Лосэн Алимырзэ цIыкIу и гъыбзэ
2021-08-14
- Зы уэрэдым и тхыдэ
- ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм, иджы ЗеикъуэкIэ зэджэм, блэкIам епхауэ щIыпIэ гъэщIэгъуэн куэд ущрохьэлIэ, я хъыбар нэхъыбэжи ехъумэ. Къуажэм дэс нэхъыжьыфIхэр а щIыпIэхэмрэ зэрахьэ фIэщыгъэхэр къызыхэкIамрэ тебгъэуэршэрыхьыну ущыхуежьэкIэ, узыщIэупщIэр тхыдэшхуэ хъыбар хьэмэрэ къуажэ хъыбар жаIэу IуэрыIуатэжьхэм я гъунэ къилъэгъуэ дыдэм деж къаIуэтэжынуми тур тращIэ, зы унагъуэ, зы жылэ, зы хэгъэгу я тхыдэр иризэхагъэкIыу. IуэрыIуатэхэмрэ щIыпIэцIэхэмрэ щызэхуэтхьэс апхуэдэ зы зекIуэ гуэрым апхуэдэут къызэрызэупщIыгъар дунейм зэрехыжрэ куэд мыщIа, ауэ къызэрымыкIуэу къэIуэтэжакIуэ Iэзэу щыта, щIэж хъарзынэрэ псэлъэкIэ дахэрэ зиIа Мэжджыхь Аслъэнбий. Зи гъащIэр губгъуэм къимыкIыу зыхьа нэхъыжьыфIым ар ауэ сытми зэрыжимыIэр къызигъащIэмэ фIэфIу, нэбгъузкIэ къызэплъыгъат. Гу щылъыстэми, унагъуэ хъыбаррэ жылэ IуэрыIуатэкIэ къригъажьэмэ зэрысфIэигъуэр жесIащ. НэхъыжьыфIми къригъэжьащ… «Алимырзэ и щыхупIэкIэ» зэджэ щIыпIэм и хъыбарым сыщыгъуазэмэ къызэупщIащ. ЗэрызмыщIэр щыжесIэм, къригъэжьащ…
- «Алимырзэ и щыхупIэкIэ» зэджэр Хьэрэкхъуэрэ Iуащхьэхэм я зэхуакум къыдэкIыу зы щIыпIэщ, къехыгъуэ защIэрэ задэу. Къуажапщэм щыпсэухэр ЛампIэжьыкъуэ нэс пхъащхьэ щхьэкIэ кIуэуэ гъуэгу кIыхь къызэпамычын щхьэкIэ, а къыщхьэдэхыпIэр зекIуапIэ ящIат хьэтIохъущыкъуей щIалэщIэхэм. Ауэ, гъэмахуэм шынагъуэшхуэ къыхэмыкIыу ущызэхэзекIуэ хъуми, щIымахуэм, уэс тесамэ е щтырыгъу трищIамэ, къыщыпкIухьынуи хьэлъэ къыщепхьэкIынуи дзыхьщIыгъуэджэт. Апхуэдэ зы бжьыхьэ кIасэу, щIы щхьэфэр щытещтыкI зы лъэхъэнэ гуэрым, къуажэм щыщ зэныбжьэгъу щIалитI псапэхуэщIэу жаIэщ, я щхьэрэ я гуащIэрэ щыгугъыжри, Хьэрэкхъуэрэ щIыбкIэ кIуэгъащ. А щIалэхэм я щхьэ кърикIуа Iуэхугъуэщ а щIыпIэм игъуэта фIэщыгъэр къызыхэкIар, иужькIэ гъыбзэ зытраусыхьыжари. Мэжджыхь Аслъэнбий зи гугъу ищIыр Лосэн Алимырзэрэ Шурдым Елмырзэрэт.
