ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Жэпуэгъуэм и 23-м еджакIуэхэм я зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм щIедзэ

2021-10-21

  • Республикэм эпидемие щытыкIэр зэрыщыхьэлъэм къыхэкIыу, КъБР-м и Оперштабым къыхилъхьащ егъэджэныгъэм пыщIа IуэхущIапIэхэр жэпуэгъуэм и 23-м щегъэжьауэ щэкIуэгъуэм и 7 пщIондэ мылэжьэну. Курыт еджапIэхэм къинэмыщIауэ, зыгъэпсэхугъуэ махуэхэр къызэрагъэпэщын хуейщ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ зэкIуалIэ спорт школхэми.

  • Колледжхэм (лицейхэм), щIэныгъэ гуэдзэн щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм егъэджэныгъэ Iуэхур еджапIэхэм емыкIуалIэу зэрырагъэкIуэкIынымкIэ Iэмалхэр къыхалъхьапхъэщ. Апхуэдэуи Оперштабым къегъэув а IуэхущIапIэхэм цIыху куэд зыхэт зэхыхьэхэр къызэрамыгъэпэщыну.
  • Мылажьэхэм, вакцинэхэр зыхезымыгъэлъхьахэм (медицинэ щхьэусыгъуэкIэ хущхъуэр зрамыхьэлIахэри хэту), зи ныбжьыр илъэс 60 икIи нэхъыжьхэм, апхуэдэуи мазих ипэкIэ коронавирус узыфэ зэрыцIалэр зыпкърытахэмрэ унэм къыщIэмыкIыу щIэсын хуейщ, Iэмалыншэ дыдэу зыщIыпIэ кIуэн хуей мыхъумэ.
  • Фигу къэдгъэкIыжынщи, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек интернетым щиIэ социальнэ напэкIуэцIым къыщигъэлъэгъуауэ щытащ коронавирус узыфэ зэрыцIалэм зэрызиубгъум пэщIэтынымкIэ хэкIыпIэ щхьэхуэхэр къызэрыхилъхьэнур.
  • Республикэ УнафэщIым къыхигъэщащ къэралым щекIуэкI эпидемие щытыкIэм еплъытмэ, ди щIыналъэр ику итхэм зэращыщыр, махуэ къэс сымаджэхэм я бжыгъэм цIыхуи 100-м щIигъу къызэрыхэхъуэр.
  • — ИджыпстукIэ республикэм и госпиталхэм гъуэлъыпIэ нэщIхэр щыIэщ, псори зыхэту абыхэм щIэтщ 1430-рэ, лъышэкIэ (кислородкIэ) къызэгъэпэщащ. Госпиталитхум сымаджэу 1369-рэ щIэлъщ, абыхэм ящыщу 505-м я ныбжьыр  илъэс 65-м щIегъу. Реанимацэхэм щIэлъщ цIыхуи 145-рэ, 17-р ИВЛ-м пыщIащ, — жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
  • Республикэм щIэгъэхуэбжьауэ вакцинацэр щрагъэкIуэкI, а хущхъуэр ирахьэлIэн хуейщ цIыху мин 529,3-м, нэгъуэщIу жыпIэмэ, жылагъуэм и процент 80-м. Вакцинэр зыхезыгъэлъхьахэм я бжыгъэр мини 144-м ноблагъэ. Коронавирус узыфэ зэрыцIалэм зэрыпэщIэт хущхъуэр щыхалъхьэ медицинэм и IуэхущIапIэ 87-м.
  • Тхьэхущынэ Ланэ.