Зыгъэпсэхугъуэм махуэм
2021-09-04
- Зэпкърымыхауэ гъэжьа гуэгушыл
- Гуэгушыр ягъэкъабзэри, псы щIыIэкIэ фIыуэ ятхьэщI. Щхьэри, лъакъуэхэри, нэгэгъури, тхьэмщIыгъури зыхуей хуагъазэ. Гуэгушылми, и кIуэцIфэцIми шыгъу щахуэ, фIыуэ хагъэхьэу. ИтIанэ ар дагъэ къэплъа зэрыт тебэшхуэм иралъхьэ, и щIыбыр егъэзыхауэ, кIуэцIфэцIри щIыгъуу. Гуэгушылым и щхьэфэм шатэ щахуэ, псы пщтыр тIэкIу щIакIэри хьэкулъэкIэ ягъажьэ сыхьэтитI хуэдэкIэ. ЩыжьэкIэ езым къыщIэж псыри, шати гуэгушым щыхуэн хуейщ, и теплъэкIэ тхъуэплъ дахэ хъун щхьэкIэ. Лы жьар тебэм кърахыжри, тепщэчым иралъхьэ. Тебэм къина псыри дагъэри яз, езы тебэр ятхьэщIри гъущэу ялъэщIыж, ар мафIэм трагъэувэри тхъу иракIэ. Абы цIыкIу-цIыкIуурэ упщIэта бжьыныху, шыбжий плъыжь сыр хьэжа халъхьэри бжьыныхум дыщафэ къытеуэху ягъэлыбжьэ. Гуэгушылым къыщIэжа лэпс дагъэр щIакIэ, мафIэр цIыкIу ящIри, тебащхьэр тепIауэ дакъикъи 6-7-кIэ къагъавэ. Тебэр къытрахыж, джэдгын хаудэри, и щхьэр тепIауэ дакъикъи 4-5-кIэ щагъэт. Iэнэм щытрагъэувэкIэ, гуэгушыр Iыхьэ-Iыхьэурэ зэпкърах е якъутэ, тепщэчым иралъхьэри бжьыныху лыбжьэ тракIэж. ПIастэ хуабэ и гъусэу пщтыру яшх.
- Халъхьэхэр (цIыху тIощI Iыхьэ):
- гуэгушу — 1 (г 8000),
- тхъууэ — г 200,
- бжьыныху укъэбзауэ — г 300,
- шатэу — г 250 — рэ,
- псывэу — г 150 — рэ,
- лэпсу е псыуэ — г 460 — рэ,
- шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
- Къубатий Борис.
- Урысыбзэ, хьэрыпыбзэ…
- Урысыбзэр славян бзэ гупым хохьэ. Ар цIыху мелуани 170-м я анэдэлъхубзэщ, ауэ абы цIыху мелуан 320-рэ иропсалъэ. А бзэр щызокIуэ Урысей Федерацэм, Белоруссием, Украинэм, Къэзахъстаным, Къыргъызым, нэгъуэщI щIыпIэхэми.
- Хьэрыпыбзэр цIыху мелуан 200-м я анэдэлъхубзэщ, ауэ абы иропсалъэ цIыху мелуан 250-м щIигъу. Сауд Хьэрыпыр, Йеменыр, ОАЭ-р, Оманыр, Кувейтыр, Иракыр, Сириер, Иорданиер, Египетыр, Мароккэр – псори зэхэту къэрал 22-м я цIыхухэр.
- Путунхуа — Китай бзэ гупым щыщщ. Ар цIыху мелуан 800-м я анэдэлъхубзэщ, ауэ абы цIыху мелардым щIигъу иропсалъэ. А бзэм щропсалъэ Китайм, Тайваным, Малайзием, Сингапурым, Вьетнамым, нэгъуэщI къэралхэми.
- Жьы хъуа жыIэкIэхэр
- Хьэлыуэ Iэпищ. ФэрэкI къызэуза сабийр хъужа иужькIэ, хьэлIамэ хуагъавэрт, сабийм и Iэпищым и пIэ тедзауи гъунэгъухэм хуахьырт, я сабийр зэрыхъужам иджы укъыкIэлъыкIуэ зэрыхъунум и щыхьэту.
- Гъуэгудэгъазэ. Мыр адыгэхэм хьэщIэм хуащI пщIэм, кIэлъызэрахьэу щыта хабзэхэм ящыщ зыщ. Къуажэм дэкIыу гъуэгу техьам, хьэщIэ къакIуэу илъагъумэ, къигъэзэжырти къуажэм нэс къигъэблагъэрт, хьэщIэм хуит къищIыжмэ, и гъуэгум пищэжырт.
- Гущэкъуибзэ. Адыгэхэм хабзэу къадекIуэкIыу щытащ зы жэщым жылэм къыдалъхуа щIалэ цIыкIумрэ хъыджэбз цIыкIумрэ я гущэкъу зэхурабзэу. Ахэр балигъ хъуа иужькIэ унагъуэ хъун хуейуэ арат.
