ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Iуащхьэмахуэ  и  щыгум  япэу  нэса  адыгэлI

2021-07-22

  • Лъэпкъым и цIыху
  • Хьэшыр Чылар и щапхъэр
  • 1829 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэу Iуащхьэмахуэ и щыгум япэу щытеуващ цIыхум и лъэр. Апхуэдэ лIыгъэ къызыкъуэкIыу зэи зыри зытемыгушхуа бгыщхьэм нэсар адыгэлI  Хьэшыр Чыларт.

  • Генерал цIэрыIуэ Эммануэль Георгий я пашэу а гъэм къызэрагъэпэща щIэныгъэ-къэхутакIуэ зекIуэ иным хэтхэм я гъуэгугъэлъагъуэт ди лъэпкъэгъу ахъырзэманыр. Iуащхьэмахуэ и къуэкIыпIэ лъагапIэм, метр 5621-рэ хъум, дэкIуеифа адыгэлIым къыкъуэкIа апхуэдэ лIыгъэр щIэдзапIэ хуэхъуащ урысей альпинизмэм и тхыдэм.
  • Хьэшыр Чылар япэ дыдэу Iуащхьэмахуэ и щыгум и къуэкIыпIэ лъэныкъуэм зэрыдэкIам теухуауэ зэман зэхуэмыдэхэм дунейм къытехьауэ щыта тхыгъэхэм ящыщ тыдодзэ «Адыгэ псалъэм» и нобэрей къыдэкIыгъуэм. Хэти ирещIэ къызэрыгуэкI адыгэм бгъэдэлъ зэфIэкIым и инагъыр, ирегушхуэ икIи иреин Чылар хэлъа лIыгъэмкIэ, ар щапхъэ яхурырехъу къытщIэхъуэ щIэблэм.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.
  • БгъуэнщIагъ цIэрыIуэм и тхыдэр
  • Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым ущыблэкIкIэ гу лъыботэ абы и щIыхьэпIэм деж щыт мывэшхуэм. Абы тетхащ: «Пащтыхь Николай Езанэм и тетыгъуэм щыгъуэ, гъэмахуэ шылэм и 8-м щыщIэдзауэ 11-м нэс 1829 гъэм мыбдеж щытащ генерал Эммануэль Георгий и лагерыр. Абы и гъусащ: илъэс 14 зи ныбжь и къуэ Георгий, щIэныгъэлIхэу Купфер, Ленц, Менетрие, Мейер; къулыкъущIэ Вансович, архитектор Бернардацци, мэжэр зауэлI  Бессе».
  • КъызэрыщIэкIымкIэ, а мывэр быдэ дыдэу епхащ Псыхуабэ къалэм дэт, алыдж тхьэгуащэ Дианэ и бгъуэнщIагъ IэрыщIым. А бгъуэнщIагъыр щIащIар Хьэшыр Чылар и хьэтыркIэщ, икIи япэщIыкIэ зэреджэу щытар Iуащхьэмахуэ и бгъуэнщIагът. Абы и блыным деж щытащ мывитI, ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа тхыгъэр тету, зым — урысыбзэкIэ, адрейм — хьэрыпыбзэкIэ.
  • Генерал Эммануэль и унафэкIэ 1837 гъэм бгъуэнщIагъыр яухуауэ щытащ, иджыри абы и щхьэм мывэ хужьым къыхэщIыкIа Iуащхьэмахуэ и сурэтыр тращIыхьу, 1829 гъэм Iуащхьэмахуэ дэкIыну ежьахэм я цIэхэр абы къыхаIущIыкIыжын хуеящ. АрщхьэкIэ, къызыхэкIар ямыщIэу, генералыр щIегъуэжри, бгъуэнщIагъым алыдж тхьэгуащэ Дианэ и цIэр фIащыну унафэ ищIащ.
