ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КхъуейплъыжькIэрыщIэм   и пщIэм хохъуэ

2021-08-24

  • «Дунейм къытехьа сабийм адыгэхэм хуащIэ, хуалэжьым хуэдиз хуэзыщIэу хабзэ зиIэ лъэпкъ куэд щыIэкъым!», — щитхащ МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэхэр» тхылъым. Апхуэдэу щытми, зэманым   зэрызихъуэжам и нэщэнэу, кхъуейплъыжькIэрыщIэм гулъытэ нэхъ хуамыщIыж хъуащ. Аращ ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъым къыддекIуэкI кхъуейплъыжькIэрыщIэм нобэ псэщIэ хэзылъхьэж, гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр езыгъэкIуэкI джэгуакIуэ, журналист Джэдгъэф Беслъэн зыщIыхуэдгъэзам и щхьэусыгъуэри.

  • — Сабий къэхъуам цIэ фIаща нэужь къыкIэлъыкIуэ нэгузыужь дахэу щыта кхъуейплъыжькIэрыщIэр Iэпэдэгъэлэл ящIа ди хабзэ дахэхэм зэращыщым гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къадэкIуэу, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэми щIэупщIэ щызиIа мы хабзэр илъэсиплI хъуауэ къызэрыбгъэщIэрэщIэжым дыщыгъуазэщ, Беслъэн. Лъэпкъ хабзэм гулъытэ хуэпщIыныр сыт къызыхэкIар?
  • — Адыгэ хабзэм ехьэлIа дауэдапщэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызызогъэпэщ, ди лъэпкъ щэнхабзэр зи лъабжьэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ хузиIэу. Нэхъ мащIэрэ ирагъэкIуэкI хъууэ IэщIыб ящIу хуежьа Iуэхугъуэхэм ящыщ кхъуейплъыжькIэрыщIэр къэдгъэщIэрэщIэжыну зэричэзум сыхуигъэушащ апхуэдиз дахагъэ зыхэлъ хабзэр цIыхубэм яIэщIэхужынкIэ зэрышынагъуэм. Абы щыгъуэми а Iуэхугъуэм зэманым декIуу зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн зэрыхуейри къэслъытащ.
  • А хабзэм ехьэлIа видео куэд нобэ къэмысами, япэм ар зэрырагъэкIуэкIыу щытам теухуа нэ-тын гуэрхэри къэзгъуэтыжащ. КхъуейплъыжькIэрыщIэм ехьэлIауэ тхыдэм, архив дэфтэрхэм къыхэна тхыгъэхэм ящыщу сызэджахэр, нэхъыжьхэм я чэнджэщхэр къысхуэщхьэпащ. ИужькIэ цIыхухэм а пасэрей хабзэм хуаIэ хъуа еплъыкIэхэр си тегъэщIапIэу ди зэманым екIу нэтынхэр згъэхьэзыращ.
  • Зи гугъу тщIы дауэдапщэр ди зэманым къызэбгъэпэщыну гугъут, сыту жыпIэмэ пкъохэр унагъуэ псоми я пщIантIэм щыпхуэгъэувыртэкъым. Аращ нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ сыбгъэдыхьэу Iуэхум псэщIэ хэслъхьэну мурад щIэсщIар. Дезыгъэблэгъа унагъуэм нэхъ пасэу докIуэри гъущIым къыхэщIыкIа Iэмэпсымэ хьэзырыр щыдогъэув, си ныбжьэгъухэр си дэIэпыкъуэгъуу. Дауэдапщэ нэужьым ар зэпкърыдохыжри, машинэм къыдогъэувэж. Нэхъ тыншу Iуэхур къызэрызэзгъэпэщыным иужь ситщ.
  • — Беслъэн, кхъуейплъыжькIэрыщIэр пасэм зэращIу щыта щIыкIэмрэ иджыреймрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хыболъагъуэ. Абыхэм я гугъу къытхуэщIыт.
