ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зи улахуэр бюджетым къыхэкIыу зратхэм я лэжьапщIэм щыхагъэхъуэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым

2021-07-27

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ бюджет IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я улахуэм хэгъэхъуэным теухуа Iуэхухэм щыхэплъа зэIущIэ. Зи улахуэр бюджетым къыхэкIыу зратхэм я лэжьапщIэм хэгъэхъуэным теухуа къалэныр, Урысейм и Президент Путин Владимир пщэрылъ къызэрыщищIам тету, щIыналъэм  и Iэтащхьэм къыщигъэувауэ щытащ дызэрыт илъэсым и накъыгъэм КъБР-м и Парламентым Зэрызыхуигъэзам.

  • ЗэIущIэр къыщызэIуихым КIуэкIуэ Казбек жиIащ: «ЦIыхухэм я улахуэхэр, я хэхъуэхэр нэхъыбэ щIыныр ди республикэм дежкIэ нэхъ къалэн гугъухэм ящыщу къонэж. Инфляцэр кIуэ пэтми зэрыдэкIуейм а Iуэхум и мыхьэнэм нэхъри хегъахъуэ». Iэтащхьэм къыхигъэщащ нобэ республикэм и бюджет IэнатIэм цIыху мин 46-м щIигъу зэрыпэрытыр — ахэр социальнэ лэжьакIуэхэщ, егъэджэныгъэ, узыншагъэр хъумэн IуэхущIапIэхэм, щэнхабзэмрэ спортымрэ епхахэщ.
  • Iэтащхьэм зэIущIэм унафэ щищIащ бюджет IэнатIэм и IуэхущIапIэхэм щылажьэхэм я улахуэхэм хэгъэхъуэным теухуауэ.
  • Лисун Еленэ жиIащ щэнхабзэ, егъэджэныгъэ, спорт, социальнэ IэнатIэхэм щылажьэ кIэзонэ, бюджет, автономнэ къэрал IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я улахуэм процентипщI 2021 гъэм шыщхьэуIум и 1-м къыщыщIэдзауэ зэрыхущIагъунур. Абы къыдэкIуэу, КъБР-м и Iэтащхьэм пщэрылъ зэращищIам ипкъ иткIэ, спорт гъэсакIуэхэм я лэжьапщIэр сом 26000-м нагъэсащ, гъэсакIуэхэм я лэжьапщIэр ику иту сом мин 17 — 18 фIэкIа мы зэманым зэрымыхъум къыхэкIыу. Муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьакIуэхэми я улахуэхэр апхуэдиз дыдэкIэ къэIэтыным теухуа Iуэхум щыхэплъэнущ муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я администрацэхэм.
  • Апхуэдэуи я улахуэхэм процентипщIкIэ хухагъэхъуэнущ къэрал къулыкъущIэхэмрэ къэрал властым и органхэм я лэжьакIуэхэу къэрал граждан къулыкъум химыубыдэхэмрэ. Дэфтэрыр яхуэгъэзакъым къэрал къулыкъу зыIыгъхэм, абыхэм республикэм и Iэтащхьэри, КъБР-м и Парламентым и депутатхэри, къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэм я унафэщIхэри (КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIыр, абы и къуэдзэхэр, министрхэр) яхэту.
  • Лисун Еленэ къыхигъэщащ дызэрыт илъэсым цIыхухэм я лэжьапщIэхэм хэгъэхъуэным трагъэкIуэдэну сом мелуан 500-м щIигъу бюджетым зэрыщыхуха-хар. Ахъшэр налогхэм, налогыу щымыт хэхъуэхэм, апхуэдэуи къэрал бюджетым щыщу республикэ бюджетыр зэтегъэпсыхьауэ щытыным трагъэкIуэдэн папщIэ къыхуаутIыпщахэр къыхуагъэсэбэпынущ.
  • КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщхьэхукIащ бюджет IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я улахуэхэм хагъэхъуэныр щIахузэфIэкIар республикэм иужьрей илъэситIым коммерцэ щIыхуэхэр зэрызытригъэкIыжам зэрифIыгъэр, а ахъшэхэр къызэрагъэсэбэпам пэкIуэу, хабзэм тету мылъкушхуэ щхьэщатыкIырт. Абы и мызакъуэу, республикэм 2020 гъэм езым и хэхъуэхэри нэхъыбэ зэрищIыфам къыпэкIуащ. КIуэтэхукIэ лэжьапщIэм хэгъэхъуэныр илъэсищ пIалъэм тещIыхьауэ ирагъэкIуэкIынущ. 2022, 2023 гъэхэм а Iуэхум хухахыну я мурадщ, индексацэ зэращIынури къыхэлъытауэ, зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу сом мелард 1,2-рэ, сом мелард 1,5-рэ. Республикэм и УнафэщIым къыхигъэщащ бюджет IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я улахуэм хуэм-хуэмурэ хэгъэхъуэныр зэрызэтраухуэфар финанс, экономикэ щытыкIэр тэмэму зэрызэпкърахымрэ псори зэпэлъытауэ унафэ къызэращтэмрэ зэрафIыгъэр.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэм и кIэм гулъытэ хэха хуищIащ а унэтIыныгъэм адэкIи елэжьыныр республикэм япэ иригъэщ къалэнхэм зэращыщыр икIи абы зэрыпащэнур.
  • ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къуныжь МуIэед, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Говоров Сергей, КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министр Асанов Алим, КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ, КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис, КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
  • Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.