Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ: Зыужьыныгъэм узэрыдефIэкIуэн Iэмалу щыIэр щIэныгъэращ
2021-08-14
- «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ цIэрыIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ и ныбжьыр нобэ илъэс 60 ирокъу. Къэрэшей-Шэрджэсым хыхьэ Хьэгъундыкъуей къуажэжьым ар къыщалъхуащ 1961 гъэм шыщхьэуIум и 14-м. Черкесск дэт ПТУ №3-м щеджащ 8-нэ класс нэужьым. Дзэм къулыкъу щищIащ, итIанэ пIалъэкIэ щылэжьащ Хьэбэз щIыналъэм и радиом, редакторым и къалэнхэр игъэзащIэу.
- 1992 гъэм Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэр къиухащ. Зэреджэм хуэдэурэ «Советская молодёжь» газетым щылажьэрти, абы и «Псынэ» напэкIуэцIыр игъэхьэзырырт.
- КъищынэмыщIауэ, адыгэбзэкIэ егъэджакIуэ цIэрыIуэу Налшык дэсащ, журналист лэжьыгъэри абы дихьу. «Хасэ» газетым и редактору щытащ 1996 — 1999 гъэхэм. «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэу 2003 гъэм Черкесск игъэзэжауэ нобэр къыздэсым абы щолажьэ.
- Илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъур ди щхьэусыгъуэу упщIэ зыбжанэкIэ Тхьэгъэпсэум зыхуэдгъэзащ.
- — Увжыкъуэ, уи сабиигъуэм, укъыщалъхуа жылэжьым укъытхутепсэлъыхьамэ ди гуапэт.
- — ГушыIэр зи щIасэхэм илъэс хыщI ныбжьыр жьыгъэм и сабиигъуэу ябж. Зыгуэри къэбгъэщIа хуэдэу, икIи къэбгъэщIа щIагъуи щымыIэу ныбжь гъэщIэгъуэн гуэрщ ар. ИтIани, зумыгъэщIэгъуэкIыщэ хуэдэурэ, зэзэмызи укъызоплъэкIыж. УкъызэплъэкIыжыхукIи уи гъащIэм и нэхъ IэфIыгъуэ дыдэу хэплъэгъуэжыр сабиигъуэращ, зы унагъуэм хуэдэу зэдэпсэууэ щыта укъыщалъхуа хьэблэжьым щыбгъэкIуа гъащIэ Iыхьэрщ.
- Адэ-анэм я гъусэу хадэм дитами, тхулъэкI тIэкIур тщIэуэ, дадэIэпыкъу ди гугъэжу губгъуэм дыщыщыIэ къэхъуами, къэджыхьурэ ди лъакъуэм банэ къыхэуами… Псори тщыгъупщэжри, ди гум IэфIу къинэжащ махуэ псом псы Iуфэм дыIусу зэрыщытар, гъуэрыгъуапщкIуэ, топ дыджэгуу губгъуэми, псыхъуэми, хьэблэми дызэрыдэтар… Дагъэшхэн щхьэкIэ унэм драхулIэжу… Сытми, сэри си сабиигъуэр, дэтхэнэ зы къуажэдэс сабийм ейм хуэдэу екIуэкIащ.
- Хьэгъундыкъуей къуажэжьыр къапщтэмэ, ар ди унагъуэшхуэм хуэдэу ноби къызолъытэ. Ди къуажэм «Берычэт жылэкIэ» ауэ сытми еджэу щытакъым. УзыфIэмыкIыжыну берычэтщ икIи угъурлыщ. Адыгэбзэри адыгагъэри нэхъ къыщызэтена жылэхэм ящыщ зыщ. Езы къуажэр здэщыс щIыпIэр-щэ? И хъуреягъкIэ иIэ щIыпIэ телъыджэ дахащэхэм ятеухуа хъыбархэр къыхыхьэжмэ, удимыхьэхыпэнкIэ Iэмал иIэ-
- къым. Абы къинэмыщIауэ, зы жыIэгъуэ къыщокIуэкI ШэрджэсымкIэ: «Къэпшэнумэ — Хьэгъундыкъуеипхъу, удэкIуэнумэ — Хьэгъундыкъуей щIалэ! Адрей ди адыгэ къуажэхэри фIым я фIыжщ, ди къуажэр езгъэфIэкIыну сыпылъкъым, ауэ, пэжыр аращи, апхуэдэ жыIэгъуэ къокIуэкI.
- — Литературэм узэрыхыхьа щIыкIэр дауэ, усэным гулъытэ хуозыгъэщIар сыт?