- ФокIадэ – сентябрь
- Римлянхэм я япэ мазэу щыта мартым укъыдэбжэмэ, сентябрыр ебланэ мазэщ. «Септембе» псалъэм латиныбзэкIэ «блы» бжыгъэцIэр къикIыу аращ.
- Адыгэхэм а мазэм ехьэлIауэ фIэщыгъэ зыбжанэ къагъэсэбэп: Iуэгъуэ (время молотьбы колосовых), бжьыхьэпэмазэ (начальный месяц осени), гъубжэдэх (название праздника в честь окончания уборки проса).
- Адыгэхэм бжьыхьэм и къихьэныр Вагъуэбэм елъытауэ ябжырт. Япэ бжьыхьэ мазэр иджырей сентябрыр арат, абы и 22-м къихьэу. Бжьыхьэпэ мазэр къихьамэ, гуахъуэ хэх укIуэ хъунущ, жаIэу щытащ. Ар цIыхухэм фIыуэ ягъэунэхуа Iуэхут. Бжьыхьэр къихьамэ, жыгхэм я хэхъуэныр щагъэт, пхъэ кумылэр мэж, пхъэ хъунур ягъэхьэзыр. Мы мазэм щхьэкIэ «Си хьэр цIыху хъуащэрэт» – щыжаIэ зэманщ», — жаIэрт адыгэхэм. ЦIыхукIэ хуэмыщIа унагъуэхэм мэшых щIыхьэху ящIырт. Гъавэ бэв къайхъулIарэ яхузэщIэмыкъуэжмэ, ярикъуным хуэдиз яIуэрти, адрей къэнар щэджу зэтралъхьэрт. ЩIымахуэ щIэкIауэ щэдж уиIэныр фIыуэ, унагъуэ хуэщIам и нэщэнэу ябжырт. Абы къыхэкIыу, зыгуэрым и Iуэху къимыкIамэ, «и щэджыжьыр иIуэжащ» жаIэрт. Мыбы ехьэлIат «хьэм тетыгъуэ» жыхуаIэри. Ар хьэблэм е къуажэм зы хьэм яIэу абы чэзууэ щылажьэу зэрыщытам и щапхъэу къэнащ. ГъавэщIэ кърахьэлIэжам сэджыт, бытыр хуэдэхэр хатыкIын ипэ, «хамэIу-мыхуэ» жаIэрти тхьэлъэIу цIыкIу ящIырт. ГъавэщIэм щыщ япщэфIырти яшхырт, итIанэ псапэ ящIэн щIадзэрт. Гъавэм щыщу бытыру бгъум епщIанэр ятырт; Iэщым, мэл, бжэнхэм – щынэ плIыщI къэс зы яту арат, ауэ нэхъыбэ птынуи фIыт.
- Мы мазэм нэгъуэщI зы тхьэлъэIуи хиубыдэрт – Гъубжэдэх жыхуиIэр. Ар унагъуэ тхьэлъэIухэм ящыщ зыщ. ТхьэлъэIум щынэхъыщхьэр унэгуащэрт. Ар зэрекIуэкIыр мыпхуэдэут. Губгъуэм итахэм ящыщу Iуэн зыухахэм я пщэм гъубжэ дэлъу пщIантIэм къыдыхьэжхэрт. Унэгуащэмрэ сабийхэмрэ гуфIэу абыхэм къапежьэрти хъуахъуэрт, гъэр узыншэу зэрызэщIалъхьам щхьэкIэ тхьэшхуэм фIыщIэ хуащIу. ИтIанэ унэгуащэр Iэбэрти, зыгуэрым и пщэм дэлъ гъубжэр къыдихыну хуежьэрт. АрщхьэкIэ, гъубжэр зи пщэм дэлъым ар къыдригъэхыртэкъым. ИтIанэ унэгуащэм хьэлывищрэ махъсымэ фалъэрэ губгъуэм щыIахэм къахущIихьэрт. Ар къыдыхьэжахэм я нэхъыжьым иритырти, хъуахъуэурэ псоми я пщэм дэлъ гъубжэхэр къыдихырт, ахэр хьэщIэ лъапIэм ещхьу къригъэблэгъэжырт. Мыбы щыгъуэ гъавэщIэр щапщэфI къэхъурт. А гъавэщIэм щыщ яшхмэ, абы иужькIэ хамэ-Iумыхуэ тхьэлъэIури занщIэу ящIу щытащ.
- Зэхуэфащэ зэщауэгъущ
- Закъуэныгъэ нэхърэ — Iэл къыбдис.
- Зэдэшхэ IэфIщи, зэдэфI унэщ.
- Имысрэ сымаджэрэ Iыхьэншэщ.
- КъакIуэ псори благъэщ.
- Къуэш лей щыIэкъым.
- Уи бынрэ уи благъэрэ умыбж.
- Зи щхьэ Iуэху зыхуэмыщIэжыр хамэ IуэхукIэ ерыщщ.
- Къуажэ ин нэхърэ — къуажэ и благъэ.
- Зи щхьэр къабзэ, зи гур бзаджэ.
