ГъащIэр зыгъэнэху
2021-10-14
- Адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ зэгъусэу къэралыгъуэ яIэ зэрыхъурэ 1932 гъэм илъэси 10 ирикъуа къудейуэ арами, щIыналъэм игъуэта социально-экономикэ щытыкIэмрэ абы егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ зэрызыщаужьамрэ япкъ иткIэ, ди щIыпIэм еджапIэ нэхъыщхьэ иIэныр Iэмалыншэ хъуат. ЩытыкIэр къалъытэри, РСФСР-м и Правительствэм 1932 гъэм унафэ къищтащ Къэбэрдей- Балъкъэрым пединститут щхьэхуэ къыщызэIухыным теухуауэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэт ар. Пединститут къызэIуахын и пэкIэ ди лъэпкъ IэщIагъэлIхэр щагъэхьэзыру щытар Орджоникидзе (иджы Владикавказ) дэта Горскэ пединститутырт. КъБКъПИ-м япэ студентхэм папщIэ и бжэр къызэIуихащ 1932 гъэм и бжьыхьэм. Студенти 100 щеджэрт абы и къудамищым: биологие, физико-математикэ, литературэ факультетхэм. Ахэр щIэныгъэм и гъуэгум трашэрт егъэджакIуэ 13-м, профессоритIрэ доцентитIрэ яхэту. Нэхъ иужьыIуэкIэ къызэрагъэпэщащ тхыдэмкIэ, естественно-географиемкIэ, бзэмкIэ къудамэхэр. Зэрылэжьа илъэсхэм къриубыдэу институтым егъэджакIуэ 4200-рэ игъэхьэзыращ. Ар Кавказ Ищхъэрэм и еджапIэ нэхъыфIхэм хабжэу щытащ.
- ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 50 гъэхэм ди къэралым щекIуэкIа щIэныгъэ-техникэ революцэм къигъэува къалэнхэм ящыщт зызыужь экономикэр зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыныр. 1956 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэм КъБАССР-м и Министрхэм я Советым СССР-м и унафэщIхэм я деж игъэхьауэ щытащ Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъур республикэм щыгъэлъэпIэн зэрыхуейм теухуа тхылъ, абы ирихьэлIэу гъэзэщIапхъэу къалъытэхэр иту. А тхылъым щхьэхуэу къыщыгъэлъэгъуат пединститутыр къэрал университет щIыжын зэрыхуейм теухуа жэрдэмри. Нэрылъагъут зызыужь лъэпкъ экономикэмрэ жылагъуэмрэ апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэ зэрыхуэныкъуэр.
- Ар фIы дыдэу къызыгурыIуэт гъащIэм и бэуэкIэр псэкIэ зыхэзыщIэу щыта политик Iэзэ, еджагъэшхуэ Бэрбэч ХьэтIутIэ МутIэ и къуэр. Абы къилъытэрт Къэбэрдей-Балъкъэрым езым и къэрал университет иIэжыпхъэу. IэщIагъэлIхэр нэгъуэщI щIыналъэхэм щагъэхьэзырурэ республикэм лэжьакIуэ къагъэкIуэжыфыну жаIэрт абы къыпэщIэувэхэм, арщхьэкIэ ХьэтIутIэ лIыгъэ къыкъуэкIащ и гупсысэм лъабжьэшхуэ зэриIэр абыхэм къагуригъэIуэну, и мурадхэр зригъэхъулIэну. Бэрбэчым и Iуэху еплъыкIэр къыдэзыIыгъхэри мащIэтэкъым. Лъэпкъ интеллигенцэм ящыщ щIэныгъэлIхэр, IэщIагъэлIхэр мызэ-мытIэу тхащ щIыналъэ, къэрал унафэщIхэм я деж, Бэрбэчым къыхилъхьа жэрдэмыр зэрыIэмалыншэ Iуэхур къыхагъэщу.