- — Литературэм пыщIа сыхъуныр зи фIыщIэу къэслъытэр 5-нэ классым щегъэжьауэ адыгэбзэм дыхуезыгъэджа, зи хьэдрыхэр дахэу жэнэтыр увыIэпIэ зыхуэхъун Шорэ Хьэсинщ. 7-нэ классым дыхэсу абы дигъэтхауэ щытащ изложенэ, «Сэ сызыщIэхъуэпс IэщIагъэр» фIэщыгъэр иIэу. Ди лэжьыгъэхэр щIипщытыкIа нэужь, къыкIэлъыкIуэ дерсым къыщыдгуригъэIуат хэт сыт хуэдэ щыуагъэ хилъхьами, хэт къехъулIами къемыхъулIами. Си деж къэсри, жиIащ «5» зэрысхуигъэувар икIи, зэригъэзэхуэжу, адыгэ газетым иригъэхьыну зэримурадыр. ЗэрыжиIауи, «Ленин нур» газетым куэд дэмыкIыу къытехуащ. ИужькIэ къызжиIащ еджапIэм литературэ гупжьей зэрыщригъэкIуэкIыр, абы сыкIуэмэ зэрыфIэтэмэмыр. Абдежым унэ лэжьыгъэ щхьэхуэхэр къыщыдитырт, ттхыр тхузэпкърихырт, тщIапхъэр къыджиIэрт. Апхуэдэурэ 8-нэ классыр къэзухыху екIуэкIащ литературэми нэгъуэщIынэкIэ сеплъ хъуащ, сыдихьэхащ.
- Ауэ, абы ипэжкIэ, нэхъыжьхэми жаIэж, сэри фIы дыдэу сощIэж, илъэсищ-плIы нэхъ сымыхъуу, лIыжьхэм усэ гукIэ сыкърагъаджэу щытащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, си къуэш нэхъыжьхэм гукIэ зрагъэщIэн хуейуэ кърата усэхэм макъкIэ къыщеджэкIэ, хуэм-хуэмурэ сэри сигу изубыдэрт. Езыхэм зрагъэщIауэ макъкIэ къыщызэхуеджэкIэ, сэри закъыкIэрызмыгъэхуу сакъыдеджэрт. Си къуэшхэм ар ягъэщIагъуэурэ къытрагъэзэжурэ усэр жызагъэIэжырт, апщIон-дэхукIэ нэхъри си гум къинэу къыщIэкIынт. Ерагъыу псэлъэн щIэзыдза сабийр апхуэдэу усэ къызэреджэр хьэблэм щагъэхъыбару къыщIэкIынти, къуажэку уэрам зэхэкIыпIэм щызэхуэс лIыжьхэм сызыбгъэдашэрти, я куэщIым сису ину усэ жызагъэIэрт. ГуфIапщIэуи ахъшэ жьгъей къыщызат щыIэт…
- Нобэ сыхьэрычэтыщIэу щытамэ, къежьапIэ схуэхъуар аращ жысIэнт.
- Школ нэужьым дэнэ сыщыIами, сыщеджами, сыщылэжьами, тхэныр зэи згъэувыIакъым. Ауэ дзэм къулыкъу щысщIэу Хьэгъундыкъуей сыкъыдэтIысхьэжа нэужьщ а Iуэхум нэхъри сыщытегушхуар.
- Ди къуажэгъу, усакIуэ хъарзынэ, пасэу дунейм ехыжа Иуан Щамел дызэригъэцIыхуауэ щытащ и анэ дэлъху, усакIуэшхуэ Нэхущ Мухьэмэдрэ сэрэ. Горь-кий Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтыр абы къызэриухрэ куэд щIатэкъым, и зыужьыгъуэ дыдэт. Мухьэмэд и теплъэкIэ мыин щхьэкIэ, икъукIэ цIыхушхуэт, адыгэлI щыпкъэт. АтIэ, ар си тхыгъэхэм хэплъа нэужь, куэдрэ къысщытхъуащ, иужькIэ щабэурэ къызжиIащ иджыри сызэгугъужын зэрыхуейр, бзэри гъащIэри нэхъ куууэ зэрызэзгъэщIапхъэр, щIэныгъи сиIэн зэрыхуейр. ИкIи си усэ Iэрамэ къыхихри, «Ленин нур» адыгэ газетым игъэкIуащ. Абы и фIыгъэкIэ си япэ усэхэм щыщ Iыхьэ дунейм къытехьащ.
