ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

И щхьэр и лэжьыгъэм егъэлъапIэ

2022-06-25

  • Жылэм и цIэр фIыкIэ зыгъэIуа, и пщIэр зыIэта цIыху щэджащэ куэд къыдэкIащ Хьэтуей къуажэ цIыкIум. Абыхэм я зэфIэкIыр яIэту, я ехъулIэныгъэхэр даIыгъыу, езыхэри ягъэлъапIэу къуажэм щIэх-щIэхыурэ щрагъэкIуэкI Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр. Апхуэдэ зэхыхьэ гуапэ иджыблагъи зэхашат — КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БищIо Борис и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъум, абы теухуауэ къыдэкIа «Гъуэгу къыхихам хуэпэжу» тхылъым и лъэтеувэм хуэгъэпса пшыхь. Ар игъэхьэ- зыращ икIи иригъэкIуэкIащ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ БищIо Мафурэ.

  • ЗэIущIэр къызэIуихащ Хьэтуей къуажэ администрацэм и унафэщI ДзыхьмыщI Анзор.
  • — Адыгэбзэр джыным, егъэфIэкIуэным, абы зегъэужьыным Борис и гуащIэшхуэ хилъхьащ, бзэщIэныгъэм щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм зэрыжылэу дрогушхуэ. Лъэпкъхэр зэрызэхэпцIыхукI нэщэнэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ бзэр, абы и хъумэныр къалэн зыщызыщIыжа БищIом зэфIигъэкI лэжьыгъэм и щхьэр егъэлъапIэ. Ди жылэм дэскъым ди анэдэлъхубзэр зи жьэгум дэмылъ зы унагъуи. Абдеж къыщежьэ бзэм зыщрагъэужь курыт еджапIэми, абы и лъэныкъуэкIэ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэми лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкI. Бзэм и лъапIэны-гъэр нобэкIэ фIыуэ къыдгуроIуэ, адэкIи ипэкIэ зыгъэкIуэтэн, зыхъумэжыфын лъэпкъ Тхьэм дищI, Борис и лъагъуэм ирикIуэн щIэблэ куэду диIэну ди гуапэщ, — жиIащ абы.
  • Лэскэн район администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Едгъул Залинэрэ Хьэтуей къуажэм дэт курыт еджапIэм и директор Гупсешэ Залинэрэ я къэпсэлъэныгъэхэм къыхагъэщащ урысыбзэр нэхъ текIуэу адыгэбзэр нэхъ щытрагъэкIуэт зэман дызыхуэкIуам Борис ди анэдэлъхубзэм зегъэужьынымкIэ, абы и пщIэр IэтынымкIэ хуабжьу лэжьыгъэшхуэ зэрыригъэкIуэкIыр, адыгэ тхыбзэм и тхыдэм абы къыпхуэмылъытэну хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIыр, щIэныгъэлIым и гъащIэ гъуэгуанэр щIэблэм я дежкIэ щапхъэ зэрыхъур.
  • — БищIо Борис хуэдэхэр зырызщ. А псалъэхэм сэ сыткIи щыхьэт сытехъуэфынущ, дызэрысабийрэ абы и дуней тетыкIэм сыщыгъуазэщи, — жиIащ щIэныгъэлIым и классэгъуу щыта Нот Хьэсэнбий. — Абы и гъащIэ псор хуигъэпсащ адыгэ лъэпкъым. Борисрэ сэрэ зы хьэблэ дыкъыщалъхуащ, дыкъыщыхъуащ, зы классым дыщIэсащ. Ар школым фIы дыдэу щеджащ, икъукIэ дихьэхырт литературэм, зэхуэдэу фIыуэ къехъулIэрт адыгэбзэри урысыбзэри. АбыхэмкIэ дерсхэм классым щIэсхэм нэхърэ нэхъыбэрэ Борис жэуап щитырт. СощIэж, зыгуэр тхылъым къеджэн хуей хъуамэ, ар зи пщэ иралъхьэр Борист, апхуэдизкIэ гупсэхуу, гугъэзагъэу ар абы ищIэрти, дэ, цIыкIухэр, псори дыдихьэхауэ дедаIуэрт. Зы махуи блигъэкIыртэкъым ар библиотекэм щIэмыхьэу. Къуажэми школми я библиотекэхэм ар зэмыджа тхылъ къыщIэнауэ къыщIэкIынкъым. Псым и жапIэр езым къегъуэтыж, жаIэ. Борис адыгэбзэм хуиIэ лъагъуныгъэм хуишащ нобэ зыхуэIэижь бзэщIэныгъэм икIи ехъулIэныгъэфIхэр абы щызыIэригъэхьащ. Адыгэ лъэпкъым и пщIэр дуней псом лъагэу щызыIэтахэм уащыщщ, уи цIэр фIыкIэ жыжьэ щыIуащ. Шэчыншэщ уи къуажэгъухэр уи зэфIэкIым дызэрыригушхуэр. Сынохъуэхъу илъэс куэдкIэ уузыншэу адыгэ лъэпкъым ухуэлэжьэну.
