Махуэшхуэхэр зэрырагъэкIуэкIыну щIыкIэм теухуауэ
2021-08-21
- КъБР-м и Iэтащхьэм шыщхьэуIум и 18-м иригъэкIуэкIащ «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэр. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.
- ЗэIущIэм щызэхалъхьэжащ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэн и лъэныкъуэкIэ зэкIэ зрагъэхъулIахэр, цIыхухэм вакцинэр яхэлъхьэным теухуа лэжьыгъэр зэрекIуэкIыр, апхуэдэуи тепсэлъыхьащ гъэ еджэгъуэщIэмрэ фокIадэм и пэщIэдзэм хабзэ хъуауэ ягъэлъапIэ махуэшхуэхэмрэ зэрызыхуагъэхьэзырхэм.
- Мусуков Алий зэIущIэм хэтхэр щыгъуазэ ищIащ щIыналъэхэм унэтIыныгъитIымкIэ — «Ущыпсэуну тынш щIыпIэ», «Сабийхэм заужьын папщIэ псоми зэхуэдэ Iэмалхэр яIэн» жыхуиIэхэмкIэ — лэжьыгъэхэр къанэ щIагъуэ щымыIэу зэрыщызэфIэкIар. Зэрыщыту къапщтэмэ, лъэпкъ проектхэм щыубзыхуахэр гъэзэщIэным трагъэкIуэдэну мылъкум щыщу процент 53-м щIигъур ахэр зыхухахэм къыхуагъэсэбэпакIэщ икIи ар Урысейм и адрей щIыналъэхэм яхузэфIэкIа бжыгъэхэм щIегъу.
- Мусуковым администрацэхэм я Iэтащхьэхэм гу лъаригъэтащ ухуэныгъэ зыбжанэм ехьэлIауэ зэфIагъэкIыпхъэ Iуэхухэм, апхуэдэуи къэралым ис цIыхухэр бжыным теухуауэ къапэщыт лэжьыгъэм зыхуэгъэхьэзырын зэрыхуейм.
- Премьер-министрым республикэм и Iэтащхьэр щыгъуазэ ищIащ курыт школыщIэхэу Солдатскэ станицэмрэ Ново-Ивановскэ къуажэмрэ щаухуахэр къызэрызэIуахыным хуэдэу хьэзыр зэрыхъуам, ахэр муниципалитетхэм я мылъкум зэрыхагъэхьэнум, Дзэлыкъуэкъуажэ дэт курыт еджапIэр зэгъэпэщыжынымрэ Бахъсэн щаухуэ ФОК-мрэ ехьэлIа лэжьыгъэхэри и кIэм зэрынагъэблэгъам.
- Муниципальнэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэм къалэну хуагъэуващ вакцинэр цIыхухэм Iэмалыншэу яхэлъхьэным хуэгъэза лэжьыгъэр я щIыналъэхэм хиубыдэ IуэхущIапIэхэм щыщIагъэхуэбжьэну, «Роспотребнадзор»-м фокIадэм и 1-м къыщыщIэдзауэ къэпщытэныгъэхэр зэрыригъэкIуэкIынури къалъытэну. А Iуэхур нэхъыфIу щекIуэкIхэм я щапхъэу къахьащ Дзэлыкъуэ муниципальнэ щIыналъэр. Абы мастэр зыхалъхьахэм я бжыгъэр процент 58,6-рэ щохъу. Узыфэм щызыхъумэ мастэр цIыхухэм яхэлъхьэнымкIэ лэжьыгъэфI щекIуэкIхэм ящыщщ Iуащхьэмахуэ муниципальнэ щIыналъэмрэ Прохладнэ къалэ округымри.
- ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ ЩIэныгъэхэм я махуэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэмрэ Урысей ныпым и махуэмрэ ехьэлIа дауэдапщэхэр зэрырагъэкIуэкIыну щIыкIэми. Къуэдзокъуэ Мухьэмэд къыхигъэщащ махуэшхуэхэр онлайн жыпхъэм иту е цIыху 50 нэхърэ нэхъыбэ зэхэмыхьэу, утыку зэIухахэм щызэхуэсу зэрырагъэкIуэкIынур. Нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэхэм ящыщу Къуэдзокъуэ Мухьэмэд жиIащ Урысей ныпым и махуэм ехьэлIахэр: Урысей Федерацэм и къэралыгъуэм и дамыгъэр Iуащхьэмахуэ и щыгум дахынущ.
- А Iуэхур ирагъэкIуэкIынущ МЧС-м и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм, Iуащхьэмахуэ муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэр и щIэгъэкъуэну. Урысейм и къэрал ныпхэм а махуэм ягъэдэхэнущ муниципалитетхэм я уэрамхэмрэ цIыху зэхуэсыпIэхэмрэ.