  • — ЯпэщIыкIэ кърихьэлIахэр  хызогъэгъуазэ кхъуейплъыжь- кIэрыщIэм къикIуа тхыдэ                            гъуэгуанэ дахэм. Пасэм кхъуейплъыжькIэрыщIэ дауэдапщэр пщIын папщIэ ухуейт — чийм телъу быдэу ягъэгъуа кхъуей хъурей, дагъэ фIыуэ зыщIэзыфа кIапсэшхуэ. Арат унэм я тхьэмадэм фэм е щIэпым къыхэщIы-кIа кIапсэшхуэр дагъэ «иригъэфэну» щIыхилъхьэр, кхъуейплъыжькIэрыщIэм зыщыхуагъэхьэзыркIэ. Гуащэми жьэгу чий дапхъэм щигъэгъуну трилъхьэрт матэкхъуей кугъуанэ. Унагъуэм ис адрейхэми зэхуахьэсырт шхуэ, нахъутэ, щIопщ, лъахъэ, щIопщыпс, чысэ, бэлътоку, хэдыкI, цIыкIуфэкIу Iэджи. А псори щIагъэхьэзырыр унагъуэм щIалэ цIыкIу къихъуэмэ кхъуейплъыжьпылъэ ирыхуащIыну арат. Унагъуэм исхэм къуажэм зыхагъэIуащэртэкъым хэхъуэ зэраIэнумкIэ, ауэ «дадэ кIапсэр дагъэм зэрыхилъхьар» ябзыщIыртэкъым, ар псоми къагурыIуэрт.
  • Зи щхьэм дыкъуакъуэ иIэ пкъо лъэщитI щIым быдэу хатIэрт, лъэбакъуитху-хы я зэхуакуу. Пкъохэм я лъагагъри абы нэхърэ нэхъ мащIэн хуейтэкъым. ПкъоуитIым я щхьэм зы бгыкъу лъэщи къытрагъэбыдыхьыжырти, дагъэ защIэ фэ кIапсэр и кум къыщрадзыхырт, и кIапэр бгыкъум иращIэрт (пхъэшыкум ишауэ). Абдеж кхъуей плъыжьыр кIэращIэрт. Бгыкъум хьэпшып цIыкIуфэкIухэри пащIэрт, палъхьэрт. Апхуэдэу абы кIэращIэрт унагъуэм я Iыхьлы хъыджэбзхэу, хэхъуэ зэраIэнур зэхэзыхахэм ягъэхьэзыра хэдыкIхэр, дэнлъэчхэр, фокIэщI Iэмэпсымэхэр, нэгъуэщIхэр. Я IэщIагъэм щыщ кърагъэхьырт нэхъ IэпэIэсэ цIэрыIуэу къуажэм дэс дэтхэнэ хъыджэбзми. Абыхэм ящыщ щIалэхэм къыпаха нэужь ахэр зыщIам щIэупщIэрт, абы фIыщIэ   хуащIырт,  и  цIэр  ираIуэрт, яфIэгъэщIэгъуэну ягъэхъыбарыжырт. Ар къыпихыфыну къару къызыкъуэкIа щIалэмрэ цIыкIуфэкIур зыщIа хъыджэбзымрэ гухэлъ абдеж щызэхуащIи  Iэджэрэ къэхъурт. Ауэ хъыджэбзым щIалэр игу иримыхьа-мэ зыкъригъащIэртэкъым. Апхуэдэ къыщыхъукIэ, щIалэм езым  игу ирихь пщащэм кхъуейплъыжькIэрыщIэм къыфIихамкIэ хуэупсэну хуитыныгъэ иIэт. А Iуэхум унагъуэ къэзыгъэхъу, лъэпкъыр зэпызыщIэ мыхьэнэи иIэу щытащ.
  • Пасэрей щIыкIэм хуэдэу нобэ Iуэхур къытхузэгъэпэщыркъым. Зэманым зэрызихъуэжам и нэщэнэу, сезыгъэблагъэ унагъуэхэм я гъунэгъу хъыджэбз цIыкIухэми щэкI кIапэхэр яIыгъыу иджы къекIуэкIыркъым, ауэ а хабзэм хэлъ дахагъэм и гугъу яхузощI, и мыхьэнэр къагурызогъаIуэ. Ди лъэпкъ хабзэм и фIагъым цIыхухэр зэрыдедгъэхьэхынум теухуа Iэмалхэр къыдогъэсэбэп. Езы хабзэм и фIэщыгъэр, и мыхьэнэр яIэщIэгъупщыкIыжауэ, спорт и лъэныкъуэкIэ абы хэлъ гупсысэм нэхъ щытрагъащIи но-бэ урохьэлIэ.
