ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хыри,  бгыри, псы  хущхъуэри

2021-07-22

  • УФ-м и Правительствэм игъэбелджылащ Кавказ Ищхъэрэм зыгъэпсэхупIэ щIыналъэу зегъэужьыным епхауэ зэфIахыну Iуэхугъуэхэр. Ахэр 29-рэ мэхъури, дэтхэнэ зыри зэрагъэзащIэм елъытауэ щытынущ хуэIухуэщIэхэр зыхуэдэнумрэ нэгъуэщI зыгъэпсэхупIэхэм ди щIыналъэр зэрефIэкIынумрэ.

  • Псом япэрауэ, къапщытэнущ Кавказ Ищхъэрэ зыгъэпсэхупIэхэм я щытыкIэр, зэхагъэувэнущ щэнхабзэ программэ, шхыныгъуэ щIэщыгъуэхэм къыщыщIэдзауэ сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я зыгъэпсэхупIэхэм щыщIэкIыжу щIэрыщIэу зэтрагъэпсыхьыну я мурадщ. А проектхэм ящыщ куэдыр уней мылъкукIэщ зэрызэфIагъэкIынур.
  • Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэр федеральнэ ахъшэм къызэрыщыгугъыр, абыхэм зэрыпсэун къалэжьыжыфу щIын, къэралымрэ зэфIэкI зиIэ цIыхухэмрэ я мылъку зэхэдзэкIэ Iуэхур гъэкIуэтэн зэрыхуейр жиIащ Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил. Абы къыхигъэщащ илъэсым и кIыхьагъкIэ зыгъэпсэхупIэхэр, цIыхухэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэхэр бгъэлэжьэну мы щIыналъэм Iэмал къузэритыр. Къапщтэмэ, уз зэрыцIалэм къыхэкIыу цIыхухэм я зэхэзекIуэр нэгъабэ нэхъ мащIэу щытами, Кавказ Ищхъэрэм мелуани 2,5-м зыщагъэпсэхуащ. Мишустиным зэрыжиIамкIэ, КИФЩI-м и зыгъэпсэхупIэ нэхъ инхэм иужьрей илъэсхэм сом мелард 30-м щIигъу халъхьащ. Къэралым иджыри мылъкушхуэ тригъэкIуэдэнущ хьэрычэтыщIэхэм инженер инфраструктурэмкIэ защIигъэкъуэным, ауэ хьэщIэщ, шхапIэ, н.къ. уней мылъкукIэщ зэраухуэнур.
  • Зызыгъэпсэхухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ къыздикIымрэ здэкIуэмрэ зэ-зыпх транспортым. Аращи, иджырей зэманым къекIуу къагъэщIэрэщIэнущ псы, гъущI гъуэгу вокзалхэр, аэропортхэр, щIэхэри яухуэнущ. Яухуэнум щыщу цIыхухэр нэхъ зыпэплъэр Кавминводы — Сочэ гъуэгур арагъэнущ. Абы хуэдитIкIэ игъэмэщIэнущ мы гъуэгуанэм ихь зэманыр. НэгъуэщIу жыпIэнумэ, хы ФIыцIэ Iуфэм зыщызыгъэпсэхум Iэмал иIэнущ Кавминводхэм къакIуэу псы хущхъуэ щефэну. «Ростуризм»-м къит бжыгъэхэм ятепщIыхьмэ, КИФЩI-м и хэхъуэм и проценти 10-р зыгъэпсэхупIэхэм къапэкIуэу хъунущ. Нэхъыщхьэращи, хуэдищкIэ нэхъыбэм лэжьыгъэ ягъуэтынущ иджыкIэ мы IэнатIэм пэрытым нэхърэ.
  • ЗэрытщIэщи, ди щIыналъэм хурикъуркъым хьэщIэщ, кемпинг зэIузэпэщхэр. Мы гъэм щхьэщатыкIыр нэхъ мащIэу кредит ят хъуащ хьэщIэщхэр яухуэным, жьы хъуахэр къагъэщIэрэщIэжыным цIыхухэр трагъэгушхуэн мурадкIэ. Ауэ гурыIуэгъуэщ хьэщIэщ дахэм къалэ, щIыпIэ дахэ зэрыжиIэнур. Къапщтэмэ, Кисловодск сыт и лъэныкъуэкIи зэIузэпэщ ящIыну федеральнэ программэ щыIэщ. Дыщыгугъынщ Налшыки апхуэдэ гулъытэ игъуэтыну, зэгуэр абы и санаторэхэр  СССР псом щыцIэрыIуэу зэрыщытам тетщIыхьу.