъузэнатIиплIу къыщылът. Абы ШапсыгъышхуэкIэ еджэу щытащ. ЦIэмэз къыщыщIэдзауэ Шахэ, Пщадэ псыхъуэхэм къадэкIуэ щIыналъэр Шапсыгъ ЦIыкIу-кIэ зэджэм хыхьэрт. Шапсыгъ лIакъуэлIэш Абатэхэ нэхъ цIэрыIуэу къахэкIахэм ящыщщ Беслъэнейрэ Убыхрэ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, ахэр шапсыгъхэм я пщышхуэу щытащ.
  • Убых и цIэм тхыгъэхэм зэм Убыш жиIэу, зэми Убыхыу ущыхуозэ. Абатэ зэшхэм зэрахьэу щыта цIэхэр къану зрата лIакъуэхэм я фIэщыгъэу къаIуатэ. Беслъэней и атэлыкъыу щытар беслъэней лIакъуэм щыщти, пщы щIалэм ар цIэуэ фIащащ. Адрейр убыххэм я деж щапIати, Убых къыфIащащ.
  • «Адыгэ лъэпкъым и къэкIуэнур, и дуней тетыкIэнур Уэсмэн къэралымрэ Урысей империемрэ щаубзыхуа лъэхъэнэм Абатэ Беслъэней балигъыпIэ иуват, — щыжеIэ и къэхутэныгъэм Темыр Рае. — Лъэпкъым и пщэдейрей махуэр, езыр хэмыту, къэралышхуитIым зэфIахащ Адрианополь зэгурыIуэныгъэмкIэ. Абы къыщыгъэлъэгъуа щхьэкIуэ шэчыгъуейращ зэгуэрми зым и лъэгущIэтыну щымыта адыгэ лъэпкъыр икIуэтыпIэншэ зыщIар. 1807 — 1812 гъэхэм Урысейм и дзэм, Золотницкэ Пётр зи унафэщIым, Натыхъуей жылэу 40-м щIигъу зэтрикъутащ. Къэзакъ атаман Бурсак и гупым махуитхум и кIуэцIым шапсыгъхэм я къуажэ 18 ягъэсащ. А лъэхъэнэм Абатэ Беслъэней къыгуры-Iуащ и лъэпкъыр кIуэдыпIэм зэрыхуагъакIуэр. 1829 гъэм Беслъэней Тыркум кIуауэ щытащ адыгэхэм я щIыналъэр Урысейм иратар пэжрэ пцIырэ зэхигъэкIыну. Абатэм абдеж къыгурыIуащ Тырку къэралыр Урысейм зэрыпэмылъэщыр къыщагъэпщкIуну яужь зэритыр. АкъылыфIэ, жыжьаплъэ Беслъэней зыхищIэрт, адыгэхэр Урысейм гурыIуэмэ я Iуэху нэхъыфI зэрыхъунур икIи а Iуэхур зэфIихыным иужь итащ. Ауэ адыгэпщхэр, мы Iуэхум зэреплъымкIэ, гупищу зэкъуэуда хъуащ. Япэ гупыр Тыркум и телъхьэт, етIуанэм Урысейм и лъэныкъуэр нэхъ къащтэрт, ещанэ гупми здеIэну лъэныкъуэр иджыри къыхахауэ щыттэкъым».
  • Абатэ зэшхэм я пэщIэщIэгъу хъуауэ нэхъыжьхэм къаIуэтэжыр ХъуэрэлIыкъуэ Хьэмырзэщ. Ари лIакъуэлIэшт, цIэрэ щхьэрэ иIэу, адыгэхэр щхьэхуиту зауэм къыхэкIын, зыми и унафэ щIэмыту, езыхэм я Iуэху зрахуэжу псэун хуейуэ зыгъэув лIы пхъашэхэм ящыщт. ЗэраIуатэмкIэ, Абатэр Тыркум щыкIуэм, ХъуэрылIыкъуэр щIыгъуащ. Нэхъыжьыгъэр зейр Хьэмырзэти, пащтыхьым и пащхьэ ихьэри, здикIа хэкур бэлыхьлажьэм зэрыхэтыр, IэщэфIкIэ зэщIэузэда биидзэм зэрыпэщIэтыр, дэIэпыкъуэгъукIэ тырку пащтыхьым зэрыщыгугъыр, Адыгэ Хэкур мыкIуэды-жу къызэтенэным и гуащIэ хилъхьэну зэрыпэплъэр жриIащ. Пащтыхьми хузэфIэкI хилъхьэну къигъэгу-гъэ хуэдэу зищIащ, ауэ къызэреупщIар нобэми ди лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэ зиIэ зы Iуэхугъуэщ: хэт адыгэхэр зэкъуэзыгъэувэу зы бэракъ щIэзыгъэувэнур? ХъуэрэлIыкIуэм и псэлъэкIамрэ Iэдэбу, и щхьэр ихауэ пащтыхьым зэрепсэлъамрэ адыгэ лIыкIуэ гупым ялъэгъуати, абы жэуапыр пащтыхьым иритыфыну псори хуеплъэкIа щхьэкIэ, псэлъапIэ имыхуэжу, Абатэр къэпсалъэри, «сэращ» жиIащ. ХъуэрэлIыкъуэ Хьэмырзэм игу хигъэщIащ Абатэм зэрихьа псынщIагъэм, ауэ зыри жиIакъым. Лъэпкъым ифI зыхэлъым щхьэкIэ Хьэмырзэ зи тэмакъкIэщIыгъэр езышэхыфыну закъуэтIакъуэхэм ящыщти, зыщыгугъам Абатэр къыщыщIэкIакъым.