  • КъыжыIапхъэщ, зэманым елъы-         тауэ, иджы кIапсэм кIэращIэхэ-     ми хуабжьу зэрызихъуэжар, цIыхухъу джанэ, гуащэ, телефон, нэгъуэщI иджырей хьэпшыпхэм къадэкIуэу Iуэхум егъэлеиныгъэ хамылъхьэу пIэрэ жыуагъэIэу — дыщэ Iэлъын, фэтэр, машинэ жыпIэми саугъэт лъапIэхэр зыгъэхьэзырхэри мащIэкъым. Сом мелуаным  нэблагъэ, абы фIыуэ щIигъу зи уасэ тыгъэхэр фIэзыдзэхэри щыIэщ. Тыгъэ лъапIэхэр зэрыфIалъхьэфым языныкъуэхэм зэрызрагъэщIагъуэм цIыхур а Iуэхум пыIуегъэкIуэт, хабзэм щIэупщIэри игъэмащIэу. НэхъапэIуэкIэ а Iуэхур къызэзыгъэпэ-щахэм цIыхухэр а гупсысэм хуагъэкIуащи, иджы къысхутешыжыркъым. Къыхэзгъэщынут, мылъку зэпеуэ мыхъуу, ар лъэпкъым и хабзэм пщIэ щыхуэпщIын, щIэблэр щыбгъэгушхуэн зэхыхьэ дахэу, Iуэхугъуэ щхьэпэу зэрыщытыр. Нэхъыщхьэр лъэпкъым хуэфащэ гупсысэ а хабзэм игъуэтыжынырщ. Тыгъэ лъапIэхэр зыIэрыгъэхьэныр нэхъыщхьэу къамылъытэу, зэпеуэ Iыхьэм нэхъ дегъэхьэхын, а хабзэ дахэр япэ зэрырагъэщыным хущIэкъун гупсысэм цIыхухэр хуэмурэ тешэн    хуейщ. Абы къыхэжаныкIхэм я цIэ-унэцIэхэр дяпэкIэ Интернетым къислъхьэурэ згъэгушхуэнущ.
  • — КхъуейплъыжькIэрыщIэр пасэм щащIу щытар сабийр дунейм къыщытехьа япэ махуищырт. Иджы ди нэгу щIокI илъэс бжыгъэ пыухыкIа ирикъуа цIыкIухэми а дауэдапщэр къызэрыхузэрагъэпэщыр.
  • — Пасэм псом ящхьэу къалъытэр сабий цIынэр къэгъэхъунырт, ар бзаджэнаджэхэм, узхэм, ажалым щыхъумэнырт. Абы щхьэкIэ къызэрагъэпэщырт тхьэлъэIухэр, Iэзагъэ пыухыкIа зыпыщIа Iуэхугъуэхэр.  Апхуэдэщ кхъуейплъыжькIэрыщIэри. Зи ныбжьыр илъэсибл ирикъу я щIалэм кхъуейплъыжькIэрыщIэ щыхуэтщIаи щыIэщ, нэхъ пасэу апхуэдэ Iэмал зэрамыIам къыхэкIыу.
  • Шынагъуэншагъэм гулъытэ хэха хузощI. Бгырыпххэр тIурытIу, кIапсэр зэрынэми, къепхьэхыу зэрыпхыжыфын хуэдэу, цIыхур къехуэх хъуми и ныбэр зэпикъузыкIыну сощI. Сабийхэм къемыгугъуэкIыну кIапсэр щызэтхъуэкIи щыIэщ. Я ныбжь елъы-        тауэ IыхьитI-щыуэ гуэшауэ къызыдогъэпэщ. Згъэув Iэмэпсымэр зэрымылъахъшэрщ шынагъуэншагъэм апхуэдизу щIытезгъащIэр. Iуэхум нэхъ хуэIэижь ухъуху нэхъри ухуэсакъыу убгъэдохьэ.