- 1957 гъэм мэлыжьыхьым и 5-м СССР-м и Министрхэм я Советым унафэ къищтащ Къэбэрдей пединститутыр и лъабжьэу, ди республикэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет къызэрыщызэIуахым теухуауэ. РСФСР-м и Министрхэм я Советми а зэман дыдэм унафэ ищIащ Налшык мэкъумэш техникумым и унэр, общежитыр, еджапIэм и мылъкур КъБКъУ-м етын хуейуэ. Куэд дэмыкIыу нэгъуэщI зы укази къаIэрыхьащ республикэм и унафэщIхэм: «Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ректору гъэувын тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Бэрбэч ХьэтIутIэ МутIэ и къуэр», — жиIэу иту.
- Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къызэрызэIуахым щымыгуфыкI зы цIыхуи ису къыщIэкIынтэкъым ди щIыналъэм. Абы теухуа гуфIэгъуэ зэIущIэ ин республикэм щекIуэкIащ 1957 гъэм жэпуэгъуэм и 12-м. Ди республикэм и щIэныгъэ-творческэ интеллигенцэм, ди цIыху псоми гуфIэгъуэшхуэр даIыгъыну щIыналъэм къеблэгъат Москва, Ленинград, Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм я лIыкIуэхэр, къэрал унафэщIхэр. Махуэшхуэ зэхуэсым и утыкум доклад щищIат абы и ректор Бэрбэч ХьэтIутIэ МутIэ и къуэм.
- И къулыкъум щыпэрыува япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ ХьэтIутIэ лъэкIыныгъэу, зэфIэкIыу бгъэдэлъ псори ирихьэлIащ еджапIэ нэхъыщхьэм и щIэныгъэ, техникэ лъабжьэр егъэфIэкIуэным, ар нэхъри гъэбыдэным. Абы фIыуэ къыгурыIуэрт щIэныгъэм и зыужьыныгъэм щIыналъэм къыхуихьыну ехъулIэныгъэ лъагэхэр, икIи еджапIэм занщIэу лэжьапIэ къригъэблэгъащ къэралым и математик, физик, химик, филолог цIэрыIуэхэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Бэрбэчым игъэтIылъащ университетым и егъэджэныгъэ-щIэныгъэ лъабжьэ быдэр. Нобэ а еджапIэм зыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэхэми я лъабжьэ, къежьапIэ пэж хъуащ Бэрбэчым абы щыгъуэ иубзыхуа Iуэху зехьэкIэр.
- Къызэригъэпэща университетым Бэрбэч ХьэтIутIэ нэхъыбэм зэреджэр «гъащIэм и нэхугъэ», «зыужьыныгъэм и джэлэс» псалъэхэмкIэт. ИпэжыпIэкIэ а еджапIэ нэхъыщхьэр хъуащ щIэныгъэм ди цIыхубэр хуэзыша нэхугъэ. ФакультетиплIу зэхэту (тхыдэ-филологие, физико-математикэ, инженер-техникэ, мэкъумэш) лэжьэн щIэзыдза еджапIэ нэхъыщхьэр гъуэгуанэщIэ теуващ. ЕджапIэ нэхъыщхьэм и статусыр зэрахъуэжам къалэну къыхуигъэувыр зыхуэдизыр фIыуэ зыщIэ ректорым а лъэхъэнэм куэд зэфIигъэкIащ. КъБКъУ-м зэман кIэщIым къриубыдэу хэпщIыкIыу зиужьауэ, математикэ, физикэ, химие, филологие щIэныгъэхэмкIэ ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьауэ щытат.
- Ди республикэм университет къызэрыщызэIуахар Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ адрей лъэпкъ автономиехэми щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ зыщаужьынымкIэ мыхьэнэ ин дыдэ зиIэ Iуэхугъуэт. А щIыналъэм къриубыдэ автономиехэм ящыщу университет япэу къыщызэIуахар ди республикэращ. КъищынэмыщIауэ, IэщIагъэ куэдым щыхурагъаджэ классикэ университетхэр къэралым къыщызэIухыныр къыщежьари абдежщ.