- ИужькIэ си тхыгъэхэм гу къылъитащ адыгэ дунейм щыцIэрыIуэ усакIуэшхуэ Бемырзэ Мухьэдин. Абы сриджэри, усакIуэу къежьам усакIуэ нэс къыхэкIын папщIэ ищIапхъэм сыщIигъэдэIуащ гупсэхуу. КъызжиIащ си тхыгъэхэм яIэ ныкъусаныгъэри, къызэхъулIэ лъэныкъуэри.
- Мыри къыхэзгъэщыну сыхуейт: филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, академик, литературэдж цIэрыIуэ БакIуу Хъанджэрий Хьэгъундыкъуейр къелъытэ адыгэ усыгъэм и кIыщу.
- ЩIэныгъэлIым и псалъэхэр щIэзыгъэбыдэ еплъыкIи щыIэщ. Ди къуажэм къыдэкIащ зи цIэр ираIуэ усакIуэу пщыкIубл.
- — Литературэр нобэ зэрыт щытыкIэм, гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ абы игъэзащIэ къалэнхэм ятеухуауэ сыт хуэдэ еплъыкIэ уиIэ?
- — Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэ литературэм иIэжкъым япэм иIэу щыта гулъытэри къарури. Сабийр, цIыхур зэрагъасэр, гъащIэм ифIри, и мыхъумыщIэри къызэрырагъащIэр ущие закъуэкIэкъым. Мыпхуэдэу щыт, апхуэдэу щIэ жыпIэкIэ зэфIэкIыркъым. Ауэ, зэрыщытыпхъэр щапхъэу бгъэлъагъуэмэ, цIыхум ар нэхъ пкърохьэ, нэхъ зыхеубыдэ, и фIэщ мэхъу. Литературэми дегъасэ, ди гупсысэм зрегъэубгъу. Уеблэмэ нэIурыту, нэрылъагъуу, ауэ гу лъыдмытэу дызыблэкIар, тIэщIэкIар еплъыкIэщIэ щIэщыгъуэкIэ дегъэлъагъуж. ОбразхэмкIэ ди нэгу къыщIигъэхьэурэ, езы литературэм и дунейм дэ- ри дыхохьэ, цIыхур зэрыщытын хуейри, гущыкI зыщIри гукIи псэкIи зыхыдегъащIэ, фIым и телъхьэу, ем и бийуэ ди гупсысэр епсыхь. Унагъуэу, жылэу, лъэпкъыу, хэгъэгуу, къэралу ущызэкъуэткIэ, цIыхугъэр уи гъусэ пэжу гъащIэ гъуэгум урикIуэн хуейщ. А цIыхугъэм и лъабжьэр зыгъэбыдэхэм ящыщ зыщ литературэри. Литературэм иджы иIэ теплъэр щимыгъуэтами, IуэрыIуатэм арат и къалэныр. Мы зэманым щIэгъэхуэбжьауэ зызыужь технологиехэм, компьютерхэмрэ жып телефонхэмрэ дихьэхауэ, зыIэпишауэ зи зэш тезыгъэухэр егъэлеяуэ пэжыжьэ мэхъу литературэм, гъэсэныгъэ дахэм. Пэжщ, зызыужь технологиещIэхэр къэбгъэсэбэпыфу, зэман ефIакIуэм укъыкIэрымыхуу удэкIуэтэни хуейщ. Ауэ абы къикIыркъым уи цIыхугъэри, уи лъэпкъ хьэл-щэнри, уи анэдэлъхубзэри а технологиещIэхэм щIэузыхь яхуэпщI хъуну.
- — Уи усэхэм лъэпкъым хуэгъэза гурыгъу-гурыщIэхэр, фIылъагъуныгъэр щытепщэщ. Сыт ар къызыхэкIыр?
- — Лъэпкъыр зы зэман зэрыщытамрэ нобэ зэрыщытымрэ зэрызэрагъапщэр арагъэнщ. ЦIыхуцIэ зиIэм зиужьын папщIэ апхуэдиз хъугъуэфIыгъуэ къэзыгъэщIыфа, апхуэдэ тхыдэ гъуэгуанэ къызэпызычыфа адыгэм и кIуэдыжыгъуэр хэкIыпIэу къызэрыхихар къызгурыIуэн слъэкIыркъым. Ди мыгъуэри ди гъуамэри къыщежьэр аращ. Ауэ, дауэ хъуами, ди бзэр дуней псом къыщоIу, адыгэр щыпсэу дэтхэнэ къэралми яхэзагъэу, яхуэпэжу, пщIэ щаIэу къокIуэкI. А псоми уи гупсысэхэр ядохуарзэ, хэкIыпIэр усэбзэкIэ бгъэIуну ухуожьэ. КъыщохъулIи къыщомыхъулIи щыIэщ.