  • 1909 гъэм мывитIри Тифлис яшащ икIи абы дэт Кавказ музейм щIагъэуващ. Мывэм ещхь нэгъуэщI зыи ящIри, ар Псыхуабэ дэт лъахэхутэ музейм щIагъэуващ. КъэхутакIуэ, тхыдэдж икIи хэкупсэ нэс Котляров Виктор зэритхымкIэ, мывэр ди деж къызэрахьар зи фIыщIэр щIэныгъэлI-археолог Акритас Панаитщ. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 50 гъэхэм я пэщIэдзэм ар Тифлис дэт Кавказ музейм и зэтегъэувэжыныгъэм елэжьырт, абы щыгъуэми къилъэгъуауэ щытащ мывэр.
  • 1953 гъэм Акритас Налшык щыпсэуащ икIи щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щылэжьащ. Мывэм и хъыбарыр институтым и унафэщI КIэ-рэф Къамболэт жриIэжащ. Абы хузэфIэкI лъэпкъ къигъэнакъым мывэр республикэм къашэжынымкIэ. 1957 гъэм мывэр институтым и щIыхьэпIэм деж ягъэуващ. Иджыри зы ящIри, Бахъсэн Ипщэ щагъэуващ Хьэшыр Чылар и сыным деж.
  • IУТIЫЖ  Мажид.
  • Япэ итахэр
  • Лъагъуэхэш
  • … ЦIыхухэр Iуащхьэмахуэ хуэкIуэрт. Дыгъэ бзий гуащIэхэм щахъумэн папщIэ, абыхэм я нэкIухэм гын щахуащ. Экспедицэр 1829 гъэм генерал Эммануэль къызэригъэпэщат. ЩIэныгъэ IуэхухэмкIэ жэуап ихьырт академик, геофизик цIэрыIуэ, минералог, Петербург щыIэ физикэ обсерваторием и къызэгъэпэщакIуэ икIи и япэ директор Купфер Адольф (1799 — 1865). Гупым хэтт физик Ленц Эмиль. Зоологие къэхутэныгъэхэр и пщэ далъхьат иужькIэ Урыс энтомологие обществэр зэхэзыша Менетрие Эдуард (1802 — 1861).
  • Менетрие дэIэпыкъурт илъэс 13 зи ныбжь Вознесенский Илья, щIэныгъэм хуабжьу хуэпабгъэ щIалэ цIыкIур. ИужькIэ Вознесенскэр музей коллекцэхэр зэхуэзыхьэс цIыху цIэрыIуэ хъуащ.
  • КъэкIыгъэхэр джыным теухуа лэжьыгъэр лъысащ ботаник Мейер Карл (1795 — 1858), иужькIэ ар щытащ ЩIэныгъэхэмкIэ Академием и Ботаникэ жыг хадэм и унафэщIу.
  • Петербург щыщ еджагъэшхуэхэм Эммануэль и жэрдэмкIэ яхыхьащ Венгрием щыщ зекIуэлI Бессе Янош. 1829 — 1830 гъэхэм абы Кавказымрэ Тыркумрэ къыщикIухьащ, Венгриемрэ Кавказымрэ щыпсэу лъэпкъхэм пасэ зэманым яку дэлъа зэпыщIэныгъэхэр къихутэу. Абы и къэхутэныгъэхэм лъабжьэ хуэхъуащ «Кърымым, Кавказым, Грузием, Армением, Азие ЦIыкIум, Константинополь дызэрыщыIар» тхылъыр, 1838 гъэм Париж къыщыдэкIар.
  • Художник папщIэу экспедицэм Эммануэль хигъэхьащ Кавказым и нарзаныпс къыщIэжхэм я архитектор Бернардацци Иосиф (Джузеппе).
