ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЗэпыщIэныгъэхэр ягъэбыдэ

2021-08-26

  • КъБР-м Граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ Мэздэгу Адыгэ хасэмрэ илъэс къэс къызэрагъэпэщ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэ напэкIуэцIхэр» щIыналъэ фестивалыр мы гъэм Налшык къалэ щекIуэкIащ.

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэщIащ Осетие Ищхъэрэ — Аланием ис мэздэгу адыгэхэр. Къахуеблэгъахэм щэбэтым и бжэхэр яхузэIуихат Налшык къалэ дэт Лъэпкъ музейм. Абы зыщаплъыхьа, адыгэм и тхыдэм, и псэукIам, Iэщэ-фащэм, къагъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэм, нэгъуэщI куэдми зыщагъэгъуэза нэужь, хьэщIэхэр яшащ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и хэщIапIэм. Абы ди къуэшхэмрэ шыпхъухэмрэ щрагъэлъэгъуащ адыгэ къэфэкIэм и щэхухэр икIи къэфэным зыхуигъэсэну жэрдэм зиIэ псоми ди ансамбль цIэрыIуэм и солистхэм дерс иратащ.
  • Шэджагъуэ хуэкIуэ щыхъум щIидзащ зи лъахэ исхэмрэ хамэ щIыналъэ щыпсэухэмрэ нэхъри зэпызыщIэ, гъэ къэс къызэрагъэпэщ фестивалым.
  • КъБР-м граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ КIурашын Анзор фестивалым хэтхэм захуигъэзащ:
  • — Хуабжьу ди гуапэщ зи чэзу зэIущIэм зэкъуэшхэр гуапэу Налшык дызэрыщызэхуишэсар, — жиIащ абы. — Пандемиер зэран хъуми, фэ фыкъедгъэблагъэмэ нэхъ къэтщтащ. ФIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ Осетие Ищхъэрэ – Аланиемрэ Мэздэгу районымрэ я унафэщIхэм. Мы фестивалым мыхьэнэшхуэ иIэщ щэнхабзэхэм зегъэужьынымкIэ, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэнымкIэ. Абы къыхэкIыу, дяпэкIи дызэдэлэжьэну, дызэкIэлъыкIуэну си гуапэщ.
  • КIурашын Анзор хьэщIэхэм ящыщу лъэпкъ зэхущытыкIэм телажьэ IэщIагъэлIхэр щIыхь тхылъхэмкIэ игъэпэжащ икIи ехъуэхъуащ ящIэм фейдэ къыпэкIуэу иджыри куэдрэ къызыхэкIа лъэпкъым хуэщхьэпэну.
  • Осетие Ищхъэрэ — Аланием лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Цуциев Аслъэн Налшык къызэрыкIуар, и къуэшхэм зэрахуэзар зэригуапэр жиIащ. «Дэ лъэпкъитIри, хэгъэгухэри ижь-ижьыж лъандэрэ къыддекIуэкI хабзэм, цIыхугъэм дызэпещIэ. Дэри абы дытетын хуейщ. Ди Iэтащхьэмрэ фи республикэ унафэщIымрэ дяпэкIи зэрызэдэлэжьэнум теухуауэ зэгурыIуэныгъэм Iэ зэрыщIадзрэ куэд щIакъым, дэри мис а лъагъуэм дытету дызэкIэлъокIуэ, дызэдолажьэри, Тхьэм ди гъуэгур кIыхь ищI», — къыхигъэщащ Цуциевым.
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий псалъэ щратым жиIащ Мэздэгу Адыгэ хасэм илъэс къэс и лэжьыгъэр иригъэфIакIуэу къызэрыгъуэгурыкIуэр.
  • — Мэздэгу адыгэхэмрэ ахэр зыхэс осетинхэмрэ зэныбжьэгъугъэ, зэкъуэшыныгъэ, гуапагъэ, гулъытэ я зэхуаку дэлъу илъэс куэд щIауэ къызэрызэдекIуэкIым ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым. Зы унагъуэ хуэдэу ахэр щызэхэсщ Осетие Ищхъэрэ — Аланиеми Ставрополь крайми. Апхуэдэ дыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрми щопсэу осетинхэр, дэри ди къуэшым хуэдэу дахущытщ абыхэм. Мис ахэращ Урысей Федерацэм и лъэщагъыр зыгъэбыдэр, лъэпкъыр уардэ зыщIыр, — жиIащ Хьэутий.
  • Мэздэгу район администрацэм и Iэтащхьэ Яровой Олег жиIащ мэздэгу адыгэхэр, я адэжь щIэинхэр яхъумэу я хэгъэгум зэрисыр, республикэм зиужьынымкIэ, и Iуэху ефIэкIуэнымкIэ абыхэм ялъэкI къызэрамыгъанэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэ — Аланием, Ставрополь крайм я зэхуаку щэнхабзэ, лъэпкъ зэпыщIэныгъэхэр, зэныбжьэгъугъэ дэлъынымкIэ Мэздэгу Адыгэ хасэм лэжьыгъэшхуэ зэрыригъэкIуэкIыр.
  • Апхуэдэ Iуэху дахэм къыщызэхуэса цIыхухэри зэрыпсэ къабзэр, абыхэм уахэтыну зэрыгухэхъуэр къыхигъэщащ Мэздэгу Адыгэ хасэм и тхьэмадэ Факъуэ Руслан.
  • Зэхыхьэм теухуа гуфIэгъуэ пшыхьыр гукъинэжт. Ар къызэIуихащ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым. Бысымхэм нэмыщI, пшыхьым уэрэд щыжаIащ мэздэгу адыгэхэми, нэгъуэщI хэгъэгухэм ис ди лъэпкъэгъухэми фIыуэ ялъэгъуа уэрэджыIакIуэ Iэзэ, Мэздэгу хасэми жыджэру хэт ХьэбытIэ Вячеслав, «Мэздэгу адыгэхэр» гупым.
  • ХьэбытIэ Вячеслав къызэрыджиIамкIэ, ди лъэпкъэгъухэр арэзыуэ, хэкум къызэреблэгъам ину игъэгушхуауэ ежьэжахэщ. «Илъэс къэс дымыщIэ гуэр къыщытщIэу, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъуж Iуэхухэр кърахьэжьэу йокIуэкI мы фестивалыр. Мы гъэм пандемием и зэранкIэ ди къуэшхэр Мэздэгу нэмыкIуэфами, дэ дыкърагъэблэгъащ. Хуабжьу дигу ирихьащ Налшык щекIуэкIа фестиваль гукъинэжыр. Абы зэкъуэшхэр нэхъри дызэпищIащ икIи дызыхэс лъэпкъымрэ адыгэхэмрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэр нэхъ зэпэгъунэгъу ищIащ».
  • Тхыгъэри сурэтхэри зейр НэщIэпыджэ Замирэщ.