- Фэ зытетым гу кIуэцIылъщ.
- ФэкIэ щIалэрэ гукIэ лIыуэ.
- Къомыхъуэжынур, къомыщэжынур уи анэрэ уи нитIрэщ.
- ЩIыр бжьэкIэ епщри, къыпыщым тоувэ.
- Дыщ мэжаджэ IэфIщ.
- Зэдэшхэ IэфIщи, зэдэфI унэщ.
- Джэду хьэжы зыкъещI.
- Зэхуэфащэ зэщауэгъущ.
- Зегъэуби, уи бын пIыж.
- Кърум шыр имыIэмэ, зы бзущ.
- Къуажэ дэз Iыхьлы нэхърэ — жылэ и зырыз благъэ.
- Нэм псэр зыщIешэ, гум гур къреджэ.
- Къэбым и IэфIыр
- Хьэжыгъэр (нартыху хьэжыгъэри, гуэдз хьэжыгъэри, нэгъуэщIри) шхыныгъуэ къыхащIыкIын и пэ къихуэу, Iэмал имыIэу кхъузанэкIэ яухуэнщI, жьы щIихун щхьэкIэ.
- * * *
- ГъэшхэкIхэр нэхъ куэдрэ зэIыхьэркъым зэрыт хьэкъущыкъур бинткIэ щхьэщыпхыкIауэ щIыIэпIэ бгъэувмэ.
- * * *
- Къэбыр щагъавэкIэ псы куэд щIакIэмэ, цIынэ мэхъу, и IэфIри щIех.
- * * *
- Ныбапхъэр щалъэскIэ, зэралъэс псым содэ хакIутэ, абы нэхъ псынщIэу егъэкъабзэри, ауэ а содэм егъэкIуэд ныбапхъэм хэлъ витамин С-р.
- * * *
- ТхьэмщIыгъуныбэ, нэкулъ щагъавэкIэ мафIэр драшейркъым, кIэтIий кудар къэуэнущи.
- * * *
- КIэртIоф укъэбзар псы щIыIэм хэлъмэ фIыцIэ хъуркъым.
- * * *
- КIэртIоф пIастэ ящIыну кIэртIоф гъэвар бэлагъкIэ яуб. Иджы нэхъыбэм кIэртIоф гъэвар лыхьэжым щIагъэкI хъуащ. Ар нэхъ псынщIэу зэфIэкI щхьэкIэ, абы кIэртIоф пIастэр фIыцIэ ещI икIи витамин С-р егъэкIуэд.
- * * *
- ДжэдыкIэр щаудэкIэ ар зракъутэр хьэкъущыкъу лащ.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу: 1. ЦIыхубзыцIэ е КъардэнгъущI Зырамыку игъэззащIэ уэрэдыжь. 4. ХъуэпсапIэ, гуращэ. 5. Китайм щекIуэкIа Гъэмахуэ Олимп джэгухэм дыщэ медаль къыщызыхьа адыгэ пелуан. 9. Таурыхъ, шыпсэ, … 10. Жыг … 11. Аруан районым щыщ къуажэ. 12. Iэщ цIыкIу. 15. Нарт лIыхъужь. 16. Цы щабэ зытет, зи гъащIэм и нэхъыбэр псым щызыхь хьэкIэкхъуэкIэ цIыкIу. 18. Зи къупщхьэхэр къыхэщ цIыху уэд. 20. Псыежэх псынщIэ. 21. Дэнэ щIыпIи куэду къыщыкI, Iэщым фIыуэ яшх удз.
- Къехыу: 1. Хамэ къэрал кIуэну щIалэм и … къокI. 2. Зеиншэ. 3. Шатэ е тхъуцIынэ гъэвэжам и щхьэм къытрещIэ. 4. ЦIыху … е псалъэ … 6. ЩIакхъуапхъэ. 7. Бахъсэн районым хиубыдэ къуажэ. 8. Чыцэхэм, мэкъупIэхэм щыпсэу къуалэбзу цIыкIу, щIагъуэу мылъэтэфу. 13. Бий зэрыпхъуакIуэхэм нанэм … хуищIащ. 14. … хэтIасэмэ, пхуэгъэхъужыркъым. 17. … и губжьыр кхъуэм щехьэ. 19. Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и лэжьакIуэ, еджагъэшхуэ, критик. 20. Шым и кIуэкIэ.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- ШыщхьэуIум и 28-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу: 1. Амман. 4. Пхъашэ. 7. Шхуэ. 9. Рим. 10. Акъужь. 11. Хьэрш. 13. Хахуэ. 15. Абазэхэ. 18. Молэ. 19. Санэ. 20. Хукхъуэ. 22. Топ. 24. ЩIэп. 25. ЕнтIыр. 26. Арджэн.
- Къехыу: 2. Мэшбэв. 3. Ажэ. 5. Хъер. 6. Шумахуэ. 8. Кукъу. 12. Шабзэ. 13. Хэхэс. 14. Бзу. 16. Шортэн. 17. Гъунапкъэ. 21. Кхъужь. 23. Пхъы. 24. ЩIэр.