  • 1829 гъэм мэкъуауэгъуэм и 19-м экспедицэм хэтхэр Петербург къыдэкIащ икIи Константиногорск (апхуэдэущ абы щыгъуэм Псыхуабэ зэреджэу щытар) мазэм и кIэм нэсащ. Абы щежьэри, еджагъэшхуэ гупыр Балъкъ тет Мывэ Лъэмыж быдапIэм (иджы Каменномост къуажэщ) нэсащ. Мыбдеж къащыпэплъэрт лъэсырыкIуэхэмрэ къэзакъхэмрэ зыхэт зауэлI гупышхуэ. КъэхутакIуэхэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщын папщIэ экспедицэм щIыгъут лъэсырыкIуэхэу цIыху 650-рэ, къэзакъ 350-рэ. ТопитI иIэт. А псори щIыгъуу экспедицэр гъуэгу техьащ. Языныкъуэ махуэхэм километр щэщIым нэс икIуфырт. Бадзэуэгъуэм и 8-м псори нэсащ Балъкъ къыхэлъадэ Харбас псым. Мыбдеж топхэр, нэгъуэщI хьэпшыпхэр къыщагъанэри, Балъкъ аузым дэту дэкIуеящ икIи абдеж къыщыувыIащ.
  • Академик Купфер зи пашэ гупым зыхуигъэхьэзыру щIидзащ Iуащхьэмахуэ дэкIуеиным. Зыхуеину Iэмэпсымэхэр ягъэхьэзыращ. Эммануэль экспедицэм щIыгъу къэзакъхэр, адыгэхэр, балъкъэрхэр зэхуишэсащ икIи абыхэм яжриIащ япэу Iуащхьэмахуэ дэкIым саугъэту сом 400, етIуанэм сом 200 зэраритынур.
  • Бадзэуэгъуэм и 21-м пщэдджыжьыр сыхьэти 10-м Купфер, Ленц, Менетрие, Бернардацци, езыхэм яфIэфIу къахыхьа къэзакъ тIощI, гъуэгугъэлъагъуэхэр я гъусэу, хэщIапIэм текIри, Кавказым и бгы нэхъ лъагэ дыдэм кIэрыхьащ.
  • СыхьэтихкIэ кIуа иужь, уэсым нэсахэщ. Ахэр лъэныкъуэ псомкIи куууэ къэча къырхэм нэсащ. Зы къыр гуэрым и щIагъым нэху къыщекIащ.
  • Бадзэуэгъуэм и 22-м жэщыр сыхьэтищым нэблэгъауэ мазэм и нэхум хэту гупыр Уллу-Мамет-Дерку мылылъэм нэсащ икIи Iуащхьэмахуэ и къуэкIыпIэ щыгум дэкIыу хуежьащ.
  • Мис мыпхуэдэу итхыжауэ щытащ Купфер: «Ди гъуэгур зэм занщIэ, зэм нэшэкъашэ хъурт. Дыгъэм уэсыр къимыгъэтIатIэ щIыкIэ щыгум дынэсыну дызэрыхущIэкъуам ди къарур щIихащ. ИкIэм-икIэжым дэ дыкъэувыIэн хуей хъурт зы лъэбакъуэ тчыхукIэ. Хьэуар апхуэдизкIэ къыдэмэщIэкIырти, дыбауэ щхьэкIэ тфIэкIуэда къарур зэфIэувэжыртэкъым. Лъынтхуэхэр хуабжьу къеуэрт. Си Iупэхэр мафIэм исырт, бгырысхэм я чэнджэщкIэ си нэкIум гын щысхуа пэтми, си нэхэм яхуэшэчыртэкъым дыгъэ бзий гуащIэхэр. Сыгупсысэжыфыртэкъым, си щхьэр уназэрт. ИужькIэ дэ зыщыдгъэпсэхуну мурад тщIащ Къыр фIыцIэжьым и щIагъым».
  • Метр 4270-м нэсауэ Купферрэ абы щIыгъуахэмрэ адэкIэ зэрымыкIуэжыфынур белджылы хъуащ.