  • — Дауэдапщэм къекIуэлIахэм ящыщу кIапсэм дэпщеину хэт зезыпщытыр?
  • — Дагъэ егъэфа кIапсэм зезыпщытыр зэрыдэкIуеин хуейр Iэпщэ за-щIэщ, и лъакъуэхэр кIапсэм лъигъэIэсыну хуиттэкъым. И щхьэм нэсмэ, псом нэхъапэ кхъуейм едзэкъэн хуейщ, итIанэщ адрейхэм еIэбыну щыхуитыр.  Бгыкъум зыгуэр къыпызыхыфым пщIэшхуэ къелэжь. Хуиту кIэрыщIауэ кхъуей джэрэзыр жьэкIэ къэбубыду уедзэкъэнри Iуэху псынщIэ  цIыкIутэкъым — ар  мывэм хуэдэу быдэт. Бгыкъум кIэрыщIахэм уакIэлъыIэбэн папщIэ лъакъуэхэр къыхэмыхьэу Iэ лъэныкъуэмкIэ зыпIыгъын хуейт. ЦIыкIуфэкIухэр зэрыкIэрыщIар Iуданэ пэтми, абыхэм ящыщ гуэрым кIэлъыIэбэу къыпызыхыфыр зырызыххэт, и ныкъуэр ищхьэм нэмысыфу къещэтэхыжырт. Ап-щIондэху дыхьэшхымрэ гушыIэмрэ зыкъаIэтырт, пщащэ гупым зи къэшэн яхэту кIапсэм къещэтэхыжарат мыгъуэр зи мыгъуар, абы и щхьэ къыхуэIэтыжыртэкъым. Ауэ бгыкъум зыгуэр къыпызыхыфар зэуэ цIэрыIуэ хъурт, псоми зэлъащIысырт, пщIэшхуэ къилэжьырт. ЗыкIэ, езым саугъэт хъарзынэ къылъысырт, етIуанэу, фIыуэ илъагъу пщащэм и щхьэр ину иригъэлъагъужырт, къэшэн иджыри имыIэмэ, лъэкIыныгъэшхуэ игъуэ-тырт къуажэ хъыджэбзхэми, хъыджэбз хьэщIэхэми яхэдэну.
  • КIахэхэм  (шапсыгъхэм) кхъуейплъыжькIэрыщIэ щащIкIэ хатIэр зы пкъоушхуэт. Ар цIафтэу упсауэ дагъи щыхуэжауэ щытщ. Пкъом и щхьэм матэ траукIэти, из ящIт IэфIыгъэкIэ, цIыкIуфэкIукIэ. Мы пкъом дэпщеи-фыр хуитт Iэ лъэныкъуэмкIэ зиIыгъыурэ матэм дапщэрэ иIэбэнуми, ауэ ари Iуэху тынштэкъым.
  • ГуфIэгъуэм къекIуэлIахэм сащыхэплъэкIэ къызгурыIуэ хъуащ абыхэм я къарум къихьынур. Я зэфIэкIыр зыхуэдэр къызощIэ. КIапсэм кIэрысщIэхэр я ныбжь елъытауэ зэщхьэщыкIыу сиIэщи, а къекIуэлIа щIалэгъуалэм, ныбжьыщIэхэм я къарум теухуауэ согъэхьэзыр.
  • Илъэси 3-4 ныбжьым ит сабийхэм дадэIэпыкъуурэ щыдэкIуей щыIэщ. Илъэс 60-м ити и зэфIэкI щеплъыж урохьэлIэ. Ику иту къапщтэмэ, абы хэтыну зыхуэфащэу къэслъытэр илъэс 16-м  щыщIэдзауэ  илъэс  25-рэ хъу щIалэхэрщ, ауэ тIэкIу нэхъыжьыIуэхэри нэхъ цIыкIухэри Iуэхум щытегушхуэ урохьэлIэ.
