ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Псыхъурей и гъуэгуанэ мытыншхэр

2021-10-21

  • Иджырей Псыхъурейр Лафыщхьэблэу къежьащ икIи абы и къекIуэкIыкIэр уи фIэщ хъууэ къэзыIуэтэжар къуажэм щыщ тхыдэдж икIи журналист, къэрал лэжьакIуэ Къарэ Арсенщ. Езым къигъуэтыжа икIи зэхуихьэсыжа дэфтэрхэр щыхьэту къихъыурэ, къэхутакIуэм хуегъэфащэ Лафыщхьэблэм и япэ цIыхухэр мы щIыпIэм епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и тощI — щэщI гъэхэм щитIысыкIауэ. Ипэ IуэкIэ ар ХьэтIохъущокъуэхэ ейуэ щытащ икIи ахэращ зи гугъу тщIы щIы кIапэр къэIэпхъуахэм езытар.

  • Къуажэм узыщрихьэлIэ унэцIэхэм шэч къытепхьэркъым абы щыпсэухэр нэгъуэщI жылэхэм къыдэкIыурэ зэрызэхэтIысхьам. Дауи, къулейсызрэ къулейуэ зэщхьэщыкIырт. Пэжу, иужьрейхэр мыбы зэи щыкуэдакъым. Лафыщым мин хъу шыбз гуартэ иIауэ ягъэхъыбарыж. Езы къуажэдэсхэми шы куэд зэрахуэрт икIи ахэр Гумкъалэрэ (Георгиевск) Къурейрэ (Новопавловск) я къэзакъхэм уасэ къезэгъкIэ иращэрт.
  • МыдэIуэкIэ дыкъэIэбэнщи, Псыхъурейм щыпсэухэм жэпуэгъуэ революцэм зэрыбгъэдыхьэр зэщхьэщыкIащ. Дин щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ Къатхъэн Назир куэдкIэ и фIыгъэщ Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ 1920 гъэм хужьхэм къызэрыIэщIагъэкIыжар. А я къуажэгъу цIэрыIуэм и шэрихьэт полкым хэту зэуащ Лафыщхьэблэ щыщ куэди. Большевикхэм Iэзэу къагъэсэбэпащ муслъымэнхэм яхэлъ фIэщхъуныгъэр: цIыху псори хуитыныгъэкIэ зэхуэдэу щытын зэрыхуейр — дэтхэнэми сыт хуэдэ дин иIыгъынуми хуиту. Ауэ коммунистхэр диныншэхэт, ахэр ятеплъэ хъуртэкъым попхэмрэ ефэндыхэмрэ. Я лъэр зэрагъэбыдэу абыхэм къагъэлъэгъуащ езыхэр зищIысыр. Ауэ Къатхъэн Назир псэухукIэ хущIэкъуащ шэрихьэт хабзэмрэ Совет властымрэ зэригъэкIуну. Ауэ а тIур зэи зэзэгъынутэкъым, аращ зытекIуэдари.
  • Пщыжь-уэркъыжьхэм (совет лъэхъэнэм дызытемыкIыу къэдгъэсэбэпу щыта псалъэхэр къэтхьынщи) я цIэхэр къуажэхэм зэрахьэ мыхъуну 1920 гъэм унафэ къащта иужькIэ Лафыщхьэблэр Шэрихьэт къуажэу зэрахъуэкIащ. Апхуэдэурэ екIуэкIащ илъэс зытIущкIэ, ауэ ари жыжьэ унэзыхьэсыну шытэкъым. ИкIэм-икIэжым къуажэм игъуэтыжащ иджы зэрихьэ цIэр — Псыхъурей. Политикэ гуэри хэлъкъым икIи зыри къодэуэнукъым, здэщыIэ щIыпIэми йозэгъ: Балъкърэ Къетыкъуэрэ (иужьрейр мэзымрэ псымрэ я цIэщ) я кум дэсщ.
  • «Большевик» IуэхущIапIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым япэу къыщызэрагъэпэща колхозхэм ящыщащ. Зауэ нэужьым ар тIу иращIыкIри, хозяйствитI хъуащ. Зэман дэкIри, аргуэру зэхагъэхьэжащ.
  • БлэкIа лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм къэралыр зыхэта зэрыхьзэрийри, дауи, лъэужьыншэ хъуакъым мы къуажэми щыпсэухэм я дежкIи. А зэманым нэхъыфIхэм хабжэу хуежьа «Большевик» колхозыр ягъэлъэлъэжьащ егугъуу, мурад пыухыкIам тету. Мэкъумэш щIэнымрэ Iэщ гъэхъунымрэ фIэкIа нэгъуэщI зыхэпсэукIын зимыIэ цIыхухэр утыкум къинат. АрщхьэкIэ сыт ящIэнт? Ягъэващ, я фэм дагъэхуащ, аурэ хэкIыпIэхэр къагъуэту хуежьащ. ИгъащIэ лъандэрэ лэжьэкIуэжьу, Iуэхум хуэмыщхьэхыу къызэрекIуэкIар къахуэщхьэпащ. Псыхъурей щыпсэухэм хадэм зратащ, пасэу зыкъэзыужь жыгхэр хасащ. Псом хуэмыдэу — мыIэрысейхэр.