  • Экспедицэм хэтахэм ящыщу Хьэшыр Чылар и закъуэщ 1829 гъэм бадзэуэгъуэм и 22-м пщэдджыжьыр сыхьэт 11-м Iуащхьэмахуэ и щыгум нэсыфар. «ЛIыгъэшхуэ зыхэлъ адыгэлIым абдеж и башыр щыхитIащ, мывэхэмкIэ къигъэтIылъыхьри. ИужькIэ къехыжу хуежьащ, — къыщегъэлъагъуэ Соколовэ Н.В. «1829 гъэм ЩIэныгъэхэмкIэ академиер Iуащхьэмахуэ зэрыщыIар» тхыгъэм. — Бгым дэкIыным абы тригъэкIуэдар сыхьэти 8 иримыкъущ. Чылар щыгум кърихащ мывитI. Зыр Эммануэль ЩIэныгъэхэмкIэ академием хуригъэшащ, адрейр Бессе саугъэт хуищIащ, еджагъэшхуэр зыщыщ Пешт къалэм и музейм щIилъхьэн папщIэ.
  • Еджагъэшхуэхэмрэ Чыларрэ бгым зэрыдэкIым зэпымыууэ кIэлъыплъащ Iуащхьэ лъабжьэр зи хэщIапIэхэр. Эммануэль иIыгът Купфер кърита нэрыплъэ гъуэзэджэр. ХэщIапIэм щыIэхэм ялъэгъуащ гупыр къызэрехыжыр, Ленц и увыIэпIэр, апхуэдэу Чылар щыгум зэрыдэкIар. Чылар щыгум нэса иужь Iуащхьэмахуэ къызэрагъэIурыщIам и щIыхькIэ хэщIапIэм фочхэр щагъэуащ.
  • «Щыгум нэсыфа Чылар дэ нэхърэ нэхъ Iэзэу къигъэсэбэ-пащ пщэдджыжь хьэуам и щIыIагъыр, — итхыжащ иужькIэ Купфер. — Ар дэ куэдкIэ ди япэ уэсыр сыт хуэдэ зэмани зытемыкI щIыпIэм нэсащ икIи Ленц езым и иужьрей увыIэпIэм щынэблэгъам, Чылар къигъэзэжауэ щыгум къехыжырт. Шынэ зымыщIэ щакIуэу щыт абы щIыналъэр фIы дыдэу ицIыхурт икIи бгы лъагэхэм дэкIыфу зригъэсат. Ар хэщIапIэм дэ ди япэ къэсыжащ, езым зэрихьа лIыгъэм папщIэ къызэригъэгугъа саугъэтыр Эммануэль къыIихын папщIэ. АрщхьэкIэ иужьрейр дэ къытпэплъащ, гуфIэгъуэр дызэхэту псоми тIэтын папщIэ.
  • Бгым къехыжа Чылар яфIэтелъыджэу къеплъырт экспедицэм хэт псори – ар иджыри къэс цIыху зыдэмыкIыфыну къалъытэу щыта Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIат. Ар ящышынакъым лъагагъми, зэи къэмыткIу мылылъэхэми, а бгым и щхьэм нэса дэтхэнэри фIэкIыпIэ имыIэу зэрыхэкIуэдэнум теухуауэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ хъыбархэми. ГуфIэгъуэ щытыкIэм иту генерал Эммануэль гъуэгугъэлъагъуэ Хьэшыр Чылар сом 400-рэ цеипхъэ щэкIрэ саугъэту иритащ.
  • ЦIыхур япэу Iуащхьэмахуэ зэрыдэкIам къыхэкIыу 1829 гъэм шыгун плитауэ 2 ягъэжащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Кушмэзыкъуей къуажэм (иджы Бахъсэн районым щыщ Старэ Крепость къуажэ) щыщ адыгэ мэкъумэшыщIэ къызэрыгуэкIыр Iуащхьэмахуэ япэу дэкIащ.
  • БАЙДАЕВ Муса.
  • («Им покоряются заоблачные выси»
  • тхылъым (Налшык, 1979 гъэ) къыхэтхащ).