Ди щхьэм пщIэ хуэдвгъэщIыжи, адрейхэми дыкъалъытэнщ
2021-10-21
- 2022 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм газетхэмрэ журналхэмрэ къезыгъэхьыну хуейхэм я Iэ щIэдзыгъуэр зэхаублащ. АдэкIи къыткъуэтыну хуейхэм Iэмал яIэщ ди ныбжьэгъу пэжу къэнэну.
- Сыт жыпIэн, иужь илъэс тIощIрыпщIым щытыкIэ гугъум къихутащ газетхэр, журналхэр, тхылъхэр — тхылъымпIэм традзэ псори. Щыпсэу бгъуэнщIагъхэм я блынхэм пасэрей цIыхухэм тращIыхьа сурэт къызэрыгуэкI дыдэхэмрэ жыг пхъафэм щратхъа дамыгъэхэмкIэ къежьа хъыбарегъащIэ Iэмалхэр нобэ «дунейпсо бэджыхъым» (интернетым) зэщIищтащи, жып телефонхэмрэ компьютерхэмкIэ жьыми щIэми къэхъукъащIэхэм напIэзыпIэм зыщагъэгъуазэ, щызэрощIэ. Ар гъащIэм и зыужьыкIэщ, упэувкIи узыпэмылъэщынщ.
- Апхуэдэу щыт пэтми, газетхэм я мыхьэнэр зыми лъэныкъуэ хуегъэзынукъым. Псом хуэмыдэу ар лъэпкъ газету щытмэ. Дэ дыкъызытепщIыкIыжауэ 1924 гъэм дунейм къытехьа «Къарэхьэлъкъыр» къыгуэхыпIэ имыIэу ди щэнхабзэм и зы Iыхьэ лъэщ хъуащ. ИужькIэ «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэр», «Къэбэрдей пэж», «Ленин гъуэгу» фIэщыгъэцIэхэм къапхрыкIри, ар, дэ дызэреплъымкIэ, нэхъ хуэфащэ дыдэ «Адыгэ псалъэм» хуэкIуащ икIи ди лъэпкъым ехьэлIауэ республикэми, къэралми, дунейми къыщыхъу Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм сыт щыгъуи фыщыдогъэгъуазэ, фIым дригушхуэрэ Iейр зыхэднэну дыхущIэкъуу.
- ТхылъымпIэкIэ тедза дэтхэнэ къыдэкIыгъуэми и мыхьэнэр къызэралъытэр абы и щIэджыкIакIуэхэм я бжыгъэращ. Иужьрей илъэс зыбгъупщIым ар апхуэдизкIэ ехуэхыу йокIуэкIри, уримыукIытэнкIэ икIи уримыгузэвэнкIэ Iэмал иIэкъым. Къапщтэмэ, 2019 гъэ лъандэрэ «Адыгэ псалъэр» къызэрыдэкI экземпляр мини 2 иримыкъур сыт зищIысыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым ди лъэпкъэгъуу мелуан ныкъуэм щIигъу щыпсэууэ?! Абы къокI КъБР-м адыгэу исым и процент ныкъуэм и ныкъуэжым фIэкIа ар яIэрымыхьэу. ХуэдитхукIэ нэхъ мащIэ ди къуэшхэр щыпсэу Адыгейм я лъэпкъ газетыр унагъуэ мини 5-м щIигъум яIэрохьэ. Мин 60-м нэмыс шэрджэсхэм я «Черкес хэкум» еджэхэр мини 3-м щхьэпрокI. Ахэри куэду пхужыIэнукъым, «Ленин гъуэгур» мин 20-м щIигъуу, «Адыгэ псалъэр» илъэс зыбгъупщI ипэкIэ мини 9-м нэблагъэу къыдэкIыу зэрыщытар къэплъытэмэ.
- АнэдэлъхубзэмкIэ ди республикэм дунейм къыщытехьэ газет закъуэр нэхъыбэм ялъэIэсынымкIэ дяпэкIэ щIэгъэкъуэн нэс къытхуэхъуну дыщогугъ зи лэжьыгъэр сыт щыгъуи куууэ икIи зыубгъуауэ къэдгъэлъагъуэ, зи жьауэм дыщIэту дыкъыдэкI Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентымрэ Правительствэмрэ, Дунейпсо, Къэбэрдей адыгэ хасэхэр, КъБР-м и Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу советыр, «Адыгэбзэм и Гупсэхэр», щIэныгъэлIхэр, тхакIуэхэр, усакIуэхэр, егъэджакIуэхэр… адыгэ зэхэтыкIэмрэ щэнхабзэмрэ хъума хъун папщIэ гууз-лыуз зиIэ дэтхэнэ зыри.