  • Саугъэт бжыгъэр 7 нэхърэ нэхъ мащIэ ямыщIыну къыхузоджэ. Къапщтэмэ, Iуэхум хэта псори текIуауэ къыдолъытэ, ауэ иужьрейуэ кхъуейр къыфIэзыхам саугъэт нэхъыщхьэр лъосри,  ар  хэIэтыкIауэ  догъэпажэ, ауэ къыхэжаныкI дэтхэнэми я цIэ идоIуэ. Япэ ищахэр тыгъэ нэхъ лъапIэхэр къыфIэхыным дезгъэхьэхыркъым. Iуэхум и кIэ дыдэм нэмысауэ хэт сыт къихьами мыгурыIуэгъуэу къызызогъэпэщ. Унагъуэм зэгъусэу и кIэм сурэт зыт-рагъэхауэ къахуэнэн, япэ ищу пкъом дэкIуеяхэр емыжьэжын щхьэкIэщ апхуэдэу щIэсщIыр.
  • ЩIалэгъуалэм нэмыщI, пасэ- ми кхъуейплъыжькIэрыщIэм хыхьэрт лIыхэри. Ауэ абыхэм кIапсэм иракуртэкъым, атIэ бгыкъум IуданэкIэ кIэрыщIа пкъыгъуэхэм ящыщ фочкIэ е фокIэщIкIэ къыпаудыну хэтт. Абы щыгъуэми зэуэну хуитыр Iуданэ зэрыпыщIарт, езы хьэпшыпым техуэмэ, еуам тезыр къытехуэжырт. Ари хабзэм екIурт, фоч уэ макъымрэ гыным-рэ бзаджэнаджэр игъащтэу къалъытэрти. ЛIыжьхэри щыхыхьэ къэхъурт, тIэкIу гужан къэхъумэ, я щIалэгъуэр ягу къагъэкIыжыну хуеймэ.
  • — КхъуейплъыжькIэрыщIэм хэхъуэм и мызакъуэу, нэгъуэщI щхьэусыгъуэхэми ехьэлIауэ урохьэлIэ. Иджыри сыт хуэдэ Iуэхугъуэм ехьэлIауэ къызэрагъэпэщрэ ар? Нобэ абы иIэ щIэупщIэм и гугъу къытхуэщIыт.
  • — Унагъуэхэм цIыху къахэхъуар щагъэлъапIэкIэ, къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я махуэшхуэхэм               администрацэхэм, къалэдэсхэм, къуажэдэсхэм иращIэкI гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм, лъэпкъ фащэм, адыгэм и щыгъуэ-щIэж махуэм нэмыщI, Iуэхур зэрекIуэкIым хэлъ дахагъэ къудейм папщIэ дезыгъэблагъэхэри щыIэщ.
  • ЩIыпIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым кхъуейплъыжькIэрыщIэр щезгъэкIуэкIащ, IуэхугъуитI-щы зэуэ къыщызэдгъэпэщ къэхъуу. Зы лъэныкъуэмкIэ спорт зэпеуэ щIэщыгъуэхэр, нэгъуэщIыпIэкIэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм я концерт щекIуэкIыу. Хабзэм щыщ Iыхьэм щIэупщIэ, гулъытэ нэхъыбэ къыщыхуамыщI зэи къэхъуакъым. Адрей IуэхугъуэмкIэ я гум нэхъ зэрызигъэнщIар нэрылъагъуу, цIыхухэм а дауэдапщэр нэхъ зэрафIэгъэщIэгъуэныр, зэрыдихьэхыр гуапэщ.
  • Пандемием и пэ къихуэу кхъуейплъыжькIэрыщIэм щIэупщIэшхуэ игъуэтат, ауэ иджыпсту къекIуэкI уз зэрыцIалэм и зэран-кIэ мы хабзэм щIэупщIэр тIэкIу нэхъ мащIэ хъуащ. Узыр нэхъ ящхьэщыкIуэтмэ, цIыхубэм я гуфIэгъуэр нэхъ Iэтауэ зэрыдахы-ным хущIэкъунущ.