- Я ныбжьым емылъытауэ, зэныбжьэгъуитIым къуажэдэсхэм фIыуэ зыкърагъэлъагъуфат. ТIури гулъытэ зиIэ, гущIэгъу зыхэлъ цIыхут, щIалэ дыдэ пэтми, хуэмыщIам зыщIагъакъуэу, зи Iуэху хуэмыхъум дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуу, дэхуэхам щIэгъэкъуэну къахущIэкIыу апхуэдэт. ЩIыпIэм цIэ щIигъуэта Лосэнхэ я щIалэр хэщIыхьауэ къэлъагъуэ щхьэкIэ, бланэт, IэпщафIэт, зэIусэр къыгуихыу къарууфIэт, зэ IуплъэгъуэкIэ ябгэу къыпфIигъэщIу набдзэзэхэкIэу пIэрэ жыпIэну уIуплъэми, хуабжьу гу щабэт икIи гумащIэт. И цIыкIуагъри, и гумащIагъри хэлъу къыщIэкIынт абы Алимырзэ цIыкIукIэ фIэкIа нэгъуэщIу еджэу зэрыщымытар. АпхуэдизкIэ жэрдэмщIакIуэти, емыгъэз амбаркIэ еджэу къуажэкум щагъэувыгъам, пхъэтеш зыфIаща гъэтIылъыпIэри къыгуригъэщIыхьыжыгъат. Емыгъэз амбарри пхъэтешри тхьэмыщкIэхэм, дэхуэхахэм зэрызыщIагъакъуэ Iуэхугъуэт, шыкуэтэн лъагэ щIэту дуушхуэ теплъэ зиIэ ухуэныгъэт. Хэт сыт хузэфIэкIми, ар ирехьэжыгъэ, ирегуэдз, сыт ирехъуи, пIалъэ кIэщIкIэ зэмыкIуэкIыну гъавэхэкIхэм щыщ кърахьэлIэрт. Къуажэм щыщми, нэгъуэщIыпIэ къикIами, хуэныкъуэр абы хэIэбэу къыхихыну хуиту щытащ. ХузэфIэкI хъумэ, къыхилъхьэжыну хьэкъ иIэт, ар къехъулIэну къимыгъэгугъэми, хьэлэл хуащIырт. Алимырзэ абы къыгуигъэувэжа пхъэтешым пхъэр щызэтралъхьэрт, фызабэхэмрэ унагъуэшхуэхэмрэ пшыныж къыхэмыкIыу зыхуэныкъуэм хуэдиз трашыну Iэмал яIэу, ар пхъэгъэсынми пхъащхьэми.
- Дин узэщIакIуэ, усакIуэ Куп Исмел-хьэжы Алимырзэхэ я гъунэгъуу щытащ, абы и жьауэ щIэту къэтэджащ. А цIыху цIэрыIуэм КъурIэн иригъэджауэ еджэкIэ ищIэу, щIэныгъэми игу хузэIухауэ апхуэдэт. КъурIэн къыщеджэкIэ, и макъыр апхуэдизкIэ дахэти, псыхьэ ежьа цIыхубзхэм щIежьар ящыгъупщэжауэ абы едаIуэу я бжьыхь кIапэм щетIысэххэрт, жаIэж. Езы Алимырзэ къызыхэкIари унагъуэ цIыкIутэкъым, и диным къигъэув хьэкъхэм ящыщу хьэжыщI гъуэгу теувэныр хузэфIэкIынутэкъыми, «хьэж пщIам хуэдэщ гъуэгу хэпшмэ» жаIэу щызэхихым, ДыгъэмыхъуэкIэ уикIыу иджыпсту къуажэ сымаджэщыр здэщытым ипщэкIэ дэкI гъуэгур, иджыри къыздэсым «Хьэжы цIыкIу и лъагъуэ» жаIэу къежьэгъар, хригъэшауэ щытащ, мэкъупIэм нэхъ дэкIыгъуафIэ хъунщ, жиIэри…
- ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Алимырзэ зыхуэдэр къуажэ псом ящIэу, ищIэм пщIэ иIэрэ къыфIэлIыкIыу апхуэдэт. ЩIымахуэр къэмыс щIыкIэ жаIэри пхъэтешым къытралъхьэн пхъэр кърашэхыну Хьэрэкхъуэрэ щIыбкIэ дэкIащ. ЯщIэрт хэкIасэмэ, пхъэгъэсын зимыIэ фызабэхэр гугъу зэрехьынур, пхъащхьэ щхьэкIэ бэлыхь хэхуэн унагъуэшхуэхэр къуажэм зэрыдэсыр. Арати, Шурдымхэ Елмырзэр и ныжьэгъуфIти, ар гъусэ ищIри, Хьэрэкхъуэрэ дэкIащ. Хъарзынэу я Iуэху Iыхьэ кърахьэлIауэ къежьэжри, къехыгъуэм къэсащ. Жэщым щтырыгъу бзаджэ ищIа джабэ нэкIум къытехьэри, куэд ямыкIуу Елмырзэр цIэнтхъуащ. «Уохуэхыр, сыхьэт махуэ теувэн!» — жиIэри Алимырзэ кIэлъыпхъуэри Елмырзэр иубыдыжащ. Пхъэлъэф ящIурэ пхъэр къагъэIэпхъуэу арати, пхъэ сатырыр зэтрагъэзэгъэжу щыкIэщIэрыIэжым, зэрыхъуар Тхьэм ещIэ, пхъэр ебгъунлъэкIри къуэм дэхуащ, пхъэр зэрызэпха кIапсэм зи Iэр къыхудэмыхыжа Алимырзэ здрихьэхри…
- Къуажэм гущIыхьэ ящыхъуащ щIалэм и кIуэдыкIар. Абы лъандэрэ а щIыпIэм пхъэлъэф щащIу щызекIуэжыркъым, ауэ и цIэр къытенащи, и гугъур нобэр къыздэсам ящI. Алимырзэ цIыкIу и щыхупIэ- кIэ зэджэри Хьэжы цIыкIум и лъагъуэри щIалэщIэ дыдэу дунейм ехыжа Лосэн Алимырзэ и цIэм епхащ. Ауэ псом нэхърэ нэхъ хьэлэмытыжыр Аслъэнбий и псалъэр зэриухарат: «Алимырзэ и гъыбзэр Жылау Барэ жиIэжу куэдрэ зэхэсхащ, едзыгъуэ гуэр къэсщIэжми, псори си гум иубыдакъым». Жылау Бари къуажэ нэхъыжьыфIхэм ящыщу дунейм тетауэ зылIт, ауэ ар дэнэ къисхыжынт. Сызэрыгузавэр къыщилъагъум, зэпигъэувапэурэ мыр жиIащ:
- «ЩуIэгъэурэ узыщыгугъа дахэри, сэрмыгъуэ,
- Бжэ къуагъ гущэми къахудэмыши,
- Зызэ гущэурэ уэ ныпхуеплъэкIри, сэрмыгъуэ,
- Нысэимыш мыгъуэурэ уэ къыптохъуахъуи…»
- НэгъуэщI щыхузэмыгъэпэщыжым, Алимырзэ и лъэпкъым си анэшхуэр зэращыщыр иджыри зэ сигу къигъэкIыжщ, абыхэм сеупщIмэ, зыгуэр къагубзыгъыжынкIи зэрыхъунур къызжиIащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, Аслъэнбий и фIыгъэкIэ, зы щIыпIэ и хъыбаррэ IуэрыIуатэм и зы ныбзэр къэтIэтыжа хъуащ.
- Си фIэбэр мащIэу си анэшхуэм деж сыкъэкIуэжу зэхэсхар щыхуэсIуэтэжым, и адэ шыпхъу, Жылаухэ я нысэ ФатIимэт деж куэд дэдмыгъэкIыу дыкIуащ. Си насыпти, ФатIимэт гъыбзэр ищIэжырт, ауэ Шурдым Елмырзэ ипхъу, езым и нысэгъу Жылау Мэряни а уэрэдыр фIыуэ ещIэжри, ари Iуэхум къыхыхьэмэ, куэд щIауэ жамыIа уэрэдыр зэрагъэпэщыжыфынкIэ зэрыхъунур жиIащ. Мэрян дыкIэлъыкIуэу къыщытшэм, абы гу лъыдигъэтащ гъыбзэр жызыIэрейуэ щыта, Алимырзэ и шыпхъу Ладуз и унэ куэдрэ иса Лосэнхэ япхъу, Къэрмокъуэ- хэ я нысэ Куни зыгуэрхэр ищIэжынкIэ зэрыхъунур. Куни, и цIэ дыдэр Къалэгуащэт, а цIэр абы къыфIэзыщари Алимырзэт, щIэж хъарзынэ иIэу къыщIэ-кIащ.
- Гъыбзэм и нэхъыбэр зэпызыгъэувэжар Жылау ФатIимэтщ. ЕпщIанэ едзыгъуэр Шурдым Елмырзэ ипхъу Мэрянщ. Зыкъом дэкIауэщ 11-нэ едзыгъуэр щыттхыжыфар. Ар къэзыIуэтэжари Лосэнхэ япхъу Шэрхъ Сакинатщ. ФатIимэт къыхидзэу, мыдрей зи цIэ къисIуахэр мащIэу дежьуурэ ттхыжыгъа уэрэ- дым и зэкIэлъыкIуэкIэ псори жыIэгъуейщ, ауэ нэхъыбэр ФатIимэт зэрыжиIэжам къыхэкIыу, абы и едзыгъуэхэр ипэ идгъэщащ, адрейхэр зэрыттхыжам хуэдэу кIэлъыдгъэкIуэжурэ. Мэжджыхь Аслъэнбий и едзыгъуэр ФатIимэт жиIахэми къахэхуащ.
- Гъыбзэм зи цIэр къыхэщ Дамил, Къэрал, Ладуз сымэ Алимырзэ и шыпхъущ, ПIатIурэ Жэхьфэррэ и къуэшщ. Зызэ жыхуиIэр Алимырзэ и адэ къуэшым и щхьэгъусэщ, нысэ къыхуашарэ унэишэр зэфIэмыкIауэ гуауэр къытехъуати, «къыпхуоплъэкIыр, нысэимыш мыгъуэми къыптохъуахъуэ» жыхуиIэр аращ. Шурдым Елмырзэрэ Алимырзэрэ зы гъэшкIэт, зэлъэгуажьэгъут, зы быдзышэ зэдефати, анэ- къилъхухэм хуэдэу зэрылъытэу, фIыуэ зэрылъагъуу къызэдэгъуэгурыкIуат.
- ГъэщIэгъуэн хъуну къытщохъу Шурдым Елмырзэр щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу Гъэзалийрэ Барэсбийрэ я адэшхуэу зэрыщытыр жытIэмэ. Уэрэдым зи цIэр къыхэщ Дамили Нэхущхэ я нысащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ уэрэджыIакIуэ Нэхущ Чэрим и адэшхуэм и анэщ.
- Алимырзэ щхьэкIэ «щIалэ гуапэт» жаIэ, и гугъу зыщIыжу хужаIэн зиIэ мащIэу къэнахэм. А псалъэхэр гъыбзэм къыхощ. Уеблэмэ, къуажэм бгэрейуэ зы фызабэ дэст, жаIэ, абы ухуэзамэ, Iэмал имыIэу зыбгъэпскIыжын хуейщ, жаIэу. Ара пэтрэ, мо щIалэм и гуапагъэм гъуэгу къримыту зригъэхъуэхъуфырт, жаIэри яIуэтэж.
- Иджы езы уэрэдыр къызэкIэлъыдгъэкIуэнщ.
