ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зи IэщIагъэм хуэIэижь

2021-10-30

  • ЦIыхухэр я фэкIэ зэрызэхуэмыдэм хуэдэу, я щэнкIи, я гупсысэкIи, ябгъэдэлъ акъылкIи зэтехуэркъым. Апхуэдэу, ирахьэкI лэжьыгъэ IэнатIэм зэрыхущыткIи зэщхьэщокI. Гурэ псэкIэ и IэнатIэм бгъэдэтыр и лэжьы-гъэм къеIэт, гъуазэ мэхъу, цIыхум щапхъэу ягъэлъагъуэу хуожьэ. И IэнатIэм илъэс куэд щIауэ хьэлэлу бгъэдэтщ Болэтей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщIу лажьэ Пэщол Iэсият. А бзылъхугъэ емызэшыжым, пыплъхьэн щымыIэу зи Iуэхур жыджэрагъ инкIэ езыхьэкIым, сыт хуэдэ фIыщIэ псалъэри хуэфащэщ, къилэжьащи.

  • Пэщол Iэсиятрэ (сэмэгумкIэ) Тэрч щIыналъэм и библиотекэ нэхъыщхьэм и унафIэщI Хьэгъур Мадинэрэ.

    Хэт и цIыхуи и гъащIэр къыпхущIэгъэлъэнукъым, къызыхэкIам, и блэкIам умыIэбэжауэ. Хьэгъур Мухьэмэд ипхъу Пэщол Iэсият и гъащIэр тыншу къекIуэкIауэ пхужыIэнукъым. Иджыри сабийуэ и гур щIыхэщIын куэд и нэгу щIэкIащ. Насыпыншагъэр жыжьэ къыщожьэ жыхуаIэм пцIы хэлъу къыщIэкIынкъым. Мы унагъуэм дежкIэ абы къежьапIэ хуэхъуар Iэсият и адэ Мухьэмэдрэ и шыпхъуищымрэ пасэ дыдэу зеиншэу щыхъуа махуэрщ. Адэ-анэр зыщхьэщыукIуриикIа унагъуэр быным я нэхъыжь, унагъуэ ихьагъащIэ Нурэ, ныбжьышхуэ имыIэми, анэкъилъхухэр IэщIыб ищIакъым, зэщIипIащ, къиIэтащ. Балигъ хъуа нэужь, хъыджэбзхэр унагъуэ ихьащ, щхьэж и псэуныгъэрэ и щыIэныгъэрэ зэригъэпэщыжащ. Ауэ Нурэ и унагъуэ насыпыр кIэщI дыдэу къыщIэкIат — и щхьэгъусэр пасэу щхьэщыкIащ. Насыпыншагъэр и закъуэ къакIуэркъым, жыхуаIэрати, и щIалэ закъуэри фIэкIуэдащ. Шыпхъу нэхъыжьыр и закъуэу унэ нэщIым къыщыщIэнэм, IукIэ зыпIа и анэкъилъхур фIэпсэкIуэд хъури, Мухьэмэд и щхьэгъусэмрэ и щIалитIымрэ щIыгъуу и шыпхъур щыпсэу Ботэщей жылэ Iэпхъуауэ щытащ.

  • И шыпхъум пэгъунэгъуу щIапIэ къиубыдри, унэ ирищIыхьащ. Абы щыпсэуурэ иджыри зы щIалэрэ хъыджэбзищрэ Хьэгъур зэщхьэгъусэхэм зэдагъуэтыжащ. Мухьэмэд и унагъуэ насыпыр зэтеувэж хуэдэт. ЗыщимыгъэнщIа адэ-анэм я IэфIыр бынунагъуэм яритыжыну хущIэкъум ещхьт, апхуэдизкIэ абыкIэ нэхъуеиншэти, гумащIэти. АрщхьэкIэ, Мухьэмэд сымаджэ хьэлъэ хъури, куэд дэмыкIыу дунейм ехыжащ. Зи ныбжь нэмыса сабий быным я нэхъыщIэр Iэсиятт. Абы и адэр ищIэжыххэркъым. Адэм и гуауэр ягъеин ямыухауэ, нэгъуэщI зы гузэвэгъуэшхуи унагъуэм къалъыкъуэкIащ — Iэсият и дэлъху нэхъыжь Толэ, гъунэгъу щIалэ цIыкIуитIым губгъуэм къыщагъуэту къыIэщIалъхьа лагъымыр къыIэщIэуэри, зэшэзэпIэу иукIащ. АдэкIэ зеиншэныр зыгъэунэхуа, и псэугъуэу IэщIэкIа дэлъхум и кIуэдыкIам зэщигуауэ къэтэджа Iэсият а гуIэгъуэхэр кIэрымыкIыж ныбжьу и гъащIэм нобэми къыщыбгъурытщ, гъащIэм иригъэшэча махуаехэр, иджыри сабийуэ и псэм щызэприхуа щIыIэбжьхэр и пкъынэлынэм имыкIыжауэ итщ.
