Си лъэпкъ мащIэр ефIэкIуэныр си хъуэпсапIэщ
2021-05-15
- Иджыблагъэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ и унагъуэр и гъусэу Москва щыпсэу щIалэ, адыгэ Iуэхум иригузавэхэм ящыщ Сэхъу Мурат.
- — Мурат, укъыщалъхуа къуажэм, уи сабиигъуэм я гугъу уэзгъэщIынут.
- — Сэ Налшык сыкъыщыхъуащ, ауэ къуажэр нэхъ сфIэфIти, еджэным сыкъыщыдэхуэхэм абы сыкIуэжырт. Си сабиигъуэм и ныкъуэр абы щызгъэкIуауэ жыпIэ хъунущ. Ди къуажэм зэреджэу щытар Къугъуэлъкъуейщ, иджы и цIэр Урыхущ. Абы дыщызэшыртэкъым — Iэщым дыхэтми, губгъуэм дыдэкIми, псыхъуэм дыдэсми, тщIэн дгъуэтырт. Гъэмахуэ пщыхьэщхьэ хуабэхэм тетIысхьэпIэм дытест, дыщыуэршэрырт. ЩIакхъуэ ягъэжьамэ, зэрыпщтыру къатщтэрэ кхъуей щIыгъуу тшхырт, шатэрэ кхъуейрэ дыщыщIэххэртэкъым. Пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкIэ жыг къэдгъанэртэкъым — махуэ къэс абыхэм дыфIэст, кIарц нэгъунэ тшхыуэ щытащ. Губгъуэм щIэрыкIуэ къыщыттIырт, мэзым мышхумпIэ, кхъужь цIыкIу, къущхьэмышх къыщытщыпырт.
- — А зэманым удэзыхьэхыу щытахэм я гугъу къытхуэщIыт.
- — СызэрыцIыкIурэ щIэныгъэм сыхущIэкъуу щытащ. ГъащIэм щыслъагъуу хъуам упщIэ хуэзгъэувырт, нэхъыбэ сщIэну сыхуейт. КхъухькIэ щIым и хъуреягъыр къэзыкIухьахэм я тхылъхэм, апхуэдэуи, фантастикэ, адыгэ псысэхэм седжэрт.
- — Сыт хуэдэ хъуэпсапIэхэр уиIа?
- — Сыщысабийм зы хъыбар сигу къинат. Зытеухуар Прометейт. Ар, Нэсрэн-ЖьакIэ ещхьу, къуршым ираIулIат. Абы щыгъуэм ар зэрызыхэсщIар гуимыхужщ — цIыхухэм фIы яхуищIэн папщIэ мафIэ Гефест гъукIэм къыфIидыгъуауэ арат. Абы иужькIэ сэри сигу ислъхьат цIыхухэм фIы яхуэсщIэу сыпсэуну. ЗэрысщIыну щIыкIэр сщIэртэкъым, ауэ сыхъуапсэрт. Ар си щхьэм имыкIыу, си лъэпкъ мащIэр ефIэкIуэныр хъуэпсапIэ псом ящхьэжу къэслъытэу нобэм сыкъэсащ.
- — Узыхуеджар, IэщIагъэу къыхэпхар къыджеIэт.
- — IэщIагъэ къыщыхэсхми тегъэщIапIэ сщIар си сабиигъуэм къыщежьа гупсысэхэращ. Медицинэм сыхуеджэну сыкIуэри, Москва дэт РУДН-м и стоматологие къудамэр къэзухащ.
- — Лъэпкъ Iуэхухэм я гугъу тщIымэ, сыт узыгъэгузавэр, нэхъ уигу къеуэр?
