Гъуэгухэм елэжьхэм щIагъэхуабжьэ
2021-10-21
- Урысей Федерацэм и гъуэгум елэжь IэнатIэхэм зыщегъэужьыным хуэгъэзауэ 2018 гъэм къащтауэ щытащ, «Шынагъуэншагъэ икIи фIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгухэр» лъэпкъ проектыр. Ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 83-м лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI абы теухуауэ.
- УФ-р зэрыщыту къэтщтэнщи, зы махуэм, ику иту, гъуэгущIэу километри 5-м нэблагъэ къыщызэIуах, километр 75-р щызэрагъэпэщыж, IэнатIэм епха IуэхущIапIэхэм я бжыгъэр, псори зэхэту, мини 3-м нызэрохьэс, абыхэм цIыху мин 750-м нэблагъэ щолажьэ. Къэдгъэлъагъуэмэ, ахэр автомобиль зекIуапIэщIэхэр зыукъуэдий, жьы хъуахэр зэзыгъэзэхуэж ухуакIуэхэрщ, инженерхэрщ, гъуэгухэм я проектхэр зэхэзыгъэувэхэрщ, ирахьэлIапхъэхэр къыщIэзыгъэкIхэрщ.
- Ди республикэм Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм мы зэманым и нэIэ тригъэтщ цIыхухэр къезышэкI автопредприятэу 19-м, автовокзалрэ автостанцу 7-м, гъущI гъуэгу станцрэ вокзалу 6-м, кхъухьлъэтапIэм, троллейбусхэр зи IэмыщIэ илъ управленэм. Абыхэм, псори зэхэту, цIыху мини 3-м щIигъу щолажьэ.
- Гъуэгу лэжьыгъэхэмкIэ я къалэныр зэрагъэзащIэм къыдэкIуэу, а IэнатIэм и къудамэхэр бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм зэрыхуэхьэзырыр къапщытэ, щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ автомобиль гъуэгуу километр миниплIым нэблагъэр зехьэныр икIи зэгъэпэщыжыныр зэкIэлъыхьауэ къызэрагъэпэщ, а Iуэхухэр зэрызэфIахым кIэлъоплъ.
- УФ-м и Президентым 2000 гъэм гъатхэпэм и 23-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, Гъуэгу хозяйствэм и лэжьакIуэхэм я махуэр жэпуэгъуэм и ещанэ, автомомобилым дихьэххэм ейр — еплIанэ тхьэмахуэ махуэхэм трагъэхуащ. Абы ипэкIэ зэрыщытар аращи, 1980 гъэм СССР-м къыщащтауэ щытащ «Автомобилистым и махуэ» зыфIащар. Ар ирырагъэхьэлIат жэпуэгъуэм и иужьрей тхьэмахуэ махуэм. Иужьым а Iуэхугъуэр «Автомобиль транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмрэ я лэжьакIуэхэм я махуэу» 1996 гъэм зэрахъуэкIат. АрщхьэкIэ, илъэс бжыгъэ фIэкIа дамыгъэкIыу, автомобилистхэмрэ гъуэгуухуэхэмрэ я IуэхущIафэхэр зэрызэщхьэщыкIыр къалъытэри, а тIуми махуэ зырыз хухахащ.
- Гъуэгур экономикэм и Iыхьэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ. А IэнатIэм зегъэужьыным ди республикэми гулъытэ ин щыхуащI. ЕхъулIэныгъэ нэрылъагъухэр яIэу ди гъуэгуухуэхэр я махуэм ирихьэлIащи, дяпэкIи лэжьыгъэ щхьэпэхэр яIэну, я зэфIэкIым хагъэхъуэну ди гуапэщ.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.