  • Iэсият курыт еджапIэр къиуха нэужь, 1977 гъэм Налшык къалэ дэт, щэнхабзэмрэ узэщIыныгъэмкIэ IэщIагъэ щрагъэгъуэт училищэм щIэтIысхьэри 1979 гъэм щытхъу иIэу ар къиухащ. Зы махуэли димыхыу къыхиха IэнатIэм пщащэр пэрыхьащ — и адэр щалъхуа Болэтей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм къызэгъэпэщакIуэу къагъэкIуащ. Илъэс зыщыплIкIэ а лэжьыгъэм пэрытауэ, 1984 гъэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщIу ягъэуващ, нобэр къыздэсми а IэнатIэм пэрытщ.
  • Пэщол Iэсият и лэжьэкIэм и гугъу пщIымэ, къуажэ администрацэм и Iэтащхьэм деж щегъэжьауэ, жылэдэсхэм я нэхъыщIэ дыдэм деж щиухыжу, и Iуэху зехьэкIэм, и лэжьэкIэм хуэмыарэзы яхэтыныр фIэщщIыгъуейщ. Жылэм сыт хуэдэ махуэщI къыщаIэтми, Iэсият щыпэрытщ. Абы сыт хуэдэ Iуэхугъуэри гунэдж инкIэ егъэнщIыф, псэ хелъхьэ, гуимыхуж махуэшхуэ цIыхум ящещI. А псом къищынэмыщIа, дэтхэнэ Iуэхури адыгэбзэкIэщ зэрыригъэкIуэкIри, абыи Iэсият и пщIэр нэхъ лъагэ ещI, фIыщIэ лей къыхуелэжь.
  • Болэтей къуажэр къэгъэнауэ, зэры-Джылахъстэнейуэ зэпэзэрылъ щыхъуауэ щытащ, мызэ-мытIэуи мы Iуэхур утыкушхуэхэм щытхъукIэ ирахьащ, жылэдэс лIы балигъхэу щэнхабзэм дихьэххэр зыхэт гуп Iэсият къызэрызэригъэпэщыгъар. ИкIи сыт хуэдэ махуэшхуэри къафэкIэ, уэрэдкIэ, гушыIэ екIукIэ абыхэм ягъэдахэу екIуэкIащ. Абы и мызакъуэу, ЩэнхабзэмкIэ и унэм едзылIауэ лажьэ ЦIыхубэ театр къызэригъэпэщри, къуажэдэсхэр абыкIэ дихьэхыу, цIыху куэди еплъыну къыщызэхуэсу зэман щыIащ. А псом и жэрдэмщIакIуэр Пэщол Iэсиятт.