- Илъэс зэхуэмыдэхэм университетым и ректору щытащ КIэрэф Къамболэт, Лъостэн Владимир, Къарэмырзэ Барэсбий. Дэтхэнэ зыми хузэфIэкI гуащIэ хилъхьащ абы и зыужьыныгъэм. Мы зэманым абы и унафэщIщ техникэ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Алътуд Юрэ.
- Зыужьыныгъэм и гъуэгу кIыхь къызэринэкIащ КъБКъУ-м. IэщIагъэ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт еджапIэхэр гугъуехь щыхэта 1990 гъэхэм университетри хуэзащ лъэпощхьэпо куэдым, ауэ и къарури зэфIэкIри яхъумэу, ямыгъэлъахъшэу, щIыхь иIэу щытыкIэ гугъум къикIыфащ. КъБКъУ-р мылъкукIи, къэхутэныгъэхэр зэрырагъэкIуэкI IэмалхэмкIи, IэщIагъэлIхэмкIи лъэщу зэщIэузэдащ. Къэралым и еджапIэ лъэрыхьхэм халъытэ КъБКъУ-м, иджырей егъэджэныгъэ IуэхущIапIэм зэрыхуэфащэу, университет комплекс зэпэщ иIэщ, лэжьакIуэ, щIэныгъэ, мылъку-техникэ, щэнхабзэ, хъыбарегъащIэ, экономикэ Iэмал псомкIи къызэгъэпэщауэ. Ар япыщIащ къэрал куэдым щыIэ еджапIэхэм.
- КъБКъУ-р къокIуэкI езым и хабзэхэмрэ Урысейм япэу щызэфIэува университет комплексым и фIагъымрэ ихъумэу. ХэпщIыкIыу зиужьащ абы, зэлэжь унэтIыныгъэхэми хэхъуащ. ЕхъулIэныгъэщIэхэр зыIэригъэхьэу, лъагапIэщIэхэр къищтэу лажьэ а еджапIэ нэхъыщхьэм илъэс блэкIахэм игъуэта зыужьыныгъэшхуэм укIэлъыплъмэ, наIуэ мэхъу ар Урысей Федерацэм и еджапIэ нэхъыщхьэ нэхъ пажэхэм зэращыщыр. Абы къыщыдокI щIэныгъэ журналу 5, иIэщ лабораторэ лъэрызехьэхэр, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэшхуэм къыдэкIуэу щIэныгъэ-къэхутэныгъэ купщIафIэхэри щрагъэкIуэкI.
- КъБКъУ-р зызыужь еджапIэ нэхъыщхьэу зэрыщытым и щыхьэтхэм ящыщщ «Webometrics» къэхутакIуэ агентствэм нэгъабэ иригъэкIуэкIа рейтингым, УФ-м щылажьэ еджапIэ нэхъыщхьэ 1129-рэ зыхэтам, абы 85-нэ увыпIэр зэрыщиубыдар. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, 2017 гъэм ирагъэкIуэкIа а къэпщытэныгъэм ди университетым къыщылъысар 116-нэ увыпIэрат.
- Урысей Федерацэм и щIэныгъэ-егъэджэныгъэ центр пашэхэм ящыщ ди университетым щолажьэ IэщIагъэлI 2000-м щIигъу, щIэныгъэ щызрагъэгъуэт студент 11000-м нэсым. Университетым и институти 10-м, зы факультетым, колледжи 4-м щыхурагъаджэ IэщIагъи 100-м щIигъум. ЕджапIэ нэхъыщхьэр къэзыухахэм къахэкIащ Урысей Федерацэм, хамэ щIыналъэ куэдым цIэрыIуэ щыхъуа щIэныгъэлIхэр, егъэджакIуэхэр, инженерхэр, хабзэубзыху, гъэзэщIакIуэ властыр зыIэщIэлъ къэрал къулыкъущIэхэр, хьэрычэтыщIэ лъэрызехьэхэр.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.