- — Лъэпкъ IуэхумкIэ къэдгъазэмэ, сыт уэ нэхъ узыгъэгузавэр, уигу къеуэр?
- — Лъэпкъым зыгуэр щытепсэлъыхькIэ, зи гугъу ящIыр нобэ псэу, зы бзэкIэ псалъэ, адыгэу зызыбжыж цIыхухэращ. Сэ сызэреплъымкIэ, «адыгэ» щыжытIэкIэ, абы къызэщIеубыдэ илъэс мин бжыгъэкIэ зы щIэблэм нэгъуэщI щIэблэр къыпищэурэ псэуахэри, дунейр щыIэху псэуну дызыщыгугъ, дяпэкIи къытщIэхъуэну щIэблэхэри. БлэкIам и пщIэри дымыгъэкIуэдыну, къэкIуэнуми гъащIэр педгъэщэну зи пщэрылъыр дэращ, нобэ псэухэ- ращ.
- ЩIэблэр нэрынэ-нэрынэу зэпхауэ кIэ зимыIэ зэманым къыдогъуэгурыкIуэ. НобэкIэ дэращ блэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэпызыщIэу псэур. Дэ дымахэмэ — нэрынэхэр зэпычынущ, дыкъарууфIэмэ — адэкIи ди акъылыр псэунущ. Апхуэдэу щыщыткIэ, дыщыкIи дыгужьеи хъунукъым, атIэ ди фIыр дгъэбагъуэурэ, ди мыхъумыщIэр дгъэзэкIуэжурэ ипэкIэ дыкIуэтэн хуейщ, ди нэхъыжьыфIхэми къытхуащIар псыхэкIуадэ мыхъун хуэдэу. МыхъумыщIэри хъуащIари хабзэ жыпхъэм пхутегъэувэнущ. Ауэ и лъэпкъым зи гур хуэнэфым сыт пхуещIэнур? Гъашхэ, зегъэгъэпсэху, гъэжей…
- ИкIи къыдгурыIуэн хуейщ лъэпкъ куэду зэхэт къэралым дызэрыщыщыр. СызэреплъымкIэ, ди лъэпкъ тхыдэ уардэми дрисондэджэрыну Iэмал иIэкъым. Дэ щхьэузыхь зыкъытхуэзыщIа, дыщIэгушхуэ ди адэжьхэм дахуэфащэу дыпсэуну, я псэр дгъэтыншыну ды-хуеймэ, мамыру, дызэгурыIуэу, ди хабзэ дахэхэм дытету дыпсэупхъэщ. Бемырзэ Мухьэдин зэрыжиIауэ, гугъущ уадыгэну. Гугъуми — дахэщ, екIущ. Зыми жиIэфынукъым адыгэр нэгъуэщI лъэпкъхэр къизэууэ щытауэ е лей ярихауэ. Дауэрэ лъэщу щытами. Ауэ лъэпкъхэр къыдихьэхырт и хьэл-щэнкIэ, и хабзэ екIукIэ, и шыфэлIыфэкIэ. Напэ, цIыхугъэ, лIыгъэ, щIыхь… ахэращ ди нэхъыжьхэм я гъуазэу щытар, дэри ахэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэтхъумапхъэщ. Къэплъыхъуэращ къэбгъуэтынур. А псори щIыжысIэращи, дэ зыгуэрым дыщIеныкъуэкъуни къыщIыдэныкъуэкъуни щыIэкъым. Абы ди къару мащIэм щыщ куэдыIуэ тедгъэкIуадэу къысщохъу. Зыужьыныгъэм узэрыдефIэкIуэн Iэмалу щыIэр щIэныгъэращи, гъэхьэзырын хуейщ IэщIагъэлI IэпщIэлъапщIэхэр, щIэныгъэлI нэгъэсахэр, гъащIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэми хэзагъэ щIалэгъуалэр. Лениным и жыIауэ: «Еджэн, еджэн, иджыри зэ еджэн». А къыхуеджэныгъэр нобэ дэ къытхуэгъэзащ, ауэ Iэпэдэгъэлэл дощI.
- — Сытхэр ди Iэмал, сытхэр длэжьыпхъэ лъэпкъыу дыкъызэтенэжын папщIэ?
- — ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтыным теухуауэ нетIэ жысIамкIэ уи упщIэм и жэуап Iыхьэр дубзыхуа си гугъэщ. Иджыри зэ къытызогъэзэжри, хэкIыпIэ нэхъыщхьэу щыIэр щIэныгъэ зэгъэгъуэтынырщ. ЩIэуэ къежьэ технологиещIэхэри ди Iэпэгъуу зэрыщытыпхъэм шэч къытесхьэркъым. Ауэ абы къикIыркъым а Iуэхугъуэхэм къагъэхъу жьы кIэрахъуэм ди лъэпкъ хьэл-щэныр, лIыгъэр, цIыхугъэ нэсыр иредгъэхьэжьэу хьэрэкъуакIэ дедгъэхьэж хъуну. Дыкъызэтенэжын папщIэ лъэпкъ куэдым ялэжьыпхъэм нэхърэ нэхъыбэ Iуэхуу дэ къытпэщылъщ. Къэралыгъуэ щхьэхуэу псэу лъэпкъ куэдым нобэ я тхьэгъушыр ягъаджэ, я бзэр яхъумэжыну лъэкIыныгъэ псори яIэщ, къэрал политикэри я телъхьэщ. ИтIани, нэхъ хэкупсэ-лъэпкъыпсэхэр тогузэвыхь я бзэм, нэгъуэщIыбзэхэм хэшыпсыхьыжынкIэ мэшынэ. СызэреплъымкIэ, а къэралхэм апхуэдэ Iуэху къыщIагъэувар я лъэпкъыр кърамыдзэжу, я зэш трагъэуну аракъым. Дэ ди адыгэбзэм унагъуэмрэ уэрамымрэ дыщрипсэлъэну къызэрытхуэнэжар къэплъытэмэ, ди щытыкIэр гужьеигъуэщ. Ди бзэр къезыгъэлыр ди блэкIам дызэрыфIэлIыкIымрэ ди къэкIуэнум и дунейр нэхъ уэфI тщIыну дызэрыпылъымрэ арауэ си гугъэщ. Къэралым къыдит лъэкIыныгъэ псори къэдгъэсэбэпмэ, абы бзэм худиIэ лъэпкъыпсэ хущыты-кIэр хэтыжмэ, ди бзэр зыIэ-щIэдмыгъэкIын тхузэфIэкIыну гугъапIэ щыIэщ. КIэщIу жыпIэмэ, щIэблэр едгъаджэмэ, ахэр губзыгъэу гъащIэм декIуу псэумэ, ди хабзэжьхэм темызашэу дэгъуэгурыкIуэмэ, ди бзэ-ри зэрыпсэунум, ди лъэпкъри къызэрыщIэрэщIэжынум шэч къытесхьэркъым.
- — Увжыкъуэ, узэлэжьхэм, уи мурадхэм укъытхутепсэлъыхьамэ ди гуапэт.
- — Си усэхэр щызэхуэхьэса тхылъыщIэ згъэхьэзырауэ щылъщ. Иджы дыдэ нэзгъэсыжащ зы поэмэ-таурыхъ кIэщI. Мы дызэрыт зэман гугъум махуэ къэс дызыпэщIэхуэ зэгуэпыгъуэхэм, Iэмал зэриIэкIэ, гушыIэрэ ауанкIэ саподжэж. Абы къыхэкIыу нэхъыбэу сызэлэ-жьыр прозэуи усэуи стхы ауанхэмрэ гушыIэхэмрэщ. Си гукъеуэр жызоIэ, си гур согъэтIыс, къеджэ цIыхухэми гукъыдэж язот.
- — Уи хъуэпсапIэхэм я гугъу къытхуэпщIамэ хъунт.
- — Сэ сызэреплъымкIэ, мы дызытет дунейм сыт хуэдиз цIыху къытехъуэми, псори техуэнущ икIи хуэгъэшхэнущ… ЗэгурыIуэмэ, пщIэ зэхуащIмэ, пцIырэ хьилагъэрэ я кум къыдэмыхъуэмэ. Ауэ цIыхуитI къудей тетыфынукъым, цIыхугъэ яку дэмылъмэ. Ди лъэпкъ хабзэжьхэм цIыхугъэр, пэжыгъэр, напэр апхуэдизкIэ ягъэлъапIэри, си фIэщ хъуркъым а ди хабзэжьхэм цIыхуцIэ зиIэр зэгуэр хуэмыкIуэжыну.
- ЦIыхугъэ лъагэмрэ мамыр гъащIэмрэ нэхърэ нэхъ лъапIэ щыIэу сщIэркъыми, ар дунейм щытепщэ хъунырщ си хъуэпсапIэр.
- Епсэлъар НафIэдз Мухьэмэдщ.