Щэнхабзэ дауэдапщэхэм къалэр дэщIэращIэт
2021-09-04
- КъБР-м и Къэралыгъуэм, Конституцэм, ЩIэныгъэм, Налшык къалэм я махуэхэр ди республикэм Iэтауэ щагъэлъэпIащ.
- А махуэм ирагъэкIуэкIыну яубзыхуа дауэдапщэхэр «ЩIыхьым и мафIэ мыужьыхым» деж къыщыщIадзащ. Япэ ита нэхъыжьыфI-хэм, зи псэр Хэкум щIэзытахэм хуащI пщIэр къагъэлъагъуэу, фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьэри, дакъикъэкIэ хуэщыгъуащ.
- Хэку зауэшхуэм хэтахэм я щIыхьыр ягъэлъэпIащ Налшык къалэм и мэр Ахъуэхъу Таймураз, Ветеранхэм я Налшык къалэ советым и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа, мэрым и къуэдзэхэу Атмурзаевэ Зем-фирэ, Пащты Аслъэн, Мэремыкъуэ Альберд сымэ, нэгъуэщIхэми.
- «Си Республикэ»
- КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща дауэдапщэхэм хэту, фокIадэм и 1-м ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм къыщызэIуахащ «Свой стиль» клубым хэтхэм я сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.
- ЩхъуантIагъэм и курыкупсэм щащIа выставкэр зи жэрдэмыр гупым илъэс куэд щIауэ хэт Пузенкэ Дмитрийщ.
- — Музейм кIуэ зи хабзэхэм, сурэт техыныр фIыуэ зы- лъагъухэм ящIэ илъэс къэс фокIадэ мазэм Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм гъэлъэгъуэныгъэ зэрыщытщIыр. ИджыкIэ музейм и пэшхэр зэрызэпэубыдам къыхэкIыу, жыг хадэм ди лэжьыгъэхэр утыку къыщитхьэну дытегушхуащ, си гугъэмкIэ дыщыуакъым. Къалэдэсхэм ягу ирихьауэ зыкъыдагъащIэмэ, мыпхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэхэр щIэх-щIэхыурэ тщIыну къыдогъэгугъэ, — жеIэ клубым и унафэщI Лукьяненкэ Иван.
- Абы и псалъэхэм пищэу клубым хэт Байсиев Ахъмэт жиIащ ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм къахьа гъэлъэгъуэныгъэм еплъыфыну нэхъыбэм Iэмал зэраIэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, музейхэм кIуэм нэхърэ паркым щызекIуэхэр хуэдэ зыбжанэкIэ нэхъыбэщ.
- «Си Республикэ» гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщрахьащ Лукьяненкэ Иван, Байсиев Ахъмэт, Журт Хьэсэн сымэ я сурэт гъэщIэгъуэнхэр.
- Къыхэгъэщыпхъэщ «Свой стиль» клубыр мыинми (цIыху пщыкIутху хэту аращ), зэман кIэщIым къриубыдэу цIэрыIуэ зэрыхъуар.
- — Сурэт техыным куэд дехьэх, ауэ сурэт техыным и хабзэхэм хуеджэну, абы тетыну хуейхэр закъуэтIакъуэщ. Ди республикэм щылажьэхэр портретым нэхъ гугъу дохь, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, и нэхъыбэм сурэт ятетхыу яфIэфIкъым, абы елъытауэ, щIыуэпсым дихьэххэм я Iуэхур куэдкIэ нэхъ тыншщ, — жиIащ сурэттех Iэзэ Подвэ Александр.
- «Свой стиль» клубым и гъэлъэгъуэныгъэм республикэм щыпсэухэмрэ и хьэщIэхэмрэ ящыщ цIыху куэд къызэтеувыIэурэ еплъащ.
- ГъуазджэхэмкIэ Налшык дэт сабий школ №1-м щIэсхэм абдеж къыщызэрагъэпэща концерт гъэлъэгъуэныгъэм нэхъыбэж къришэлIат.
- ГуфIэгъуэм зэщIиIыгъэт
- Налшык къалэр гуфIэгъуэм зэщIищтат, дэнэкIи макъамэ къыщыIурт, школ фащэ екIухэмкIэ хуэпауэ, япэ классым кIуэ ныбжьыщIэ цIыкIухэм я дыхьэшх макъыр зэхэпхырт.
- «Восток» кино гъэлъэгъуапIэм и гупэм «Родник» къэ- закъ хорымрэ зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм я «Эстафета» хор гупымрэ зыкъыщагъэлъэгъуащ.
- Къалэщхьэм и Искож хьэблэм «Налшык — фIыщэу слъагъу си къалэ» фIэщыгъэм щIэту сабийхэр щызэпеуащ асфальтым сурэт тещIэнымкIэ . Ар къызэригъэпэщащ сабий творчествэмкIэ «Эрудит» центрым. Зэпеуэ нэужьым махуэшхуэхэм хуэгъэпса концерт щагъэлъэгъуащ абдеж.
- Сабийхэм эстетикэ гъэсэныгъэ етынымкIэ Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ центрыр концерт гъэщIэгъуэнкIэ къалэдэсхэм я пащхьэ ихьащ.
- Къэбэрдей уэрамым щекIуэкIащ «Прогулка с автором» фIэщыгъэм щIэт Iуэху дахэ, уэрам гъуазджэм и фести- валь. Пщыхьэщхьэм щагъэлъэгъуа фильмым цIыху куэд кърихьэлIат. Абы ирихьэлIэу кхъухьлъатэтедзапIэм и гъунэгъу хьэблэм «Гъэмахуэр едгъэжьэжу» фIэщыгъэм щIэт щIалэгъуалэ акцэ щрагъэкIуэкIащ.
- ШахматхэмкIэ улъэщ-улъэщ?
- ФокIадэм и 1-м КъБР-м игъэлъапIэ гуфIэгъуэ зыбжанэм егъэщIылIауэ Налшык къалэ администрацэм физи-ческэ культурэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ управленэмрэ «Шахматхэмрэ шашкэхэмкIэ Ладья спорт школымрэ» шахматхэмкIэ турнир къызэрагъэпэщри ирагъэкIуэкIащ.
- «Каисса» шахмат клубым щекIуэкIа зэпеуэм илъэси 7-17-м ит ныбжьыщIэ 28-рэ хэтащ.
- ЗэпэщIэувэныгъэ гъэщIэгъуэнхэм, уеблэмэ гуащIэхэм яужькIэ увыпIэхэр мыпхуэдэу ягуэшащ:
- Нэхъыжьхэр:
- 1.ТекIуий Эмир
- ПIаз Тенджыз
- Хъуран Камиллэ
- Хъыджэбз цIыкIухэм я деж:
- 1.Бабгуей Дисанэ
- Жыгун Алинэ
- БжьыхьэлI Каролинэ
- Илъэсийм нэсхэм я зэпеуэм:
- 1.Нартокъуэ Микаэль
- Зимин Давид
- КъуэщIысокъуэ Нурхьэлий
- Илъэс 14-м нэс зи ныбжьхэм я деж пашэныгъэр щызубыдар ТекIуий Валерэщ.
- КъызэгъэпэщакIуэхэр зэпеуэм хэта ныбжьыщIэхэм ехъуэхъури, медалхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ иратащ.
- Инэрокъуэ Данэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.