  • Iэсият и унагъуэ насыпри и адэ и жылэжь щызэтеуващ. Лэжьэну къыщагъэкIуам мо пщащэ зэкIужыр, хьэлыфIэ-теплъафIэр, сытми хуэжаныр къуажэ щIалэхэм я нэ къыфIэнат. И насып зыхэлъыр щIэхи нахуэ хъуащ. Ар Пэщол Валерэт. Валерэ щIалэ зэтетт, гъэсат, мэкъумэш лэжьыгъэм хуэIэрыхуэт икIи губзыгъэт. Унагъуэ дахэ зэдэзыщIа Валерэрэ Iэсиятрэ нобэр къыздэсым зэгурыIуэ-зэдэIуэжу, хабзэрэ фIэлIыкIрэ яку дэлъу зэдопсэу. ЗэщхьэгъуситIым пхъуищрэ зы къуэрэ зэдагъуэтащ. Я къуэ Мухьэмэд КъБКъУ-м и медицинэ къудамэр къиухри, Ставрополь и IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ адэкIэ щыхигъэхъуащ, нобэ КъалэкIыхьым судмедэксперту щолажьэ. Хъыджэбзхэм я нэхъыжь Сакимэ КъБКъУ-м филологие къудамэр къиухауэ, нобэ егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр колледжым щыIэщ, абы къыкIэлъыкIуэ Олесэ медучилищэр къиухауэ и IэщIагъэм хъарзынэу иролажьэ, нэхъыщIэ дыдэ Радини КъБКъУ-м и экономикэ къудамэр хъарзынэу къиухауэ, IэщIагъэм иролажьэ. Нэ фыгъуэ зытрамыгъаплъэм хуэдэщ Пэщолхэ я унагъуэри, я зэфIэкI нэхъыбэ хъууэ Тхьэм игъэпсэу!
  • Iэсият унагъуэ ихьа нэужьи, и лэжьыгъэр зымащIэкIэ зэпигъэуакъым. Абы и къалэнхэм къахэхъуами, и гуащэфIыр унагъуэ IуэхукIэ, бын пIынкIэ къыдэIэпыкъуурэ а псом пэлъэщащ. Нобэми и Iуэхум зыщIегъэх хэткъым — щIэх-щIэхыурэ дадэхэмрэ нанэхэмрэ я зэпеуэ-хэр къызэрегъэпэщ, адыгэхэм я зы махуэшхуи гулъытэншэ ищIыркъым, къуажэ щIалэгъуалэм яхуэщхьэпэн, дерс къызыхахын пшыхьхэр, зэхьэзэхуэхэр, зэхэсхэр ирегъэкIуэкI. Iэсият сыт хуэдэ Iуэхугъуэ утыку къримылъхьэми, лъэпкъым ижь лъандэрэ къыддэгъуэгурыкIуэ ди хабзэ дахэхэр мыкIуэдыжынымкIэ, къыдэкIуэтей щIэбэлэм анэдэлъхубзэр яIурылъу, лъэпкъым и блэкIам щыгъуазэу къэтэджынымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, и щхьэпэ къокIуэ.
  • Iэсият хуэдэу адыгэхэм я лIыхъужьхэм, тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ, щIэныгъэлI щэджащэхэр къуажэ щIалэгъуалэм егъэцIыхунымкIэ лэжьыгъэшхуэ езыгъэкIуэкI къэгъуэтыгъуейщ. ЩIэх-щIэхыурэ Iэсият къуажэм адыгэ цIыху цIэрыIуэхэр кърегъэблагъэ, абыхэм жылэдэсхэр яIуегъащIэ, ярегъэпсэлъылIэ, пшыхь дахэхэр ярещIэкI. Мы гукъэкIхэм я уасэр лIапIэ дыдэ зыщIыр абыхэм зэрыкъуажэу зэрыхэтырщ, нэхъыжьи нэхъыщIи хэша зэрыхъурщ. жыпIэнуращи, дунеишхуэм щекIуэкIым къуажэ цIыкIум дэсхэр яримыгъэхъуапсэу хегъаплъэ. IитIыр зэрымыщIэмэ, зэрытхьэщIыркъым, жыхуаIэращи, апхуэдизу яфI зыхэлъкIэ къуажэдэсым къелIалIэ цIыхубзым и гугъуехьыр жылэм зыхамыщIыкIыу щыткъым — зыкъыщIагъакъуэ, псалъэкIи, чэнджэщкIи, IуэхукIи дэIэпыкъуэгъу къыхуохъу.
  • Пэщол Iэсият и лэжьыгъэфIым къэралым гу лъимытэу къэнакъым. Абы тIэуней къыхуагъэфэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, Тэрч щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм къабгъэдэкI ЩIыхь тхылъхэр.