  • Абыхэм я къэгъэдэIуэным Абатэхэм бзаджагъэ халъхьауэ, абазэхэхэм, беслъэнейхэм, кIэмыргуейхэм я жылэхэр зэрызэтракъутам Абатэ зэшхэм я ягъэ хэлъу къалъытэу щытащ. Жэщым къэзылъэтыхь удыр хэтми къащIэ, жыхуаIэм ещхьу, Абатэхэ ягу илъ псори къэщIэгъуейт. Урысхэм яхыхьэ-яхэкIыу зэрыщытымрэ абыхэм къыпах хъыбархэр зэхахауэ адыгэхэм къызэрыхуамыIуэтэжымрэ къыхэкIащ абыхэм гурыщхъуэ хуащIыныр, щхьэихауэ я лъэпкъэгъухэм ябгъэдэмы-ту къалъытэныр. Лъэхъэнэр псэзэпылъхьэу щыщытым, зи жьэгу пащхьэ зыхъумэж лъэпкъым гурыщхъуэ ебгъэщIыныр щIэпхъаджэм пэлъытат. Абатэхэ къыхуащI гурыщхъуэм зрагъэгъэзэфакъым, я пщыгъэрэ я лъэкIыныгъэкIэ къыхуаIэ Iулыджыр къагъэсэбэпу щытыкIэм зрагъэхъуэжыфакъым, хэкIыпIэу къагъуэтар зыщ — урысыдзэр щытепщэ Псыжь и ижьырабгъу лъэныкъуэм къэIэпхъуэнырщ.
  • «Кавказым и къухьэпIэ лъэныкъуэм теухуауэ зэхалъхьа картэм Джэджэн псы цIыкIур Уарп щыхэхуэж щIыпIэм 1842 гъэм Абатэхэ я жылэ щыпсэуауэ къыщыгъэлъэгъуащ, ауэ къуажэр зыгъэтIысар Беслъэнейрэ абы и къуэ Щыхьым-Джэрийрэ нахуэкъым, — етх Темыр Рае. — Щыхьым-Джэрий и къуажэр 1893 гъэм нэс Абатэхьэблэу тхыгъэхэм хэтщ, а гъэм и кIэм ар ятхыжащ Эрсакон къуажэцIэр иIэу. Фелицин Евгений и тхыгъэхэм къызэрыхэщымкIэ, а къуажэм дэсащ нэгъуэщI адыгэ лIакъуэхэм ящыщу: къэбэрдейуэ — унагъуэ 29-рэ, беслъэнейуэ — унагъуэ 17, кIэмыргуейуэ — унагъуи 3, хьэтыкъуейуэ — 1 унагъуэ, абазэхэу — унагъуи 4, шапсыгъыу — унагъуи 6, мудавейуэ — 1 унагъуэ, къумыкъуу — 1 унагъуэ».
  • Нобэр къыздэсым тхыдэхутэхэм нэсу яхузэхэгъэкIыркъым Абатэхэ темыгушхуэу сэкъарэ къумалыгъэ зэрахьарэ. ТхылъымпIэр тегъэщIапIэу уимыIэмэ, щхьэихауэ сытри пхужыIэнущ. Ауэ нахуэр зыщи, лъэпкъыр кIуэдыпIэ щит лъэхъэнэм зэфIэкI инхэр зиIа Абатэхэм я зекIуэкIар ядакъым. Аращ яхэр ягъэмысэу, ятелъ хьэкъыр ямыгъэзэщIауэ жиIэу уэрэдыжьхэм къыщIыхэхуэр. Я гум илъыр къазэрыхуэмыщIэм, ялэжь IуэхущIафэхэм щIэуфэ хуащI гупсысэр зэрымынахуэм къыхэкIкIэщ «Ибэу укъэнэнуми, Абатэхэ закъылъумынэ», щIыжаIар.
  • Абатэхэ я цIэкIэ яусауэ уэрэд щыIэщ, я лIыгъэм и мызакъуэу, гурыщхъуэ щIыхуащI къумалыгъэри къыхэщу. Абыи куэд къеIуатэ.
  • Абатэри щIыпцIэм йозашэ, сэрмахуэ,
  • АдрыщIым дзэшхуэхэр къреш, —
  • Ар Абатэ и къуэкIэ ди Беслъэнеижьи.
  • Абыныщхьэм дзэшхуэр щохасэ, сэрмахуэ,
  • Къун и псынэри лъым кърыбогъэIэ, —
  • Ар Абатэ и къуэкIэ ди Беслъэнеижьи.
