ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Гъуэгугъэлъагъуэ тхуэхъуат

2021-08-14

  • Илъэс 92-м иту, иджыблагъэ дунейм ехыжащ Ломоносовым и цIэр зэрихьэу Москва дэт къэрал университетым журналистикэмкIэ и факультетым и декану, щIыхь зиIэ и президенту илъэс куэдкIэ щыта Засурский Ясен Николай и къуэр. МКъУ-м дыщыщеджа илъэсхэм нэхъ гъунэгъуу тцIыхуауэ, гъуэгугъэлъагъуи тхуэхъуауэ щыта щIэныгъэлI цIэрыIуэр, IэщIагъэлI гъуэзэджэр, егъэджакIуэ Iэзэр, цIыху щыпкъэр псалъэ гуапэкIэ дигу къэдгъэкIыжыныр тфIэигъуэщ.

  • ГъащIэ хьэлэмэт икIи купщIафIэ къигъэщIащ Засурскэм. Ар 1929 гъэм и жэпуэгъуэм и 29-м Москва къалэм къыщалъхуащ. Еджэным хуэнэхъуеиншэу зэрысабийрэ щыта щIалэ цIыкIум курыт школым и программэр щIэхыу икIи фIы дыдэу къищтащ. Бгъэдэлъ зэфIэкI лъагэхэр къалъытэурэ, Ясен мызэ-мытIэу класс нэхъыжьхэм хагъэтIысхьащ, илъэситI программэр зы гъэ еджэгъуэм кърихьэлIэурэ. И ныбжьыр илъэс 14 щыхъум ирихьэлIэу абы курыт школыр фIы дыдэу къиухакIэт. ЗэрыщIэтIысхьэ къэрал экзаменхэми ехъулIэныгъэкIэ пэлъэщауэ, 1944 гъэм ар и студентт Торез Морис и цIэр зэрихьэу Москва дэт хамэ къэралыбзэхэмкIэ къэрал институтым (иджы Москва къэрал лингвистикэ университет). Зэрихабзэу, еджэныр хъарзынэу зэфIигъэкIри, Ясен МКъУ-м и филологие факультетым и аспирантурэми щIэтIысхьащ. 1951 гъэм абы игъэхьэзыракIэт и кандидат диссертацэр икIи ар ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ.
  • «Иностранная литература» тхылъ тедзапIэм илъэситIкIэ щыIауэ, Засурскэм 1953 гъэм лэжьыгъэм щыпищащ МКъУ-м журналистикэмкIэ и факультетым и егъэджакIуэ нэхъыжьу, иужькIэ кафедрэм и доценту. Абдеж къыщыщIидзащ Ясен Николай и къуэм журналистикэм щикIуа гъуэгуанэ кIыхьым икIи купщIафIэм.
  • 1955 гъэм Засурскэм къызэригъэпэщащ икIи и пашэ хъуащ журфакым хамэ къэрал журналистикэмрэ литературэмкIэ и кафедрэр. ЗэфIэкI лъагэ къуэлъу гу зылъата щIалэщIэр илъэс дэкIри ягъэуващ факультетым и япэ декану щы-та Худяков Евгений и къуэдзэу. Илъэс зыхыблкIэ апхуэдэу лэжьауэ, 1964 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм Ясен Николай и къуэр хахащ журналистикэмкIэ факультетым и декану. IэнатIэм щызэфIах Iуэхугъуэ куэдым фIыуэ щыгъуазэ хъуа IэщIагъэлI Iэзэм, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ ахъырзэманым мурадыщIэхэмрэ жэрдэмыщIэхэмрэ и куэдт. И Iуэху еплъыкIэхэр абы щиIуэтащ пщIэ хуащIу щIэх-щIэхыурэ зрагъэблагъэ зэхуэс инхэм я утыкушхуэхэм. 1966 гъэм къыщыщIэдзауэ ар щытащ СССР-м, иужькIэ УФ-м журналистикэ IэщIагъэм щыхурагъаджэ къэрал университетхэм я ЩIэныгъэ-методикэ советым и унафэщIу. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм и пэщIэдзэм къыщыщIэдзауэ лэжьащ УФ-м и радио-теле IэнатIэхэм лицензэ етынымкIэ къэрал комиссэм и унафэщIу.