  • Къэбэрдей-Балъкъэр радиом адыгэбзэкIэ и нэтынхэм я редактор нэхъыщхьэ Тэтрокъуэ Астемыр Борисрэ езымрэ я зэныбжьэгъугъэр къызэрежьам теухуа гукъэкIыжхэмкIэ къыщIидзащ и къэпсэлъэныгъэр. Абы къызэрыхэщамкIэ, илъэс щэ ныкъуэ и ныбжьщ а тIум я зэныбжьэгъугъэм. 1972 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым зэгъусэу щIэтIысхьащ икIи абы щегъэжьауэ къызэдогъуэгурыкIуэ.
  • — Борис хуэдэ цIыху срихьэлIакъым: и хьэлкIэ, и щэнкIэ, и цIыхугъэкIэ, къапщтэмэ, и дуней тетыкIэкIэ дагъуэ щIыхуэпщIын бгъэдэлъкъым, — жиIащ Астемыр. — ДызэрызэрыцIыхурэ а зы щытыкIэм тетщ ар. Къэдгъэгубжьыну, и пIэ къитшыну баз куэдрэ дыщызэпихьа щыIэщ, ауэ зэи а зытет шыIэныгъэм къытхутешакъым. ФэрыщIагъ хэлъкъым. ИгукIи и псэкIи цIыху дахэщ. «Абы и гъусэу тIасхъэщIэх укIуэ хъунущ», — жаIэу псэлъафэ щыIэщ. Ар зыхужаIэхэм ящыщщ БищIор. Сыт хуэдэ гъуэгуани утехьэ, сыт хуэдэ Iуэхуи ухыхьэ хъунущ абы и гъусэу. УкъыщIэхуэнукъым, укъигъэпэжынущ, и блыпкъыр къыппэщIигъэкъуэнущ. ЦIыхушхуэу къытщыхъуа-хэр дызэримыгугъауэ къыщыщIэкIыж щыIэщ. Абыхэм яхуэдэкъым Борис. Адыгэбзэр зыIурылъ цIыху дунейм тетыху абы и лэжьыгъэр кIуэдынукъым, и зэфIэкI зрихьэлIа, и гуащIэ зыхилъхьа псэлъалъэхэр сыт хуэдэ зэманми хэпсэукIынущ, абыхэм я гъусэу БищIо Борис и цIэри жаIэнущ. Сохъуапсэ фи жылэм, апхуэдэ цIыху телъыджэ къызэрыдэкIам щхьэкIэ.
  • — Фи къуажэм и тхыдэм ухэплъэмэ, лIыфI куэд къыдэкIащ, унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ узэрыгушхуэну, — къыпищащ Тэтрокъуэм и псалъэм филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Гъут Iэдэм. — Мы къуажэм сыщыщащэрэт, сыщымыщми, зыгуэркIэ сегъэщIылIауэ щытарэт щIыжыпIэн IуэхугъуэфI куэд фи тхыдэм хызолъагъуэри, Тхьэм фригъэфIакIуэ. Нобэм и гугъу пщIымэ, жылэм укъыщыдыхьэм тлъэгъуа къудейм и закъуэ «къуажэм сыдэсащэрэт» жыуигъэIэу фыхъуэпсэгъуэщ. Фи пщэдейм сыкIуэцIрыплъыну сыблэгъуаплъэкъым, ауэ мыбдежым щыс ныбжьыщIэхэм сахоплъэри, хьэкъыу си фIэщ мэхъу си нэм къилъагъухэм ящыщ гуэрхэр тхакIуэшхуэ, щIэныгъэрылажьэшхуэ, инженерышхуэ зэрыхъунур. Борис и гугъу сщIынщи, зи цIэр нэхъ жыжьэ Iуауэ къуажэхэм къыдэкIахэм ябгъурыуващ ар. ДыщогуфIыкI, дрогушхуэ абы и ехъулIэныгъэхэм. НэхъыщIэу щытми, япэ ита нэхъыжь зыкъомым ящхьэпрыкIыжащ. Дэ-ри ди япэ итущ къызэрыслъытэр. Ар псалъэ гъущэу щымытын щхьэкIэ: Борис адыгэбзэм елэжь гупым я пашэ щыхъуам щегъэжьауэ а унэтIыныгъэм и Iуэхур нэхъ къызэщIэрыуауэ, зыкъригъэIэтауэ зэрыщытыр хьэкъыу сэ сощIэ, си нэкIэ слъэгъуащ. Япэ итахэм зэхамыгъэкIауэ, адыгэбзэм ехьэлIауэ мыубзыхуауэ къэна гугъуехь зыбжанэр зэзыгъэзэхуар БищIоращ. Абы