  • Ра, и тэджэлейри хьэлъэгущ, сэрмахуэ,
  • Уэтэрыгум щепсыхыжар, —
  • Къазий и къуэкIэ ди Пщымахуи.
  • Шапсыгъ быдзышэми ирагъафэ, сэрмахуэ,
  • Кхъуэ лэпсым ефэр къытхуэзышар, —
  • Абатэ и къуэкIэ ди Беслъэнеижьи.
  • ПщIэгъуалэр куэпкъкIэ зэрехуэ, сэрмахуэ,
  • Къэзакъыдзэр щIопщкIэ езыхулIэр, —
  • Мыгу и къуэкIэ ди Хьэбыракъыжьи.
  • Уэ джэжыр къыбогъэщI, сэрмахуэ,
  • Ра, зауэ щIыхьэхукIэ къэзыкIухьыр, —
  • Шырыхъукъуэ гущэкIэ ди Дыгъужьщ.
  • И куэпкъыщхьэм шэжьыр хэлъщ, сэрмахуэ,
  • ЩIытIым дэлъу зауэр, —
  • ХъуэрэлIыкъуэ гущэкIэ ди Хьэмырзэщ.
  • Беслъэнейм къыщызэхехри, сэрмахуэ,
  • Ра, уанэ темыхыуи къэсыжыр, —
  • Щхьэшхуэкъуэ Щыхьымджэрийкъэ, зиунагъуэрэ.
  • Брулым дахэу зегъазэ, сэрмахуэ,
  • ЗэуапIэм IупэкIэ Iуашыжыр, —
  • Щхьэшхуэкъуэ Щыхьымджэрийщ, зиунагъуэрэ.
  • И шухьэ цейри дыщэбгъэщ, сэрмахуэ,
  • ЗэуапIэм бгъэкIэ яфIокIуэ, —
  • Щауэнащхъуэ и къуэкIэ фи Лаур.
  • ПыIэ хужьхэр чыкIэ къреудыр, сэрмахуэ,
  • Тамбырхэр джатэкIэ зэрехуэ, —
  • Вындыжь и къуэкIэ Хьэжбатырщ.
  • УеплъынкIэ шы къуапцIэ нэмытIэщ, сэрмахуэ,
  • Ар къэзымыдэ шухэми къахощыр, —
  • Уа ар Вындыжь и къуэкIэ ди Исмелщ.
  • И щхьэр дзэкум къыщоджыджри, сэрмахуэ,
  • Зауэшхуэр джэгууи къыфIэмыщIи, —
  • Хьэтыкъуей гущэкIэ ди Исмел цIыкIуи.
  • Зигу гущэр Сыбыр Iуащхьи, сэрмахуэ,
  • Зи щхьэр къезыгъэкъутэр, —
  • ЕкъутэкI гущэкIэ Къаплъэни.
  • Псыбэдэсхэм и лIыгъэкIэ яхэIуащ, сэрмахуэ,
  • Абынэ псыхъуэми лъыпсыр щегъажэ, —
  • Хьэуд и къуэкIэ ди Мамсыр хахуи.
  • Данагъуэ сарыкъри къызэбледз, сэрмахуэ,
  • Афицар едзыхыным хуэIэзэщ, —
  • Дыгъужьыкъуэ Къазбэчу джатэрыхахуи.
  • Ра, ишри джатэпэрыкIуи, сэрмахуэ,
  • Дзэбгъум лъыпсыр щегъажэ, —
  • Дыгъужьыкъуэ Къазбэчу сэшхуэгъэбзабзи.
  • Дахэ зи цIэр къыхуолIэ, сэрмахуэ,
  • Лъы гущэмэ я лейщ, —
  • Къуэджэбердыкъуэ Мыхьэмэти.
  • И лъакъуэ лъэныкъуэри хуэлъашэщ, сэрмахуэ,
  • Уанэгум исмэ шэджыблэщ, —
  • Ар ХъуэрэлIыкъуэ и къуэкIэ ди Хьэмырзэщ.
  • Брул гущэр богъэлъэхъу, сэрмахуэ,
  • Зауэгъуэм пIащэ лъыхъуакIуэщ, —
  • Ар ХъуэрэлIыкъуэ и къуэкIэ ди Хьэмырзэщ.
  • Уэрэдыр къэбэрдей адыгэбзэкIэ япэу тыдодзэ.
  • ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа Абатэ Беслъэней и къуэ Щыхьым-Джэрий зы къуэ иIащ, Беслъэн и цIэу. 1896 гъэм къежьа зы тхыгъэм Беслъэн бынибгъу иIауэ къыхощ. Беслъэн и щIэблэр нобэ щопсэу Мейкъуапэ, Краснодар, Сочэ къалэхэм, абыхэм уащрихьэлIэнущ Тыркум, Германием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм.
  • ТАБЫЩ Мурат,
  • «Адыгэ псалъэ» газетым
  • и щIэныгъэ обозреватель.