- — Илъэс 20 ипэкIэ Iэджи сигу къеуэу щытащ. Си ныбжьыр нэхъ кIуэтэху къызгурыIуаращи, гъащIэм сыт къыщымыхъуами гузэвэным зыдумыгъэхьэхыу хэкIыпIэ улъыхъуэн хуейуэ аращ. Лъэбакъуэ зырызыххэ фIэкIа пхуэмычми, уи пIэ уимытмэ, укIуатэмэ аращ нэхъапэр. Ди гъащIэри абы лъандэрэ и пIэ итакъым, жыжьэ кIуэтащ, куэдкIэ нэхъыфIи хъуащ. Зэрыщытам хуэдэу, укъемылынкIэ шынагъуэу щытыжкъым.
- — Лъэпкъыу дыкъызэтенэн папщIэ, сытхэр лэжьыпхъэу къэплъытэрэ?
- — Дэ адыгэу дыщIыщытыр къыдгурыIуэжыху лъэпкъыу дыкъызэтенэнущ. АпщIондэху адыгэбзэми дыхуеинущи, абы нэхъ дегугъун хуейщ. Бзэр зыгъэбагъуэу щытар IуэрыIуатэрати, ар хьэщIэщхэм махуэ бжыгъэкIэ цIыхухэр щисыфым щыгъуэ тхуэлажьэрт. ИужькIэ тхылъхэр къежьати, абыи куэд хэтщIыхьащ. Иджы тхылъхэр нэхъ мащIэ хъууэ, Интернетым нэхъ зрату хъуащи, ар зыIэщIэдгъэкI хъунукъым. Интернетым адыгэбзэм япэ лъэбакъуэхэр щич къудейуэ жыпIэ хъунущ. Куэди щащIащ: щэ бжыгъэурэ видео илъщ, узэдаIуэ тхылъ къыдагъэкI, уэрэдхэр гъунэжщ, иджы щIэуэ къаублауэ уэршэр куэд къыщат, тхьэмахуэ къэс 2-3 къыдэкIыу. Ауэ нэхъыбэжи щIын хуейщ. Адыгэбзэ зымыщIэ къытхэтмэ, ар зи лажьэр адыгэбзэ зыщIэхэращ. Дэтхэнэ зыми лъэкI къигъанэ хъунукъым абы хэмылэжьыхьауэ. Ар си еплъыкIэщ.
- — Иджырей технологием и Iэмалхэр къэдгъэсэбэпкIэрэ, сыт хуэдэ зыужьыныгъэхэр дгъуэтыну къэплъытэрэ?
- — Технологием гъащIэр нэхъ псынщIэ ещI, нэхъ жыжьэ уIэбэфу. Абы къыхэкIкIэ цIыхухэри нэхъ зэхэзекIуэ хъуащ. Ауэ а технологие дыдэм дызэлъэIэсын щхьэкIи зэфIэкI нэхъыбэ къыдат. Псалъэм папщIэ, иджы дэнэ щIыпIэм щыIэ цIыхуми уепсалъэ мэхъу, узэрылъагъуу. Ухуеймэ нэхъ Iущым жиIэ зыхэплъхьэфынущ, ухуеймэ зыгуэр пхуэгъэсэнущ. Нэхъыжьи нэхъыщIи дымыщхьэхмэ абы фIыгъуэшхуэ къыхэтхыфынущ.
- — Узэлэжьхэм, уи мурадхэм укъытхутепсэлъыхьамэ ди гуапэт.
- — Си унагъуэр зэрыспI си IэщIагъэм нэмыщI адыгэбзэм хуэгъэза лэжьыгъэ гуэрхэри изогъэкIуэкI. Зы псалъалъэ зэзгъэпэщащи, абы щамыгъуэт псалъэхэр хызогъэхьэж. Уэрэдхэм я псалъэхэр зэхузохьэсыж. Иджыпсту абхъазхэм анимацие гуэрхэр ящI нартхэм ятеухуауи, апхуэдэ гуэрхэр ди бзэкIэ псалъэу дэри къызэрызэдгъэпэщыным яужь ситщ.
- — Тхьэм ухущIигъэхьэ! Уи хъуэпсапIэхэр къохъулIэмэ ди гуапэщ.
- Епсэлъар НАФIЭДЗ Мухьэмэдщ.