  • — Ди къуажэм и псэукIэр IыхьитIу бгуэш хъунущ, — къызжиIащ Псыхъурей и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Батыр ХьэзрэIил. — Нэхъапэм дызытета лъэпкъ проектхэмрэ программэ зэмылIэужыгъуэхэр къыщежьамрэ. Хьэуэ, нэхъапэхэми ди Iэр зэтедзауэ дыщысакъым. Ауэ лъэпкъ проектхэм IэмалыщIэхэр, уеблэмэ нэхъапэм дызыщымыгугъахэр, къытхузэIуахащ.
  • Псалъэм папщIэ, илъэситху-пщIы хуэдиз ипэкIэ зыгъэпсэхупIэ утепсэлъыхьын къудейр къуажэдэсхэм я дежкIэ емыкIу хуэдэт. «Ара дэ дыкъызыхуэтыжыр?» — къыбжаIэнт. Иджы мис «Къалэ теплъэ зиIэ псэукIэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ метр зэбгъузэнатIэ миным щIигъум плиткэхэр иралъхьащ, тIысыпIэ гъэщIэрэщIахэр щагъэуващ, уэздыгъэ дахэхэри ящхьэщытыжу. Жыгхэр, удз гъэгъахэр щагъэтIысащ. Сабий джэгупIэхэр къащыгъупщакъым. Лэжьыгъэ псоми сом мелуани 2-рэ мин 700-рэ текIуэдащ.
  • Спорт комплексми цIыхухэр щыгуфIыкIащ. Мыбы зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щебгъэкIуэкI мэхъу. Iэмэпсымэ псомкIи ирикъуу къызэгъэпэщащ, медкабинет, зытIэщIыпIэ, зытхьэщIыпIэ иIэщ.
  • Ахэр нэхъ «мыхьэнэншэхэращ»: пэжу, ахэр уимыIэми упсэуфынущ, ауэ нэхъ «къыдэдзакъэ» Iуэхухэри дагъэкIащ. Батырым хуабжьу и гуапэ хъууэ я гугъу къысхуещI абыхэм. Километри 7,5-рэ зи кIыхъагъ гъуэгум асфальт тралъхьащ, уэрамищым псы зрикIуэ бжьамиищIэхэр щыдалъхьащ — псори зэхэту километр 1,5-рэ я кIыхьагъыу. Иджы 2022 гъэм псы къыщIэшыпIэщIэ яубрууну щогугъ, а лэпкъ проект дыдэмкIэ.
  • Къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэр кхъахэ хъуащ, цIыху щIыхьэ мыхъужу. Иджы щIэ яухуэну къапэщытщ. Ар сыт и лъэныкъуэкIи зэманым езэгъыу икIи къуажэм и IуплъапIэу щытынущ. Аращи, дызыхыхьэ илъэсми къалэн инхэр зэфIагъэкIыну къапоплъэ.
  • Администрацэм и Iэтащхьэм и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, мыбы Iуэхухэр щекIуэкIыу къыщIэкIынущ, «зы махуи лэжьыгъэншэу щымысын» хабзэм тету. Уеблэмэ дошынэ зы нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху гуэр и гугъу дымыщIу тIэщIэхункIэ. А псори зыхуэгъэзари узэщIыныгъэрщ. 2022 гъэм къуажэм стадион щаухуэнущ тIысыпIэ 300 иIэу, асфальтым метр 400 хуэдиз къиубыду.
  • Ауэ, ищхьэкIэ зытещIыхьар къыщызэрыхэдгъэщащи, къуажэ гъащIэр  губгъуэ лэжьыгъэхэрщ. Фермерхэм мы гъэм гъавэ бэв кърахьэлIащ, иджыпсту пхъэщхьэмыщхьэхэр къыпачыж. Абыхэми яхузэфIэкI халъхьэ псоми я зэхуэдэ Iуэхум. Мыбдеж къыщыдгъэлъэгъуэнщ абыхэм я ахъшэкIэ сабий садыр зыхуей зэрыхуагъэзар. Иджы IуэхущIапIэм псы хуаби иIэнущ. Езы мэкъумэшыщIэхэри хущIокъу сыт и лъэныкъуэкIи зэманым декIуным. Псалъэм папщIэ ягъэуващ къэкIыгъэхэм псы зэрытраутхэ Iэмэпсымэ лъэщхэу 6. Абы бэвагъымкIэ иIэ мыхьэнэр хэти къыгурыIуэ ди гугъэщ.
  • НэгъуэщIми гу лъыттащ мы къуажэм дыщыщыIам. «Псыхъурей» цIэр зезыхьэ къуажэм и дежкIэ емыкIу хъунт мыбы псым и Iуэхур тэмэму щымыгъэувамэ. Дэтхэнэри ехъуэпсэнущ къуажэм и уэрам нэхъыщхьэм и Iуфэм щежэх псышхуэм. Ар я хадэхэм щIагъэхьэ унагъуэхэм.
  • Къэдгъэлъэгъуахэр къызэщIэтIкъуэжынщи, Псыхъурей адыгэ жылэжьым щыпсэухэм зэлIэлIэни гугъу зыщIрагъэхьыни яIэщ. Аращ гъащIэ жыхуаIэжри.
  • Шал Мухьэмэд.