  • Пасэм кхъуейплъыжькIэрыщIэр щащI щыIэт хьэщIэ лъапIэ къахуэкIуэми. Апхуэдэхэм деж нэхъыбэу зэпеуэрт   шы гъэджэгункIэ, шыр жьэрыутIыпщу здэжэм бэлътоку, ахъшэ жьгъей къэщтэнымкIэ (гъуэгум телъу), щIакIуэ кIапэкIэ мастэ къэщтэнкIэ, къарукIэ, IэмалкIэ…
  • — КхъуейплъыжькIэрыщIэм щIыгъуу тхьэлъэIури къызэвгъэпэщрэ?
  • — Кхъуейплъыжьпылъэр дэнэ деж щемыкIуэкIами а кIэрыщIэ закъуэмкIэ зэфIэкIыртэкъым. Иджыри а тхьэлъэIум Iэнэ къыхуащтэ, нэхъыжьхэр ягъэхъуахъуэ. Нэхъапэм хъыджэбзхэм щхьэкIэ хъыринэ иращIэрт, щIалэхэр нэщанэ еуэрт, щIалэ нэхъыжьхэр, лIыхэр пхъэджащэ дзынкIи зэпеуэт, мыви ядзырт. (Пхъэджащэр цIафтэу упса пкъоушхуэщ, я Iэхэр зэрадзэрти я Iэ-гум кIапэ лъэныкъуэр иту жыжьагъкIэ ядзырт), хьэблэ-хьэблэкIэ чыбжьэ зэпекъухэрт. Куэдрэ къэхъурт нэхъ зылъэкIхэм кIапсэрыкIуи кърагъэблагъэу, пелуанхэр щызэрагъэбэну, мыщэ е нэгъуэщI хьэкIэкхъуэкIэ гъэса къыщагъафэу (къыщагъэлъагъуэу).
  • Пхъэидзэ дощI, тхыдэм дытопсэлъыхь, макъамэ щIыгъуу джэгу къафэхэр къызыдогъэпэщ. ГуфIэгъуэр щекIуэкI унагъуэм, цIыху къекIуэлIам теухуауэ программэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэри щыхэтлъхьэ щыIэщ, ауэ нэхъыбэм и пкъыр зыуэ къонэж.
  • — Гъэм и зэманхэр къапщтэмэ, щIымахуэм а дауэдапщэр къызэбгъэпэщыну нэхъ гугъуу къыщIэкIынщ…
  • — ЩIымахуэм, дауи, нэхъ мащIэ мэхъу а хабзэм къыщIэупщIэр, ауэ гъэм и адрей лъэхъэнэхэм зэпымыууэ  къызыдогъэпэщ. Пасэм сабийр щIымахуэу къалъхуамэ, кхъуейплъыжькIэрыщIэр щIы-бым щыпщIыфынутэкъым, унэ кIуэцIым мыхъэр щагъахъэу, джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къагупсысурэ щIэпщакIуэм хуэдэу, ипэ зэманым нысэ цIыкIур трагъэурт. Мыри жэщищ махуищкIэ зэпагъэуртэкъым, Iэуэлъауэмрэ даущымрэ а пIалъэм нысэмрэ сабиймрэ ящхьэщытт.
  • — Гъунэгъу республикэхэми мы Iуэхум щIэупщIэ зэрыщиIэр гуапэщ.
  • — Ди республикэм и районхэм я мызакъуэу, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс щIыналъэхэми срагъэблэгъащ. КъищынэмыщIауэ, Тыркум я Адыгэ Хасэхэми Интернет, жып телефон IэмалхэмкIэ зыкъыспащIэурэ къызэчэнджэщащ я фестивалхэм кхъуейплъыжькIэрыщIэр  щызгъэлъэгъуа  зэрыхъунум теухуауэ. ПыухыкIауэ зэкIэ дызэгурымыIуами, ди лъэп-           къэгъухэр щыпсэу нэгъуэщI щIыналъэхэми а хабзэм зэрыщыщIэупщIэр гуапэщ.
  • Епсэлъар ТЕКIУЖЬ  Заретэщ.