  • Iэсият апхуэдэуи игъэлажьэ гупым я къызэгъэпэщэкIуэфIщ. Ахэр мыхъуамэ, дауи, мурад ищI псоми и Iэр тримыгъэхуэфэнкIи хъунут. Япэу зи цIэр къиIуапхъэр ЩэнхабзэмкIэ и унэм илъэс куэд хъуауэ пшынауэу щылажьэ Дадэ Нинэщ. Мыри зэщIэкIуэж зимыIэ бзылъхугъэ жанщ, зи гъащIэ псор къыхиха гъуэгум хуэщыпкъэу зыхьа цIыху хьэлэмэтщ. Нобэ нэгъуэщI щIыпIэхэм къыщацIыху пшынауэ Iэзэ куэдыр зи гъэсэныр Нинэщ. Уи псэр зыхыумылъхьэ Iуэхур къохъулIэну къыщIэкIынкъым. Ар фIыуэ къызыгурыIуэ Нинэ къыдихьэха ныбжьэщIэхэр зэхьэзэхуэ куэдым хэтащ, фIы и лъэныкъуэкIи зыщагъэлъэгъуащ, ар къэгъэнауэ, япэ увыпIэхэр мызэ-мытIэу къахьащ.
  • Iэсият и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэщауэ щыта ЦIыхубэ театрым и режиссёр Балъкъэр Iэсият и цIэри куэдым ящIэ. IэщIагъэр къегъэпсалъэ жыхуаIэм хуэдэщ Балъкъэрыр. Утыку иришэну сабийхэм абы яригъащIэр джэгукIэм, зыгъэлъэгъуэкIэм я закъуэкъым, атIэ ар псэкIэ зыхэщIэным, къеплъхэм я фIэщ хъууэ гъэхьэзырыным къару ин трегъэкIуадэ. Iэсият игъэхьэзыра дэтхэнэ зы пычыгъуэри, ар гушыIэ ирехъу, гъащIэм и пэж къэзыIуатэ теплъэгъуэу щрет, Iущыгъэрэ пэжыгъэкIэ узэдащ, гупсысэ куукIэ гъэнщIащ.
  • ЩэнхабзэмкIэ и унэм и лэжьыгъэм гуэхыпIэ имыIэу епхащ Балъкъэр Галинэ и IэнатIэри — ар къуажэ библиотекэм и унафэщIщ. Зы Iуэхур гуэр ЩэнхабзэмкIэ и унэм къыщаIэтауэ, Галинэ абы щыхэна, и гуащIэ щримыхьэлIа къэхъуакъым. Адыгэм и щэнхабзэм, и хабзэм, и бзэм теухуауэ екIуэкI хэгъэгу Iуэхухэм Галинэ жыджэру хохьэ. Уеблэмэ, абы и зэфIэкIыр, и IэщIагъэм хэлъ дахагъэр Адыгейм щекIуэкIа лъэпкъпсо фестивалым щигъэлъэгъуауэ щытащ.
  • «Утыку зэрихьэр напэщи, къызэрикIыжыр фащэщ», жаIэ адыгэхэм. Къабзагъэм нэхъ фащэ дахэ ухуейкъым. ЩэнхабзэмкIэ и унэм и къабзагъэм кIэлъыплъ Хьэшыр Эмми и цIэр къиIуапхъэщ. ЦIыхур мы хэщIапIэм къекIуэлIэн щхьэкIэ, щекIуэкI Iуэхугъуэм хэлъ мыхьэнэм къыщымынэу, абы и зэIузэпэщагъми и къарур зыхащIэу къэIэтын хуейщ. АбыкIэ Эммэ лъэкIыр къыпхуэмылъытэну инщ. Узыхэтым уемыщхьмэ, унэм умыкIуэж, жаIэ. Эммэ, и лэжьэгъухэм закъыкIэригъэхуркъым — усэ етх, уэрэд жеIэ, махуэщIхэм жыджэру хэтщ.
  • Пэщол Iэсият цIыху гуащIафIэщ, и мурадхэр жыжьэ нэсу, зригъэхъулIэхэри мымащIэу. ЦIыхур зригъэдэIуэфу, зэфIигъэкI лэжьыгъэм я мыхьэнэм ужьых ямыIэу апхуэдэщ Iэсият. И узыншагъэм кIэрымыхуу, и бынхэм ягъэгуфIэ зэпыту, нобэ хуэдэу къуажэдэсхэм фIыуэ ялъагъуу, лэжьыгъэкIи ехъулIэныгъэхэр иIэу псэуну, и IэнатIэри гукъыдэжу иIэу ирихьэкIыну дохъуэхъу!
  • НЫБЭЖЬ Мышэ.