  • СССР-м, УФ-м я Журналистхэм, ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэм, ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ коммуникацэмрэ джынымкIэ дунейпсо ассоциацэм хэтт, Масс-медиам къэхутэныгъэхэр щегъэкIуэкIынымкIэ лъэпкъ ассоциацэм и дунейпсо зэгухьэныгъэм и унафэщIт Засурскэр. ПщIэ лъагэ зиIэ еджагъэшхуэр журфакым и щIэныгъэ, диссертацэ советхэм я пашэт. Ар и президентт МКъУ-м журналистикэмкIэ и факультетыр къэзыухахэм я зэгухьэныгъэми.
  • Студентхэм пыщIэныгъэшхуэ дапщэщи яхуиIэу лэжьащ Засурскэр. Ди лъахэгъухэм ящыщу Ясен и Iуэху зехьэкIэр япэу зыгъэунэхуар 1955 гъэм журфакыр къэзыухауэ щыта журналист цIэрыIуэ Белгъэрокъуэ Евгениещ. КъыкIэлъыкIуэ илъэс зэхуэмыдэхэм МКъУ-м журналистикэмкIэ и факультетыр Засурскэм и нэIэм щIэту къаухащ ди республикэм икIа цIыху 20-м нэсым. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, АфIэунэ Рае, Мэлбахъуэ Елбэрд, Хьэлышх Иннэ, БжэныкIэ Мухьэб, Мэшыкъуэ Тэзал, Бещтокъуэ Хьэбас, Ащнокъуэ Фозэ, Бэрбэч Борис, ТIымыжь Хьэмыщэ, Жыласэ Заурбэч, Жыласэ Маритэ, КIэмпIарэ Галинэ, Къардэн Маринэ, Сокъур Риммэ, Бэлагъы Любэ, Мэлыхъуэ Къазбэч сымэ, нэгъуэщIхэри. Засурскэм иригъэджа, ар унэтIакIуэрэ гъуэгугъэлъагъуэрэ зыхуэхъуа дэ гупым яхэткъым зи IэщIагъэм хуэмыIэижь, гъащIэм увыпIэ екIу щызымыгъуэта, зи лэжьыгъэфIым къыпэкIуэ дамыгъэ лъапIэхэмрэ цIэ лъагэхэмрэ зыхуамыгъэфэща. А псоми и фIыщIэ ин хэлъщ ди факультетым щекIуэкIа егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр къызыхуэтыншэу зэтезыублэу щыта ди деканым.
  • ГъэщIэгъуэнырати, Ясен и хьэлт зи пашэ факультетым щIэтIысхьэ дэтхэнэ студентми щхьэхуэу епсалъэу, зригъэцIыхуу. СощIэж: МКъУ-м и студент дыщыхъуагъащIэм щыгъуэ и пэшым дэри дригъэблагъэри нэхъ гъунэгъуу дызригъэцIыхуат икIи хуабжьу щыгуфIыкIат еджэным дыщиIэ ехъулIэныгъэхэм. «Хуабжьу си гуапэщ КъБКъУ-м и студент нэхъыфIхэм еджэным МКъУ-м зэрыщыпащэр. Фи зэфIэкIхэм хэвгъэхъуэну, еджэным дяпэ-кIи фыщыпэрытыну сыфщогугъ», — къыджиIат абы щыгъуэ ди деканым. А псалъэхэр тщымыгъупщэу, дыздикIа лъахэми и цIэр фIыкIэ зэрыдгъэIуным дыхущIэкъуу етхьэкIащ студент илъэсхэр. ЖыпIэнурамэ, (фи нэмыс нэхъ лъагэ ухъу) си щхьэгъусэ Заурбэч гупым и комсомол зэгухьэныгъэм и пашэу щытащ, егъэджэныгъэм щиIэ ехъулIэныгъэхэм папщIэ къыхуагъэфэщат ВЛКСМ-м и ЦК-м къыбгъэдэкI дамыгъэ лъапIэр, щIыхь тхылъи щIыгъуу. Сэри, сессиехэр «фIы дыдэ» защIэу зэрыстым папщIэ МКъУ-м мызэ-мытIэу къыщысхьащ нэхъыфIу еджэхэм хуагъэуву щыта стипендие лъагэр. Дэ ди закъуэ къыткIэлъыплъ, ди еджэкIэр хэхауэ къихутэу фIэкIа умыщIэу, Засурскэр къыдэпсэлъылIэрт, щытхъу псалъэхэр къыджиIэрт, нэхъри дытригъэгушхуэу, лъагапIэщIэхэм дыхуиунэтIу. Ди щыIэкIэ-псэукIэми къыщIэупщIэрт, дыкъызэрыфIэIуэхур къатщIэу. Зэкурсэгъухэр иужькIэ дыщызэдэуэршэркIэ, наIуэ хъурт студентхэм ящыщ куэдым деканым къыбгъэдэкI апхуэдэ гулъытэрэ гуапагъэрэ зэралъэIэсыр. ЦIыху хэтыкIэ екIу зыбгъэдэлъа ди деканым дыфIэлIыкIырт, фIыуэ демыджэу дыкъыщIэхунуи дыщыукIытэрт, апхуэдизу абы пщIэ хуэтщIырти. АбыкIи Засурскэр куэдым ягу къызэринар хьэкъщ.