- Алимырзэмэ уи пащIэкIитIри, сэрмыгъуэ,
- Уей, а махуэмэ данагъуэ-данэпс гущэти,
- Уэ Дамил тхьэмыщкIэми нэпсу щIигъэкI гущэри
- Бахъсэныжьхэми уэ йобэкI гущэри…
- Аерирэ, аерирэ рарэ, аерирэ, аерирэ рарэ,
- Аерирэ, орирарэ, орирарэ, аерирэ,
- Аерирэ, аерирэ рарэ, аерирэ, аерирэ рарэ,
- Аерирэ, орирарэ, дунеижьурэ уэ сэрмахуэ…
- Алимырзэмэ уи шы пщIэгъуалэри, сэрмыгъуэ,
- Шэщ щIыIэжь мыгъуэмэ щыбогъэщыгъуэ,
- Щыгъуэ щIыIэ мыгъуэри къызылъысари
- Уэ Къэралурэ нэпсымыжакъуи…
- Сырымэурэ си зэпэщIыIухэри, сэрмыгъуэ,
- Уей, а махуэмэ сфIызэролъэлъри,
- Нэпсурэ къысфIелъэлъэххэми, сэрмыгъуэ,
- Си дыщ щхьэнтэри уэ ягъэфыркъэ…
- ЩуIэгъэурэ узыщыгугъа дахэри, сэрмыгъуэ,
- Бжэ къуагъ гущэми къахудэмыши,
- Зызэ гущэурэ уэ ныпхуеплъэкIри, сэрмыгъуэ,
- Нысэимыш мыгъуэми уэ къыптохъуахъуи…
- Ладузурэ си тхьэмыщкIэжьыми, сэрмыгъуэ,
- Дуней нэху гущэри сыту и жагъуэ,
- Пшынэ фIыцIэурэ уэ къызэгуихыми, сэрмыгъуэ,
- Къафэ жагъуэ мыгъуэхэр уэ къырегъэкIыр…
- Алимырзэурэ ди щIалэ гуапэми, сэрмыгъуэ,
- Дуней махуэмэ лъапэр къыхэпсэт,
- Дунеижьри щызэщIэуфIыцIэми, сэрмыгъуэ,
- Уи фэеплъыри хьэдагъэ уджтэкъэ…
- Уи къуэшыфIхэурэ ПIэтIу, Жэхьфэрхэри,
- сэрмыгъуэ,
- Уэ мы махуэхэм уеплъынкIэ гуауи,
- Анэкъилъхуурэ уи кIэтIий кIапэхэм, сэрмыгъуэ,
- Хьэдэшэж гущэхэр уэ къытхуаублэ…
- Зэкуэфэуэжурэ ныпкIэлъыкъугъ гущэхэм
- Шунэху гущэурэ уэ узэрашэти, сэрмыгъуэ,
- Нобэ махуэмэ къэнэжа тIэкIуми, сэрмыгъуэ,
- Я жьэр къемыхыурэ хьэдагъэ паши…
- Алимырзэурэ ди щIалэ гуапэми, сэрмыгъуэ,
- Хьэрэкхъуэрэ гущэхэр уэ къыбогъанэ,
- Анэкъилъхуурэ къыщыбна бынхэри, сэрмыгъуэ,
- Зэлъыхэгъэурэ уэ уахокIыжи…
- Шурдым и къуэкIэрэ уи Елмырзэ цIыкIури,
- сэрмыгъуэ,
- Ныбжьэгъу гущэхэм яхэплъагъукIти,
- Уи напэлъагъу гущэм ныкIэлъеIапэурэ, сэрмыгъуэ
- Щыгъуэ пщIантIэхэм уэ ныдокIыжыркъэ…
- Алимырзэмэ уи пащIэкIитIыри, сэрмыгъуэ,
- Жанкъутасурэ дыгъэм полыдкъэ,
- Уэ уи хьэдэурэ дыгъэм пэджэгури, сэрмыгъуэ,
- Жэнэт нур гущэхэм къызэщIагъаблэкъэ…
- Дыгъэмыхъуэмэ и Iуащхьэ бынхэри, сэрмыгъуэ,
- Дуней махуэмэ уи шыджэгупIэти,
- ДжэгупIэжьурэ куэбжэпэм къитхэми, сэрмыгъуэ,
- Шыпсыранэ гущэхэр уэ икIэжаи..
- ТАБЫЩ Мурат,
- «Адыгэ псалъэ» газетым и
- щIэныгъэ обозреватель.