къыкIэлъыкIуэу псалъэгъэнахуэ зыбжанэ а гупым я Iэдакъэ къыщIэкIащ. Борис зэлэжьыр адыгэбзэщ, дэри дызыхуэлажьэр адыгэбзэращ. Дэ, адыгэр, зы IэмыщIэ из фIэкIа дыхъуркъым, дунейм мелуан бжыгъэ хъу лъэпкъхэр тетщ. А лъэпкъышхуэхэм я бзэм дытехьэжмэ, мынэхъыфIу пIэрэ жызыIэхэр щыIэщ. Мы дуней дызытетымкIэ зэ зыкъэдвгъэгъази девгъэплъыжыт: цIыхур къэтщтэнщи, зыр нащхъуэщ, адрейр нэ фIыцIэщ, хэт и щхьэцыр сырыхущ, хэти фIыцIэщ, дыщыпсэу щIыпIэм сэтеи къурши иIэщ, псым уэруи, чэнжуи, къабзэуи, шэдуи урохьэлIэ. Мы Алыхьышхуэм а псори зэщхьыркъабзэу хуэмыщIыну пIэрэт?! ХуэщIынт, ауэ абы щыгъуэ гъащIэ щыIэжынутэкъым. Зэмыщхь куэду дызэхэмытмэ, дэтхэнэми къызыхэкIар имыгъэлъэпIэжмэ, къыпимыщэмэ, абы щыгъуэм дунейр къутэжыну аращ. Ди бзэр фIыуэ щIэтлъагъун хуейр мы гъащIэр мыкIуэдыжын щхьэкIэщ. Борисрэ абы и гупымрэ зыхуэлажьэр мис а зэмыщхьыныгъэр, дэ дызыщыщыр, ди къежьапIэр яхъумэну, ягъэбэтэну, зрагъэужьыну аращи, Тхьэм иригъэфIакIуэ. Фи къуажэгъу щIэныгъэлIым хузэфIэкIым хуэдэ зылэжьыфын, абы ефIэкIыжын куэд фи жылэм къыдэкIыну си гуапэщ.
  • Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БакIуу Хъанджэрийрэ БищIо Борисрэ гъуэгуанэ зэдытехьауэ зэрыцIыхуауэ щытащ.
  • — Илъэс 19 ипэкIэ Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ щIэныгъэлI гуп Тыркум япэ дунейпсо конференц щыIэу дыкIуат, — жиIащ БакIуум. — Абы щыгъуэм Борис шумэданэшхуэ иIыгът. Сыкъеплъри: «Уей, мы къэбэрдей щIалэжьым хьэпшып зыкъом Тыркум къыщищэхуну къэкIуауэ къыщIэкIынмэ», — жысIэри, апхуэдэфэ есплъат япэу щыслъэгъуам. АрщхьэкIэ шумэданэм и щыгъын зэхъуэкIым къищынэмыщIауэ, нэхъыбэу дэлъар тхылърэ абы щыпсэухэм яхуихьа саугъэтхэмрэт. Абы щыIэхуи зы тыкуэн щIыхьакъым. И зэпIэзэрытагъымкIэ, и акъылымкIэ сыкъыдихьэхауэ алъандэрэ дызэныбжьэгъущ. ЦIыхугъэшхуэ хэлъщ. Пэжым и телъхьэу, и Iуэху еплъыкIэр пхигъэкIыфу щытщ, икъукIэ лэжьакIуэшхуэщ. ЦIыхур фIыуэ елъагъу, езыхэри апхуэдэ дыдэу къыхущытыжщ.
  • Борис и хьэблэгъуу икIи и унэцIэджэгъухэу МуIэедрэ Мафурэрэ, Тохъу Мухьэмэд, курыт еджапIэм къыщыдэлэжьа Бетрожь Ибрэхьим сымэ жаIэжхэм къыхэщащ ар цIыху гуапэу, гумащIэу, и гулъытэр дэтхэнэми лъигъэсу, зыпэрыхьа Iуэхур нэгъэсауэ зэфIигъэкIыу зэрыщытыр.
  • ЕджакIуэхэм къызэхуэсахэр щагъэгъуэзащ «Гъуэгу къыхихам хуэпэжу» тхылъым щIэныгъэлIым теухуауэ ит тхыгъэхэм ящыщ зыбжанэм.
  • ЗэIущIэм и кIэм Борис ар къызэзыгъэпэщахэми абы кърихьэлIахэми фIыщIэ яхуищIащ и щхьэр лъагэу зэрырагъэлъагъужам, пщIэ къызэрыхуащIам папщIэ. Къуажэ администрацэм и унафэщI ДзыхьмыщI Анзор и къуажэгъу лъапIэм тыгъэ хуищIащ адыгэ щIакIуэрэ пыIэрэ.
  • ЩхьэщэмыщI Изэ.