Бзылъхугъэ гуащIафIэ
2021-07-24
- Бадзэуэгъуэм и 24-м и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирокъу Адыгейм щыщ усакIуэ, тхакIуэ, драматург цIэрыIуэ Хъунэгу Саидэ. А бзылъхугъэ гуащIафIэр ящыщщ лъэпкъ литературэм зи къалэмыр къыхэжаныкIахэм.
- Красногвардейскэ щIыналъэм хыхьэ Жэмбэчей къуажэм къыщалъхуащ Саидэ. 1984 гъэм абы къиухащ Москва дэт Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтыр.
- Усыгъэми прозэми зэхуэдэу щылъащэ, зи псалъэр щIэщыгъуэ Саидэ пасэу тхэн щIидзащ. Адыгэ лъэпкъым и дахагъэр, абы и хабзэ лъапIэхэр, цIыхугъэр, лъытэныгъэр, гущIэгъур я лъабжьэщ Хъунэгум и IэдакъэщIэкIхэм.
- Куэдым фIыуэ ялъэгъуауэ зэIэпах и усэхэм нэмыщI, абы къигъэщIащ сценарийхэр, гушыIэр зи лъабжьэ тхыгъэхэр икIи ахэр театрхэм щагъэлъагъуэ, телевиденэмкIэ щIэх-щIэхыурэ къат. Хъунэгуращ зытхар Адыгейм япэу щытрахауэ щыта художественнэ фильм кIэщIым и сценарийр. Сочэ къалэ щекIуэкIауэ щыта «ТЭФИ-регион» зэхыхьэм Саидэ «Всё для тебя, друг мой» зыфIища и фильмыр нэхъыфIхэм хабжауэ щытащ.
- «УблапIэ» фIэщыгъэм щIэту тхакIуэ зыбжанэм я IэдакъэщIэкIхэр иту 1985 гъэм дунейм къытехьа тхылъым Хъунэгум ей зыбжани ихуащ. Ар махуэ зыхуэхъуа бзылъхугъэм иужькIэ къыдигъэкIащ усэхэр, эссехэр, монологхэр зэрыт «Осэпсыц» (1989), «Пшъэхъухэр» (1994), «Макъэ шъхьафит» (2001), «ЛIэшIэгъуитIым ялъэмыдж» (2006) тхылъхэр.
- Саидэ и тхыгъэхэм я япэ сатырхэм щегъэжьауэ щызыхыбощIэ абы и псэ къабзагъымрэ зэхэщIыкI инымрэ. Гупсысэ жан зиIэ а бзылъхугъэм гъащIэм къигъэув Iуэхухэм бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къахуегъуэт. Хъунэгу Саидэ и творчествэр къуэпсыбэщ, адыгэм и блэкIар, нобэр, лъэпкъ Iуэхур щыпэрытщ абы. Дунейм фIыкIэ зебгъэужьын, ар нэхъ дахэ зэрыпщIын яужь уитын зэрыхуейрщ и щIэджыкIакIуэр къызыхуриджэр. Абыхэм утетмэ, гъащIэр тыншыпIэ-гупсэхупIэ зэрыпхуэхъунур къыджеIэ тхакIуэм.
- ТхакIуэ-усакIуэхэм яхэтщ я ныбжьым хуумыгъэфэщэну гъащIэм фIыуэ хэзыщIыкIхэр, абы и гъурри и цIынэри зыщIэхэр. Апхуэдэщ Хъунэгу Саиди.
- Адыгейм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ ар. 1996 гъэ лъандэрэ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ.
- «Зэхэугъоегъэ тхыгъэхэр зыдэт тхылъ» къыдэкIыгъуэр Адыгэ Республикэм и Къэрал саугъэтыр зратыну 2013 гъэм къагъэлъэгъуахэм ящыщащ.
- Зи IуэхущIафэкIэ цIэрыIуэ ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэм дохъуэхъу, и унагъуэм, лъэпкъым, литературэм иджыри илъэс куэдкIэ узыншэу хуэпсэуну, хуэушэну.
- Щомахуэ Залинэ.