- ФIыщIэ псалъэхэр щхьэхуэу яхужытIэну дыхуейщ нобэ ди газетыр зыIэрыхьа щIэджыкIакIуэ 1841-м. Дэтхэнэ зыми пщIэшхуэ фхуэфащэщ фи унагъуэм адыгэ псалъэр зэрыщывгъэIумкIэ, щIэблэм ар зэрахэфпщэмкIэ — Алыхьыр арэзы къыфхухъу! ДощIэ ди газетым и тедзапщIэр зэрылъапIэри, и чэзум нызэрыфхуамыхьри, нэгъуэщI щыщIэныгъэхэр куэду зэрыщыIэри. АрщхьэкIэ фыщыгъуэзэну дыхуейт: 2022 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм «Адыгэ псалъэр» ныфхуахьын папщIэ щIэфтыну сом 724,8-м щыщу и Iыхьэ пщIанэри дэ къызэрытIэрымыхьэр. Уасэр зыгъэуври, Iэ трезыгъадзэри, зэбгрызыхын хуейри «Урысейм и пощтыращ». Дауи, а псоми ехьэлIа гукъеуэхэр зыхуэгъэзари аращ. Дэри, газетыр дгъэхьэзращи адрейм ди Iуэху хэлъ- къым жытIэу дыщыскъым. ТлъэкI къэдгъанэркъым абы и уасэр нэхъ пудынкIи и чэзум къыфIэрыхьэнкIи. ИкIи пощтзехьэхэм ар къыщыдэкIа махуэм ныфхуамыхьамэ, Iуэхур евмыгъэтIылъэкIыу фыпсалъэ ди газет напэкIуэцIхэм я кIэух дыдэм деж сыт щыгъуи къытеддзэ КъБР-м федеральнэ пощт зэпыщIэныгъэмкIэ и управленэм (76-01-28, 76-01-10) е редакцэм и дэтхэнэ телефонми, фи хэщIапIэр къыжыфIэу. Дэ абыхэм яхуэфэщэн унафэ тэмэм тредгъэщIыхьыну фыкъыдогъэгугъэ. Къезэгъыркъым щIэщыгъуэрэ щхьэпэрэ тщIын мурадкIэ пщэдджыжь нэмэзым къыщыщIэдзауэ жэщыбг хъухукIэ ди къарури, зэфIэкIри, узыншагъэри хэтлъхьэу дгъэхьэзыра, тредгъэдза газетхэр махуитI-щы, тхьэмахуэ, уеблэмэ мазэ дэкIауэ зэхуэхьэсауэ щIэджыкIакIуэхэм хуахьыжыныр. КъыдэкIыгъуэм и щIэщыгъуагъыр къыкIэлъыкIуэм игъэбагъуэущ ди лэжьыгъэр зэрызэтеублар: нобэм хуэгъэпса тхыгъэм уемыджамэ, пщэдей хьэлэмэтыжкъым, адрей хъыбарегъащIэ IэмалхэмкIэ псынщIэ дыдэу зэрызэбгрыкIым къыхэкIыу.
- Ди щхьэм пщIэ хуэдвгъэщIыжи, адрейхэми дыкъалъытэнщ. Дыдейр, ди фIыр, ди сэбэп зыхэлъыр дымыхъумэмэ, хамэр къакIуэу ар къытхуищIэнукъым. «Адыгэ псалъэ» газетри ящыщщ набдзэгубдзаплъэу зыхущытыпхъэ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэхэм, ди къекIуэкIыкIэ пэжыр махуэ къэс зи напэкIуэцIхэм щызэхуэзыхьэсхэм. Зэман дэкIынурэ къытщIэхъуэ щIэблэхэм абыхэмкIи зыщагъэгъуэзэнущ, яджыжынущ адыгэм и тхыдэр. Нобэ IэщIыб ар тщIымэ, пщэдей дгъуэтыжынукъым.