  • ИригъэкIуэкI апхуэдэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэм, и пщэрылъ къалэнхэм япыщIа къызэгъэпэщыныгъэ Iуэхухэм къадэкIуэу, Засурскэм зэи зэпигъэуакъым и щIэныгъэ-къэхутэныгъэхэри. И къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ тхыгъэрэ тхылъ щхьэхуэу 300-м щIигъу. Абыхэм яхэлъщ монографиехэри, зэреджэ тхылъхэри, методикэмкIэ чэнджэщ щхьэпэхэр зэрытхэри, нэгъуэщIхэри. Лъэпкъ журналистикэм къикIуа гъуэгуанэм щыгъуазэ IэщIагъэлI нэсым и тхылъ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщщ «История печати. Антология», «Система средств информации России», «Искушение свободой. Российская журналистика», «Современные зарубежные СМИ», нэгъуэщIхэри. Ясен Николай и къуэм и къалэмыпэм къыпыкIа дэтхэнэ лэжьыгъэми ноби пщIэшхуэ щиIэщ щIэныгъэм и дунейм.
  • Апхуэдэ щIэныгъэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ зыбгъэдэлъ Засурский Ясен къэралым къыбгъэдэкI гулъытэшхуи игъуэтащ. Абы кърата дамыгъэ лъапIэхэм ящыщщ «ЩIыхьым и дамыгъэ» (тIэунейрэ), «ГуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжь», «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ», «Зэныбжьэгъугъэ» орденхэр, нэгъуэщIхэри. И щIыхь, фIыщIэ тхылъхэм къахэщырт 2011 гъэм къыхуагъэфэщауэ щыта «УФ-м и Президентым къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъыр». Апхуэдэу Засурскэм иIэт хамэ къэрал зыбжанэм я Iэтащхьэхэм, абыхэм щылажьэ щIэныгъэ IэнатIэхэм къабгъэдэкIа орденхэр, фIыщIэ тхылъхэр, а щIыпIэхэм папщIэ IэщIагъэлI куэд МКъУ-М и журфакым къызыхуэтыншэу зэрыщагъэзырым къыпэкIуэу. Ясен Николай и къуэр мызэ-мытIэу хъуащ саугъэт зэмылIэужьыгъуэхэм я лауреати. МКъУ-м щIыхь зиIэ и профессорым фIащащ «Урысей журналистикэм и легендэ» цIэр. Засурскэм и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ теухуа «Человек-факультет» тхылъыр 2004 гъэм къыдигъэкIащ «Журналист» тхылъ тедзапIэм. Зи гугъу тщIа дэтхэнэ гулъытэри хуэфащэ дыдэт IэщIагъэлI щыпкъэм, цIыхугъэ лъагэрэ зэхэщIыкI куурэ зыбгъэдэлъа хэкупсэм.
  • Засурский Ясен Николай и къуэм, лъэпкъ еджагъэшхуэм, щIэныгъэлI Iэзэм, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ ахъырзэманым, и фэеплъ нэхур, дауи, куэдрэ ящыгъупщэнукъым къыдэлэжьахэми, ныбжьэгъуу иIахэми, зыцIыхуу щыта куэдми. Ди декан хьэлэмэтым дэтлъэгъуа цIыхугъэшхуэр, набдзэгубдзаплъагъэр, хэлъа нэгъуэщI хьэл-щэн дахэхэр ди гум илъынущ абы иригъэджахэми.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ,
  • КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист.