Бжыгъэшхуэ защIэкIэ къыхагъащIэ «Нарт»
2021-07-22
- Есэгъуейщ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым мы гъэм зэрыщIидзэрэ иужь дыдэ увыпIэр Нарткъалэ и «Нартым» зэрыщиIыгъым. Ар пэщIэдзэ зэIущIипщIми къыщыхагъэщIа къудейкъым, атIэ иужь джэгугъуихым бжыгъэшхуэ дыдэкIэ щыфIахьащ.
- Иджыри къэс къазэрытекIуа 1:8, 1:9-м щебэкъуэжащ щэбэт кIуам. Зэхьэзэхуэм къыщыкIэрыхухэм ящыщу икIи зэ закъуэ фIэкIа нобэр къыздэсым зи хьэрхуэрэгъухэр химыгъэщIауэ Налшык къикIа «Спартак-Д»-м «Нартыр» и стадионым щыIэжу 1:10-уэ хигуащ. Нарткъалэдэсхэм я зэфIэкIыр зэрылъахъшэ дыдэр абы наIуэ ещI.
- Абы щыгъуэми зэпеуэм щыпашищым я лъэр бжьыпэм щызэдагъэбыдащ. Апхуэдэу «Родник»-р Тырныауз щытекIуащ, «Тэрчыр» «Шэрэджым» ефIэкIащ, «Кэнжэр» ХьэтIохъущыкъуей къуажэм щынэхъ лъэщащ.
- Япэ ищахэм япэгъунэгъуа «Урыхур» Прохладнэ къикIа «Энергетик»-м гукъыдэжыншэ ищIащ. ХьэщIэхэм къыхудагъэкIа топиблым абы жэуапу иритыжар зы закъуэщ.
- И къехуэхыныгъэм къыпещэ «Ислъэмейм». Ар ещанэу зэкIэлъхьэужьу къыхагъэщIащ икIи турнир таблицэм зэгуэр щыпашэу щытауэ къыпхуэщIэжынкъым.
- Гъуащхьауэхэм я зэпеуэм пашэныгъэр зэрыщиIыгъщ «Ислъэмейм» щыджэгу Бэлагъы Руслан. Абы къыкIэлъокIуэ Иуан Азрэт («Энергетик»), Суйдым Аслъэн («Урыху»), Глашев Алим («ЛогоВАЗ») сымэ.
- АдэкIэ щыгъуазэ фыхуэтщIынщ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и зи чэзу джэгугъуэм кърикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: «Эльбрус» (Тырныауз) — «Родник» (Псынэдахэ) — 0:1, «Урыху» (Урыху) — «Энергетик» (Прохладнэ) — 1:7, «Нарт» (Нарткъалэ) — «Спартак-Д» (Налшык) — 1:10, «Малка» (Малкэ) — «Ислъэмей» (Ислъэмей) — 5:4, «ХьэтIохъущыкъуей» (ХьэтIохъущыкъуей) — «Кэнжэ» (Кэнжэ) — 1:2, «Тэрч» (Тэрч) — «Шэрэдж» (Старэ Шэрэдж) — 3:0, «Шэрджэс» (Шэджэм) — «Псыгуэнсу» (Псыгуэнсу) — 3:1, «Шэджэм-2» (Шэджэм ЕтIуанэ) — «ЛогоВАЗ» (Бабугент) — 3:3.
- ДызыхуэкIуэ щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ зи чэзу джэгугъуэм щызэIущIэнущ: бадзэуэгъуэм и 24-м — «Родник» — «ХьэтIохъущыкъуей», «Псыгуэнсу» — «Малка» , «Энергетик» — «Нарт», «Шэрэдж» — «Шэрджэс»; бадзэуэгъуэм и 25-м — «Кэнжэ» — «Урыху», «ЛогоВАЗ» — «Эльбрус», «Спартак-Д» — «Тэрч», «Ислъэмей» — «Шэджэм-2» командэхэр.
- Хьэтау Ислъам.